Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

«Жэнэтым дыщызэхуэзэжынщ!»

«Жэнэтым дыщызэхуэзэжынщ!»

«Жэнэтым ущызигъусэнущ» (ЛК. 23:43).

УЭРЭДХЭР: 145, 139

1, 2. ЦІыхухэм нобэ жэнэтыр дапхуэдэу я нэгу къызэрыщІагъэхьэр?

 СЕУЛ (Ипщэ Кореем) щекІуэкІа конгрессым къэрал куэдым къикІа Иеговэ и Щыхьэтхэр кІуат. Абы екІуэлІахэр стадионым щыдэкІыжым а щІыпІэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм ахэр ирагъэжьэжыну зэхуэсащ. Абы ящыщ куэдым ежьэжхэм Іэ хуащІурэ, жаІэт: «Жэнэтым дыщызэхуэзэжынщ!» Ауэ, дауэ феплърэ, сыт хуэдэ жэнэтт абыхэм зи гугъу ящІыр?

2 ЦІыхухэм нобэ жэнэтыр я нэгу къызэрыщІагъэхьэр зэщхькъым. Куэдым ар зэи къэмыхъун фІыгъуэ гуэру ябж. НэгъуэщІхэм ягу ирихь щІыпІэр жэнэту ялъытэ. ЦІыху мэжалІэм и Іэнэм берычэту шхыныр щытелъым жэнэтым щыІэу къыщохъу. Удз гъэгъахэр изу иту щІыпІэ дахэ тлъэгъуатэмэ, куэдым жытІэну къыщІэкІынт: «Мыр жэнэтым хуэдэщ!» Ауэ фи дежкІэ сыт жэнэту щытыр? Жэнэтым фыщыпсэуну гугъэ фиІэ?

3. Жэнэтым япэ дыдэу сыт хуэдэ едзыгъуэра тепсэлъыхьыр?

3 Библиер япэм щыІа жэнэтми, къэкІуэну зэманым щыІэну жэнэтми топсэлъыхь. ЩІэдзапІэм — япэ тхылъым жэнэтым теухуауэ итщ: «Щиухуащ Зиусхьэну Тхьэм къуэкІыпІэмкІэ щыІэ Іэдэн жыг хадэ [е «гухэхъуэ къозыт жэнэт», Дуэскэ Библие]; Езым къигъэщІа цІыхум ар псэупІэ хуищІащ» (ЩІэдз. 2:8). «Іэдэн» псалъэм «тхъэжыгъуэ, гухэхъуэ» къикІыу аращ икІи а хадэм апхуэдэ гурыщІэхэр къыуитт. Ар икъукІэ дахэт, шхыныр берычэту щыІэт икІи цІыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ я зэхуаку мамырыгъэ дэлът (ЩІэдз. 1:29—31).

4. Іэдэн жыг хадэм сыт жэнэткІэ ущІеджэ хъунур?

4 АлыджыбзэкІэ «жэнэт» жаІэн щхьэкІэ пара́дейсос псалъэ къагъэсэбэп. Макклинтокрэ Стронгрэ я энциклопедием зэрыжиІэмкІэ, алыджыбзэкІэ псалъэ цІыхум пара́дейсос псалъэр щызэхихым деж парк ин, дахэ и нэгу къыщІигъэхьэт. А паркым щыпсэухэм зыри зэран яхуэхъутэкъым. Абы пхъэщхьэмыщхьэхэр къызыпыкІэ жыгышхуэхэр къыщыкІт, псы къабзэхэр щежэхт, псым и Іуфэхэм антилопэхэмрэ мэл гуартэхэмрэ щыхъуакІуэт. (Евгъапщэ ЩІэдзапІэ 2:15, 16.)

5, 6. ЦІыхухэм дапхуэдэу жэнэтыр зэрафІэкІуэдар икІи абы теухуауэ сыт хуэдэ упщІэ къэхъейрэ?

5 Алыхьым Іэдэмрэ Хьэуарэ жэнэт дахэр псэупІэ яхуищІат, ауэ абыхэм ар яфІэкІуэдащ. Сыт щхьэкІэ? Ахэр Алыхьым едэІуатэкъыми, езыхэми къащІэхъуэну щІэблэми а жэнэтым щыпсэуну Іэмал ямыІэж хъуащ (ЩІэдз. 3:23, 24). Абы иужькІэ Іэдэн жыг хадэм цІыхухэр щыпсэужакъым, ауэ ар Нухь и зэманым Псыдзэшхуэр къэхъухукІэ щыІауэ къыщІэкІынущ.

