Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

4 СТАТЬЯР

Пщыхьэщхьэшхэр зэрыдгъэлъапІэ щІыкІэм куэд зэрыпымыщІам ди Пащтыхьым теухуауэ сыт къыдигъащІэр?

Пщыхьэщхьэшхэр зэрыдгъэлъапІэ щІыкІэм куэд зэрыпымыщІам ди Пащтыхьым теухуауэ сыт къыдигъащІэр?

«Мы щІакхъуэр сэ си пкъыращ. [...] Мы санэр — Тхьэм езымрэ и цІыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыІуэныгъэр зыгъэщыпкъэ си лъыращ» (МТ. 26:26—28).

16-НЭ УЭРЭДЫР Славьте Иаг за Сына-Помазанника

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР *

1, 2. 1) Хьисэ и лІэныгъэр дигу къызэрыдгъэкІыжын хуейм теухуауэ къыдита унафэхэр бгъэзэщІэну тыншу зэрыщытыр сыт щІэдмыгъэщІагъуэр? 2) Хьисэ хэлъ сыт хуэдэ хьэл-щэнхэм дытепсэлъыхьыну?

 ХЬИСЭ МЭССИХЬ и лІэныгъэр дигу къыщыдгъэкІыж Пщыхьэщхьэшхэр зэрекІуэкІ щІыкІэр жыфІэфыну? Дэ тщыщ и нэхъыбэм дежкІэ ар гугъукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а зэІущІэр тынш дыдэу йокІуэкІ. Ауэ а Пщыхьэщхьэшхэм мыхьэнэшхуэ иІэщ. Сыт-тІэ ар егъэлеяуэ хэІэтыкІауэ щІэдмыгъэлъапІэр?

2 Хьисэ щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэхэр тыншу, зэхэщІыкІыгъуэу цІыхухэм къагуригъаІуэт (Мт. 7:28, 29). Апхуэдэу абы и лъэужь ирикІуэхэм и лІэныгъэр ягу къыщагъэкІыжым деж, ар зэращІыну щІыкІэм теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиІэ, ауэ бгъэзэщІэну тынш унафэхэр яритауэ щытащ. А Пщыхьэщхьэшхэр зэрыдгъэлъапІэм * нэхъыбэу дытепсэлъыхьынщ икІи Хьисэ абы щыгъуэ жиІахэмрэ ищІахэмрэ дигу къэдгъэкІыжынщ. Дэ нэхъ ІупщІу къыдгурыІуэнущ Хьисэ Іэдэбагъ, лІыгъэ икІи лъагъуныгъэ хэлъу зэрыщытыр, абы нэмыщІ дегупсысынущ абы нэхъыфІыжу щапхъэ зэрытетхыфынум.

ХЬИСЭ ІЭДЭБАГЪ ХЭЛЪЩ

Пщыхьэщхьэшхэм къыщагъэсэбэп щІакхъуэмрэ шагъырымрэ дигу къагъэкІыж Хьисэ дэр щхьэкІэ и гъащІэр зэритар икІи иджыпсту уафэм Пащтыхьу зэрыщыІэр. (3—5-нэ абзацхэм феплъ.)

3. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр бгъэлъэпІэну гугъуу зэрыщымытар Маттэ 26:26—28 дауэ къызэрыхэщыр икІи щІакхъуэмрэ шагъырымрэ сытыт къагъэлъагъуэр?

3 Хьисэ и лІэныгъэр ягу къызэрагъэкІыжын хуей щІыкІэр щаригъэлъэгъуам щыгъуэ абы и апостол 11-р и гъусащ. ІутІыж пщыхьэщхьэшхэр яшха иужь, абы къыдэхуа щІакхъуэр Хьисэ къищтэри и лІэныгъэр ягу къызэрагъэкІыжын хуей щІыкІэм теухуауэ бгъэзэщІэну унафэ тыншхэр яритащ. (Къеджэ Маттэ 26:26—28.) Абы Іэнэм тета пщагъэ зыхэмылъ щІакхъуэмрэ шагъырымрэщ къигъэсэбэпар. Хьисэ и апостолхэм яжриІат абыхэм къагъэлъагъуэр: щІакхъуэм къигъэлъагъуэр дагъуэ зимыІэ Хьисэ и Іэпкълъэпкъырат, шагъырым — и лъырат. Хьисэ и Іэпкълъэпкъымрэ и лъымрэ абыхэм щхьэкІэ куэд мыщІэу итын хуейт. Апостолхэм ягъэщІэгъуауэ къыщІэкІынукъым ягъэлъэпІэн хуей Пщыхьэщхьэшхэм куэд пыщІауэ зэрыщымытыр. Сыт щхьэкІэ?

