Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

«Пэжагъ зигу илъ цІыхур Иеговэ теухуауэ гуфІэнущ»

«Пэжагъ зигу илъ цІыхур Иеговэ теухуауэ гуфІэнущ»

ДАЙАНЭ и ныбжьыр илъэс 80-м щІигъуащ. Абы и щхьэгъусэм Альцгеймер уз жыхуаІэр къеузащ икІи дунейм ехыжын ипэ илъэс зыбжанэкІэ зи ныбжь хэкІуэтахэр щызрахьэж унэм щыпсэуащ. Абы нэмыщІ Дайанэ и къуитІыр фІэкІуэдащ икІи и бгъэр рак хъури, абы ебэнын хуей хъуащ. А псом емылъытауэ, ди къуэш, ди шыпхъухэм зэрыжаІэмкІэ, Дайанэ хъыбарыфІыр щигъэІукІи, зэІущІэхэм къыщыкІуэкІи, и нэгум гуфІэгъуэр икІкъым.

Джон илъэс 43-кІэ районым и нэхъыжьу лэжьащ. Абы и лэжьыгъэр егъэлеяуэ игу ирихьт. Ауэ Джон а лэжьыгъэр къигъэнэн хуей хъуащ, и Іыхьлы сымаджэм кІэлъыплъын щхьэкІэ. И ныбжьэгъухэм ар конгрессым щалъагъум деж, гу лъатэ абы япэм хуэдэу гуфІэгъуэ нурыр къызэрыщхьэщихыр.

Дайанэрэ Джонрэ сыт къадэІэпыкъур я гуфІэгъуэр яфІэмыкІуэдыну? Узымрэ гуныкъуэгъуэмрэ емылъытауэ, дауэ гуфІэгъуэр зэрызыфІомыгъэкІуэдыныр? ПщІэ зыпылъ къалэнхэр щомыгъэзэщІэжыфым дежи, уи гуфІэгъуэр дауэ пхъума зырыхъунур? Библием жэуапыр итщ: «Пэжагъ зигу илъ цІыхур Иеговэ теухуауэ гуфІэнущ» (Пс. 64:10). Мы псалъэхэр нэхъыфІу къыдгурыІуэн щхьэкІэ, гуфІэгъуэ пэжыр зэпхамрэ ар зэмыпхамрэ зэпкърытхынщ.

ЗЭМАН КІЭЩІКІЭ ГУФІЭГЪУЭ КЪОЗЫТЫР

ГуфІэгъуэ къыдэзыт Іуэхугъуэ куэд, дауикІ, ди гъащІэм къыщохъу. Псалъэм папщІэ, щауэмрэ нысащІэмрэ я хьэгъуэлІыгъуэ махуэм щогуфІыкІ, зэщхьэгъусэхэм дунейм къытехьа я сабийм я псэр хэлъщ, Алыхьым и лэжьакІуэм пщІэ зыпылъ къалэн къратар игъэзэщІэным гуфІэжу иужь йохьэ. А псом гуфІэгъуэ къызэрыдитыр гъэщІэгъуэнкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэщ унагъуэр зыухуар, сабий яІэн хуэдэу цІыхухэр къэзыгъэщІар икІи аращ и лэжьакІуэхэм пщІэ зыпылъ къалэнхэр езытыр (ЩІэдз. 2:18, 22; Пс. 127:3; 1 Тим. 3:1).

Ауэ апхуэдэ Іуэхугъуэхэм къыуат гуфІэгъуэр кІэщІщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, уи щхьэгъусэр пфІэкІуэдынкІэ хъунущ е ар къопцІыжынкІэ хъунущ (Иез. 24:18; Ос. 3:1). Сабийри Алыхьымрэ и адэ-анэмрэ щемыдаІуэ къохъу. Уеблэмэ, ар зэхуэсым хагъэкІынкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, Самуел и къуэхэр Иеговэ и хабзэхэм ебэкъуащ, Даути ищІа гуэныхьым и унагъуэм гугъуехьышхуэ къыхуихьащ (1 Сам. 8:1—3; 2 Сам. 12:11). Апхуэдэ гуэр ди гъащІэм къыщыхъум деж, гуфІэгъуэр тфІокІуэд.

ПщІэ зыпылъ къалэнхэри гува-щІэхами нэгъуэщІым ептыжын хуейщ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуфынущ уи узыншагъэм зэрыкІэричыр, уи унагъуэм щыбгъэзащІэ къалэнхэр зэрыхэхъуэр, ди организацэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэр. Апхуэдэ гуэр зыгъэунэхуахэм жаІэ, япэм яІа гъащІэм зэрыхуэзэшыр.