6 Ауэ языныкъуэ цІыхухэм мыпхуэдэ упщІэ яІэну къыщІэкІынщ: «Япэм щыІа жэнэтым хуэдэ щІылъэм иджыри щыІэну пІэрэ?» ЩыІэну щытмэ, сыт абы щыхьэт техъуэр? ФІыуэ флъагъу цІыхухэм я гъусэу жэнэтым фыщыпсэуну гугъэ фиІэмэ, а гугъэм лъабжьэ быдэ иІэу пІэрэ? КъэкІуэну зэманым щІылъэм жэнэт зэрыщыІэнум шэч къыщІытевмыхьэр нэгъуэщІым къыгурывгъэІуэфыну пІэрэ?

ЖЭНЭТЫР ЩІЫЛЪЭМ ЗЭРЫЩЫІЭНУР ДЭНЭ ДЭ ЩЫТЩІЭР?

7, 8. 1) Алыхьым Ибрэхьим сыткІэ къигъэгугъат? 2) Алыхьым и псалъэхэр щызэхихам щыгъуэ, Ибрэхьим сытым егупсысауэ къыщІэкІыну?

7 Жэнэтым теухуауэ упщІэ диІэхэм я жэуапхэр, дауикІ, Библиеращ къыщыдгъуэтыфынур, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар — жэнэтыр къэзыгъэщІа Алыхьым къыбгъэдэкІ тхылъщ. Дигу къэдгъэкІыжынщ Алыхьым и ныбжьэгъу Ибрэхьим жриІауэ щытар. Алыхьым ар къигъэгугъат къытехъукІыну щІэблэр «хы Іуфэм Іулъ пшахъуэм я бжыгъэм хуэдиз» хъуну. Иеговэ жиІащ: «Уэ къыптехъукІыну бынхэм я хьэтыркІэ дунейм и лъэпкъ псоми си нэфІ ящыхуэнущ, си псалъэм укъызэредэІуам папщІэ» (ЩІэдз. 22:17, 18). Алыхьым а псалъэхэр Ибрэхьим и къуэми и къуэрылъхуми жриІащ. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 26:4; 28:14.)

8 Библием зыщІыпІи иткъым цІыхухэм тыгъэу къалъысыну жэнэтыр уафэм щыІэну Ибрэхьим и гугъауэ. «Дунейм и лъэпкъ псоми си нэфІ ящыхуэнущ» Алыхьым щыжиІам щыгъуэ, Ибрэхьим къыгурыІуэт абы зи гугъу ищІа фІыгъуэхэр здэщыІэнур щІылъэрауэ зэрыщытыр. Библием ит сыт хуэдэ пычыгъуэхэм иджыри ди фІэщ ящІрэ жэнэтыр щІылъэм зэрыщыІэнур?

9, 10. Жэнэтыр щІылъэм зэрыщыІэнур сыт хуэдэ псалъэхэм иджыри ди фІэщ ящІрэ?

9 Ибрэхьим къытехъукІахэм щыщ Даут итхауэ щытащ щІылъэм «цІыху хабзэншэр» щыщымыІэжыну зэманыр къызэрысынур (Пс. 37:1, 2, 10). Абы щыгъуэ «Іэдэбхэм щІыр щІэину къахуэнэнущ икІи мамырыгъэкІэ загъэнщІу псэунущ». Абы нэмыщІ Даут иджыри мыпхуэдэ псалъэхэр итхат: «ЦІыху пэжхэм мы щІыр щІэину къахуэнэнущ икІи игъащІэкІэ абы щыпсэунущ» (Пс. 37:11, 29; 2 Сам. 23:2). Дауэ феплърэ, Алыхьым и мурадыр зыгъэзэщІэну хуей цІыхухэм а псалъэхэр щызэхахым сыт хуэдэ гугъэ яІэ хъурэт? Абыхэм щхьэусыгъуэ яІэт я фІэщ ящІыну щІылъэм цІыху пэжхэм фІэкІ зыри щымыпсэууэ щытмэ, хуэмурэ Іэдэн жыг хадэм щыІа жэнэтым хуэдэ зэращІыжыфынур.

