Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

3 СТАТЬЯР

Ди гур дауэ зэрытхъумэнур?

Ди гур дауэ зэрытхъумэнур?

«Псом япэ уигу щыхъу-щыщІэхэм хуэсакъ» (ПРИТ. 4:23, Гъэсэпэтхыдэхэр).

36-НЭ УЭРЭДЫР Уи гур хъумэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР *

1—3. 1) Сытыт Иеговэ Сэлмэн фІыуэ илъагъуу щІыщытар икІи абы сыт хуэдэ фІыгъуэхэр ирита? 2) Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?

 СЭЛМЭН иджыри щІалэу Израилым и пащтыхь хъуат. Куэд дэмыкІыу абы пщІыхьэпІэм хэту Иеговэ къыхуэкІуэри къеупщІащ: «Сыт уэстыну узыхуейр?» Сэлмэн жэуап иритыжащ: «Сэ сыщІэлэІуэщ... [...] Уи унэІутым гу жыІэдаІуэ къет, уи лъэпкъым и унафэ сщІыфын щхьэкІэ» (1 Цар. 3:5—10). Шэч хэмылъу, Сэлмэн Іэдэбагъ хэлъащ! Абы къыхэкІкІэ Иеговэ ар фІыуэ илъагъуу зэрыщытар гъэщІэгъуэнкъым (2 Сам. 12:24). Алыхьым пащтыхьым и лъэІур игу ирихьащ икІи абы «Іущагърэ зэхэщІыкІрэ зиІэ гу» иритащ (1 Цар. 3:12).

2 Сэлмэн Иеговэ пэжу хуэлэжьэхукІэ абы къыбгъэдэкІ фІыгъуэ куэд иІащ. Абы пщІэшхуэ зыпылъ къалэн игъэзэщІащ — «Израилым и Алыхь Иеговэ и цІэкІэ» Унэшхуэ иухуащ (1 Цар. 8:20). Алыхьым кърита ІущагъымкІэ ар цІэрыІуэ хъуащ. ИкІи Алыхьым къыбгъэдэкІыу Сэлмэн жиІа псалъэхэр Библием щыщ тхылъищым иратхэжащ. Абыхэм щыщ зыщ Притчи тхылъыр.

3 А тхылъым «гу» псалъэр 100 хуэдизрэ итщ. Псалъэм папщІэ, Притчи 4:23 щыжыІащ: «Псом япэ уигу щыхъу-щыщІэхэм хуэсакъ» (Гъэс.). Мы едзыгъуэм хэт «гу» псалъэм сыт къикІыр? Мы упщІэм и жэуапыр мы статьям къыщытщІэнущ. Абы нэмыщІ мыпхуэдэ упщІэхэр зэпкърытхынущ: дауэ ШейтІаным ди гур зэІигъэхьэну зэрыхэтыр? ИкІи сыт тщІэ хъунур ди гур тхъумэн щхьэкІэ? Алыхьым пэжу дыкъыхуэнэну дыхуеймэ, мы упщІэхэм я жэуапхэр къэдгъуэтыным мыхьэнэшхуэ иІэщ.

«ГУ» ПСАЛЪЭМ СЫТ КЪИКІЫР?

4, 5. 1) Псалом 51:6 итыр дауэ къызэрыддэІэпыкъур «гу» псалъэм къикІыр къыдгурыІуэну? 2) Ди гум дыхуэсакъыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр сыт хуэдэ щапхъэм къыдгуригъаІуэрэ?

4 Притчи 4:23 ит «гу» псалъэм ди щытыкІэр, ди «гущІэ лъащІэ» псори къокІ. (Къеджэ Псалом 51:6 *.) НэгъуэщІу жыпІэмэ, «гум» хохьэ ди гупсысэхэр, гурыщІэхэр, дызыхуейр икІи дызыхущІэкъур. Ар нэгъуэщІхэм дызэралъагъуракъым, атІэ ди щытыкІэ дыдэращ.

