12 СТАТЬЯР
НэгъуэщІхэм я гурыщІэхэм гулъытэ хуэфщІ
«Зыр зым хуэгумащІэу... гущІэгъу фиІэу... фыщыт» (1 ПЕТ. 3:8).
90-НЭ УЭРЭДЫР Зым зыр вгъэгушхуэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a
1. 1 Петр 3:8 зэрыжиІэмкІэ, нэгъуэщІ цІыхухэм гулъытэ къытхуащІу ди гурыщІэхэр къащыгурыІуэм деж сыт ди гуапэ щІэхъур?
ДЭ ДИ ГУАПЭ мэхъу нэгъуэщІ цІыхухэм гулъытэ къытхуащІу ди гурыщІэхэр къащыгурыІуэм деж. Ахэр хущІокъу ди пІэм зрагъэувэну, ди гурыщІэхэр, дызэгупсысыр, дызыхуэныкъуэхэр къагурыІуэну икІи иныкъуэхэм деж демылъэІу щІыкІи къыддэІэпыкъуну хьэзырщ. Дэ лъапІэу долъытэ дыкъызыгурыІуэ, гущІэгъу къытхуэзыщІ цІыхухэр b. (Къеджэ 1 Петр 3:8.)
2. Сыт щыгъуи гущІэгъу тхэлъыну сыт зэран къытхуэхъур?
2 Дэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм, гущІэгъу тхэлъыну дыхуейщ. Ауэ ар псоми тхузэфІэкІкъым. Сыт щхьэкІэ? Япэрауэ, дэ гуэныхь тхэлъщ (Рим 3:23). Дыкъызэралъхурэ ди щхьэм фІэкІ демыгупсысу, дызыхуейр япэ идгъэщу дыщытщ. Абы къыхэкІкІэ апхуэдэ щытыкІэм сыт щыгъуи дебэнын хуей мэхъу. ЕтІуанэрауэ, дэ тщыщ языныкъуэхэм зэрагъэсам е я гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэ гуэрым къыхэкІкІэ гущІэгъу ягъэлъэгъуэну гугъущ. Ещанэрауэ, дыкъэзыухъуреихь цІыхухэм я еплъыкІэр зэран къытхуохъу. Дыщыпсэу иужьрей махуэхэм цІыху куэдыр нэгъуэщІхэм я гурыщІэхэм егупсыскъым. Апхуэдэ цІыхухэм «езыхэм фІыуэ залъагъужыну» Библием итщ (2 Тим. 3:1, 2). Зи гугъу тщІа Іуэхугъуищыр зэран зыхуэдмыгъэхъуу нэгъуэщІхэм я гурыщІэхэм гулъытэ хуэтщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?
3. 1) ЦІыхухэм нэхъыфІу гущІэгъу яхуэтщІу зедгъэсэну сыт къыддэІэпыкъунур? 2) Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?
3 ЦІыхухэм нэхъыфІу гущІэгъу яхуэтщІу зедгъэсэну дыхуеймэ, Иеговэрэ абы и Къуэ, Хьисэ Мэссихьрэ, щапхъэ ятетхын хуейщ. Иеговэ лъагъуныгъэ зыбгъэдэлъ Алыхьщ икІи нэгъуэщІхэм гущІэгъу зэрахуэтщІын хуейм теухуауэ абы щапхъэфІ дыдэ дегъэлъагъу (1 Ин. 4:8). Хьисэ нэгъэсауэ и Адэм щапхъэ трихащ (Ин. 14:9). ЩІылъэм щыпсэуам щыгъуэ цІыхум дапхуэдэу гущІэгъу хуэщІын хуейми абы игъэлъэгъуащ. Мы статьям дэ япэщІыкІэ щызэпкърытхынущ Иеговэрэ Хьисэрэ цІыхухэм я гурыщІэхэм дапхуэдэу гулъытэ хуащІу щытами. ИужькІэ дытепсэлъыхьынщ абыхэм дауэ щапхъэ ятетх хъунуми.