4. Хьисэ Марфэ иритауэ щыта чэнджэщым дауэ къызэрыдгуригъаІуэр Пщыхьэщхьэшхэр зэрыгъэлъэпІэн хуей щІыкІэм куэд пыщІауэ щІыщымытар?

4 Дигу къэдгъэкІыжынщ Хьисэ хъыбарыфІыр щигъэІум къэхъуауэ щыта зы Іуэхугъуэр. Абы а лэжьыгъэр илъэс ещанэ хъуауэ ирихьэкІт. ЛІэным ипэ илъэс ныкъуэ иІэжу Хьисэ и ныбжьэгъу Лазар, Марфэ, Мэрием сымэ деж къыщыувыІат. Зэдэуэршэру здэщысым Хьисэ къыбгъэдэсхэр иригъаджэу щІидзащ. Ауэ Марфэ и хьэщІэ лъапІэр гъэхьэщІэным егугъуурэ, шхыныгъуэ куэд игъэхьэзырыну иужь ихьащ. Хьисэ абы гу лъитэри, Марфэ щабэу къыгуригъэІуащ сыт щыгъуи шхыныр Іэмал имыІэу берычэту Іэнэм телъын хуейуэ зэрыщымытыр (Лк. 10:40—42). ИужькІэ, лІэным куэд имыІэжу Марфэ иритауэ щыта чэнджэщым Хьисэ тетыжащ. Абы и лІэныгъэр ягу къызэрагъэкІыжын хуей щІыкІэр щаригъэлъэгъуам щыгъуэ, абы куэд пыщІауэ щытакъым, атІэ ар тыншт. Хьисэ теухуауэ сыт абы къыдигъащІэр?

5. Пщыхьэщхьэшхэр зэрекІуэкІ щІыкІэм куэд пыщІауэ зэрыщымытым Хьисэ и сыт хуэдэ хьэл-щэн къыхэщрэ икІи Филиппи 2:5, 7, 8 ит псалъэхэр дауэ абы щыхьэт зэрытехъуэр?

5 Хьисэ ищІэу хъуами жиІэу хъуами Іэдэбагъ зэрыхэлъыр къыхэщт. Аращи, гъэщІэгъуэнкъым абы лІэн ипэ иужьрей жэщым нэгъэсауэ Іэдэбагъ зэригъэлъэгъуар (Мт. 11:29). Абы ищІэт зэи зыми къимыхьа къурмэныпхъэ къызэрихьынур, абы иужь Иеговэ къызэригъэтэджыжынур икІи уафэм Пащтыхьу зэрытригъэувэнур. Абы емылъытауэ Хьисэ хуейтэкъым езым гулъытэ лей зыхуригъэщІыну икІи ар щыгугътэкъым и лъэужь ирикІуэхэм абы ищІар ягу къыщагъэкІыжым деж пщІэшхуэ хуащІурэ, егъэлеяуэ ягъэлъэпІэну. Абы ипІэкІэ, абыхэм яжриІащ илъэсым зэ ар ягу къыщагъэкІыжым деж,щІакхъуэмрэ шагъырымрэ фІэкІ къамыгъэсэбэпыну (Ин. 13:15; 1 Кор. 11:23—25). Пщыхьэщхьэшхэм куэд пымыщІауэ, ауэ екІуу зэрекІуэкІым къегъэлъагъуэ Хьисэ пагэу зэрыщымытыр. Дэ икъукІэ дрогуфІэ уафэм щыІэ ди Пащтыхь Хьисэ Іэдэбагъ зэрыхэлъым! (Къеджэ Филиппи 2:5, 7, 8.)

6. Гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж, Хьисэ Іэдэбагъ игъэлъэгъуам дауэ щапхъэ зэрытетхыфынур?