5 Ди гур тхъумэным мыхьэншхуэ зэриІэр къыдгурыІуэн щхьэкІэ зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Узыншагъэ тэмэм диІэн щхьэкІэ ерыскъы узыншэ тшхын хуейщ, ди лъыр зедгъэкІуэн икІи щІэх-щІэхыурэ ди Іэпкълъэпкъыр дгъэлэжьэн хуейщ. Абы ещхьу ди гур тхъумэн щхьэкІэ дэ махуэ къэс Библием икІи абы тегъэщІа тхыгъэхэм деджэн хуейщ, абы нэмыщІ Иеговэ ди фІэщ зэрыхъур зэпымыууэ ІуэхухэмкІэ дгъэлъэгъуэн хуейщ. Псалъэм папщІэ, дэ фІэщхъуныгъэр догъэлъагъуэ къэтщІар ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпым деж икІи абыкІэ нэгъуэщІхэм дащыдэгуашэм деж (Рим 10:8—10; Екъуб 2:26). Абы нэмыщІ языныкъуэ узыфэхэр занщІэу къапщІэкъым, абы къыхэкІкІэ цІыху сымаджэм зыри имылажьэу, узыншэу игугъэнкІэ хъунущ. Абы хуэдэу дэри Библием дызэреджэм, зэІущІэхэм дызэрыкІуэм икІи хъыбарыфІ гъэІуным дызэрыхэтым щхьэкІэ фІэщхъуныгъэ быдэ диІэу къытщыхъункІэ хъунущ, ауэ а псор зэрытщІэм емылъытауэ ди гум «хъуэпсэныгъэ Іейхэм» лъабжьэ щащІынкІэ хъунущ (Екъуб 1:14, 15; 1 Кор. 10:12). Дэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым ШейтІаным и гупсысэкІэр къытхипщэу ди гур зэІигъэхьэну зэрыхуейр. Дапхуэдэу ар абы зэрищІыр? ИкІи сыт тщІэн хуейр абы зыщытхъумэн щхьэкІэ?

ДАУЭ ШЕЙТІАНЫМ ДИ ГУР ЗЭІИГЪЭХЬЭНУ ЗЭРЫХЭТЫР?

6. ШейтІаным сыт хуэдэ мурад иІэр икІи ар къехъулІэн щхьэкІэ сыт абы ищІэр?

6 ШейтІаныр хуейщ дэри абы хуэдэу Алыхьым дыпэщІэувэну икІи и хабзэхэм дебакъуэу, щхьэхуещэ дыхъуну. ШейтІаным лъэкІыныгъэ иІэкъым езыр зыхуей гупсысэхэр ди щхьэм кърилъхьэну икІи зыхуейр дигъэщІэну. Абы къыхэкІкІэ нэгъуэщІ Іэмалхэр абы къегъэсэбэп. Псалъэм папщІэ, абы и гупсысэкІэм хуэдэ зиІэ цІыхухэр гъусэ къытхуищІыну хэтщ (1 Ин. 5:19). Ар щогугъ апхуэдэ цІыхухэм куэдрэ даригъусэну, «ныбжьэгъу Іейхэм цІыху щэныфІэр» зэрагъэкІуэдыр къыдгурыІуэми (1 Кор. 15:33). Апхуэдэ бгъэдыхьэкІэ ШейтІаным къигъэсэбэпащ пащтыхь Сэлмэн щыгъуэ. Абы тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэ фыз куэд къишати, абыхэм «хуэм-хуэмурэ и гур зэІагъэхьащ» (1 Цар. 11:3).

Дауэ ди гур зэрытхъумэнур икІи ШейтІаным и гупсысэкІэмкІэ ди гур зэІимыгъэхьэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр? (7-нэ абзацым феплъ.) *

7. Сыт иджыри ШейтІаным и гупсысэкІэр къытхилъхьэн щхьэкІэ къигъэсэбэпыр икІи дысакъын щІыхуейр сыт?

7 ШейтІаным и гупсысэкІэр къытхилъхьэн щхьэкІэ фильмхэмрэ телевизорымкІэ къат программэхэмрэ къегъэсэбэп. Абы къыгуроІуэ апхуэдэ программэхэм щыжаІэж хъыбар гъэщІэгъуэнхэм ауэ сытми дытрагъэу закъуэу щымыту, абыхэм ди гупсысэкІэр, ди гурыщІэхэр икІи ди щытыкІэр зэрахъуэжыфынур. Хьиси цІыхухэр щригъаджэм деж ущие хъыбархэр къигъэсэбэпт. Псалъэм папщІэ, дигу къэдгъэкІыж хъунущ гущІэгъу зыхэлъа Самарие хэкум щыщ лІым теухуа хъыбарымрэ и адэр къигъанэу зи мылъкур зыгъэкІуэда къуэм теухуа хъыбарымрэ (Мт. 13:34; Лк. 10:29—37; 15:11—32). Ауэ апхуэдэ фильмхэм е программэхэм дыщеплъым деж, ШейтІаным и гупсысэкІэм хуэдэ зиІэ цІыхухэм ди гур зэІагъэхьэнкІэ хъунущ. ДауикІ, Іей зыхэмыт фильми сериали щыІэщ, абыхэм дыщеплъым деж зыдогъэпсэху, уеблэмэ, зыгуэрми зыхудогъасэ. Ауэ, дапхуэдэу щымытами, дысакъын хуейщ. Узэплъынур къыщыхэпхым деж зэупщІыж: «Мы фильмым е программэм Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпс Іуэхугъуэ Іейхэр тэмэму къыпщимыгъэхъуу пІэрэ?» (Гал. 5:19—21; Еф. 2:1—3). Узэплъынум ШейтІаным и гупсысэкІэр къызэрыхэщыр къыбгурыІуамэ, сыт пщІэнур? Уз зэрыцІалэм хуэдэу абы хущыт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыкІэ ди гур ШейтІаным зэІигъэхьэфынущ.