Жэнэтыр щІылъэм зэрыщыІэнум щыхьэт тохъуэ бегъымбархэм жаІауэ щыта псалъэхэр

10 Израил цІыхухэм Иеговэ хуэлажьэу жаІэми, нэхъыбэм я щІыб хуагъэзащ икІи хуэлэжьэн щагъэтащ. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым хуит ищІащ бабилэн цІыхухэр абыхэм къатеуэу яхъунщІэну икІи куэдыр гъэрыпІэм яшэну (2 Лет. 36:15—21; Иер. 4:22—27). Ауэ бегъымбархэм жаІауэ щытащ илъэс 70 дэкІмэ, Алыхьым и лъэпкъым и щІыналъэм зэригъэзэжынур. А псалъэхэр къэхъуащ, ауэ абыхэм ди зэманми мыхьэнэшхуэ яІэщ. Абыхэм щыщ языныкъуэхэм дытепсэлъыхьынщ икІи жэнэтыр щІылъэм зэрыщыІэнум ахэр щыхьэт зэрытехъуэр зэпкърытхынщ.

11. Исаия 11:6—9 ит псалъэхэр дауэ къызэрыхъуар икІи абы теухуауэ сыт хуэдэ упщІэ диІэнкІэ хъуну?

11 Къеджэ Исаия 11:6—9 a. Бегъымбар Ешайа къигъэсэбэпу Иеговэ жиІауэ щытащ я щІыналъэм зыгъэзэжа израил цІыхухэм зыри зэран къазэрыхуэмыхъунур икІи хьэкІэкхъуэкІэхэми цІыху бзаджэхэми зэрыщымышынэнур. Псори — щІалэхэри зи ныбжь хэкІуэтахэри — зы щхьэкІи мышынэу псэунущ. Ешайа жиІа а псалъэхэр абы щыгъуэ къэхъуауэ щытащ. Іэдэн жыг хадэр фигу къигъэкІыжкъэ абы? (Ис. 51:3). Абы нэмыщІ Ешайа жиІауэ щытащ израил цІыхухэм нэмыщІ нэгъуэщІхэми Алыхьыр зэрацІыхунур. Абы итхат «тенджызыр псыкІэ зэрыгъэнщІам ещхьу» щІылъэ псори «Иеговэ теухуа щІэныгъэмкІэ гъэнщІауэ» зэрыщытынур. Дапщэщ ар къыщыхъунур?

12. 1) Бабилэн гъэрыпІэм къикІыжа израил цІыхухэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр Иеговэ къарита? 2) Исаия 35:5—10 ит псалъэхэр къэкІуэну зэманым иджыри къэхъуну сыт жыпІэ щІэхъунур?

12 Къеджэ Исаия 35:5—10 b. Бегъымбар Ешайа иджыри зэ къыхигъэщащ, я щІыналъэм зыгъэзэжа израил цІыхухэр хьэкІэкхъуэкІэхэми цІыхухэми щышынэн зэрыхуэмейр. Абы жиІауэ щытащ я щІыналъэм гъавэ бэв къызэрытекІынур, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы псы куэду щыІэнущ, Іэдэн жыг хадэр «зыгъэпсыІэ псы» зэрыщыІам хуэдэу (ЩІэдз. 2:10—14; Иер. 31:12). А псалъэхэр зыхуэгъэзар израил цІыхухэм я зэман закъуэра? Гу лъыптэ хъунущ, нэфхэр, щІакъуэхэр икІи дэгухэр хъужыну Ешайа жиІауэ зэрыщытам. Ауэ Бабилэным къикІыжа израил цІыхухэр узыншэ хъужакъым. Абы къыхэкІкІэ абыкІэ Алыхьым къыдгуригъэІуэну хуеящ узыфэу хъуар къэкІуэну зэманым зэригъэкІуэдыжынур.

13, 14. Израил лъэпкъыр Бабилэным къыщикІыжам щыгъуэ дауэ Исаия 65:21—23 ит псалъэхэр къызэрыхъуар? А псалъэхэм щыщу сыт хуэдэхэра къэкІуэну зэманым къэхъунур? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

13 Къеджэ Исаия 65:21—23 c. Журтхэм я щІыналъэм ягъэзэжа иужь унэ тынш, унэ дахэхэр, щІы зехьахэр икІи жызум хадэхэр ялъэгъуакъым. Ауэ абыхэм Алыхьым и нэфІ ящыхуати, хуэмурэ я Іуэхухэр нэхъыфІ хъуащ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт абыхэм я унэхэр щащІым икІи гъавэр къыщрахьэлІэжым сыт хуэдиз гуфІэгъуэ яІами!