ИЕГОВЭ И ЩАПХЪЭР
4. Иеговэ и лэжьакІуэхэм я гурыщІэхэм гулъытэ зэрыхуищІыр дауэ Исаия 63:9 къызэригъэлъагъуэр?
4 Библием къызэрыхэщымкІэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэм я гурыщІэхэм гулъытэ хуещІ. Псалъэм папщІэ, фегупсысыт Иеговэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІэу щытами израил цІыхухэр гугъуехьхэм щыпэщІэхуэм щыгъуэ. Тхыгъэ ЛъапІэм итщ: «Ахэр гугъуехь хуэзэхукІэ абы и гур хэщІт». (Къеджэ Исаия 63:9 c; 63:7, 8.) Бегъымбар Захарие къигъэсэбэпу Иеговэ и лэжьакІуэхэм жриІауэ щытащ: «Фэ къывэІусэр си нэкугъуэм къеІусэм хуэдэщ» (Зах. 2:8). Мы псалъэхэмкІэ Иеговэ къигъэлъэгъуащ: и лъэпкъым Іейуэ нэгъуэщІхэр къыщыхущытым деж, езым апхуэдэу къыхущыту ебж. Шэч хэмылъу Иеговэ и лъэпкъым щхьэкІэ мэгузавэ!
5. Иеговэ и лэжьакІуэхэм дапхуэдэут зэрыдэІэпыкъур, ахэр гугъуехьхэм щыпэщІэхуэм деж?
5 Иеговэ гугъуехьым пэщІэхуэ и лэжьакІуэхэм гущІэгъу хуищІ закъуэу щымыту, ядоІэпыкъу. Псалъэм папщІэ, израил лъэпкъыр Мысырым гъэру щыщыІам щыгъуэ Иеговэ ар гугъу зэрехьыр къыгурыІуэт икІи и гугъуехьыр щхьэщихыну хуейт. Иеговэ Мусэ мыпхуэдэу жриІащ: «Си лъэпкъым Мысырым щишэч гугъуехьыр слъэгъуащ икІи и пыхьэ макъыр зэхэсхащ... Сэ сощІэ ар гугъу зэрехьыр. ИкІи сэ сокІуэ ар мысыр цІыхухэм къаІэщІэсхыжыну» (Исх. 3:7, 8). И лъэпкъым гущІэгъу зэрыхуищІым къыхэкІкІэ ар гъэрыпІэм къришыжащ. Зэман дэкІри, Алыхьым къаритыну къызэригъэгугъауэ щыта щІыналъэм израил цІыхухэр щыпсэууэ хъуа иужь, ахэр нэгъуэщІ гугъуехьым пэщІэхуащ — бийхэр къатеуэу хъуат. Сытыт абы щыгъуэ Иеговэ зыхищІэр? Иеговэ и цІыхухэм я щэІу макъыр зэхихти «гущІэгъу яхуищІт» икІи дэІэпыкъуэгъу яхуэхъут. Абы хеящІэхэр яритт ахэр бийхэм къыІэщІихын щхьэкІэ (Суд. 2:16, 18).
6. Сыт хуэдэ щапхъэм къигъэлъагъуэрэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм я гурыщІэхэм гулъытэ зэрыхуищІыр, ахэр щыуэу щытми?
6 Иеговэ и лэжьакІуэхэм я гурыщІэхэм гулъытэ хуещІ, ахэр щыуэу щытми. Инус и щапхъэр зэпкърытхынщ. Алыхьым и бегъымбар Инус Нинуй къалэм игъэкІуат ятрилъхьэну тезырыр жригъэІэн щхьэкІэ. Нинуй къалэм дэсхэм я гуэныхьым хущІегъуэжа иужь Иеговэ абыхэм гущІэгъу яхуищІащ. Ауэ Инус ар игу ирихьакъым. Нинуй къалэм дэсхэм тезыр яжриІар къазэрылъымысам щхьэкІэ ар губжьат. Ауэ Иеговэ шыІэныгъэ хэлъу и бегъымбарым дэІэпыкъуащ и еплъыкІэр ихъуэжыну (Инус 3:10—4:11). Инус абы дерс хихащ икІи Алыхьым ар хуигъэушащ а хъыбарыр дэр щхьэкІэ итхыжыну (Рим 15:4) d.
