Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

1 СТАТЬЯР

«Умыгузавэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уи Алыхьыр сэращ»

«Умыгузавэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уи Алыхьыр сэращ»

«Умышынэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ срыуигъусэщ. Умыгузавэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уи Алыхьыр сэращ. Сэ узгъэбыдэнущ, сыбдэІэпыкъунущ» (ИС. 41:10, ДЩІ, 2013, англ.).

7-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэщ къару къыдэзытыр

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР *

1, 2. 1) Исаия 41:10 дауэ ди шыпхъу Ёсико къызэрыдэІэпыкъуар? 2) А едзыгъуэр хэт зыхуэгъэзар?

 АЛЫХЬЫМ пэжу хуэлажьэ ди шыпхъу Ёсико дохутырым къыжриІащ абы мазэ зыбжанэ фІэкІа псэуну къызэрыхуэмынэжар. А хъыбар Іейр ди шыпхъум дауэ къызэрыщыхъуар? Абы занщІэу игу къэкІыжащ нэхъыфІ дыдэу илъагъу едзыгъуэр — Исаия 41:10 *. (Къеджэ.) Ёсико дохутырым жриІащ зэрымышынэр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ абы и Іэр иІыгъщ *. А едзыгъуэм ди шыпхъум гупсэхугъуэ къритащ икІи Иеговэ дзыхь хуищІыну ар къыдэІэпыкъуащ. А едзыгъуэ дыдэр дэри къыддэІэпыкъунущ гъэунэхуапІэ хьэлъэхэм дыщыпэщІэхуэм деж гузэгъэгъуэр тфІэмыкІуэдыну. Дауэ къызэрыддэІэпыкъунур? Ар къыдгурыІуэн щхьэкІэ, зэпкърытхынщ Иеговэ бегъымбар Ешайа а псалъэхэр щІригъэтхар.

2 Алыхьыр хуейт куэд мыщІэу Бабилэным гъэру яшэну журтхэм гупсэхугъуэ яритыну. Ауэ Исаия 41:10 ит псалъэхэр зыхуэгъэзар абыхэм я закъуэтэкъым, атІэ а псалъэхэр ди зэманым Алыхьым хуэлажьэхэми яхуэгъэзащ (Ис. 40:8; Рим 15:4). Дэ «зэман гугъухэм» дыщопсэу икІи псом хуэмыдэу нобэ гушхуэныгъэ дыхуэныкъуэщ. Апхуэдэ гушхуэныгъэр Исаия тхылъым къыщыдогъуэт (2 Тим. 3:1).

3. 1) 2019-нэ гъэм хухаха Исаия 41:10 ит псалъэхэм сыт хуэдэ гугъэ къыдатрэ? 2) А псалъэхэм сыт дэ дыщІыхуэныкъуэр?

3 Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Исаия 41:10 ит ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зыщІ Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ * псалъэхэр: 1) Иеговэ ди гъусэнущ; 2) ар ди Алыхьщ; 3) ар къыддэІэпыкъунущ. Гугъэ къыдэзыт а псалъэхэм дэ дыхуэныкъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Ёсико хуэдэу, дэри гъэунэхуапІэхэм дыпэщІохуэ. Абы нэмыщІ дунейм къыщыхъу Іуэхугъуэхэм къытхуахь гугъуехьхэм дыпэщІэтын хуей мэхъу. Языныкъуэхэри щыпсэу къэралым гугъу ирегъэхь. Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэр къыкІэлъыкІуэ абзацхэм щызэпкърытхынщ.

«СРЫУИГЪУСЭЩ»

4. 1) Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ сыт хуэдэ псалъэхэр япэщІыкІэ зэпкърытхыну? (Абы нэмыщІ сноскэм феплъ.) 2) Иеговэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр къытхуиІэ? 3) Алыхьыр къызэрыпхущытым сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыуитрэ?

