Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЩІалэгъуалэ, фи гъащІэр насыпыфІэу щрет

ЩІалэгъуалэ, фи гъащІэр насыпыфІэу щрет

«ГъащІэм и гъуэгур уэ къэзбгъэщІэнущ» (ПС. 16:11).

УЭРЭДХЭР: 133, 89

1, 2. ЦІыхум зэрызихъуэжыфынур Тони и щапхъэм дауэ къызэригъэлъагъуэр?

 ТОНИ адэншэу къэхъуащ. Абы школым щеджэныр ифІэфІтэкъыми, ар къимыухыу къызэрыщІэкІыным егупсыст. Щемыджэ махуэхэм Тони зэману иІэр кино кІуэнымрэ и ныбжьэгъухэм игъусэнымрэ тригъэкІуадэт. Ар цІыху гущІэгъуншэу е наркоману щыттэкъым. Ауэ Алыхьыр зэрыщыІэр абы и фІэщ хъущэтэкъым. Зэгуэр Тони Иеговэ и Щыхьэт зэщхьэгъусэ хуэзэри, Алыхьым теухуауэ иІэ упщІэхэр абыхэм яритащ. Абыхэм Тони брошюритІ къратащ — «У истоков жизни. Пять вопросов, которые требуют ответа» жыхуиІэмрэ, «Была ли жизнь создана?» жыхуиІэмрэ.

2 ИужькІэ зэщхьэгъусэхэр Тони щыхуэзам щыгъуэ, абы и еплъыкІэм зихъуэжат. ЩІалэм брошюрэхэр апхуэдизкІэ щІиджыкІати, ахэр ушкІумпІат. «Алыхьыр щыІэн хуейщ»,— жиІащ Тони. Абы Библиер иджу щІидзащ икІи и еплъыкІэхэм хуэм-хуэмурэ захъуэжу хъуащ. Япэм ар фІыуэ емыджэу щытами, иджы нэхъыфІ дыдэу еджэхэм щыщ хъуат. Школым и директорми ар зэригъэщІэгъуэныр ищІэтэкъым. Абы Тони жриІащ: «Уи хьэл-щэнхэри узэреджэри куэдкІэ нэхъыфІ хъуащ. Ар зи фІыгъэр Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библием узэреджэра?» «Аращ»,— жиІащ Тони, абы щыгъуэ Библием теухуауэ ахэр фІыуэ зэпсэлъащ. ЩІалэм школыр фІыуэ къиухащ. Иджыпсту ар пионеру мэлажьэ икІи зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу щытщ. Абы нэмыщІ Тони егъэлеяуэ щогуфІыкІ лъагъуныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ Иеговэ иджы и Адэу зэрыщытым (Пс. 68:5).

ИЕГОВЭ ЖИІЭМ ЕДАІУИ, ЕХЪУЛІЭНЫГЪЭ УИІЭНУЩ

3. Иеговэ сыт хуэдэ чэнджэщ щІалэгъуалэм яритыр?

3 Тони и щапхъэм къегъэлъагъуэ Иеговэ щІалэгъуалэм дэІэпыкъуну зэрыхуейр. Алыхьыр хуейщ уэ уи гъащІэм мыхьэнэ иІэну икІи насыпыфІэу упсэуну. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ мыпхуэдэ чэнджэщ къыует: «Псори къэзыгъэщІа уи Алыхь лъапІэр уи щІалэгъуэм уигу игъэлъ» (Эккл. 12:1). Ар тыншкъым, ауэ пхузэфІэмыкІын Іуэхугъуэуи щыткъым. Алыхьым и фІыгъэкІэ уэ уи гъащІэр насыпыфІэу щытынущ уи щІалэгъуэми уи ныбжьыр щыхэкІуэта зэманми. Ар нэхъыфІу къыбгурыІуэн щхьэкІэ дытепсэлъыхьынщ Алыхьым яритыну къызэригъэгугъа щІыналъэр журтхэм къызэразэуа щІыкІэм, абы нэмыщІ Даут ДжэлутІ зэрытекІуам.

4, 5. Сыт хуэдэ дерс хэтхыфыну Ханаан щІыналъэр израил лъэпкъым къызэразэуам икІи Даут ДжэлутІ зэрытекІуам? (Статьям ипэм ит сурэтхэм феплъ.)

