Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Экклезиаст 5:8 ит псалъэхэм зи гугъу ищІыр цІыху пащтыхьхэра, хьэмэрэ а псалъэхэр Иегови хуэгъэза?

Мы едзыгъуэм щыжыІащ: «Зы къэралыгъуэ гуэрым тхьэмыщкІэхэм хьэзаб ирагъэшэчу, захуагъэмрэ пэжыгъэмрэ хэутэн ящІу уэ плъагъумэ, ар умыгъэщІагъуэ: лъагэми абы нэхърэ нэхъ лъагэжыр кІэлъоплъ. Дэтхэнэ зыми езым нэхърэ нэхъ лъагэ къыщхьэщытщ» (Эккл. 5:8).

ЦІыху еплъыкІэкІэ уеплъмэ, мы едзыгъуэм зи гугъу ищІыр тепщэныгъэ зиІэ цІыхухэрауэ къыпщыхъункІэ хъунущ. Ауэ нэхъ куууэ уегупсысмэ, мы едзыгъуэм Иеговэ теухуауэ гупсэхугъуэ къыдэзыт икІи къару къытхэзылъхьэ мыхьэнэшхуэ зиІэ пэж гуэр къытхузэІуех.

Экклезиаст 5:8 и гугъу ещІ тхьэмыщкІэхэм хьэзаб езыгъэшэч икІи захуагъэр хэутэн зыщІ тепщэныгъэ зиІэ цІыхум. Апхуэдэ тепщэныгъэ зиІэ цІыхум увыпІэ нэхъ лъагэ е тепщэныгъэ нэхъыбэ зиІэ гуэр зэрыкІэлъыплъыр ищІэжын хуейщ. Ауэ иджыри увыпІэ нэхъ лъагэж зиІэ цІыхухэри щыІэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, тепщэныгъэ зиІэ цІыхухэм псоми Іулъхьэ къащтэу щытынкІэ хъунущ икІи ахэр захуагъэм зэрытемытым щхьэкІэ цІыху къызэрыгуэкІхэр гугъу йохь.

Іуэхум хэкІыпІэ лъэпкъ имыІэу къытщыхъуми, увыпІэ лъагэ зиІэ цІыхухэм Иеговэ зэрыкІэлъыплъыр зэрытщІэм дэ гупсэхугъуэ къыдет. Дэ Иеговэ къыддэІэпыкъуну лъэІукІэ зыхуэдгъазэ хъунущ икІи абы ди хьэлъэр ІэщІэтлъхьэ хъунущ (Пс. 55:22; Флп. 4:6, 7). Дэ шэч къытетхьэкъым: «Иеговэ щІылъэ псор къеплъыхь и гур етауэ хуэлажьэхэм и къарур къигъэсэбэпу дэІэпыкъун щхьэкІэ» (2 Лет. 16:9).

Апхуэдэу Экклезиаст 5:8 и гугъу ещІ мы дунейм и щытыкІэм: тепщэныгъэ зиІэ дэтхэнэ зы цІыхуми тепщэныгъэ нэхъыбэ зиІэ гуэр къыщхьэщытщ. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэращи, мы едзыгъуэм дигу къегъэкІыж псоми я тепщэр Иеговэу зэрыщытыр. Иеговэ и Къуэ Хьисэ Мэссихь уафэм щыІэ Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу тригъэуващ. Иджыпсту а Пащтыхьыгъуэр Иеговэ къигъэсэбэпу тепщэу щытщ. Псоми кІэлъыплъ, ЛъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Алыхьым нэгъэсауэ захуагъэ хэлъщ, ар дыдэр абы и Къуэми хужыпІэ хъунущ.