Зэрытлъагъущи, языныкъуэ Іуэхухэм къыдат гуфІэгъуэр кІэщІщ. Ауэ, гугъуехьхэм дызэрыпэщІэхуэм емылъытауэ, гуфІэгъуэр тхуэхъумэну пІэрэ? Тхуэхъумэнущ. Самуел, Даут икІи Иеговэ и нэгъуэщІ лэжьакІуэхэм я гъащІэр абы щыхьэт тохъуэ. Гугъуехьхэм емылъытауэ, абыхэм гуфІэгъуэр яфІэкІуэдакъым.

ЗЭПЫМЫУУЭ ГУФІЭГЪУЭ КЪОЗЫТЫР

Хьисэ ищІэт гуфІэгъуэ нэсыр зищІысыр. Абы Иеговэ «и пащхьэ» зэпымыууэ гурыфІыгъуэр зыхищІэрт (Прит. 8:30, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ауэ щІылъэм ар щыпсэуам гугъуехьышхуэхэм пэщІэхуэн хуей хъуащ. Абы емылъытауэ, и Адэм и Іэмырыр Хьисэ ифІэфІу игъэзащІэт (Ин 4:34). ЯукІын ипэ сыхьэт бжыгъэкІэ Хьисэ хьэзабышхуэ къытехуащ. Дауэ ар абы зэрыхущытар? Библием итщ: «И пащхьэм илъу щыта гуфІэгъуэм щхьэкІэ, цІыхухэм жорым [«пкъом», ДЩІ] зэрыраІулІам и гугъуехь ишэчащ» (Евр 12:2). Аращи, гуфІэгъуэ нэсыр зищІысыр къэтщІэну дыхуеймэ, абы теухуауэ Хьисэ жиІам дегупсысын хуейщ.

Зэгуэр Хьисэ и гъэсэн 70-р хъыбарыфІыр ягъэІуну игъэкІуащ. Къалэн къратар ягъэзэщІа нэужь, абыхэм гурыфІыгъуэ яІэу къагъэзэжащ. Гъэсэнхэм Хьисэ жраІэжащ Іуэху телъыджэхэр зэралэжьар, псалъэм папщІэ жин бзаджэхэр цІыхухэм зэрыхахуар. Ауэ Хьисэ абыхэм жэуап яритащ: «Жин бзаджэхэр фи ІэмыщІэ зэрилъым щхьэкІэ фымыгуфІэу, фи цІэхэр уафэм щыІэ тхылъым зэритым щхьэкІэ фыгуфІэ» (Лк 10:1—9, 17, 20). Пэжщ, сыт хуэдэ къалэным нэхъри, Алыхьыр арэзы пщІыным нэхъ мыхьэнэшхуэ иІэщ икІи абы къыуит гуфІэгъуэм хуэдэ зыми къыуитыфынукъым.

Хьисэ цІыхухэм хъыбарыфІыр яжриІэу здэщытым, журтхэм щыщу зы цІыхубз гуэр къэпсалъэри жиІащ, апхуэдэ егъэджакІуэшхуэм и анэр зэрынасыпыфІэр. Ауэ Хьисэ абы жриІащ: «Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу ахэр зыгъэзащІэхэр абы нэхърэ нэхъ махуэщ» (Лк 11:27, 28). Уи быным урипагэныр, дауикІ, гуапэщ, ауэ Иеговэ узэрыхуэжыІэдаІуэм икІи гъунэгъу узэрыхуэхъум къыуит гуфІэгъуэр абы нэхърэ куэдкІэ нэхъ инщ.

Иеговэ арэзы зэрытщІым пэж дыдэу гуфІэгъуэ нэс къыдет. Езы гугъуехьхэм гуфІэгъуэ хэмылъми, дэ ди фІэщ мэхъу Иеговэ къызэрытхуэарэзыр. Теубыдагъэ тхэлъу ахэр щытшэчым деж, текІуэныгъэ къэтхьу жыпІэ хъунущ икІи абы ди гур хегъахъуэ (Рим 5:3—5). Абы нэмыщІ Иеговэ дзыхь къыхуэзыщІхэм и къару лъапІэр ирет икІи, дэ зэрытщІэщи, гуфІэгъуэр Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдокІ (Гал. 5:22). Абы Псалом 64:10 ит псалъэхэр нэхъыфІу къыбгурагъаІуэ: «Пэжагъ зигу илъ цІыхур Иеговэ теухуауэ гуфІэнущ» (Пс. 64:10).

Джон гуфІэгъуэр фІэмыкІуэдыну сыт къыдэІэпыкъур?