4 Журт лъэпкъыр Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэм щынэсам, Иеговэ абыхэм сыт хуэдэ унафэ яритар? Зауэ́кІэ зрагъэсэну? Хьэуэ. (Втор. 28:1, 2). Иеговэ абыхэм яжриІащ унафэ яхуищІахэм тетыну икІи дзыхь хуащІыну (Иис. Н. 1:7—9). ЦІыху еплъыкІэкІэ а чэнджэщым Іущагъ хэмылъу къыпщыхъунут, ауэ ар псом нэхърэ нэхъ чэнджэщыфІу къыщІэкІащ. Иеговэ жиІэм ахэр зэрытетам и фІыгъэкІэ мызэ-мытІэу хананейхэм ятекІуащ (Иис. Н. 24:11—13). Алыхьым уедэІуэн щхьэкІэ фІэщхъуныгъэ ухуейщ. ФІэщхъуныгъэ уимыІэмэ, ехъулІэныгъэ уиІэнукъым. Апхуэдэу япэми щытащ, иджыпстуи апхуэдэу щытщ.

5 ДжэлутІ къаруушхуэ зыбгъэдэлъ зауэлІт, и инагъри метрищым нэст (1 Сам. 17:4—7). Даут зыри иІэтэкъым, мывэдзымрэ и Алыхь Иеговэ хуиІэ фІэщхъуныгъэмрэ фІэкІ. ФІэщхъуныгъэ зимыІэхэм я еплъыкІэмкІэ Даут акъылыншэт. Ауэ акъылыншэр Дауттэкъым, атІэ ДжэлутІт (1 Сам. 17:48—51).

6. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

6 Мыбы ипэ дызэджа статьям къыщытщІащ ди гъащІэр насыпыфІэ хъун щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунуми: Алыхьым гъунэгъу дыхуэхъун щхьэкІэ къару етхьэлІэр, Алыхьым и фІыгъэкІэ диІэ ныбжьэгъу пэжхэр, мурад тщІыхэр икІи Алыхьым къыдит хуитыныгъэр. Абы теухуауэ нэхъ куууэ дытепсэлъыхьынщ, Псалом 16-нэ псалъащхьэм ит принципхэр къэдгъэсэбэпурэ.

ИЕГОВЭ ГЪУНЭГЪУ УЗЭРЫХУЭХЪУНУМ ХУЩІЭКЪУ

7. 1) Алыхьым гъунэгъу хуэхъуну хуей цІыхум сыт ищІэр? 2) Даут «Иеговэ — си Іыхьэщ» щыжиІэм, сыт жиІэну зыхуеяр икІи сыт хуэдэ гурыщІэхэр абы къритрэт?

7 Иеговэ гъунэгъу хуэхъуну хуей цІыхум фІэщхъуныгъэ иІэщ икІи сыт хуэдэ Іуэхуми Алыхьым и нэкІэ зэреплъыным хущІокъу. Абы Алыхьым и чэнджэщ къелъыхъуэ икІи абы и жыІэм сыт щыгъуи щІэтщ (1 Кор. 2:12, 13). Алыхьым гъунэгъу зэрызыхуэпщІын хуейм теухуауэ Даут щапхъэфІ къытхуигъэнащ. Абы итхащ: «Иеговэ — си Іыхьэщ» (Пс. 16:5). Сыт Даут мы псалъэхэмкІэ жиІэну зыхуеяр? Алыхьым и ныбжьэгъуу зэрыщытыр лъапІэу зэрилъытэращ (Пс. 16:1). Апхуэдэ ныбжьэгъугъэм Даут сыт хуэдэ гурыщІэхэр къритрэт? Абы итхащ: «Си гур къогуфІыкІ». Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІым къыхуихь гуфІэгъуэм хуэдэ Даут зыми къыхуихьтэкъым. (Къеджэ Псалом 16:11 a.)

8. ЦІыхум и насыпыр сыт зэлъытар?