8. Сабийхэм я гур яхъумэжын щхьэкІэ адэ-анэхэр дауэ зэрадэІэпыкъуфынур?

8 Адэ-анэхэ, фэ къалэнышхуэ фи пщэ дэлъщ — фи сабийхэр ШейтІаным щыфхъумэну. Ар хущІокъу и гупсысэкІэр яхипщэу я гур зэІигъэхьэну. Фэ, дауикІ, къарууэ фиІэр ивохьэлІэ узыфэхэм фи быныр щыфхъумэн щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, фи унэр къабзэу зэрыщытыным фыхущІокъу икІи узыншагъэм зэран хуэхъунухэр унэм щІэвгъэлъкъым. Апхуэдэ дыдэу фи сабийхэм зэран къахуэхъуну фильмхэм, телевизорымкІэ къат программэхэм, электроннэ Іэмэпсымэхэм тет джэгухэм икІи сайтхэм щыфхъумэн хуейщ. Ахэр къигъэсэбэпу ШейтІаным и гупсысэкІэр абыхэм яхипщэфынущ. Фэ Иеговэ къалэн къывитащ фи сабийхэр абы ныбжьэгъу хуэфщІыну (Прит. 1:8, Гъэс.; Еф. 6:1, 4). Аращи, фымышынэ Библием ит принципхэм тегъэщІауэ сабийхэр зытетын хуей унафэхэр фщІыну. Фи сабийхэр цІыкІумэ, зэплъ хъунымрэ мыхъунымрэ яжефІэ икІи абы и щхьэусыгъуэр къагурывгъаІуэ (Мт. 5:37). Ахэр нэхъ ин хъуауэ щытмэ, Иеговэ и хабзэхэм тету «фІымрэ емрэ ягукІэ зэхагъэкІыфу» вгъасэ (Евр. 5:14). Зыщывмыгъэгъупщэ: жыфІэм едаІуэурэ фи сабийхэм куэдым зрагъасэ, ауэ абыхэм фщІэр щалъагъум деж нэхъыбэжым зыхурагъэсэфынущ (Втор. 6:6, 7; Рим 2:21).

9. Сыт хуэдэ гупсысэ ШейтІаным къытхипщэну хуей икІи сыткІэ ар шынагъуэ?

9 Дапхуэдэу иджыри ШейтІаным ди гур зэІигъэхьэну зэрыхэтыр? Абы ди фІэщ ищІыну хэтщ Алыхьым и Іущагъым нэхърэ цІыхухэм я Іущагъыр нэхъыфІу (Кол. 2:8). Псалъэм папщІэ, ШейтІаным дригъэгупсысыну хуейщ ди гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэу щытын хуейр — мылъку зэгъэпэщынырауэ. Абы хущІэкъум, а мурадыр къехъулІэнкІи хъунущ, къемыхъулІэнкІи хъунущ. Дауэ мыхъуами, апхуэдэ цІыхур гъуэгу шынагъуэм тетщ. Сыт щхьэкІэ? Мылъку зэгъэпэщыным хущІэкъу цІыхухэм я гур абы апхуэдизкІэ етащи, я узыншагъэр, я унагъуэр икІи Алыхьымрэ езыхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр къагъанэри ахъшэр ипэ ирагъэщ (1 Тим. 6:10). Іущагъышхуэ зыбгъэдэлъ уафэм щыІэ ди Адэм ахъшэм тэмэму дыхущытыну дызэригъасэм щхьэкІэ дэ фІыщІэшхуэ худощІ! (Эккл. 7:12; Лк. 12:15).