4 Япэрауэ, Иеговэ дыкъегъэгугъэ: «Умышынэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ срыуигъусэщ» *. Иеговэ зэрыдигъусэр сыт къызыхэщыр? Ар гулъытэрэ лъагъуныгъэшхуэрэ хэлъу къытхущытщ. Исаия 43:4 итым хыдолъагъуэ Иеговэ гу щабагъ хэлъу къызэрытхущытыр. Алыхьым жеІэ: «Си дежкІэ уэ улъапІэщ, уэ пщІэ пхуэфащэщ, икІи сэ уэ фІыуэ узолъагъу». Иеговэ и лэжьакІуэхэр фІыуэ имылъагъужу зыщІын мы дунейм теткъым. Ар сыт щыгъуи къытхуэпэжынущ (Ис. 54:10). Алыхьым и ныбжьэгъуу дызэрыщытым икІи абы фІыуэ дыкъызэрилъагъум дэ лІыгъэ къытхелъхьэ. Иеговэ нобэ дыкъехъумэ, зэгуэр и ныбжьэгъу Ибрам (Ибрэхьим) къызэрихъумам хуэдэу. Иеговэ абы жриІащ: «Умышынэ, Ибрам; Сэ уэ СыуимэІухущ» (ЩІэдз. 15:1).

Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ псыежэх уэрымрэ мафІэ лыгъеймрэ хуэдэ гъэунэхуапІэхэм дыкъыхэкІыфынущ. (5, 6-нэ абзацхэм феплъ.) *

5, 6. 1) Ди гугъуехьхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ Иеговэ къыддэІэпыкъуну зэрыхуейр дэнэ дэ щытщІэр? 2) Ёсико и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

5 Дэ дощІэ ди гугъуехьхэм дыпэлъэщыну Иеговэ къыддэІэпыкъуну зэрыхуейр. Абы и лъэпкъыр къегъэгугъэ: «Псым ущызэпрыкІкІэ сэ срыуигъусэнущ, псыежэххэм ущызэпрыкІкІэ абыхэм ущІахъумэнукъым. МафІэм укІуэцІырыкІми абы уисынукъым икІи мафІэ бзийр къопхъуэнукъым» (Ис. 43:2). Сыт мы псалъэхэм къикІыр?

6 Ди гугъуехьхэр нобэ Іуихыпэну Иеговэ дыкъигъэгугъэкъым, ауэ абы хуит ищІынукъым абыхэм псыежэх уэрым хуэдэу дыщІахъумэну. МафІэ лыгъейм хуэдэ гъэунэхуапІэхэми сыт хуэдэ зэран къытхуамыхьами, Алыхьым псори зэригъэзэхуэжынущ. Апхуэдэ гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж, Иеговэ ди гъусэну дыкъегъэгугъэ. Ди гъащІэр тфІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыщыІэ къыщыхъум дежи, Алыхьыр къыддэІэпыкъунущ — езым пэжу дыкъыхуэнэн щхьэкІэ шынэм дытригъэкІуэнущ (Ис. 41:13). Ди шыпхъу Ёсико ар игъэунэхуащ. Абы и пхъум жеІэж: «Ди дежкІэ гъэщІэгъуэнт мамэ зэрымыгузавэр. НаІуэт Иеговэ абы и гум мамырыгъэ къызэрырилъхьар. Мамэ псэуху сымаджэщым щылажьэхэмрэ и гъусэу щІэлъхэмрэ Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэмкІэ ядэгуэшащ». Ёсико и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Иеговэ зэрыдигъусэр быдэу ди фІэщ хъумэ, дэ лІыгъэ тхэлъу сыт хуэдэ гугъуехьми дыпэлъэщынущ.

«УИ АЛЫХЬЫР СЭРАЩ»

7, 8. 1) Иеговэ сыткІэ иджыри дыкъигъэгугъэрэ икІи сыт абы и псалъэхэм къикІыр? 2) Иеговэ журтхэм сыт щІажриІар ахэр мыгузэвэну? 3) Исаия 46:3, 4 итым щыщу сыт хуэдэ псалъэхэра Алыхьым и лъэпкъым къару къыхэзылъхьар?