14 Мыхьэнэшхуэ зиІэ зы Іуэхугъуэм гу лъыптэ хъунущ: къэхъун хуейуэ Ешайа жиІа псалъэхэм къызэрыхэщымкІэ ди гъащІэр «жыгым и махуэхэм хуэдэнущ». Языныкъуэ жыгхэр илъэс мин бжыгъэкІэ мэпсэу. ЦІыхухэм узыншагъэ быдэ яІэн хуейщ, апхуэдизрэ псэун щхьэкІэ. Ахэр Ешайа зи гугъу ищІа щІыналъэ дахэм щыпсэуауэ щытамэ, ар жэнэту жыпІэ хъунут! ИкІи ар Іэмал имыІэу къэхъунущ.

Жэнэтым теухуауэ Хьисэ жиІа псалъэхэр дауэ къызэрыхъунур? (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)

15. Алыхьым Ешайа бегъымбарым иригъэтха языныкъуэ фІыгъуэхэр къыжыфІэ.

15 Къэхъун хуейуэ зэпкърытха псалъэхэр къэкІуэну зэманым щыІэну жэнэтым зэрепхам фегупсыс. ЩІылъэм щыпсэуну цІыху псоми Алыхьым и нэфІ ящыхуэнущ. ХьэкІэкхъуэкІэ икІи цІыху бзаджэ къатеуэну зыри шынэнукъым. Нэфхэр, дэгухэр икІи щІакъуэхэр узыншэ хъужынущ. ЦІыхухэм езыхэр зыщІэсын унэ ящІынущ, къэуат зыщІэлъ шхыныгъуэхэр кърахьэлІэжынущ икІи жыгхэм нэхърэ нэхъыбэрэ псэунущ. Библием ди фІэщ ещІ а псор къызэрытпэщылъыр. Ауэ языныкъуэ цІыхухэм жаІэу къыщІэкІынщ а псалъэхэм жэнэтыр щІылъэм щыІэну къимыкІыу. Сыт апхуэдэ цІыхухэм яжепІэ хъунур? Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэ жэнэтыр щІылъэм щыІэну ди фІэщ тщІыну? Хьисэ и псалъэхэм ар ди фІэщ ящІ. Абы хуэдэ цІыху зэи дунейм тетакъым.

«ЖЭНЭТЫМ УЩЫЗИГЪУСЭНУЩ»

16, 17. Жэнэтым теухуа псалъэхэр Хьисэ дапщэщ щыжиІар?

16 Хьисэ къуаншагъэ лъэпкъ ищІатэкъым, ауэ абы тезыр тралъхьэри пкъом ираІулІащ. Абы и бгъуитІымкІэ журт лъэпкъым щыщ щІэпхъаджагъэ зыщІа лІитІ ираІулІат. Абыхэм ящыщ зым Хьисэ пащтыхьу зэрыщытыр къыгурыІуати, мыпхуэдэу елъэІуащ: «Хьисэ, уи Тепщэныгъэшхуэр къыщыскІэ, уигу сыкъэгъэкІыж» (Лк. 23:39—42). Лука 23:43 ит Хьисэ и жэуапыр дэри ди къэкІуэнум епхащ. Библиер куууэ зыдж щІэныгъэлІхэм зэрыжаІэмкІэ мы едзыгъуэм ит псалъэхэр зэрит дыдэм хуэдэу зэбдзэкІмэ, мыпхуэдэу укъеджэнущ: «Пэжыр ныбжызоІэ, нобэ Си гъусэу жэнэтым ущыІэнущ». «Нобэ» псалъэм гу лъыфтэ. Сыт Хьисэ зи гугъу ищІар? Абы теухуауэ еплъыкІэ щыІэхэр зэтехуэкъым.

