Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

СТАТЬЯР 38

Мамыру щыщыт зэманыр Іущагъ хэлъу къэвгъэсэбэп

Мамыру щыщыт зэманыр Іущагъ хэлъу къэвгъэсэбэп

«ЩІылъэм мамырыгъэ щыІэт. А илъэсхэм... [Асэ] зыри къезэуакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ абы мамырыгъэ иритат» (2 ЛЕТ. 14:6).

60-НЭ УЭРЭДЫР ХъыбарыфІым гъащІэр кърегъэл

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР *

1. Иеговэ ухуэлэжьэну нэхъ гугъуу щыщытыр дапщэщ?

 ИЕГОВЭ ухуэлэжьэну нэхъ гугъуу щыщытыр дапщэщ: гугъуехь куэд ущиІэм деж, хьэмэрэ ущимыІэм деж? Гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж дэ занщІэу Иеговэ и деж дэІэпыкъуэгъу къыщыдолъыхъуэ. Ауэ дэ ди Іуэхур щыфІым деж Иеговэ хуэлэжьэныр псом нэхърэ нэхъапэу щытын зэрыхуейр тщыгъупщэжынкІэ хъунущ. Япэм Иеговэ и лъэпкъым жриІауэ щытащ апхуэдэ шынагъэ зэрыщыІэр (Втор. 6:10—12).

Пащтыхь Асэ теубыдагъэ хэлъу тхьэнапэхэм хуэлэжьэным пэщІэтт. (2-нэ абзацым феплъ.) *

2. Пащтыхь Асэ сыт хуэдэ щапхъэ игъэлъэгъуа?

2 Пащтыхь Асэ и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар сытым дежи Иеговэ щыгугъти, Іущагъ хэлъу унафэхэр къищтэт. Асэ Иеговэ хуэлэжьащ зэманыр щыгугъум дежи, мамыру щыщытым дежи. Библием щыжыІащ: «ИгъащІэ псокІэ Асэ игу псомкІи и Алыхь Иеговэ и гъусэу щытащ» (1 Цар. 15:14). Псалъэм папщІэ, тхьэ нэпцІхэм хуэлэжьэныр Иудэ щыпсэу цІыхухэм щаригъэгъэтащ: «нэгъуэщІ лъэпкъхэм я тхьэхэм къурмэн къыщыхуахь къурмэн щІыпІэхэмрэ лъагапІэхэмрэ зэтрикъутащ, ягъэлъапІэ колоннэхэр икъутащ икІи ягъэлъапІэ пкъохэр ириудащ» (2 Лет. 14:3, 5). Уеблэмэ, Асэ и анэшхуэ Маахэ пащтыхь гуащэ увыпІэ иІыгъар къытрихащ, тхьэ напэхэр ягъэлъэпІэну лъэпкъыр зэрыхуигъэушым щхьэкІэ (1 Цар. 15:11—13).

3. Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?

3 Ауэ Асэ тхьэ нэпцІхэм хуэлэжьэныр къигъэувыІа закъуэкъым, атІэ Иудэм щыпсэу цІыхухэр хуигъэушт Иеговэ и деж ягъэзэжыну. Асэрэ Иудэ лъэпкъымрэ Алыхьым и нэфІ ящыхуат: абыхэм я щІыналъэм «илъэсипщІкІэ мамырыгъэ щыІащ *» (2 Лет. 14:1, 4, 6). Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ мамыру щыщыта зэманыр Асэ дапхуэдэу къигъэсэбэпами. Абы иужь деплъынущ япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм мамыру щыщыта зэманыр Іущагъ хэлъу къызэрагъэсэбэпам. Иджыри дегупсысынущ дыщыпсэу къэралым Иеговэ дыхуэлэжьэну къэрал унафэщІхэр зэран къытхуэмыхъумэ, а зэманыр дапхуэдэу къэдгъэсэбэпынуми.

МАМЫРУ ЩЫЩЫТА ЗЭМАНЫР АСЭ ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРИГЪЭСЭБЭПАР?

4. 2 Летопись 14:2, 6, 7 зэритымкІэ, Асэ мамыру щыщыта зэманыр дапхуэдэу къызэригъэсэбэпар?