Иджы гурыІуэгъуэщ Дайанэрэ Джонрэ зэман хьэлъэми гуфІэгъуэр щІахъумэфар. Дайанэ къыддогуашэ: «Адэм и сабийр зэрихъумэм хуэдэу, Иеговэ сэри сыкъехъумэ». Дайанэ дэнэ щищІэр Иеговэ абы къызэрыхуэарэзыр? Абы жеІэ: «Алыхьым и нэфІ къызэрысщыхуар солъагъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы къару къызет гуфІэгъуэ сиІэу хъыбарыфІыр зэпымыууэ згъэІуну». Джон районым и нэхъыжьу мылэжьэжми, абыи хъыбарыфІ гъэІуным къару куэд ирехьэлІэ. Сыт абы къыдэІэпыкъур? Ар къыддогуашэ: «1998-нэ гъэм Школа усовершенствования служения жыхуаІэм и егъэджакІуэ сащІат. Абы лъандэрэ Библиер сэ езым зджыным зэман нэхъыбэ тызогъэкІуадэ». Езымрэ и щхьэгъусэмрэ теухуауэ Джон жеІэ: «Ди гъащІэм Иеговэ сыт хуэдэ къалэнхэр къыдимытами сыт щыгъуи ахэр жыІэдаІуэу зэрыдгъэзэщІэным иужь дитт. Ар нобэ къыддоІэпыкъу ди къалэныщІэр дгъэзэщІэну. Дэ ди гъащІэмкІэ дыарэзыщ».

Псалом 64:10 ит псалъэхэр зэрыпэжыр нэгъуэщІ ди къуэш, ди шыпхъухэми зыхащІащ. Щапхъэу къэтхьынщ Америкэм Вефилым илъэс 30-м щІигъукІэ щылэжьа зэщхьэгъусэхэр. Ахэр иджыпсту специальнэ пионеру мэлажьэ. Ахэр къыддогуашэ: «ФІыуэ плъагъу къалэныр къызэрыбгъанэм уи гур хегъэщІ икІи ар гурыІуэгъуэщ. Ауэ апхуэдэ гухэщІыр псынщІэу блокІ». Зэщхьэгъусэхэм я зэхуэсым щыщхэм я гъусэу хъыбарыфІыр жыджэру ягъэІуу щІадзащ. Абыхэм жаІэ: «Дэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъазэт икІи дызыхуеймрэ дызыгъэгузавэмрэ абы бгъэдэтлъхьэт. Ди тхьэлъэІум и жэуапыр щытлъагъум деж, абы ди гур хигъахъуэт. ЗэхуэсыщІэм дыкъызэрыхыхьэрэ куэд дэмыкІыу, языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм пионеру лэжьэн щІадзащ, дэри Библиер ди гъусэу зыджыну хуей цІыхуитІ къэдгъуэтащ».

ДИ ГУФІЭГЪУЭМ КІЭ ИІЭНУКЪЫМ

ДауикІ, ди зэманым гуфІэгъуэр пхъумэну тыншкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гъащІэр гугъуехькІэ гъэнщІащ. Ауэ Псалом 64:10 гугъэ къыдэзыт Иеговэ и псалъэхэр къыщыдогъуэт. ГъэунэхуапІэм дыщигъэнэщхъей къэхъуми, Иеговэ хуэпэжу дыкъанэмэ, дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ «пэжагъ зигу илъ цІыхур Иеговэ теухуауэ» зэрыгуфІэнум. Абы нэмыщІ «уафэщІэмрэ щІылъэщІэмрэ» теухуауэ Иеговэ жиІа псалъэхэр къыщыхъуну зэманым дегупсыс хъунущ. Абы щыгъуэ гуэныхьыр зэран къытхуэхъужынукъым. Алыхьым къыбгъэдэкІ фІыгъуэхэр щалъагъукІэ, абы и лэжьакІуэ псори хуабжьу гуфІэнущ (Ис. 65:17, 18).

Уи нэгу къыщІэгъэхьэт: дэ узыншагъэ быдэ диІэнущ икІи махуэ къэс къару къызэрытхэхъуэр зыхэтщІэу дыкъэушынущ. Ди гуныкъуэгъуэ псори блэкІынущ, ахэр зэи дигу къэкІыжынукъым. Абы щыгъуэ цІыхухэм «блэкІа Іуэхухэр афІэкІа ягу къагъэкІыжынукъым». Ди лІа къэтэджыжахэми дахуэзэжынущ. Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ илъэс 12 хъу хъыджэбз цІыкІу къигъэтэджыжауэ щытащ. Абы и адэ-анэм «ар щалъагъум, хуабжьу ягъэщІэгъуащ». Куэд мыщІэу абыхэм я гурыщІэхэм хуэдэ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм зыхащІэнущ (Мар. 5:42). ИкІэм-икІэжым псори нэгъэсауэ Алыхьым хуэлэжьэнущ икІи игъащІэкІэ «Иеговэ теухуауэ гуфІэнущ».