18 СТАТЬЯР
Зым зыр зэІущІэхэм щывгъэгушхуэ
«Ди гум фІылъагъуныгъэ илъыну, фІы щІэнми дыхэтыну дызэрыгъэгушхуэурэ дызэкІэлъывгъэплъыж» (ЕВР. 10:24, 25).
88-НЭ УЭРЭДЫР Уи гъуэгухэр къысхузэІух
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a
1. Ди Іэр тІэту зэІущІэм жэуап щІэттыр сыт?
ЗЭІУЩІЭХЭМ дыщІэкІуэр сыт? Щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр — Иеговэ щытхъу къыхуэтхьыну дызэрыхуейращ (Пс. 26:12; 111:1). Абы нэмыщІ дэ ди мурадщ ди къуэш, ди шыпхъухэр мы зэман гугъум дгъэгушхуэну (1 Фес. 5:11). Ди Іэр тІэту зэІущІэм жэуап щыттым деж, а мурадитІри къыдэхъулІэу жыпІэ хъунущ.
2. Ди зэІущІэхэм жэуап щыттыну сыт хуэдэ Іэмалхэр диІэ?
2 Тхьэмахуэ къэс екІуэкІ зэІущІэхэм дэ Іэмал къыдат жэуап ттыну. Псалъэм папщІэ, тхьэмахуэм и кІэм «ХъумакІуэ чэщанэм» ит статьяр зэпкърыдох. Тхьэмахуэм къриубыдэу екІуэкІ адрей зэІущІэм «Тхыгъэм ит налкъутхэр», «Библиер зэхуэсым щыджын», нэгъуэщІ Іыхьэхэми апхуэдэ Іэмал къыдат.
3. Сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэхуэфыну икІи Еврейхэм 10:24, 25 ит псалъэхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъуфынур?
3 Дэ псори дыхуейщ Иеговэ дгъэлъэпІэну, къуэш, шыпхъухэри дгъэгушхуэну. Ауэ зэІущІэм жэуап щызытыну хуейхэр мыпхуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэнкІэ хъунущ: хэти жэуап итыну мэшынэ, хэти зэзэмызэ фІэкІ къыщемыупщІым деж и жагъуэ мэхъу. НтІэ, абы хэкІыпІэ гуэр иІэу пІэрэ? Апостол Паул Еврейхэм яхуитха письмом Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр хуигъэушащ зым зыр игъэгушхуэну. (Къеджэ Еврейхэм 10:24, 25.) Ди фІэщхъуныгъэр къызыхэщ псалъэуха кІэщІхэми ди къуэш, ди шыпхъухэр зэрагъэгушхуэфынур зыщыдмыгъэгъупщэмэ, ди Іэр къэтІэтыну нэхъ дытегушхуэнущ. Дызэрыхуейм хуэдизрэ къыдэмыупщІмэ, адрейхэм жэуап ятыну Іэмал зэраІэм щхьэкІэ дыгуфІэ хъунущ (1 Пет. 3:8).
4. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
4 Мы статьям япэщІыкІэ щызэпкърытхынущ цІыху куэд зыхэмыт зэхуэсым зым зыр дауэ игъэгушхуэфынуми. ИтІанэ дэ дытепсэлъыхьынущ цІыху куэд зыхэт зэхуэсым, зым зыр игъэгушхуэн щхьэкІэ сыт ищІэ хъунуми. Апхуэдэ зэхуэсышхуэхэм жэуап зытыну хуейхэр куэд хъу хабзэщ. ИкІэм деж, купщІэ зыхэлъ жэуапхэр дауэ дгъэхьэзыр хъунуми къэтщІэнущ. Апхуэдэ жэуапхэм ди къуэш, ди шыпхъухэр пэж дыдэу ягъэгушхуэнущ.
ЦІЫХУ КУЭД ЗЫХЭМЫТ ЗЭХУЭСЫМ ЗЫМ ЗЫР ВГЪЭГУШХУЭ
5. ЗэІущІэм цІыху мащІэ фІэкІа щІэмысми, сыт тщІэ хъунур, псори дгъэгушхуэн щхьэкІэ?
5 Зэхуэсым цІыху куэд хэмытмэ е узыхэтыр гуп цІыкІуу щытмэ, жэуап зытыну хуейхэр мащІэщи, зэІущІэр езыгъэкІуэкІыр зыгуэрым и Іэр къиІэтыным пэплъэн хуей мэхъу. Абы къыхэкІкІэ зэІущІэр зэпышаурэ екІуэкІыу къыпщохъу икІи абы уигъэгушхуэкъым. Сыт-тІэ пщІэ хъунур? ЗэрыхъукІэ щІэх-щІэхыурэ уи Іэр Іэт. Абы адрейхэри хуигъэушыфынущ нэхъ жыджэру зэІущІэм хэтыну.
6, 7. Жэуап щыпткІэ нэхъ мащІэу угузэвэну сыт къыбдэІэпыкъунур?
6 Уи Іэр къызэрыпІэтыным узэрегупсыс къудейм уигъэгузавэмэ, сыт пщІэ хъунур? Уи гузавэр нэхъ мащІэ зыщІын чэнджэщхэр къэплъыхъуэ хъунущ. Ахэр къэбгъэсэбэпмэ, къуэш, шыпхъухэр зыгъэгушхуэн жэуапхэр зэІущІэхэм щыптыфынущ. Дэнэ апхуэдэ чэнджэщхэр къыздипх хъунур?