4 Къеджэ 2 Летопись 14:2 * , 6, 7 *. Асэ мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ лъэпкъым зыхуигъэзащ: «[Иеговэ] дэ сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи мамырыгъэ къыдитащ». Ауэ пащтыхьыр егупсыстэкъым иджы зы щхьэкІи мыгузавэу псэун хуейуэ. Абы ипІэкІэ абы къалэ быдэхэр иухуэу щІидзащ. Асэ Иудэм щыпсэухэм яжриІащ: «ЩІыр иджыпстукІэ дыдейщ». А псалъэхэмкІэ Асэ зи гугъу ищІар абыхэм зыри зэран къахуэмыхъуу, бийхэри къатеуэнкІэ мышынэу я щІыналъэм щызекІуэну икІи къалэхэр яухуэну Іэмал зэраІэрат. Асэ лъэпкъыр хуигъэушащ мамыру щыщыт зэманыр Іущагъ хэлъу къигъэсэбэпыну.

5. Асэ и зауэлІхэр зауэм хуэхьэзыру щытын щхьэкІэ сытыт щІигъэбыдэр?

5 А илъэсхэм Асэ и зауэлІхэр зэщІиузэдащ икІи зауэм хуэхьэзыру щытын щхьэкІэ игъэбыдащ (2 Лет. 14:8). Абы къикІрэт ар Иеговэ щымыгугъыу? ДауикІ, къикІтэкъым. Пащтыхьым ищІэт и пащтыхьыгъуэм щІэтхэр къэкІуэну зэманым гугъуехь зыпэщІэхуэнухэм хуигъэхьэзыруну и къалэну зэрыщытыр. Асэ къыгурыІуэт мамыру щыщыт зэманыр сыт щыгъуи зэрыщымыІэнур. ИкІи ар щыуакъым.

ХЬИСЭ И ЛЪЭУЖЬ ИРИКІУЭХЭМ МАМЫРУ ЩЫЩЫТА ЗЭМАНЫР ІУЩАГЪ ХЭЛЪУ ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРАГЪЭСЭБЭПАР?

6. Япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм мамыру щыщыта зэманыр дапхуэдэу къызэрагъэсэбэпар?

6 Япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр щІэх-щІэхыурэ кърахуэкІыу щытами, мамырыгъэ щаІа зэмани къэхъуащ. Къуэш, шыпхъухэм а зэманыр дапхуэдэу къызэрагъэсэбэпар? Абыхэм хъыбарыфІыр мыувыІэу ягъэІуащ. Апостол тхылъым зэритымкІэ, зэхуэсыр хэхъуэт «Зиусхьэным и фІэлІыкІыр я гум илъурэ». Апхуэдэу щІыщытыр къуэш, шыпхъухэм адэкІи хъыбарыфІыр зэрагъэІурат. ГурыІуэгъуэщ мамыру щыщыта зэманым ахэр жыджэру хъыбарыфІ гъэІуным зэрыхэтам щхьэкІэ, Иеговэ абыхэм ехъулІэныгъэ зэрыритар (Апост. 9:26—31).

7, 8. Паулрэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэмрэ хъыбарыфІыр ягъэІуну яІа Іэмалыр дапхуэдэу къагъэсэбэпами къыжыфІэж.

7 Япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хъыбарыфІыр ягъэІуну яІэ сыт хуэдэ Іэмалри къагъэсэбэпт. Псалъэм папщІэ, Ефес къалэм «куэбжэшхуэ» къызэрыщызэІуихар Паул къыщыгурыІуам щыгъуэ, ар абы къыдэнащ, хъыбарыфІыр игъэІун икІи Хьисэ и лъэужь цІыхухэр иувэну игъэхьэзырын щхьэкІэ (1 Кор. 16:8, 9).

8 Ди эрэм 49-нэ гъэми Паулрэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэмрэ цІыху куэдым хъыбарыфІымкІэ дэгуэшащ. А илъэсым апостолхэмрэ Ерусалим зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ сунэт щІыным теухуа упщІэ яІар зэхагъэкІащ (Апост. 15:23—29). Унафэ ящІар къуэш, шыпхъухэм къащІа иужь, абыхэм щІадзащ жыджэру «цІыхухэм Зиусхьэным и псалъэхэр ирагъащІэрэ, хъыбарыфІым щІагъэдэІуу» (Апост. 15:30—35). Сыт абы къахуихьар? Библием щыжыІащ: «Зэхуэсхэм щыщхэм фІэщхъуныгъэшхуэ яІэ нэхъ хъуурэ, фІэщхъуныгъэ зиІэхэм я бжыгъэм махуэ къэси хэхъуэрт» (Апост. 16:4, 5).