7. Иеговэ и лэжьакІуэхэм зэрахущытым сыт ди фІэщ ищІыр?
7 Иеговэ и лъэпкъым зэрыхущытам ди фІэщ ещІ абы и лэжьакІуэхэм гущІэгъу хэлъу зэрахущытыр. Абы елъагъу сыт хуэдэ гугъуехьхэм дэтхэнэ зыри дыпэщІэхуэми, ди гур зыгъэузри ещІэ. Иеговэ ещІэ «цІыхухэм я гум илъыр» (2 Лет. 6:30). Абы ди гупсысэхэр икІи гурыщІэхэр елъагъу. Абы къыгуроІуэ дэ тхузэфІэкІынри тхузэфІэмыкІынри. Тхыгъэ лъапІэм Алыхьым теухуауэ итщ: «ФлъэкІынум нэхърэ нэхъыбэ, гуэныхьщІэным фыдезыгъэхьэхын Іуэху фыхуэзэну хуит ищІынукъым» (1 Кор. 10:13). А псалъэхэм дэ икъукІэ дагъэгушхуэ!
ХЬИСЭ И ЩАПХЪЭР
8—10. НэгъуэщІхэм гулъытэ яхуищІыну сыт Хьисэ къыдэІэпыкъуар?
8 Хьисэ щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ, абы нэгъуэщІхэм гулъытэ яхуищІт. Сытыт апхуэдэу щытыну абы къыдэІэпыкъур? Япэрауэ, ипэкІэ зэрыжытІащи, Хьисэ нэгъэсауэ и Адэм щапхъэ трихт. Хьиси цІыхухэр фІыуэ илъагъут. Ар гуфІэт Иеговэрэ езымрэ зэгъусэу къагъэщІа псор щилъагъум деж, ауэ псом нэхърэ нэхъыбэу ар цІыхухэм щыгуфІыкІт. Тхыгъэ ЛъапІэм Хьисэ и гурыщІэхэр итщ: «СащыгуфІыкІ зэпытт цІыху цІыкІум» (Прит. 8:31, Гъэсэпэтхыдэхэр). Хьисэ цІыхухэр фІыуэ зэрилъагъум хуигъэушт абыхэм я гурыщІэхэм егупсысыну.
9 ЕтІуанэрауэ, Иеговэ хуэдэу Хьиси ищІэт цІыхухэм я гум илъыр. Абы ищІэт цІыхухэм я гурыщІэхэр икІи я ІуэхущІафэхэм и щхьэусыгъуэр сытми илъагъут (Мт. 9:4; Ин. 13:10, 11). Аращи, зыгуэрым и гур иудауэ зэрыщытыр Хьисэ къыщыгурыІуэм деж, апхуэдэ цІыхум гущІэгъу хуищІт икІи гупсэхугъуэ иритыжт (Ис. 61:1, 2; Лк. 4:17—21).
10 Ещанэрауэ, цІыхухэр зрихьэлІэ языныкъуэ гугъуехьхэр езы Хьисэ ишэчащ. Псалъэм папщІэ, ар унагъуэ тхьэмыщкІэм къыщыхъуащ. Хьисэ адэ хуэхъуа Исуф дэІэпыкъут икІи лэжьыгъэ хьэлъэр зищІысыр ищІэт (Мт. 13:55; Мк. 6:3). Хьисэ хъыбарыфІ гъэІуным иужь имыхьэ щІыкІэ Исуф лІауэ къыщІэкІынщ. Абы къыхэкІкІэ, Хьисэ лІэныгъэм къихь гуауэр зыхищІа хъунщ. Абы нэмыщІ абы къыгурыІуэт уи унагъуэм щыщхэм уи диныр къыбдамыІыгъыныр зищІысыр сытми (Ин. 7:5). А Іуэхугъуэхэми нэгъуэщІ гугъуехьхэми блэкІа иужь Хьисэ цІыхухэм я гурыщІэхэр нэхъыфІыжу зэхищІыкІыу хъуащ.