6 Хьисэ хуэдэу дэри дауэ Іэдэбагъ зэрыдгъэлъэгъуэфынур? Псалъэм папщІэ, ди щхьэр япэ идмыгъэщу, нэгъуэщІхэм гулъытэ зэрахуэтщІымкІэ (Флп. 2:3, 4). Хьисэ и иужьрей жэщыр дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы ищІэт куэд мыщІэу хьэзаб ишэчу зэрылІэнур, итІанэми ар и апостолхэм щхьэкІэ егъэлеяуэ гузавэт. Хьисэ и лІэныгъэр абыхэм я гум щІыхьэнут. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ жэщ псом абыхэм чэнджэщхэр яритащ, игъэгушхуащ икІи тригъэуащ (Ин. 14:25—31). Хьисэ Іэдэбагъ хэлъу къигъэлъэгъуащ и щхьэм щхьэкІэ мыгузавэу, и лъэужь ирикІуэхэм щхьэкІэ зэрыгузавэр. Ар дэр щхьэкІэ щапхъэшхуэщ!

ХЬИСЭ ЛІЫГЪЭ ХЭЛЪЩ

7. Пщыхьэщхьэшхэр ягъэлъэпІэну апостолхэм унафэ яхуищІа иужь куэд дэмыкІыу, Хьисэ дауэ лІыгъэ зэригъэлъэгъуар?

7 Пщыхьэщхьэшхэр ягъэлъэпІэну апостолхэм унафэ яхуищІа иужь куэд дэмыкІыу, Хьисэ лІыгъэшхуэ игъэлъэгъуащ. Абы «Тхьэр игъэпцІу» жаІэу пцІы къызэрытралъхьэнур икІи пкъом ираІулІу зэраукІынур ищІэми, и Адэр зыхуейр игъэзэщІэну мурад ищІащ (Мт. 26:65, 66; Лк. 22:41, 42). Хьисэ Алыхьым пэжу къыхуэнащ абы и цІэр игъэлъэпІэн щхьэкІэ, и тепщэныгъэр диІыгъын щхьэкІэ икІи зи гуэныхьхэм хущІегъуэж цІыхухэм гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгур къахузэІуихын щхьэкІэ. Абы нэмыщІ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр гъэунэхуапІэ зыпэщІэхуэнухэм хуигъэхьэзыращ.

8. 1) Сыт Хьисэ и апостол пэжхэм яжриІар? 2) Хьисэ лІэуэ илъэс куэд дэкІа иужьи, абы и лъэужь ирикІуэхэм Хьисэ щапхъэ трахыу, дауэ лІыгъэ зэрагъэлъагъуэу щытар?

8 Хьисэ къыпэщылъым теухуауэ гузавэу къыщІэкІынт. Ауэ ар зыгъэгузавэм емыгупсысу, и апостолхэр зэригъэгушхуэным иужь итт. АбыкІэ Хьисэ лІыгъэ игъэлъэгъуащ. Иудэ щІэкІа иужь Пщыхьэщхьэшхэр зэрагъэлъэпІэн хуей щІыкІэр Хьисэ и апостолхэм яжриІат. Абы ягу къигъэкІыжын хуейт Хьисэ лъы игъэжам икІи зэгурыІуэныгъэщІэм и фІыгъэкІэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм къаІэрыхьэну фІыгъуэхэр (1 Кор. 10:16, 17). И лъэужь ирикІуэхэр пэжу къэнэн щхьэкІэ икІи и Пащтыхьыгъуэр даІыгъын щхьэкІэ, Хьисэ абыхэм къагуригъэІуащ езыри и Адэри сыткІэ ящыгугъми (Ин. 15:12—15). Абы нэмыщІ Хьисэ абыхэм яжриІащ гугъуехьхэм зэрыпэщІэхуэнур икІи къыхуриджащ езым щапхъэ трахыу, лІыгъэ зыхагъэлъыну (Ин. 16:1—4 япэ Іыхьэр, 33). Илъэс куэд дэкІа иужьи, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм псэемыблэжу абы щапхъэ трахт икІи лІыгъэ ягъэлъагъуэт. Ахэр гъэунэхуапІэ ихуа иужь зыр зым дэІэпыкъут, абы щхьэкІэ гугъуехь яшэчын хуейми (Евр. 10:33, 34).

9. Дауэ Хьисэ щапхъэ тетхыу, лІыгъэ зэрыдгъэлъэгъуэфынур?