8 Нэгу зегъэужьынрэ ахъшэрэ фІэкІа Іуэху зимыІэ цІыхум Даут зыхищІа гуфІэгъуэм хуэдэ зэи зыхищІэнукъым (1 Тим. 6:9, 10). Канадэм щыщ къуэшыр къыддогуашэ: «Насып нэгъэсар зэлъытар гъащІэм къыуитыфыныракъым, атІэ тыгъэ дахэ куэд къозыт Алыхьым уэ ептыфыныращ» (Екъуб 1:17). Иеговэ уи фІэщ зэрыхъум икІи абы узэрыхуэлажьэм насыпыфІэ уищІынущ, уи гъащІэми мыхьэнэ иІэ хъунущ. Уи фІэщхъуныгъэр сыт нэхъ быдэ зыщІынур? Зэман хухэх Библием уеджэным, Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм укІэлъыплъыным икІи ди Алыхьым и хьэл-щэнхэм, псалъэм папщІэ уэ къыпхуиІэ лъагъуныгъэм, уегупсысыным (Рим 1:20; 5:8).

9. Алыхьым и Псалъэм дауэ дызэрихъуэжыфынур?

9 Адэм и быныр лъагъуныгъэ хэлъу зэригъасэм хуэдэу, Иеговэ лъагъуныгъэ хэлъу дэри дегъасэ. Иеговэ кърит ущием Даут щыгуфІыкІт. Абы итхащ: «Чэнджэщ къызэзыт Иеговэ щытхъу къыхуэсхьынущ. Жэщми си гухэлъхэм ущие къызат» (Пс. 16:7). Даут Иеговэ и еплъыкІэр къищІэу, езым и еплъыкІэр абы зэрытригъэхуэным иужь итт икІи абы и фІыгъэкІэ фІыкІэ зихъуэжт. Даут щапхъэ тепхмэ, уэри Алыхьым ухуиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэнущ, абы жиІэу хъуар зэрыбгъэзэщІэным иужь уитынущ икІи Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуэхъунущ. Ди шыпхъу Кри́стин къыддогуашэ: «УпщІэ гуэр щызэпкърысхым икІи къэсщІам куууэ сыщегупсысым деж, ар Иеговэ сэр щхьэкІэ итхауэ къысщохъу!»

10. Исаия 26:3 зэритымкІэ, Алыхьым и еплъыкІэ узэриІэр сыткІэ къыбдэІэпыкъурэ?

10 Алыхьым и гупсысэкІэ зиІэ цІыхур мы дунеймрэ абы къыпэщылъымрэ Алыхьым и нэкІэ йоплъ. Мы дунейм зы цІыхуми имыІэ щІэныгъэрэ зэхэщІыкІрэ Иеговэ уэ къыует. Сыт щхьэкІэ? Алыхьыр хуейщ гъащІэм нэхъапэр къыбгурыІуэну, унафэ пэжхэр пщІыну икІи гугъэ быдэ уиІэу уи къэкІуэным упэплъэну. (Къеджэ Исаия 26:3 b.) Америкэм щыпсэу Джошуа жеІэ: «Иеговэ уи ныбжьэгъумэ, гъащІэм япэ увыпІэ зэтын хуейр къыбгуроІуэ». Сыту пэж абы и псалъэхэр!

НЫБЖЬЭГЪУФІХЭР КЪЭГЪУЭТ

11. Хэтыт Даут ныбжьэгъу ищІхэр?

11 Къеджэ Псалом 16:3 c. Даут ищІэт хэт абы ныбжьэгъуфІ хуэхъунуми. Алыхьыр фІыуэ зылъагъухэр и ныбжьэгъуу зэрыщытым абы гуфІэгъуэшхуэ къритт. Даут абыхэм «цІыху къабзэкІэ» еджащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм къабзагъэр яхъумэт. НыбжьэгъуфІхэр къызэрыбгъуэт хъуным теухуауэ иджыри Псалом тхылъым итщ: «ФІэлІыкІ къыпхуиІэу уи унафэхэр зыгъэзащІэ псоми сариныбжьэгъущ» (Пс. 119:63). Мыбы ипэ дызэджа статьям щыжыІат Иеговэ фІэлІыкІыу абы и жыІэм щІэтхэр ныбжьэгъуфІ зэрыпхуэхъунур. ИкІи ахэр Іэмал имыІэу уи ныбжьу щытын хуейкъым.