ДАУЭ ДИ ГУР ЗЭРЫТХЪУМЭНУР?

«Блыным тет хъумакІуэхэм» икІи «куэбжэм Іут хъумакІуэхэм» хуэдэу фи гур фхъумэ: фысакъ икІи фи гур зэІызыгъэхьэнухэм щыфхъумэ. (10, 11-нэ абзацхэм феплъ.) *

10, 11. 1) Сыт тщІэн хуейр ди гур тхъумэн щхьэкІэ? 2) Пасэрей зэманым хъумакІуэм сыт хуэдэ къалэн игъэзащІэу щыта икІи сыт абы напэр ебгъэщхь щІэхъунур?

10 Ди гур тхъумэн щхьэкІэ шынагъэ дызыпэщІэхуэнкІэ хъунухэм гу лъыттэу, абыхэм псынщІэу зэрызыщытхъумэным зедгъэсэн хуейщ. Ар ебгъэщхь хъунущ пасэрей зэманым хъумакІуэм игъэзащІэу щыта къалэным. Ар къалэр къэзыухъуреихь блыным тетт икІи бийр гъунэгъу щыхъум деж, адрейхэм хъыбар яригъащІэт. Мы щапхъэр дэ къыддоІэпыкъу ШейтІаным ди гур зэІимыгъэхьэн щхьэкІэ тщІэн хуейр къыдгурыІуэну.

11 Блыным тет хъумакІуэмрэ, куэбжэм Іут хъумакІуэмрэ зэдэлажьэт (2 Сам. 18:24—26). Абыхэм зэгъусэу къалэр яхъумэт: бийр гъунэгъу щыхъум деж, куэбжэр хуэщІауэ щытрэ щымытрэ кІэлъыплъыну я къалэнт (Неем. 7:1—3). ХъумакІуэм ебгъэщхь хъунущ Библием тету ди напэ гъэсар *. ШейтІаным ди гур зэІигъэхьэну щыхэтым деж, нэгъуэщІу жыпІэмэ ди гупсысэхэр, гурыщІэхэр, дызыхуейр икІи дызыхущІэкъур ихъуэжу, Алыхьым пэжу илъытэм темыхуэу ищІыну иужь щитым деж, напэм ар къыдегъащІэ. Ди напэм дигъэгузавэу щызэхэтщІэм деж, сыт щыгъуи абы дедаІуэу ди гум и бжэхэр зэхуэтщІын хуейщ.

12, 13. Сыт дэ дызыщІэхъуэпсынкІэ хъунур икІи дауэ абы дызэрыпэлъэщынур?

12 ШейтІаным и гупсысэкІэр къытхимыпщэн щхьэкІэ тщІэн хуейр сытми къэзыгъэлъагъуэ зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Алыхьым и Псалъэм итщ: «Зинэ щІэным, сыт хуэдэ гуфІеягъэми... я гугъу фи зэхуакум щыфщІ хъунукъым» (Еф. 5:3). Сыт дэ тщІэнур къыддэлажьэхэр е къыддеджэхэр мыхъумыщІагъэхэм тепсэлъыхьу щІадзэмэ? Дэ дощІэ «Тхьэм и фІэлІыкІ зыхэмылъ псэукІэми, мы дунейм и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэми ди щІыб яхуэдгъэзэн» зэрыхуейр (Тит 2:12). ХъумакІуэу щыт ди напэм дызэрысакъын хуейр къыдигъэщІэнкІэ хъунущ (Рим 2:15). Ауэ дедэІуэну пІэрэ дэ абы? Къыддэлажьэхэм е къыддеджэхэм жаІэм дедэІуэну е сурэт дагъэлъагъухэм деплъыну дыщІэхъуэпсынкІэ хъунущ. А дакъикъэм «куэбжэр зэхуэтщІын» хуейщ, нэгъуэщІу жыпІэмэ дызытепсэлъыхьыр тхъуэжын е дыІукІыпэн хуейщ.

13 Гупсысэ мыхъумыщІэхэм е Іуэху Іейхэм дыкъэзыухъуреихь цІыхухэм дыщыхуагъэушым деж, абыхэм дыпэщІэтын щхьэкІэ лІыгъэ дыхуейщ. Шэч къытевмыхьэ: Иеговэ елъагъу фэ абы къару ефхьэлІэр. Абы Іущагъи къаруи къыдитынущ ШейтІаным дыпэщІэтын щхьэкІэ (2 Лет. 16:9; Ис. 40:29; Екъуб 1:5). Ауэ ди гур тхъумэн щхьэкІэ сыт иджыри тщІэн хуейр?