9 Нобэ дэри Хьисэ щапхъэ тетхыу, лІыгъэ зэрызыхэдгъэлъыным иужь дитщ. Псалъэм папщІэ, а хьэл-щэным дыхуэныкъуэщ я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ гугъу ирагъэхь къуэшхэм дащыдэІэпыкъум деж. Абыхэм къуаншагъэ ямыщІами языныкъуэ къэралхэм ахэр ягъэтІыс. Апхуэдэ къыщыхъум деж, абыхэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ тхузэфІэкІыр тщІэн хуейщ. Псалъэм папщІэ, къуэшхэм щхьэкІэ Алыхьым делъэІу хъунущ, тепщэныгъэ зиІэхэм захуэдгъазэ хъунущ икІи судми я щыхьэту дыувыфынущ (Флп. 1:14; Евр. 13:19). Абы нэмыщІ дэ лІыгъэ догъэлъагъуэ хъыбарыфІыр тегушхуэныгъэ диІэу щыдгъэІум деж (Апост. 14:3). Хьисэ хуэдэу дэри гукъыдэж диІэщ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр цІыхухэм яжетІэну, абы щхьэкІэ гугъу драгъэхьынуми. Ауэ иныкъуэм деж лІыгъэ тхуримыкъункІэ хъунущ. Сыт абы щыгъуэ къыддэІэпыкъунур?

10. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэ тхьэмахуэхэм сыт тщІэн хуейр икІи сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

10 Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм къыдит гугъэм дызэрегупсысым лІыгъэ къытхилъхьэфынущ (Ин. 3:16; Еф. 1:7). Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэ тхьэмахуэхэм дэ Іэмал диІэнущ щхьэщэхужым щхьэкІэ ди гум илъ фІыщІэр хэдгъэхъуэну. Абы щыгъуэ дэ графикым дытету, Хьисэ и гъащІэр итын ипэ къэхъуа Іуэхугъуэхэр дигу къэзыгъэкІыж Библием ит пычыгъуэхэм деджэнущ. Алыхьым лъэІукІэ зыхуэбгъазэурэ, графикым утету узэреджэным икІи узэджам узэрегупсысыным хущІэкъу. Апхуэдэу пщІэмэ, Пщыхьэщхьэшхэр щыдгъэлъапІэм деж, щІакхъуэмрэ шагъырымрэ къагъэлъагъуэр къэпщІэнущ икІи Хьисэ и гъащІэр къурмэныпхъэу щІитар нэхъыфІу къыбгурыІуэнущ. Хьисэрэ Иеговэрэ дэр щхьэкІэ ящІар фІыщІэ тщІыуэ щытмэ икІи ар дэри ди Іыхьлыхэми сэбэп къызэрытхуэхъур къыдгурыІуэмэ, къэкІуэну зэманым теухуауэ гугъэ диІэр нэхъ быдэ хъунущ, гугъуехьхэми лІыгъэ тхэлъу дыпэлъэщыфынущ (Евр. 12:3).

11, 12. Пщыхьэщхьэшхэм сыт дигу къигъэкІыжыр?

11 КъызэрыдгурыІуащи, Пщыхьэщхьэшхэм Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм нэмыщІ, абы Іэдэбагърэ лІыгъэрэ зэрыхэлъыр дигу къегъэкІыж. А хьэл-щэнхэр Хьисэ иджыпстуи егъэлъагъуэ, ар уафэм дин пашэшхуэу щытщ икІи дымыкІуэду дыкъелын щхьэкІэ Алыхьым тхуолъэІу. Дэ абы икъукІэ дрогушхуэ! (Евр. 7:24, 25). Ди гум илъ фІыщІэр дгъэлъэгъуэн щхьэкІэ Хьисэ къыдита унафэм дытету, Пщыхьэщхьэшхэр дгъэлъэпІэн хуейщ (Лк. 22:19, 20). Дэ ар нисаным и 14-м догъэлъапІэ. Ар ди дежкІэ псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ махуэщ.

12 Пщыхьэщхьэшхэр зэрекІуэкІ щІыкІэм куэд пыщІауэ зэрыщымытым иджыри Хьисэ и зы хьэл-щэн къыхощ. А хьэл-щэным Хьисэ хуигъэушащ дэр щхьэкІэ и гъащІэр итыну. ИкІи ар щІылъэм щытетам щыгъуэ а хьэл-щэныр наІуэу къигъэлъэгъуащ. Ар сыт хуэдэ?

ХЬИСЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭ ХЭЛЪЩ

13. Иуан 15:9-мрэ 1 Иуан 4:8—10-мрэ Иеговэрэ Хьисэрэ лъагъуныгъэ къытхуаІэр дауэ къызэрыхэщыр икІи хэт ар зыхэзыщІэфынур?