12. Даутрэ Ионафанрэ я ныбжьэгъугъэм сытыт лъабжьэ хуэхъур?

12 Даут игъэныбжьэгъур и ныбжьхэм и закъуэтэкъым. ПщІэжрэ абы и ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэхэм щыщу щытар хэтми? Ар Ионафанщ. Зэныбжьэгъухэр зэрызэхущытын хуейм теухуауэ а тІум щапхъэфІ къытхуагъэнащ. ПщІэрэ Ионафан Даут нэхърэ илъэс 30 хуэдизкІэ нэхъыжьу зэрыщытар? АтІэ сытыт абыхэм я ныбжьэгъугъэм лъабжьэ хуэхъур? Алыхьыр быдэу я фІэщ зэрыхъур, пщІэ зэрызэхуащІыр икІи лІыгъэ яхэлъу Алыхьым и бийхэм зэрыпэщІэтырат (1 Сам. 13:3; 14:13; 17:48—50; 18:1).

13. Ныбжьэгъу нэхъыбэ дауэ зэрызэбгъэгъуэтынур? Щапхъэ къэфхь.

13 Даутрэ Ионафанрэ хуэдэу, дэри гуфІэгъуэшхуэ хыдох Иеговэ фІыуэ зылъагъухэр ди ныбжьэгъуу зэрыщытым. Илъэс куэд щІауэ Алыхьым хуэлажьэ Кирэ жеІэ: «Дуней псом сэ ныбжьэгъу куэд щызиІэщ. Ар лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм къыхэкІа си дэлъху, си шыпхъухэращ». Ныбжьэгъу нэхъыбэ зэбгъэгъуэтмэ, уэ къыбгурыІуэнущ Алыхьым и Псалъэмрэ и къару лъапІэмрэ лъэкІыныгъэшхуэ зэраІэр. Абыхэм цІыхухэр зэкъуэт ящІ.

МУРАДЫФІХЭР ГЪЭУВ

14. 1) МурадыфІхэр бгъэувыну сыт къыбдэІэпыкъунур? 2) МурадыфІхэм теухуауэ языныкъуэ щІалэгъуалэм сыт жаІэр?

14 Къеджэ Псалом 16:8 d. Даут и гъащІэр Алыхьым хуэлэжьэным тегъэщІат. Иеговэ ухуэлэжьэныр уи гъащІэм япэ ибгъэщу, мурадыфІхэр бгъэувмэ, нэгъэсауэ насыпыфІэ ухъунущ. Ди къуэш Стивен къыддогуашэ: «Мурад бгъэувам ухущІэкъуныр, ар къохъулІэныр икІи абы фІы къыпэкІуэр плъэгъуныр гуфІэгъуэшхуэщ». Германием щыщ ди зы къуэшыр иджыпсту нэгъуэщІ къэралым Алыхьым щыхуолажьэ. Абы жеІэ: «Сэ сыхуейтэкъым жьы сыхъуа нэужь сызэплъэкІыжу си щхьэм сызэрыхуэпсэужар къызгурыІуэжыну». Уэри апхуэдэу узэреплъыр? Арамэ, уи зэфІэкІхэр къэгъэсэбэп Алыхьыр бгъэлъэпІэн икІи цІыхухэм уадэІэпыкъун щхьэкІэ (Гал. 6:10). Иеговэ гъунэгъу ухуэзыщІыну мурадхэр гъэув икІи ахэр къохъулІэну Алыхьым елъэІу. Иеговэ ифІэфІщ апхуэдэ тхьэлъэІухэм жэуап иритыну (1 Ин. 3:22; 5:14, 15).

15. Сыт хуэдэ мурадхэр бгъэув хъуну? (« Сыт хуэдэ мурадхэр бгъэув хъуну?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

15 Сыт хуэдэ мурадхэр бгъэув хъуну? Псалъэм папщІэ, зэІущІэхэм уи псалъэкІэ жэуапхэр пты хъунущ, пионеру улажьэ хъунущ, Вефилым ущылажьэ хъунущ е нэгъуэщІыбзэ зэбгъащІэу, а бзэмкІэ псалъэ цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ уадэгуашэ хъунущ. Полновременнэу лажьэ ди къуэш Бара́к жеІэ: «Къарууэ сиІэр Иеговэ и лэжьыгъэм зэрытезгъэкІуадэм пщэдджыжь къэс сыщегупсысым деж, гуфІэгъуэшхуэ зыхызощІэ икІи абы пэпщІын зыри щыІэкъым».