17 Нобэ бзэ куэдым пунктуацэр, псалъэм папщІэ запятойр е двоеточиер псалъэухам къикІыр къыбгурыІуэн щхьэкІэ дэІэпыкъуэгъу мэхъу. Абы нэмыщІ псалъэхэр зэрызэкІэлъыкІуэм мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ауэ ди зэманым къэса алыджыбзэкІэ япэ дыдэу ятха тхыгъэхэм пунктуацэр мащІэут зэрыхагъэувэр. Абы къыхэкІкІэ дегупсысынкІэ хъунущ Хьисэ и псалъэхэр дапхуэдэу зэдзэкІын хуейми: Хьисэ жиІар мыра: «НыбжызоІэ, жэнэтым ущызигъусэнущ нобэ», хьэмэрэ «НыбжызоІэ нобэ, жэнэтым ущызигъусэнущ» жиІауэ ара? Библиер зэзыдзэкІхэм мы псалъэухам пунктуацэр къызэрыщагъэсэбэпыр е «нобэ» псалъэр здагъэувыр Хьисэ и псалъэхэр езыхэм къазэрыгурыІуэм елъытащ. Абы къыхэкІкІэ Библие куэдым мы едзыгъуэр зэритыр зэтехуэкъым.

18, 19. Хьисэ и псалъэхэр пэжу къыдгурыІуэну сыт къыддэІэпыкъур?

18 Дигу къэдгъэкІыжынщ Хьисэ зэрылІэнум теухуауэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІауэ щытар: «ЦІыху Лъэпкъым и Къуэр щІылъэм и кууупІэм жэщищ-махуищкІэ щІэлъынущ». Абы нэмыщІ жиІащ: «ЦІыху Лъэпкъым и Къуэр цІыхухэм яІэщІыхьэнурэ абыхэм ар яукІынущ, ауэ ар лІахэм къахэтэджыкІыжынущ ещанэ махуэм» (Мт. 12:40; 16:21; 17:22, 23; Мк. 10:34). Псори апхуэдэу къызэрыхъуар апостол Петр итхыжауэ щытащ (Апост. 10:39, 40). Абы къыхэкІкІэ дэ къыдгуроІуэ Хьисэрэ щІэпхъаджагъэ зыщІа лІымрэ щылІа махуэм, Хьисэ жэнэтым зэрымыкІуар. Ар махуищ иримыкъукІэ кхъэлэгъунэм щІэлъащ, Алыхьым къигъэтэджыжыху (Апост. 2:31, 32) d.

19 Абы къыхэкІкІэ Хьисэ жиІа псалъэхэр мыпхуэдэущ къызэрыбгурыІуэн хуейр: «Пэжыр ныбжызоІэ нобэ». Мусэ и зэманым цІыхухэм апхуэдэ псэлъафэ яІэт. Зэгуэрым абы мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «БгъэзэщІэн хуейуэ нобэ бжесІэ псалъэхэр уи гум илъын хуейщ» (Втор. 6:6; 7:11; 8:1, 19; 30:15).

20. Хьисэ жиІа псалъэхэр дэ къызэрыдгурыІуэ щІыкІэр зэрыпэжым сыт щыхьэт техъуэр?

20 Хьисэ хъыбарыфІыр щигъэІуу щыта щІыпІэм щыпсэу Библиер зэзыдзэкІ зы цІыхухъу гуэрым зэрыжиІэмкІэ, Хьисэ жиІа псалъэхэм «нобэ» псалъэращ нэхъ къыхэгъэщын хуейр. Абы къыхэкІкІэ а псалъэухам мыпхуэдэущ укъызэреджэн хуейр: «Пэжыр ныбжызоІэ нобэ: Жэнэтым ущызигъусэнущ». Хьисэ а лІыр къыщигъэгугъар а махуэрат, ауэ ар къыщыхъун хуейр иужькІэт. А щІыпІэм щыпсэухэм я дежкІэ тэмэмт зыгуэр къыщагъэгугъа махуэр къыхагъэщыну, абыкІэ я псалъэхэр зэрагъэзэщІэжынур къагъэлъагъуэт. Аращ, V-нэ лІэщІыгъуэм ятха сирийскэ Библием Хьисэ и псалъэхэр мыпхуэдэу щІызэрадзэкІар: «Іэмин, сэ ныбжызоІэ нобэ, си гъусэу Іэдэн жыг хадэм ущыІэнущ». А псалъэхэм дэ икъукІэ дагъэгушхуэ.

21. ЩІэпхъаджагъэ зыщІа лІым уафэм кІуэну гугъэ имыІауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?