13 Хьисэ и Адэм хуэдэу цІыхухэр фІыщэу зэрилъагъур игъэлъэгъуащ. (Къеджэ Иуан 15:9; 1 Иуан 4:8—10.) Абы и гъащІэр дэр щхьэкІэ хьэзыру итащ. А къурмэныпхъэм Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуаІэ лъагъуныгъэр къегъэлъагъуэ икІи ар уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэми «нэгъуэщІ мэлхэми» зыхащІэфынущ (Ин. 10:16; 1 Ин. 2:2). Абы нэмыщІ фегупсыс Пщыхьэщхьэшхэм къыщагъэсэбэп щІакхъуэмрэ шагъырымрэ. Абыхэм къагъэлъагъуэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр фІыуэ зэрилъагъур икІи абыхэм зэрыхуэсакъыр.

Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр бгъэлъэпІэну гугъуу щытакъым. Абы и фІыгъэкІэ япэ лІэщІыгъуэм щыщІэдзауэ нобэ къыздэсым Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр сыт хуэдэ Іуэхугъуэ имыхуами а Пщыхьэщхьэшхэр ягъэлъэпІэф. (14—16-нэ абзацхэм феплъ.) *

14. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр фІыуэ зэрилъагъур дауэ зэригъэлъэгъуар?

14 Пщыхьэщхьэшхэр зэрекІуэкІ щІыкІэм куэд пыщІауэ щымыту, бгъэхьэзырыну тынш щІакхъуэмрэ шагъырымрэ къагъэсэбэпыну Хьисэ унафэ зэрищІам къегъэлъагъуэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр фІыуэ зэрилъагъур. Абыхэм Пщыхьэщхьэшхэр илъэс къэс ягъэлъэпІэн хуейт сыт хуэдэ Іуэхугъуэ имыхуами, псалъэм папщІэ тутнакъым исми (Апок. 2:10). НтІэ, Хьисэ и унафэм тетыну абыхэм яхузэфІэкІа? ЯхузэфІэкІащ!

15, 16. Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм сыт хуэдэ Іуэхугъуэ имыхуами, Пщыхьэщхьэшхэр зэрагъэлъэпІар къыжыфІэж.

15 Япэ лІэщІыгъуэм щыщІэдзауэ нобэ къыздэсым Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр сыт къэмыхъуами Пщыхьэщхьэшхэр зэрагъэлъэпІэным иужь итщ. Іуэхугъуэ гугъу щихуам дежи, зэрахузэфІэкІкІэ ахэр а махуэр зэрыгъэлъэпІэн хуейм теухуауэ Хьисэ щапхъэ къахуигъэнам тетт. Щапхъэхэр зэпкърытхынщ. Харольд Кинг Китайм щагъэтІысауэ камерэм и закъуэу ист. Абы Пщыхьэщхьэшхэр игъэлъэпІэн щхьэкІэ хэкІыпІэ гуэр къигъуэтын хуейт. Абы иІэр къигъэсэбэпри, Пщыхьэщхьэшхэр игъэлъэпІэн щхьэкІэ зыхуейхэр гъэпщкІуауэ игъэхьэзыращ. ИкІи ар щыгъэлъэпІэн хуей махуэм зэрытехуэным иужь итащ. Зэманыр къэса иужь абы уэрэд жиІэщ, Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъазэри, Библием тегъэщІа псалъэ жиІащ.

16 Иджыри зы щапхъэ зэпкърытхынщ. ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэр щекІуэкІым концлагерым ис ди шыпхъухэм Пщыхьэщхьэшхэр ягъэлъэпІэну мурад ящІат, я гъащІэр яфІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыІэми. Ауэ Пщыхьэщхьэшхэр зэрекІуэкІ щІыкІэм куэд пыщІауэ зэрыщымытым и фІыгъэкІэ зыми къамыщІэу ар ягъэлъэпІэфащ. Абыхэм жаІэжащ: «ЩІакхъуэмрэ шагъырымрэ зытет, хъыдан хужь зытеубгъуа шэнт цІыкІум и хъуреягъкІэ дыкъеувэкІащ. Лампочкэр дгъаблэмэ дыкъалъэгъунути, свеча щІэдгъэнащ. [...] Дэ иджыри зэ ди гум къыбгъэдэкІыу ди Адэм псалъэ еттащ абы и цІэр дгъэлъэпІэн щхьэкІэ къарууэ диІэр етхьэлІэну». Сыту фІэщхъуныгъэшхуэ ягъэлъэгъуа абыхэм! Сыт хуэдэ Іуэхугъуэ гугъу димытми, Пщыхьэщхьэшхэр зэрыдгъэлъэпІэфым Хьисэ и лъагъуныгъэр къыхощ.