7 ЕтІуанэрауэ, Иеговэ дыкъегъэгугъэ: «Умыгузавэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уи Алыхьыр сэращ». Умыгузэвэным сыт къикІыр? Гузэвэгъуэ гуэр къысщымыщІыну пІэрэ жыпІэу щтэІэщтаблэу узэмыплъэкІын е шынагъэ гуэр упэщІэхуа иужь угужьеяуэ уи хъуреягъыр къыумыплъыхьын жиІэу аращ.

8 Бабилэным гъэру илъэс 70-кІэ щыІэну журтхэм Иеговэ яжриІат ахэр мыгузэвэну. Сыт щхьэкІэ? Абы ищІэт а къалэм щыпсэухэр зэрышынэнур. Сытыт ахэр зыгъэшынэнур? Илъэс 70 дэкІа нэужь Бабилэныр Мидо-Персием къизэунут. Апхуэдэу Иеговэ и лъэпкъыр гъэрым къришыжыну и мурадт. (Ис. 41:2—4). Бабилэн цІыхухэмрэ нэгъуэщІ лъэпкъым щыщу а къалэм дэс цІыхухэмрэ бийр къызэрыблагъэр къащыгурыІуам щыгъуэ, зыр зым игъэгушхуэну хэтт, мыпхуэдэу жаІэурэ: «Зыгъэбыдэ!» Абы нэмыщІ цІыхухэм тхьэ нэпцІ нэхъыбэ ящІу щІадзащ, абыхэм къахъумэну щыгугъыу (Ис. 41:5—7). А зэманым Бабилэным гъэру щыІэ журтхэм я гум мамырыгъэ илът. Абыхэм ящІэжт Иеговэ и псалъэхэр: «Уэ Израил, [адрей лъэпкъхэм елъытауэ] — уэращ си лэжьакІуэр... [...] Умыгузавэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уи Алыхьыр сэращ» (Ис. 41:8—10). «Уи Алыхьыр сэращ» щыжиІэм Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм ягу къигъэкІыжащ ахэр зэрыщымыгъупщар. Япэми хуэдэу, Иеговэ абыхэм я Алыхьт, ахэри абы и лъэпкът. Иеговэ абыхэм яжриІащ: «ФыкъесхьэкІынущ... икІи фыкъезгъэлынущ». А псалъэхэм Бабилэным гъэру щыІэ журтхэм, дауикІ, къару къахилъхьащ. (Ис. 46:3; къеджэ Исаия 46:4 *.)

9, 10. Сыт дэ дышынэн щІыхуэмейр? Щапхъэ къэфхь.

9 Нобэ дунейм къыщекІуэкІ къэхъукъащІэхэм егъэлеяуэ цІыхухэр егъэгузавэ. ДауикІ, дэри гугъуехьхэм дыІуощІэ. Ауэ дэ дыщІэшынэн щыІэкъым. Иеговэ къыджеІэ: «Уи Алыхьыр сэращ». Мы псалъэхэм гупсэхугъуэ къыщІыдатыр сыт?

10 Зы щапхъэ къэтхьынщ. Аслъэнрэ Муратрэ зэрыс кхъухьлъатэр зэридзэу щІедзэ. Динамикым къиІукІ макъым жеІэ: «БгырыпхымкІэ зыкІэрыфпхэну сыныволъэІу. Ди кхъухьлъатэр мащІэу зэридзэнущ». Аслъэн гузавэу щІедзэ. Аргуэру динамикым макъ къоІукІ: «Къывэпсалъэр экипажым и нэхъыжьыращ. Псори тэмэмщ. Фымыгужьеину сыныволъэІу». — «ЖыпІэну тыншщ!» — педзыж абы Аслъэн. Мурат зэрымыгузавэм Аслъэн гу лъетэри йоупщІ: «Сыт, уэ умышынэу ара?» Мурат къыпыгуфІыкІыу абы жэуап ирет: «Сышынэкъым. Экипажым и нэхъыжьыр си адэщ. Абы теухуауэ тІэкІу бжесІэжынщ. Ар зэрыкхъухьлъатэзехуэ Іэзэр къэпщІа иужь, уэри угузэвэнукъым».