НОБЭ МАМЫРУ ЩЫЩЫТ ЗЭМАНЫР ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫДГЪЭСЭБЭПЫР?

9. Къэрал куэдым щыпсэу Иеговэ и Щыхьэтхэм сыт хуэдэ Іэмал яІэ? Сыт хуэдэ упщІэ зэптыж хъуну?

9 Нобэ къэрал куэдым къуэш, шыпхъухэм хъыбарыфІыр щагъэІу, къэрал унафэщІхэр зэран къахуэмыхъуу. Апхуэдэ къэрал ущыпсэууэ щытмэ, зэупщІыж: «Иеговэ хуиту сыхуэлэжьэну сиІэ Іэмалыр дапхуэдэу къызэрызгъэсэбэпыр?» Мы дунейм и иужьрей махуэхэм Иеговэ и лэжьакІуэхэр лэжьыгъэ гъэщІэгъуэным хэтщ — дуней псом хъыбарыфІыр щагъэІу икІи зэи хуэмыдэу цІыху куэдым Библиер яджыну абыхэм зыкъыхуагъазэ, абы нэмыщІ зэи хуэмыдэу цІыхухэм Іэмал яІэщ Иеговэ теухуауэ къащІэну (Мк. 13:10). ИкІи дэ абы Іэмал куэд къытхузэІуех.

Къуэш, шыпхъухэм гуфІэгъуэшхуэ хах нэгъуэщІ къэралым хъыбарыфІыр зэрыщагъэІум икІи нэгъуэщІыбзэкІэ псалъэхэм хъыбарыфІымкІэ зэрыдэгуашэм. (10—12-нэ абзацхэм феплъ.) *

10. 2 Тимофей 4:2 ит псалъэхэм сытым дыхуагъэушрэ?

10 Мамыру щыщыт зэманыр Іущагъ хэлъу дапхуэдэу къызэрыдгъэсэбэпынур? (Къеджэ 2 Тимофей 4:2.) Фегупсыс: фи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэр хэфлъхьэфыну пІэрэ, фэ е фи унагъуэм щыщ гуэрым нэхъыбэу хъыбарыфІыр игъэІун е пионер лэжьыгъэр къищтэн щхьэкІэ? Ахъшэмрэ мылъкумрэ зэхуэтхьэсыну иджыпсту и зэманкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гузэвэгъуэшхуэр къыщыхъу зэманым абыхэм мыхьэнэ лъэпкъ яІэнукъым (Прит. 11:4, Гъэсэпэтхыдэхэр; Мт. 6:31—33; 1 Ин. 2:15—17).

11. Иеговэ къацІыхуну нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм сыт ящІэр?

11 Къуэш, шыпхъу куэдым нэгъуэщІыбзэ зрагъэщІащ, Иеговэ къацІыхуну нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ. Алыхьым и организацэр апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм ядоІэпыкъу — Библием тегъэщІа тхыгъэхэмрэ нэгъуэщІ материалхэмрэ бзэ нэхъыбэкІэ къыдегъэкІ. Апхуэдэу 2010-нэ гъэм ди тхыгъэхэр бзэуэ 500-кІэ къыдагъэкІт, иджыпсту бзэуэ 1 000 нэхърэ нэхъыбэкІэ къыдагъэкІ!

12. Библием ит пэжыр я бзэкІэ цІыхухэм щызэхахым деж дапхуэдэу къазэрыщыхъур? Щапхъэ къэфхь.