17. Сыт хуэдэ упщІэхэр зэттыж хъуну?

17 Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр къыщысым деж, мыпхуэдэ упщІэхэр зэттыж хъунущ: «Хьисэ щапхъэ тесхыу, нэгъуэщІхэм си лъагъуныгъэр дауэ нэхъыбэжу зарезгъэлъэгъуфынур? Си щхьэр нэхъапэу къэслъытэрэ, хьэмэрэ нэгъуэщІхэр зыхуэныкъуэм сегупсысрэ? Си къуэш, си шыпхъухэм яхузэфІэмыкІын яхуэзгъэуврэ, хьэмэрэ абыхэм я зэфІэкІым гъунэ зэриІэр къызгурыІуэрэ?» Сыт щыгъуи Хьисэ и щапхъэм дытету, «зыр зым хуэгумащІэу» дыщывгъэт (1 Пет. 3:8).

ХЬИСЭ И ІЭДЭБАГЪЫР, ЛІЫГЪЭР ИКІИ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ЗЫЩЫВМЫГЪЭГЪУПЩЭ

18, 19. 1) Сыт дэ шэч къызытедмыхьэр? 2) Сыт дэ иджыпсту тщІэн хуейр?

18 Куэд мыщІэу Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр дгъэлъэпІэн щыдгъэтынущ. Гузэвэгъуэшхуэм щыгъуэ Хьисэ къэкІуэнурэ, и пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъыну «езым къыхиха цІыху» къэнэжахэр зэхуишэсыжынущ. Абы иужь Пщыхьэщхьэшхэр дгъэлъэпІэжынукъым (Мт. 24:31; 1 Кор. 11:26).

19 Ауэ абы щыгъуи дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ Иеговэ и лэжьакІуэхэм гурыщІэ ІэфІхэр яІэу Пщыхьэщхьэшхэр ягу къызэрагъэкІыжынум — Хьисэ и Іэдэбагъыр, лІыгъэр икІи лъагъуныгъэр къэзыгъэлъагъуэ зэІущІэр. Пщыхьэщхьэшхэр зыгъэлъапІэу щыта Алыхьым и лэжьакІуэхэм а зэІущІэм теухуауэ нэгъуэщІхэм а зэманым жраІэжыну къыщІэкІынщ. Аращи, иджыпсту Хьисэ Іэдэбагъыр, лІыгъэр икІи лъагъуныгъэр зэригъэлъэгъуам щапхъэ тедвгъэх. Апхуэдэу тщІэмэ, шэч къытедмыхьэми хъунущ Иеговэ фІыгъуэхэр къызэрыдитынум (2 Пет. 1:10, 11).

13-НЭ УЭРЭДЫР Хьисэ щапхъэ тхуохъу

^ Куэд мыщІэу Хьисэ Мэссихь и Пщыхьэщхьэшхэм декІуэлІэнущ, абы и лІэныгъэр дигу къэдгъэкІыжын щхьэкІэ. Пщыхьэщхьэшхэр зэрыгъэлъэпІэн хуей щІыкІэм куэд пыщІауэ зэрыщымытым Хьисэ и Іэдэбагъыр, лІыгъэр икІи лъагъуныгъэр къегъэлъагъуэ. Мы статьям къыщытщІэнущ дэри апхуэдэ хьэл-щэн дахэхэр дапхуэдэу дгъэлъэгъуэфынуми.

^ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. ГъэлъэпІэн — мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэ гуэрым е цІыху гуэрым пщІэ зэрыхуэпщІыр, ар зэрыпщІэжыр къэбгъэлъэгъуэн щхьэкІэ зыгуэр щІэн.

^ СУРЭТХЭР. Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм Пщыхьэщхьэшхэр ягъэлъапІэ: япэ лІэщІыгъуэм, XIX лІэщІыгъуэм и кІэм, концлагерым, сыт щыгъуи хуабэу здэщыт Ипщэ Америкэм Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс блын зимыІэ Унэм.