11. Зэпкърытха щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

11 Мы щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Мурат хуэдэу, дэри шынэр зытедгъакІуэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди Адэ Иеговэ фІыуэ доцІыху. Ди гугъуехьхэм дыпэлъэщыну Иеговэ къызэрыддэІэпыкъунур быдэу ди фІэщ мэхъу (Ис. 35:4). Алыхьыр зымыцІыхухэр шынэм зэщІиубыдауэ мэпсэу, ауэ дэ Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІым гупсэхугъуэ къыдет (Ис. 30:15). Дэ Мурат сыткІэ иджыри дрещхь? ЦІыхухэм Алыхьым дзыхь щІыхуащІ хъунур дэ къагурыдогъаІуэ. Дэтхэнэ зы гузэвэгъуэми Иеговэ къазэрыдэІэпыкъунур ягъэунэхуну абыхэм Іэмал ягъуэт.

«СЭ УЗГЪЭБЫДЭНУЩ, СЫБДЭІЭПЫКЪУНУЩ»

12. 1) Алыхьым сыткІэ иджыри дыкъигъэгугъэрэ? 2) Иеговэ «и Іэр тепщэнущ» жыхуиІэ псалъэхэм сыт къыдгурагъаІуэр?

12 Ещанэрауэ, Иеговэ дыкъегъэгугъэ: «Сэ узгъэбыдэнущ, сыбдэІэпыкъунущ». Мы псалъэхэр итхын ипэ бегъымбар Ешайа Алыхьым и лъэпкъыр зэригъэбыдэным теухуауэ мыпхуэдэу итхащ: «Иеговэ къару бгъэдэлъу къэкІуэнущ, икІи и Іэр тепщэнущ езыр зэрыхуейм хуэдэу» (Ис. 40:10). Библием къарум и гугъу щищІым деж, «Іэ» псалъэр къыщихь къохъу. Аращи, «и Іэр тепщэнущ» жыхуиІэ псалъэхэм къыдгурагъаІуэ Иеговэ лъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Пащтыхьу зэрыщытыр. Алыхьым и къарум гъунэ иІэкъым икІи а къарур къигъэсэбэпурэ япэм псэуа и лэжьакІуэхэм ар ядэІэпыкъут. Ноби дзыхь хуэзыщІ и лэжьакІуэхэр Иеговэ къехъумэ икІи абыхэм къару ярет (Втор. 1:30, 31; Ис. 43:10).

Ди бийхэм ящІа зы Іэщэми ехъулІэныгъэ иІэнукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ Иеговэ и Іэ лъэщым дыкъехъумэ. (12—16-нэ абзацхэм феплъ.) *

13. 1) Псом хуэмыдэу дапщэщ Иеговэ къару къыщыдитыр? 2) Иеговэ и сыт хуэдэ псалъэхэра къару къыдэзытыр икІи ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зыщІыр?

13 Иеговэ псом хуэмыдэу къару къыщыдитыр дэ гугъуехьхэр щыдагъэшэчым дежщ. Языныкъуэ къэралхэм ди жагъуэгъухэм сытри ящІэну хьэзырщ хъыбарыфІ гъэІуныр къагъэувыІэн е ди организацэр зэхуащІын щхьэкІэ. Ауэ дэ шынэм дызэщІиубыдауэ дыщыткъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ езы Иеговэ къыджеІэ: «Уэ къыппэщІэувэн щхьэкІэ ящІа зы Іэщэми ехъулІэныгъэ иІэнукъым» (Ис. 54:17). Мы псалъэхэм дэ къару къыдат икІи ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІ. Абыхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысищ къыхыдох.

14. Алыхьым и бийхэр къызэрытпэщІэувэр сыт щІэдмыгъэщІагъуэр?