12 Библием ит пэжыр я бзэкІэ цІыхухэм щызэхахым деж дапхуэдэу къазэрыщыхъур? Ме́мфис (штат Те́ннесси, США) щекІуэкІа конгрессым щыІа ди шыпхъум и щапхъэм деплъынщ. А конгрессыр абы и бзэ киньяруандэкІэ екІуэкІащ, а бзэмкІэ нэхъыбэу Руандэ, Демократическэ Республикэ Конго, абы нэмыщІ Угандэ щыпсэухэр мэпсалъэ. Шыпхъур къыддэгуэшащ: «Илъэс пщыкІублкІэ узэІэбэкІыжмэ, сэ Америкэм сыкъэІэпхъуат, а илъэсхэм къриубыдэу иджыщ конгрессым щыжаІа псори къыщызгурыІуар». А шыпхъум и бзэкІэ екІуэкІа программэр хуабжьу игу ирихьащ. Фи зэхуэсыр здэщыІэ щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ фадэгуэшэн щхьэкІэ я бзэр фхузэгъэщІэну пІэрэ? Зыгуэрым езым и бзэмкІэ хъыбарыфІыр жепІэмэ, нэхъ къодэІуэнкІэ хъунущ. Фэ абы къару ефхьэлІэм фІыгъуэ къыпэкІуэнущ!

13. Урысейм щыщ къуэш, шыпхъухэм мамыру щыщыта зэманыр дапхуэдэу къызэрагъэсэбэпар?

13 Алыхьым и лэжьакІуэ псоми хъыбарыфІыр хуиту ягъэІуну Іэмал яІэкъым. Языныкъуэ къэралхэм хъыбарыфІыр дгъэІуну къэрал унафэщІхэр зэран къытхуохъу. Псалъэм папщІэ, Урысейм щыщ къуэш, шыпхъухэм я щапхъэм деплъынщ. Илъэс бжыгъэ куэдкІэ къэрал унафэщІхэм Иеговэ и Щыхьэтхэр кърахуэкІыу щытащ, ауэ 1991-нэ гъэм, гъатхэпэ мазэм абыхэм хъыбарыфІыр ягъэІуну хуит ящІащ. А зэманым Урысейм 16 000 хуэдизым Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр ягъэІут. Ауэ илъэс 20 дэкІа иужь абыхэм я бжыгъэр 160 000 нэхърэ нэхъыбэ хъуащ. Мы бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ къуэш, шыпхъухэм хъыбарыфІыр хуитыныгъэ яІэу ягъэІуну Іэмал яІар Іущагъ хэлъу къызэрагъэсэбэпар. Мамыру щыщыта зэманыр зэриухам, Алыхьым хуэлэжьэну абыхэм гукъыдэж яІар игъэужьыхакъым. Ахэр адэкІи Иеговэ хуолажьэ, я Іуэхур зыІутым елъытауэ яхузэфІэкІыр ящІэ.

МАМЫРУ ЩЫЩЫТ ЗЭМАНЫР КУЭД МЫЩІЭУ ИУХЫНУЩ

Асэ лъэІу гуащІэкІэ Иеговэ зыхуигъэза иужь, бийм и дзэшхуэм текІуэну Иеговэ къыдэІэпыкъуащ. (14, 15-нэ абзацхэм феплъ.)

14, 15. Иеговэ Асэ зэрыдэІэпыкъуамкІэ и къарур дауэ къызэригъэлъэгъуар?

14 Асэ пащтыхьу щыщытам мелуан бжыгъэ хъу эфиоп зауэлІхэр, Зарэ я дзэ пашэу, Иудэм теуащ. Абы щыгъуэ мамыру щыщыт зэманыр иухащ. Зарэ текІуэныгъэ къызэрихьыным шэч къытрихьэтэкъым. Ауэ Асэ бийм и дзэм и бжыгъэм мыхьэнэ ириттэкъым — абы и Алыхь Иеговэ дзыхь хуищІт. Асэ Алыхьым мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ зыхуигъэзащ: «КъыддэІэпыкъу, ди Алыхь Иеговэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ уэ дыпщогугъ икІи уи цІэкІэ мы куэдыкІей хъум дапэщІэувэну дыкъежьащ» (2 Лет. 14:11).

15 Эфиоп зауэлІхэм я бжыгъэр тІукІэ нэхъыбэми, Асэ ищІэт псори зыхузэфІэкІ Алыхь Иеговэ и лъэпкъым зэрыдэІэпыкъунур. ИкІи Асэ зэрыщыгугъам хуэдэу Иеговэ къыдэІэпыкъуащ: эфиоп дзэр хуабжьу къыхагъэщІащ (2 Лет. 14:8—13).