ФЫСАКЪ

14, 15. 1) Ди гур сытым къыхузэІутхын хуей икІи дауэ ар зэрытщІ хъунур? 2) Библие джыным сэбэпынагъ нэхъыбэ къытхуихьын щхьэкІэ Притчи 4:20—22 итыр дауэ къызэрыддэІэпыкъунур? (Абы нэмыщІ « Библием дыщеджэм деж, дызэгупсыс хъунур» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

14 Ди гум зыгуэр зэран хуэхъуну шынагъэ щыщыІэм деж ар зэхудощІ. Абы нэмыщІ, ди гур тхъумэн щхьэкІэ сэбэп къытхуэхъунухэм ди гум и «куэбжэр» къахузэІутхын хуейщ. Къалэм и блыным теухуауэ щапхъэ зэпкърытхам дгъэзэжынщ. Къалэм бийр гъунэгъу щыхуэхъум деж, куэбжэм Іут хъумакІуэм ахэр зэхуищІт. Ауэ къалэм ерыскъыи нэгъуэщІ хьэпшыпхэри къыщыдашэм деж, абы куэбжэр къызэІуихт. Куэбжэр сыт щыгъуи гъэбыдауэ щытамэ, къалэм дэс цІыхухэр шхын щхьэкІэ лІэнут. Апхуэдэу дэри ди гур зэІутхын хуейщ, Алыхьым и гупсысэхэр абы из тщІын щхьэкІэ.

15 Библием Иеговэ и гупсысэхэр итщ. Аращи, абы дыщеджэм деж дызэгупсысыр, ди гурыщІэхэр икІи ди ІуэхущІафэхэр Иеговэ и гупсысэкІэм техуэу мэхъу. Библие джыным сэбэпынагъ нэхъыбэ къытхуихьын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур? Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъэзэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ди зы шыпхъум мыпхуэдэу жеІэ: «Библием седжэн ипэ Иеговэ солъэІу абы и Псалъэм ит „Іуэху гъэщІэгъуэнхэм“ гу лъызигъэтэну» (Пс. 119:18). Абы нэмыщІ дызэджам дегупсысыжын хуейщ. Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъазэу, Тхыгъэ ЛъапІэм дыщеджэм икІи дызэджам дыщегупсысым деж, Иеговэ и гупсысэхэр ди гум куууэ хохьэ икІи ахэр фІыуэ тлъагъун щІыдодзэ. (Къеджэ Притчи 4:20—22, Гъэс.; Пс. 119:97.)

16. Ди интернет-телевидениер дауэ къызэрыддэІэпыкъур? Щапхъэ къэфхь.

16 Ди гупсысэкІэр Алыхьым и гупсысэкІэм ещхь мэхъу ди интернет-телевидением дыщеплъым дежи. ЗэщхьэгъуситІым жаІэж: «Мазэ къэс къыдэкІ программэхэр ди лъэІухэм я жэуапу къыдолъытэ! Дигу къыдэмыжу щыщытым икІи закъуэныгъэ щызыхэтщІэм деж, абыхэм къару къыдат икІи дагъэгушхуэ. Ди телевидением къит уэрэдхэр ди унэм сыт щыгъуи къыщоуэ: дыщыпщафІэм дежи, унэр щызэлъыІутхым дежи е ауэ сытми шей дыщефэм дежи». А программэхэр къыддоІэпыкъу ди гур тхъумэну. Абыхэм Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ диІэну икІи ШейтІаным дыпэщІэтыфу драгъасэ.

17, 18. 1) 1 Царей 8:61 итым тепщІыхьмэ, Алыхьым и Псалъэм ит щІэныгъэхэр къыщыдгъэсэбэпым деж сыт дэ къэдгъэлъагъуэр? 2) Пащтыхь Езекия и щапхъэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфыну? 3) Псалом 139:23, 24 ит Даут и псалъэхэм тепщІыхьмэ, сыткІэ Иеговэ делъэІу хъуну?