14 Япэ гупсысэр: Хьисэ и лъэужь дызэрырикІуэм къыхэкІыу цІыхухэм дыкъалъагъу мыхъуу зэрыщытынур дэ къыдгуроІуэ (Мт. 10:22). Хьисэ жиІауэ щытащ абы и лъэужь ирикІуэхэр иужьрей махуэхэм гущІэгъуншэу къызэрырахуэкІынур (Мт. 24:9; Ин. 15:20). ЕтІуанэ гупсысэр: Ешайа зэрыжиІамкІэ, ди бийхэм дыкъалъагъу зэрымыхъум нэмыщІ, дэ къытпэщІэувэн щхьэкІэ «Іэщэ» зэмылІэужьыгъуэхэр къагъэсэбэпынущ. Псалъэм папщІэ, абыхэм пцІы къыттралъхьэ, ди цІэр ягъэулъий икІи губжьауэ гугъуехь дагъэшэч (Мт. 5:11). Дэ къытпэщІэувэн щхьэкІэ апхуэдэ «Іэщэ» къагъэсэбэпыну Иеговэ ди бийхэм япиубыдынукъым (Еф. 6:12; Апок. 12:17). Ауэ дэ абы дигъэшынэн хуейкъым. Сыт щхьэкІэ?

15, 16. 1) Сыт хуэдэ гупсысэ дэ иджыри зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр икІи сыт абы теухуауэ Исаия 25:4, 5 итыр? 2) Исаия 41:11, 12 зэритымкІэ, ди бийхэм сыт къапэщылъыр?

15 Ещанэ гупсысэр: Иеговэ зэрыжиІэмкІэ, дэ къытпэщІэтын щхьэкІэ ди бийхэм къагъэсэбэп «зы Іэщэми ехъулІэныгъэ иІэнукъым». Иеговэ ди жагъуэгъухэм дащехъумэ. Ар ебгъэщхь хъунущ уэшхышхуэм дыщызыхъумэ жьауэм (Ис. 25:4, 5). Иеговэ хузэмыгъэзэхуэжын ди бийхэм къыдащІэфынукъым (Ис. 65:17).

16 Дауэ Иеговэ иджыри ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрищІыр? Дэ «къытхуэгубжь псоми» къапэщылъыр къыджеІэ. (Къеджэ Исаия 41:11, 12 *.) Ди бийхэм сыт хуэдиз къару ирамыхьэлІами, ахэр дэ къыттекІуэфынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым и лъэпкъым пэщІэт псори «щыІэжынукъым икІи кІуэдыжынущ».

ИЕГОВЭ НЭХЪЫБЭУ ДЗЫХЬ ХУЭТЩІУ ЗЫДОГЪАСЭ

Иеговэ теухуауэ Библием итым зэпымыууэ деджэмэ, Иеговэ нэхъыбэу дзыхь хуэтщІу дохъу. (17, 18-нэ абзацхэм феплъ.) *

17, 18. 1) Библием дызэреджэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур Алыхьым дзыхь хуэтщІыну? Щапхъэ къэфхь. 2) 2019-нэ гъэм хухаха едзыгъуэм куууэ дызэрегупсысым сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьынур?

17 Иеговэ нэхъыбэу дзыхь хуэтщІын щхьэкІэ, дэ ар нэхъыфІу къэтцІыхун хуейщ. Аращ Библием деджэным икІи дызэджам куууэ дегупсысыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр. Библиер топсэлъыхьыж Иеговэ и лъэпкъыр япэм къызэрихъумэу щытам. Абы быдэу ди фІэщ ещІ Алыхьым дэри дыкъызэрихъумэнур.