16. Мамыру щыщыт зэманыр куэд мыщІэу зэриухынур дэнэ дэ щытщІэр?

16 КъэкІуэну зэманым дэтхэнэ зыми къытщыщІынур дымыщІэми, Иеговэ хуиту дыщыхуэлажьэ мамыр зэманыр гува-щІэхами зэриухынум дэ шэч къытетхьэкъым. Хьисэ жиІат иужьрей махуэхэм и лъэужь ирикІуэхэм «лъэпкъ псори жагъуэгъу» къазэрыхуэхъунур (Мт. 24:9). Апостол Паули жиІат: «Тхьэм и фІэлІыкІ зи гум илъу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу псэуну хуей дэтхэнэми цІыхухэм гугъуехь ирагъэшэчынущ» (2 Тим. 3:12). Библием итщ иджыпсту ШейтІаным «и гум губжьышхуэ» зэрилъыр (Апок. 12:12). ИкІи абы и губжьыр къытлъэмыІэсыну ди гугъэу щытмэ, дэ ди щхьэр къыдогъэпцІэж.

17. Дапхуэдэу ди фІэщхъуныгъэр гъэунэхуапІэ зэрихуэнкІэ хъунур?

17 Куэд мыщІэу дэтхэнэ зыми ди фІэщхъуныгъэр гъэунэхуапІэ ихуэнущ. Библием итщ мы дунейм гузэвэгъуэшхуэ къызэрыщыхъунур: «Дунейр къыщыхъуам къыщыщІэдзауэ иджыри къэсыху щыІакъым дяпэкІи щыІэнукъым апхуэдэ гузэвэгъуэшхуэ» (Мт. 24:21). А зэманым ди Іыхьлыхэр къытпэщІэувэнкІэ хъунущ икІи хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр зэхуащІынкІэ хъунущ (Мт. 10:35, 36). Асэ хуэдэу фэри Иеговэ къызэрывдэІэпыкъунум икІи фыкъызэрихъумэнум шэч къытевмыхьэу фыщытыну?

18. Еврейхэм 10:38, 39 зэритымкІэ, къэхъуну Іуэхугъуэхэм зыхуэдгъэхьэзырыну сыт къыддэІэпыкъунур?

18 КъэкІуэну зэманым къэхъунум дыхуигъэхьэзырын щхьэкІэ Иеговэ ди фІэщхъуныгъэр быдэ ещІ. Абы зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр къигъэсэбэпурэ «шхын и чэзум» къыдет ди фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ (Мт. 24:45). Ауэ дэри къару етхьэлІэн хуейщ Иеговэ худиІэ фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІын щхьэкІэ. (Къеджэ Еврейхэм 10:38, 39.)

19, 20. 1 Летопись 28:9 итым уегупсысмэ, сыт хуэдэ упщІэхэр зэптыжын хуей икІи апхуэдэ упщІэхэм уегупсысыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

19 Дэри пащтыхь Асэ хуэдэу «Иеговэ къэтлъыхъуэн» хуейщ (2 Лет. 14:4; 15:1, 2). Дэ Иеговэ къыдолъыхъуэ абы теухуауэ къатщІэу, псым зыщыщІэдгъауэм деж. Абы иужь адэкІи дэ тхузэфІэкІыр дощІэ Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр нэхъ быдэ хъун щхьэкІэ. УзэупщІыж хъунущ: «ЗэІущІэхэр блэзмыгъэкІыу пІэрэ?» А зэІущІэхэм дыщыкІуэм деж къару зыдогъэгъуэтыж, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу икІи къуэш, шыпхъухэм гушхуэныгъэ къыдат (Мт. 11:28). Абы нэмыщІ мыпхуэдэ упщІэхэм егупсыс: Библиер зэпымыууэ бджырэ? Унагъуэ уиІэмэ, уи унагъуэм и гъусэу Библиер тхьэмахуэ къэс бджырэ? Ауэ уэ уи закъуэу упсэууэ щытмэ, унагъуэ зиІэхэм зэращІым хуэдэу тхьэмахуэ къэс Библиер куууэ бджыну зэман хухэпха? Уи Іуэхур зыІутым елъытауэ пхузэфІэкІыр пщІэрэ, хъыбарыфІ гъэІунымрэ Хьисэ цІыхухэр и лъэужь иувэну гъэхьэзырынымрэ ухэтын щхьэкІэ?