АЛЫХЬЫМ КЪЫУИТА ХУИТЫНЫГЪЭР ЛЪАПІЭУ ЛЪЫТЭ

16. Алыхьым и хабзэхэм Даут дапхуэдэут зэрыхущытыр? Сыт щхьэкІэ?

16 Мыбы ипэ дызэджа статьям къызэрыщытщІащи, Алыхьым и хабзэхэмрэ и принципхэмрэ хуитыныгъэ къыдат икІи фІыр фІыуэ тлъагъуну, Іейми гущыкІ хуэтщІыну къыддоІэпыкъу (Ам. 5:15). Иеговэ сыт щыгъуи фІы ещІэ е, нэгъуэщІу жыпІэмэ, абы и Іуэхухэр сыт щыгъуи къабзэщ икІи фІыщ. Даут ар къыгурыІуэт икІи Алыхьым щапхъэ трихыу абы ифІэфІыр фІыуэ зэрилъагъуным хущІэкъут. Абы нэмыщІ Іейм гущыкІ зэрыхуищІыным Даут хущІэкъут. Псалъэм папщІэ, абы къыгурыІуэт тхьэ нэпцІхэр гъэлъэпІэным цІыхум и пщІэр зэрыриудыхыр икІи Алыхьым хуэфащэ щІыхьыр къызэридыгъур (Ис. 2:8, 9; Апок. 4:11).

17, 18. 1) Тхьэ нэпцІхэм хуэлэжьэным узыхуишэм теухуауэ сыт Даут жиІар? 2) Нобэ цІыхухэм я гугъуехьхэр сыт щІыхэхъуэр?

17 Пасэрей зэманым тхьэ нэпцІхэм хуэлэжьэным зинэ щІэныр хэпщауэ щытащ (Ос. 4:13, 14). Тхьэ нэпцІхэр гъэлъэпІэным куэдыр дихьэхт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы Іэмал къаритт зыІэпызышэ гуэныхьым гъуэгу иратыну. Ауэ абы ахэр насыпыфІэ ищІрэт? Хьэуэ, ищІтэкъым. Даут итхащ: «НэгъуэщІ тхьэм пІащІэу иужь иувэм и гугъуехьхэр хэхъуэнущ» (Пс. 16:4). Фегупсысыт, тхьэ нэпцІхэм къурмэну къыхуахьурэ сабий дапщэ абыхэм яукІа! (Ис. 57:5). Апхуэдэ гущІэгъуншагъэм Иеговэ гущыкІ хуищІт (Иер. 7:31). А зэманым уэ ущыпсэуатэмэ, уи адэ-анэр Иеговэ зэрыхуэлажьэм, дауикІ, ущыгуфІыкІыну къыщІэкІынт.

18 Ноби дин нэпцІым цІыхухэм къащегъэхъу зинэ щІэным зыри Іей хэмылъу, псалъэм папщІэ цІыхухъуитІым е цІыхубзитІым нэчыхь ирагъэтхыну. Зинэ зыщІэ цІыхухэр щхьэхуит хъуауэ я гугъэщ, ауэ пэжыр жыпІэмэ, абыхэм я «гугъуехьхэр хэхъуэу» аращ (1 Кор. 6:18, 19). Апхуэдэу зэрыщытыр уэри плъагъуу къыщІэкІынщ. Абы къыхэкІкІэ уафэм щыІэ уи Адэм едаІуэ. Абы уэ уи сэбэп къызэрикІынум шэч къытомыхьэ. Гуэныхьым узыхуишэнум егупсыс: абы зэман кІэщІкІэ фІыгъуэ къыпхуихьу щытми, кърикІуэну насыпыншагъэр куэдкІэ нэхъыбэщ (Гал. 6:8). ИпэкІэ зи гугъу тщІа Джошуа жеІэ: «Хуитыныгъэ уиІэр дапхуэдэу ухуейми къэбгъэсэбэп хъунущ, ауэ ар ІейкІэ къэбгъэсэбэпмэ, абы насыпыфІэ уищІынукъым».