17 Пэжым дыщытетым деж икІи абы къихь фІыгъуэхэр щытлъагъум деж, ди фІэщхъуныгъэр быдэ мэхъу (Екъуб 1:2, 3). Дэ абы дрогуфІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ езым и бынкІэ къыдоджэ икІи абы иропагэ, аращи дэ ар нэхъыбэжу дгъэгуфІэну дыхуейщ (Прит. 27:11, Гъэс.). ГъэунэхуапІэ дызыпэщІэхуэхэр — лъагъуныгъэ зыбгъэдэлъ ди Адэм дигу псомкІэ дызэрыхуэлажьэр зэредгъэлъэгъун Іэмалщ (Пс. 119:113). Дэ ар фІыуэ зэрытлъагъур, дигу псомкІэ дызэрыхуэпэжыр, и хабзэу хъуам дытетыну икІи и мурадыр дгъэзэщІэну дызэрыхуейр догъэлъагъуэ. (Къеджэ 1 Царей 8:61 *.)

18 Щыуагъэхэр тщІэну пІэрэ? Дэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ щыуагъэ гуэрхэри тщІэнущ. Ауэ фыщыуауэ щытмэ, пащтыхь Езеки́я и щапхъэр фигу къэвгъэкІыж. Абы щыуагъэхэр ищІауэ щытащ, ауэ щІегъуэжри, «игу псомкІэ» Иеговэ хуэлэжьэн пищэжащ (Ис. 38:3—6; 2 Лет. 29:1, 2; 32:25, 26). ШейтІаным и гупсысэкІэр къыфхипщэну и гугъэу сыт имыщІэми, ар зытевмыгъакІуэ. Иеговэ делъэІунщ «гу жыІэдаІуэ» диІэну къыддэІэпыкъун щхьэкІэ (1 Цар. 3:9; къеджэ Псалом 139:23, 24 *). Иеговэ пэжу дыкъыхуэнэнрэ дыкъыхуэмынэнрэ зэлъытар ди гур зэрытхъумэращ.

54-НЭ УЭРЭДЫР «Мис гъуэгур»

^ Иеговэ пэжу дыкъыхуэнэну, хьэмэрэ ШейтІаным зыкъедгъэгъапцІэу, Алыхьыр къэдгъэнэну? Ар зэлъытар гъэунэхуапІэ дызыпэщІэхуам и хьэлъагъыракъым, атІэ ди гур зэрытхъумэращ. Мы статьям мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм я жэуапыр къыщыдгъуэтынущ: «гу» псалъэм сыт къикІыр? Дауэ ШейтІаным ди гур зэІигъэхьэну зэрыхэтыр? ИкІи дауэ ди гур зэрытхъумэнур?

^ Псалом 51:6: «Мис, гум илъ пэжым уэ гурыфІыгъуэ къыует, Іущагъыр си гущІэ лъащІэмкІэ зыхэзгъэщІыкІ».

^ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Ди гупсысэхэм, гурыщІэхэм, икІи тщІа Іуэхухэм дыхэплъэжу ахэр фІырэ Іейрэ зэхэдгъэкІыжыфу Иеговэ дыкъигъэщІащ. Библием абы напэкІэ йоджэ (Рим 2:15; 9:1). Дызэгупсысыр, жытІэр икІи тщІэр фІырэ Іейрэ ди напэм щызэхигъэкІым деж, Алыхьым и псалъэм ит хабзэхэр лъабжьэ хуэхъумэ, абы Библием тету гъэса напэкІэ йоджэ.

^ 1 Царей 8:61: «Фигу псомкІэ ди Алыхь Иеговэ и гъусэу фыщыт. Абы и унафэхэм фытет икІи и хабзэхэр вгъэзащІэ, нобэ зэрыфщІэм хуэдэу».

^ Псалом 139:23, 24: «Сыгъэунэху, си Алыхь, си гум илъыр къащІэ, сыгъэунэху икІи сызыгъэгузавэ гупсысэхэр къащІэ. Гъуэгу шынагъуэм сытехьэну сыхуэзыгъэуш гуэр схэлърэ схэмылърэ зэхэгъэкІ икІи мыкІуэдыжын гъуэгум сытегъэт».

^ СУРЭТЫР. Ди къуэшыр телевизорым йоплъ, экраным мыхъумыщІагъэ гуэр къытредзэ. Абы сыт ищІэнуми унафэ ищІын хуейщ.

^ СУРЭТЫР. Блыным тет хъумакІуэм бийр гъунэгъу хъуауэ елъагъури, куэбжэм Іут хъумакІуэхэм хъыбар ярегъащІэ икІи абыхэм занщІэу къалэм и куэбжэхэр зэхуащІ.