20 Мы упщІэхэм уегупсысыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Библием щыжыІащ: «Иеговэ гухэм псоми илъыр къещІэ икІи ди гупсысэхэр здэунэтІар зэхегъэкІ». (Къеджэ 1 Летопись 28:9 *.) Дэри апхуэдэу тщІэн хуейщ. Фэ мурад фщІахэмрэ фи гупсысэкІэмрэ фхъуэжын хуейуэ гу лъыфтамэ, Иеговэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу. Иджыпсту зэи хуэмыдэу гугъуехь дызыпэщІэхуэнухэм зыхуэдгъэхьэзырыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Мамыру щыщыт зэманыр Іущагъ хэлъу къэвгъэсэбэпыну зыри зэран зыхуэвмыгъэхъу!

62-НЭ УЭРЭДЫР УэрэдыщІэ

^ Иеговэ хуиту ущыхуэлажьэ хъу къэралым фыщыпсэууэ пІэрэ? Фыщыпсэууэ щытмэ, мамыру щыщыт зэманыр дапхуэдэу къызэрывгъэсэбэпыр? Мы статьям дэ къыщытщІэнущ пащтыхь Асэрэ япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэу щытахэмрэ мамыру щыщыта зэманыр Іущагъ хэлъу дапхуэдэу къагъэсэбэпами. Абы нэмыщІ дегупсысынущ абыхэм я щапхъэм сытым дыхуигъэсэфынуми.

^ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. «Мамырыгъэ» жаІэу зэрадзэкІа журтыбзэ псалъэм къигъэлъагъуэр зауэ зэрыщымыІэм и закъуэкъым, атІэ абы иджыри къегъэлъагъуэ гугъуехь уимыІэныр, абы нэмыщІ ехъулІэныгъэ икІи узыншагъэ уиІэныр.

^ 2 Летопись 14:2: «Иеговэ и еплъыкІэкІэ пэжу икІи фІыуэ щыт Іуэхухэр Асэ ищІэу щытащ».

^ 2 Летопись 14:6, 7: «Абы Иудэм къалэ быдэхэр щиухуэу щІидзащ, щІылъэм мамырыгъэ щыІэти. А илъэсхэм абы зыри къезэуакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ мамырыгъэ абы иритат. Абы иудейхэм яжриІащ: „Къалэхэр дывгъэухуи, хъумакІуэ чэщанэхэмрэ пхъэрыгъажэ иІэу тІууэ зэІупх куэбжэхэмрэ зыхэт блынхэмкІэ къэдывгъэщІыхьыж. ЩІыр иджыпстукІэ дыдейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ ди Алыхь Иеговэ къэтлъыхъуащ. Дэ ар къэтлъыхъуащ, икІи абы дэ сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи мамырыгъэ къыдитащ“. Абыхэм ухуэн щІадзащ икІи ехъулІэныгъэ яІащ».

^ 1 Летопись 28:9: «Уэ, си къуэ Сэлмэн, уи адэм и Алыхьыр зэгъащІэ икІи абы хуэлажьэ уи гур тІууэ гуэшауэ щымыту икІи гурэ псэкІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ гухэм псоми илъыр къещІэ икІи ди гупсысэхэр здэунэтІар зэхегъэкІ. Уэ ар къэплъыхъуэмэ, зыкъыуигъэгъуэтынущ, ауэ ар къэбгъанэу щытмэ, абы игъащІэкІэ уэ укъигъэнэнущ».

^ СУРЭТЫР. Асэ и анэшхуэ Маахэ пащтыхь гуащэ увыпІэ иІыгъар къытрихащ, тхьэ напэхэр ягъэлъэпІэну лъэпкъыр зэрыхуигъэушым щхьэкІэ. Асэ и лъэныкъуэр зыІыгъхэм абы и унафэкІэ тхьэнапэхэр зэтракъутэ.

^ СУРЭТЫР. ЗэщхьэгъуситІым я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ халъхьэ, хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм кІуэн щхьэкІэ.