11. Хьисэ цІыхухэм я гурыщІэхэр къызэрыгурыІуэр сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм ІупщІу къыхэщрэт? КъыдгурывгъаІуэ. (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
11 Хьисэ цІыхухэм я гурыщІэхэр къызэрыгурыІуэр ІупщІу къыхэщт Іуэху телъыджэхэр щищІэм деж. ЦІыхухэм ядэІэпыкъун зэрыхуейр къызэрыгурыІуэм нэмыщІ, абы гугъу ехьхэм и гум къыбгъэдэкІыу гущІэгъу яхуищІти арат ахэр щІигъэхъужыр (Мт. 20:29—34; Мк. 1:40—42). Фегупсысыт, сытым Хьисэ хуигъэушами лІы дэгур «цІыхухэм яхишу» игъэхъужыну, абы нэмыщІ фызабэм и къуэ закъуэр къигъэтэджыжыну (Мк. 7:32—35; Лк. 7:12—15). Хьисэ а цІыхухэм я гурыщІэхэр къыгурыІуэт икІи ядэІэпыкъуну хуейт.
12. Иуан 11:32—35 зэритымкІэ, дауэ Хьисэ Марфэрэ Мэриемрэ гущІэгъу зэрахуищІар?
12 Хьисэ Марфэрэ Мэриемрэ гущІэгъу яхуищІащ, абыхэм я дэлъху Лазар и лІэныгъэм къахуихьа гуауэр щилъэгъуам щыгъуэ. Библием зэрыжиІэмкІэ, «Хьисэ къэгъащ абдежым». (Къеджэ Иуан 11:32—35.) Ар щІэгъар и ныбжьэгъур зэрыфІэкІуэдаратэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ ищІэт куэд дэмыкІыу ар къызэригъэтэджыжынур. Хьисэ щІэгъам и щхьэусыгъуэр и ныбжьэгъухэм Лазар и лІэныгъэм гуауэ къазэрыхуихьар илъэгъуат икІи ар и гум щІыхьати арат.
13. Хьисэ гущІэгъушхуэ хэлъу къызэрытхущытым дыщегупсысым деж, дауэ абы ди гур зэрыхигъахъуэр?
13 Хьисэ цІыхухэм гущІэгъушхуэ хэлъу зэрахущытам дыщегупсысым деж, абы ди гур хегъахъуэ. ЦІыхухэм гулъытэ яхуищІу зэрыщытым щхьэкІэ дэ ар фІыуэ долъагъу (1 Пет. 1:8). Хьисэ иджыпсту Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу зэрыщытым дэ икъукІэ дегъэгуфІэ. Куэд мыщІэу абы гугъуехьу хъуам кІэ иритынущ. Хьисэ цІыхуу зэрыщытам къыхэкІкІэ зыми хуэмыдэу цІыхухэм ар ядэІэпыкъуфынущ икІи ШейтІаным и тепщэныгъэм я гум трилъхьа уІэгъэхэр игъэхъужыфынущ. Ди пащтыхьым дызэхищІыкІыу гущІэгъу къызэрытхуищІыр пщІэну, дауикІ, гупсэхугъуэщ! (Евр. 2:17, 18; 4:15, 16).
ИЕГОВЭРЭ ХЬИСЭРЭ ЩАПХЪЭ ТЕФХ
14. Ефес 5:1, 2 итым сытым дыхуигъэушрэ?
14 Иеговэрэ Хьисэрэ я щапхъэм дызэрегупсысым нэгъуэщІхэм нэхъыбэжу гущІэгъу яхуэтщІыну дыхуегъэуш. (Къеджэ Ефес 5:1, 2.) ДауикІ, дэ цІыхухэм я гум илъыр тщІэкъым. Ауэ дэ тхузэфІэкІынущ абыхэм я гурыщІэхэмрэ зыхуэныкъуэмрэ къыдгурыІуэну (2 Кор. 11:29). Мы дунейм щыпсэу цІыху щхьэхуещэхэм елъытауэ, дэ ди щхьэ Іуэхум имызакъуэу, «нэгъуэщІ цІыхухэм я Іуэхуми» гулъытэ худощІ (Флп. 2:4).