21 Хьисэ щІэпхъаджагъэ зыщІа лІым жэнэтым теухуауэ щепсалъэм, ар уафэм кІуэну къигъэгугъакъым. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? А лІым ищІэтэкъым Хьисэ и апостол пэжхэм зэгурыІуэныгъэ ярищІылІауэ зэрыщытыр икІи уафэм щыІэну Пащтыхьыгъуэм Хьисэ и гъусэу абыхэм тепщэныгъэ зэрыщаІэнур (Лк. 22:29). Абы нэмыщІ а лІым псым зыщІигъэуатэкъым (Ин. 3:3—6, 12). Абы къыхэкІкІэ а лІым уафэм кІуэну гугъэ имыІауэ жыпІэ хъунущ икІи Хьисэ и псалъэхэр щІылъэм щыІэну жэнэтыращ зыхуэхьауэ щытар. Илъэс зыбжанэ дэкІа иужь апостол Паул тепсэлъыхьыжауэ щытащ лІы гуэр «Тхьэм... жэнэтым зэрыригъэхьам» (2 Кор. 12:1—4). ЩІэпхъаджагъэ зыщІа лІым елъытауэ, Паулрэ нэгъуэщІ апостол пэжхэмрэ уафэм кІуэуэ, Хьисэ и Пащтыхьыгъуэр даІыгъыну гугъэ яІэт. Ауэ къэкІуэну зэманым щыІэну жэнэтым щытепсэлъыхьым, Паул щІылъэм щыІэну жэнэтым и гугъу ищІауэ жыпІэ хъуну? e А жэнэтым фэри фыщыІэну пІэрэ?

СЫТ ДЭ КЪЫТПЭЩЫЛЪЫР

22, 23. Сыт къэкІуэну зэманым къытпэщылъыр?

22 ИпэмкІэ зэрыжытІащи, Даут жиІауэ щытащ: «ЦІыху пэжхэм мы щІыр щІэину къахуэнэнущ» (Пс. 37:29; 2 Пет. 3:13). А псалъэхэмкІэ абы къыхигъэщащ щІылъэм тет цІыху псори Алыхьым и хабзэ дагъуэншэм тету зэрыпсэунур. Исаия 65:22 щыжыІащ: «Сэ си цІыхухэм я зэманыр жыгым и гъащІэм хуэдэнущ». Абы къегъэлъагъуэ Алыхьым хуэлажьэ цІыхухэр дунеищІэм илъэс мин бжыгъэкІэ зэрыщыпсэунур. Уи фІэщ пщІы хъуну пІэрэ ар? Хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Апокалипсис 21:1—4 зэритымкІэ, Алыхьым цІыхухэм фІыгъуэ куэд яритынущ. Псалъэм папщІэ, «лІэныгъэр... щыІэжынукъым».

23 Аращи, жэнэтым теухуауэ Библием итыр гурыІуэгъуэщ. Іэдэмрэ Хьэуарэ Іэдэн жыг хадэм щыІа жэнэтыр яфІэкІуэдащ, ауэ куэд мыщІэу щІылъэр жэнэт хъужынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым дыкъегъэгугъэ щІылъэм щыІэну цІыхухэм фІыгъуэ яритыну. Даут зэрыжиІамкІэ, Іэдэбхэм икІи цІыху пэжхэм щІылъэр щІэину къалъысынущ икІи абы игъащІэкІэ щыпсэунущ. Ешайа бегъымбарым итха псалъэхэм дыщеджэм деж, Алыхьым тхуигъэхьэзыра щІылъэ дахэм дыщыпсэуну нэхъри дыхуейуэ дохъу. Дапщэщ-тІэ а зэманыр къыщысынур? Хьисэ щІэпхъаджагъэ зыщІа лІыр къызэригъэгугъа псалъэхэр къэхъуа иужьщ. Уэри а жэнэтым ущыпсэуфынущ. Ипщэ Кореем щекІуэкІа конгрессым ди къуэш, ди шыпхъухэм щыжаІа псалъэхэр абы щыгъуэ къэхъунущ: «Жэнэтым дыщызэхуэзэжынщ!»