18 Иеговэ дыкъызэрихъумэр дигъэлъэгъун щхьэкІэ, Ешайа щапхъэ дахэ къехь. Абы Иеговэ мэлыхъуэм ирегъэщхь, Иеговэ и лэжьакІуэхэр — щынэхэм. Иеговэ теухуауэ бегъымбарым жеІэ: «Абы езым щынэхэр зэхуишэсыжынущ икІи и гуфІакІэм дэсу ахэр кърихьэкІынущ» (Ис. 40:11). Иеговэ и Іэ лъэщхэмкІэ быдэу ІэплІэ къызэрытхуищІым теухуауэ дыщеджэм деж, дэ зыми дыщышынэкъым. ЗэхэщІыкІ зиІэ унэІутыр хуейщ гугъуехь диІэхэм емылъытауэ, гупсэхугъуэр тфІэмыкІуэдыну. Аращ 2019-нэ гъэм Исаия 41:10 ит псалъэхэр щІыхухахар: «Умыгузавэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уи Алыхьыр сэращ» (ДЩІ, 2013, англ.). Мы псалъэхэм куууэ егупсыс. Абыхэм уэ гупсэхугъуэ къыуатынущ икІи гъэунэхуапІэ ущихуэм деж, къару къыпхалъхьэнущ.

38-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къару къыпхилъхьэнущ

^ 2019-нэ гъэм хухаха пычыгъуэм чэнджэщищ хэтщ. Ахэр къыддэІэпыкъунущ мы дунейм къыщыхъу Іуэхугъуэ шынагъуэхэмрэ дэ езыр дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэмрэ щхьэкІэ егъэлеяуэ дымыгузэвэну. А чэнджэщхэм дытепсэлъыхьынщ икІи дегупсысынщ егъэлеяуэ дымыгузавэу, Иеговэ нэхъыбэу дзыхь зэрыхуэтщІ хъунум. 2019-нэ гъэм хухаха пычыгъуэм егупсыс икІи ар уигу иубыдэ. А пычыгъуэр уэ къыбдэІэпыкъунущ къыппэщылъ гугъуехьхэм упэлъэщыну.

^ Исаия 41:10: «Умышынэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ срыуигъусэщ. Умыгузавэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уи Алыхьыр сэращ. Сэ узгъэбыдэнущ, сыбдэІэпыкъунущ».

^ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Къэгъэгугъэн жиІэмэ, узэмыпцІыжын псалъэ быдэ етын жиІэу аращ къикІыр. Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэр къыддоІэпыкъу ди гугъуехьхэм щхьэкІэ егъэлеяуэ дымыгузэвэну.

^ Исаия 41:10, 13, 14 едзыгъуэхэм «умышынэ» псалъэм щэнейрэ ущрохьэлІэ. Абы нэмыщІ «сэ» псалъэр мызэ-мытІэу а едзыгъуэхэм хэтщ. Зи гугъу ищІыр Иеговэщ. АбыкІэ Иеговэ мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэ къыхигъэщыну хуейщ: дэ абы дзыхь щыхуэтщІым дежщ ди шынэм дыщытекІуэнур.

^ Исаия 46:4: «Фи ныбжьыр хэкІуэтэху сэ зысхъуэжкъым, фи щхьэцри тхъуху сэ щІэгъэкъуэн сыфхуэхъунущ. Сэ Іуэху злэжьынущ, фыкъесхьэкІынущ, сывдэІэпыкъунущ икІи фыкъезгъэлынущ».

^ Исаия 41:11, 12: «Уэ къыпхуэгубжь псоми я напэр текІынущ икІи пудыгъэ къалъысынущ. Уэ къыпфІэна цІыхухэр щыІэжынукъым икІи кІуэдыжынущ. Уэ къобийхэр къэплъыхъуэнущ, ауэ бгъуэтыжынукъым. Уэ къозауэхэр щыІэжынукъым, зэи щымыІам хуэдэу».

^ СУРЭТЫР. Зы унагъуэм щыщхэр гъэунэхуапІэхэм пэщІохуэ: лэжьапІэм, сымаджэщым, хъыбарыфІыр щагъэІукІэ, школым.

^ СУРЭТЫР. Иеговэ и Щыхьэтхэм зэІущІэ щрагъэкІуэкІ унэм полицэр щІолъадэ, ауэ ди къуэш, ди шыпхъухэр гужьейкъым.

^ СУРЭТЫР. Унагъуэм исхэм зэпымыууэ зэгъусэу Библиер яджмэ, теубыдагъэр яхъумэфынущ.