15. Хэт, псом хуэмыдэу гущІэгъу зыхэлъын хуейр?
15 Псом хуэмыдэу зэхуэсым и нэхъыжьхэм нэгъуэщІхэм гущІэгъу хуащІын хуейщ. Иеговэ и мэл цІыкІухэм яхуэсакъыну абыхэм я къалэнщи, а Іуэхур зэрагъэзащІэм теухуауэ Иеговэ и пащхьэм жэуап щахьыжынущ (Евр. 13:17). Къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъун щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм абыхэм я гурыщІэхэр къагурыІуэн хуейщ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм гущІэгъу зэрахэлъыр дауэ зэрагъэлъэгъуэфынур?
16. ГущІэгъу зыхэлъ зэхуэсым и нэхъыжьым сыт ищІэр икІи сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
16 ГущІэгъу зыхэлъ зэхуэсым и нэхъыжьым къуэш, шыпхъухэм зэман хухех. Абы упщІэхэр яретри, зэпимыуду, жаІэм фІыуэ йодаІуэ. Абы мыхьэнэшхуэ иІэщ зыгуэрым и гум илъыр жиІэну хуейуэ, зэрыжиІэну псалъэхэр къыщыхуэмыгъуэтым деж (Прит. 20:5, Гъэс.). Зэхуэсым и нэхъыжьым и гум къыбгъэдэкІыу нэгъуэщІхэм зэман щатригъэкІуадэм деж, къуэш, шыпхъухэмрэ езымрэ я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэмрэ лъагъуныгъэмрэ нэхъ быдэ мэхъу икІи нэхъыфІу дзыхь зэхуащІу мэхъу (Апост. 20:37).
17. Къуэш, шыпхъу куэдым зэхуэсым и нэхъыжьхэм ягъэлъагъуэ хьэл-щэнхэм щыщу сыт нэхъ ягу ирихьыр? Щапхъэ къэфхь.
17 Къуэш, шыпхъу куэдым зэрыжаІэмкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм ягъэлъагъуэ хьэл-щэнхэм щыщу нэхъ ягу ирихьыр нэгъуэщІхэм я гурыщІэхэм гулъытэ зэрыхуащІыращ. Сыт щхьэкІэ? Аделе́йд зи цІэ ди шыпхъур къыддогуашэ: «УакъызэрыгурыІуэнур щыпщІэм деж, уабгъэдыхьэу уепсэлъэну куэдкІэ нэхъ тыншщ». Абы пещэ: «Уи псалъэхэм зэрыхущытымкІэ къыбощІэ уи гурыщІэхэр абыхэм къазэрыгурыІуэр». Ди зы къуэшми и гум фІыщІэ илъу игу къегъэкІыж зэхуэсым и нэхъыжьым зэрепсэлъар: «Си Іуэхур зыІутыр щыжесІэжам, абы и нэпсым къызэпижыхьат. Сэ ар зэи сщыгъупщэнкъым» (Рим 12:15).
18. Дауэ нэгъуэщІхэм нэхъыфІыжу гущІэгъу зэрахуэтщІ хъунур?
18 ДауикІ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм я закъуэкъым гущІэгъу зыхэлъын хуейр. Дэтхэнэ зыми а хьэл-щэныр нэхъыфІыжу тхуэгъэлъэгъуэнущ. Дапхуэдэу? Фи унагъуэм щыщхэм икІи зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм я гугъуехьхэр къызэрывгурыІуэным иужь фит. НыбжьыщІэхэм, зи ныбжь хэкІуэтахэм, сымаджэхэм икІи фІыуэ ялъагъу цІыхур лІэныгъэм зыІэщІихахэм гулъытэ яхуэфщІ. Я Іуэхур зыІутым фыщІэупщІэ, я гугъуехьхэр къыщывжаІэжым деж, жаІэм федаІуэ. Абыхэм я гурыщІэхэр къызэрывгурыІуэр зыхевгъащІэ. ФадэІэпыкъун щхьэкІэ фхузэфІэкІыр фщІэ. Апхуэдэу фщІэмэ, ахэр нэгъэсауэ фІыуэ зэрыфлъагъур ІуэхукІэ къэвгъэлъэгъуэнущ (1 Ин. 3:18).
19. ЦІыхухэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ къэдгъэсэбэп бгъэдыхьэкІэхэр сыт щІызэмыщхьыр?
19 ЦІыхухэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ къэдгъэсэбэп бгъэдыхьэкІэхэр зэщхькъым. Сыт щхьэкІэ? ЦІыхухэр гугъуехьхэм зэрыхущытыр зэхуэдэкъым. Языныкъуэхэр я гум илъымкІэ къыбдогуашэ, адрейхэм я гур зэхуащІри, псэлъэну яхуэмеинкІэ хъунущ. Дэ цІыхухэм дадэІэпыкъуну дыхуейщ, ауэ ди Іуэху зыхэмылъым теухуауэ упщІэхэр едмытмэ нэхъыфІщ (1 Фес. 4:11). Абы нэмыщІ цІыхум и гур зэІухауэ къыдэпсалъэу щытми, абы арэзы дызытемыхъуэ гуэр жиІэнкІэ хъунущ. Апхуэдэм деж зыщывмыгъэгъупщэ: ар абы и гурыщІэщ. Фыпсэлъэну фымыпІащІэ, цІыхум жиІэм фІыуэ федаІуэ (Мт. 7:1; Екъуб 1:19).
20. Сыт къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынур?
20 Дэ зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм нэмыщІ, хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дызыхуэзэ цІыхухэми гущІэгъу тхэлъу дахущытыну дыхуейщ. Дауэ ар зэрытщІ хъунур? Мы упщІэр къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынщ.
130-НЭ УЭРЭДЫР Зыр зым хуэвгъэгъу
a Иеговэрэ Хьисэрэ цІыхухэм я гурыщІэхэм гулъытэ хуащІ. Мы статьям къыщытщІэнущ абыхэм я щапхъэм сытым дыхуигъасэми. Абы нэмыщІ дытепсэлъыхьынущ гущІэгъу тхэлъыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сытми икІи нэгъуэщІхэм дауэ гущІэгъу яхуэтщІ хъунуми къэтщІэнущ.
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Мы статьямрэ къыкІэлъыкІуэмрэ къыщыхьа гущІэгъу псалъэм къикІыр нэгъуэщІым и гурыщІэхэр къыбгурыІуэу ар зэхэпщІыкІыныращ (Рим 12:15).
c Исаия 63:9: «Ахэр гугъуехь хуэзэхукІэ абы и гур хэщІт. ИкІи и мелыІычым ахэр къригъэлт. Абы и гущІэгъумрэ и лъагъуныгъэмрэ къыхэкІыу ахэр къищэхужт. Абы ахэр блэкІа зэманхэм сыт щыгъуи къиІэтыжт икІи кърихьэкІт».
d Иеговэ нэгъуэщІ и лэжьакІуэ пэжхэм, псалъэм папщІэ зи гум хьэлъэ телъ, гузэвэгъуэм хэхуахэм гущІэгъу яхуищІащ. Фегупсыс Алыхьыр Аннэ (1 Сам. 1:10—20), Иляс (1 Цар. 19:1—18) икІи Авдемелех зэрыдэІэпыкъуам (Иер. 38:7—13; 39:15—18).
e СУРЭТХЭР. НэгъуэщІхэм гулъытэ зэрахуэтщІ хъун Іэмал куэд ди зэІущІэхэм щыІэщ. Дэ долъагъу: 1) хъыбарыфІыр гъэІун щІэзыдза щІалэ цІыкІумрэ абы и анэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьыр гуапэу зэрепсалъэр, 2) адэмрэ и пхъумрэ зи ныбжь хэкІуэта шыпхъум зэрыдэІэпыкъур машинэм итІысхьэжыну, 3) зэхуэсым и нэхъыжь къуэшитІыр чэнджэщ зыхуэныкъуэ шыпхъум жиІэм фІыуэ зэредаІуэр.