a Исаия 11:6—9: «Дыгъужьыр щынэм и гъусэу псэунущ, къаплъэнымрэ чыцІымрэ зэбгъэдэлъынущ. Танэр, аслъэныщІэр, Іэщ гъэшхар зэгъусэу псэунущ икІи ахэр щІалэ цІыкІум къришэкІынущ. Жэмымрэ мыщэмрэ зэдэшхэнущ икІи абыхэм я шырхэр зэгъусэу зэбгъэдэлъынущ. Аслъэнми гуум хуэдэу мэкъу ишхынущ. Сабий цІынэр кобрэм и гъуэм деж щыджэгунущ, сабий цІыкІуми щхъухь зиІэ блэм и Іэр хуишиинущ. Зэраныгъэ щащІэнукъым икІи зыри щызэтракъутэнукъым сэ си бгыщхьэ лъапІэм, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ тенджызыр псыкІэ зэрыгъэнщІам ещхьу, щІылъэр Иеговэ теухуа щІэныгъэмкІэ гъэнщІауэ щытынущ».

b Исаия 35:5—10: «Абы щыгъуэ нэфхэм я нэхэр къэплъэжынущ, дэгухэми я тхьэкІумэр къызэІуихыжынущ. Абы щыгъуэ щІакъуэм щыхьым хуэдэу къижыхьынущ икІи бзагуэм и бзэм уэрэд жиІэнущ. ПшахъуэщІым псы къыщІэжынущ икІи губгъуэ нэщІым псы щежэхыу хъунущ. Дыгъэм игъэгъуа щІыр къамылыр куэду къыщыкІ псым хуэдэ хъунущ, икІи псы хуэлІа щІыпІэр псыхэр къыщыщІэж щІылъэ хъунущ. ХьэІуцыдзхэр щыпсэум, абыхэм зыщагъэпсэху щІыпІэм удз щхъуантІэхэр, къамылыр икІи папирусыр къыщыкІынущ. Абы гъуэгушхуэ щыІэнущ икІи а гъуэгум къабзагъэм и ГъуэгукІэ еджэнущ. А гъуэгум мыхъумыщІагъэ зыщІэхэр ирикІуэнукъым. А гъуэгум ирикІуэхэм щхьэкІэщ ар щІыщыІэнур икІи зэхэщІыкІ зимыІэхэр тетынукъым абы. Абы аслъэныр щыІэнукъым икІи хьэкІэкхъуэкІэ а гъуэгум къытехьэнукъым. А гъуэгум абыхэм уащыхуэзэнукъым, абы щызекІуэнур къащэхужахэращ. Иеговэ къищэхужахэм къагъэзэжынурэ, хэІэтыкІауэ гуфІэу Сионым къэкІуэнущ икІи гуфІэгъуэ мыухыжыр таж яхуэхъунущ. Абыхэм гуфІэгъуэмрэ гушхуэныгъэмрэ ягъуэтынущ, нэщхъеягъуэмрэ щэІу макъхэмрэ щыІэжынукъым».

c Исаия 65:21—23: «ЦІыхухэм унэхэр яухуэнущ икІи абыхэм щыпсэунущ, жызум хадэхэри хасэнущ икІи абыхэм къыпыкІэхэри яшхынущ. Яухуэнукъым, нэгъуэщІхэр щыпсэун щхьэкІэ, хасэнукъым, нэгъуэщІхэм яшхын щхьэкІэ. Си лъэпкъым и махуэхэр жыгым и махуэхэм хуэдэнущ, икІи сэ къыхэсхахэм я ІэдакъэщІэкІыр куэдрэ къагъэсэбэпынущ. ПщІэншэу лэжьэнукъым икІи сабийхэр гуауэм къыхуалъхунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр — Иеговэ и нэфІ зыщыхуа щІэблэщ, абыхэм я гъусэу я щІэблэри».

d Профессор Марвин Пейт зэрыжиІэмкІэ, Хьисэ «нобэ» псалъэр щыжиІам щыгъуэ лІэуэ, а махуэ дыдэм е сыхьэт 24-м и кІуэцІым жэнэтым кІуэну къригъэкІауэ щІэныгъэлІ куэдым ябж. Ауэ Пейт зэреплъымкІэ, а гупсысэмрэ Библием ит нэгъуэщІ пычыгъуэхэмрэ зэтехуэкъым. Псалъэм папщІэ, Библием итщ Хьисэ лІа иужь гадесым зэрыщыІар икІи иужькІэ уафэм зэрыдэкІуейжар (Мт. 12:40; Апост. 2:31; Рим 10:7).

e 2018 гъэм, дыгъэгъазэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэ статьям феплъ (урыс.).