ХЪУМАКІУЭ ЧЭЩАНЭ (ЗЭІУЩІЭМ ЩАДЖЫР) Гъатхэпэ 2020

2020 гъэм, гъатхэпэ мазэм и 4—31 дджыну статьяхэр мы журналым итщ.

Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм псым зыщІэдгъэуэну дыхуегъэуш

Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм псым зыщІэдгъэуэну дыхуигъэушыфынущ. А лъэбакъуэр пчыну сыт уэ зэран къыпхуэхъункІэ хъунур?

Псым зыщІэбгъэуэну ухьэзыр?

Псым зыщІэбгъэуэну ухьэзыррэ умыхьэзыррэ зэхэбгъэкІыну мы статьям къыщыхьа упщІэхэр къыбдэІэпыкъунущ.

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ

«Ды-мис, дывгъакІуэ дэ!»

Джекрэ Мари-Линэрэ пионер лэжьыгъэр къащтэну хуэзыгъэушамрэ теократическэ лэжьыгъэхэр щагъэзащІэм я гъащІэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэхэм есэну къадэІэпыкъуамрэ жаІэж.

Дапщэщ ущыпсэлъэн хуейр?

Зыри щыжумыІэн зэмани ущыпсэлъэн зэмани зэрыщыІэр къыдгурызыгъаІуэ Библием ит щапхъэхэм мы статьям дыщытепсэлъыхьынущ.

«Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу»

Хьисэ жиІауэ щытащ лъагъуныгъэмкІэ и лъэужь ирикІуэхэр къызэрацІыхунур. Лъагъуныгъэр дауэ къыддэІэпыкъурэ мамырыгъэр зэтезыгъэувэж цІыхуу дыщытыну, цІыху зэхэгъэж дымыщІыну икІи нэгъуэщІхэм хьэщІагъэ етхыну?

ПщІэуэ пІэрэ?

Израил лъэпкъыр Мысырым гъэру щыІауэ Библием итщ. ЩІэныгъэлІхэм къахута сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэр абы щыхьэт техъуэрэ?

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Иудейхэм Алыхьыр щагъэлъапІэ Унэшхуэм и хъумакІуэу хэтыт щытыр? Сытыт абыхэм я къалэным хыхьэр?