19, 20. Иеговэ зи фІэщ хъууэ, абы едаІуэ щІалэгъуалэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къалъысыну?

19 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІауэ щытащ: «Си псалъэхэр фигу илъмэ, си гъуэгу пэжу ирикІуэхэм фащыщщ. Абы щыгъуэ щыпкъагъэр къэфщІэнущ, щыпкъагъэми щхьэхуит фищІыжынущ» (Ин. 8:31, 32). Иеговэ и фІыгъэкІэ дэ дин нэпцІым дыкъыІэщІэкІащ, цІыхухэм я фІэщ хъу нэщэнэхэр зэрыпцІыр къыдгурыІуащ икІи щІэныгъэ пэж диІэ хъуащ. Абы нэмыщІ гугъэ диІэщ къэкІуэну зэманым «Тхьэм и бынхэм я щхьэхуитыныгъэр» къытлъысыну (Рим 8:21). Зы лъэныкъуэ гуэркІэ а хуитыныгъэр иджыпстуи зыхэтщІэфынущ. Абы щхьэкІэ Хьисэ и «псалъэхэм», нэгъуэщІу жыпІэмэ зыхуригъаджэм дытетын хуейщ. Абы щыгъуэ уэ пэжыр пщІэ закъуэу щымыту, ар уи гъащІэм хэпщауэ щытынущ.

20 Алыхьым къыуита хуитыныгъэр лъапІэу лъытэ, ар Іущагъ хэлъу къэгъэсэбэп. Абы и фІыгъэкІэ насыпыфІэ узыщІыну мурадхэр бгъэувыфынущ. Ди зы къуэш ныбжьыщІэм зэрыжиІамкІэ, уи щІалэгъуэм хуитыныгъэ уиІэр Іущагъ хэлъу къэбгъэсэбэпмэ, ар къыбдэІэпыкъунущ иужькІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм теухуауэ унафэ къэпщтэну, псалъэм папщІэ уегупсысынкІэ хъунущ: «Сыт хуэдэ лэжьыгъэ къыхэсхынур?», «Иджыпсту унагъуэ сыухуэну, хьэмэрэ зэман гуэр дэзгъэкІмэ нэхъыфІ?».

21. ГъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум дытемыкІыну сыт къыддэІэпыкъунур?

21 ЕхъулІэныгъэ иІэу мы дуней Іейм щыпсэу цІыхуми и гъащІэр кІэщІщ. Зы цІыхуми пщэдейрей махуэм къыхуихьынур ищІэкъым (Екъуб 4:13, 14). Аращи, гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум тет цІыхум Іущагъ хэлъщ (1 Тим. 6:19). ДауикІ, а гъуэгум дытетыну Иеговэ дыхигъэзыхькъым. Сыт къыхэтхынуми дэ хуитыныгъэ диІэщ. Иеговэ уи «Іыхьэу» щрет. ФІыгъуэ къыуитауэ хъуар лъапІэу лъытэ (Пс. 103:5). Шэч къытомыхьэ: Иеговэ и фІыгъэкІэ гуфІэгъуэр уи куэду насыпыфІэу игъащІэкІэ упсэуфынущ! (Пс. 16:11).

a Псалом 16:11: «ГъащІэм и гъуэгур уэ къэзбгъэщІэнущ. Уи пащхьэм ситыху гуфІэгъуэр си куэдщ, уи Іэ ижьымкІэ гупсэхугъуэ сыт щыгъуи щызогъуэт».

b Исаия 26:3: «ЕплъыкІэ пэжым быдэу тетыр мамыр зэпыт иІэу бгъэпсэунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар уэ къыпщогугъ».

c Псалом 16:3: «ЩІылъэм щыпсэу цІыху къабзэхэр. А цІыху лъапІэхэм гуфІэгъуэшхуэ къызат».

d Псалом 16:8: «Иеговэ сыт щыгъуи си пащхьэ итщ. Сэ сыгузэвэнукъым, ар си ижьырабгъумкІэ къыщытщи».