7 «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит чэнджэщхэм зыхуэбгъазэ хъунущ b. Псалъэм папщІэ, фІыуэ зыгъэхьэзыр (Прит. 21:5). ЗэІущІэм щыддж материалым фІыуэ ущыгъуазэмэ, уи Іэр пІэтыну нэхъ утегушхуэнущ. Абы нэмыщІ уи жэуапхэр кІэщІу щрет (Прит. 15:23; 17:27). Уи жэуапыр кІэщІмэ, нэхъ мащІэуи угузэвэнущ. Зы псалъэуха е псалъэухаитІ хъу жэуап кІэщІыр къуэш, шыпхъухэм къагурыІуэну нэхъ тыншщ, гупсысэ куэд зыхэт жэуап кІыхьым нэхърэ. Итым укъемыджэу уи псалъэкІэ жыпІэ жэуап кІэщІым къигъэлъэгъуэнущ уэ фІыуэ зэрызыбгъэхьэзырар икІи материалыр фІы дыдэу къызэрыбгурыІуар.
8. ЗэІущІэхэм жэуап щыттын щхьэкІэ, етхьэлІэ къарум дапхуэдэу Иеговэ зэрыхущытыр?
8 Зи гугъу тщІа чэнджэщхэр къэбгъэсэбэпауэ жытІэнщ. Ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, угузавэмэ икІи жэуап зэрэ-тІэурэ фІэкІ птыну пхузэфІэмыкІмэ-щэ? Уи гум къыбгъэдэкІыу а Іуэхум узэрегугъуар Иеговэ лъапІэу зэрилъытэм шэч къытомыхьэ (Лк. 21:1—4). ПхузэфІэкІыным нэхърэ нэхъыбэ пщІэну ар къолъэІукъым (Флп. 4:5). Дапхуэдиз пхузэфІэкІынуми зэхэбгъэкІа иужь, узылъэІэсын мурад гъэуви, умыгузэвэну къыбдэІэпыкъуну Иеговэ елъэІу. ЯпэщІыкІэ мурад бгъэув хъунущ зы жэуап кІэщІ закъуэ птыну.
ЦІЫХУ КУЭД ЗЫХЭТ ЗЭХУЭСЫМ ЗЫМ ЗЫР ВГЪЭГУШХУЭ
9. ЦІыху куэд зыхэт зэхуэсым сыт хуэдэ гугъуехь щыІэфынур?
9 ЦІыху куэд зыхэт зэхуэсым нэгъуэщІ гугъуехь щыІэфынущ. Зи Іэр къэзыІэтахэр куэд хъумэ, уэ гу къыплъамытэнкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, ди шыпхъу Даниэ́ллэ c ди зэІущІэхэм жэуап щитыну хуабжьу игу ирохь. Ар Алыхьым зэрыхуэлажьэм щыщ Іыхьэу абы елъытэ. Жэуап зэритыр адрейхэр зэригъэгушхуэфын икІи езым и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрищІыфын Іэмалу ди шыпхъум ебж. Ауэ Даниэллэ зэхуэсышхуэм щыІэпхъуам щыгъуэ, абы зэзэмызэ фІэкІ къемыупщІу хъуащ, зэи къыщемыупщІыххи къэхъут. Ар къыддогуашэ: «КъызэрызэмыупщІыр Іейуэ си жагъуэ хъут. ПщІэ зыпылъ къалэн къыстрахыжа хуэдэу къысщыхъут. Куэдрэ къызэмыупщІмэ, зэІущІэр езыгъэкІуэкІыр къызэупщІыну хуэмейуэ къысфІэщІт».
10. ЗэІущІэхэм къыщыдэупщІын щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунур?
10 Даниэллэ и гурыщІэхэм хуэдэ уэри уиІэ? УиІэмэ, «си Іэр афІэкІа къэсІэтынукъым, седаІуэу сыщысынщи зэфІэкІащ» жыпІэу уегупсысынкІэ хъунущ. Ауэ, жэуап зэрыптын Іэмал къэплъыхъуэмэ, нэхъыфІщ. Дауэ? Псалъэм папщІэ, зэІущІэ къэс жэуап зыбжанэ гъэхьэзыр. Абы щыгъуэ зэІущІэм и пэм деж къомыупщІмэ, иужькІэ къоупщІынкІэ хъунущ. «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит статьям зыщыхуэбгъэхьэзыркІэ, абзац къэс темэм зэрепхам егупсыс. Абы и фІыгъэкІэ зэІущІэр щекІуэкІкІэ жыпІэн куэду уиІэнущ. Абы нэмыщІ гупсысэ куухэм тепсэлъыхь абзацхэм жэуап хуэбгъэхьэзыр хъунущ (1 Кор. 2:10). Апхуэдэ абзацхэр зэпкърыпхыну нэхъ гугъущи, жэуап зытыну хуейхэр нэхъ мащІэу щытыфынущ. Мы чэнджэщхэм узэрытетым емылъытауэ, зэІущІэ зыбжанэ хъуауэ къомыупщІмэ-щэ? Абы щыгъуэ къыкІэлъыкІуэ зэІущІэм ипэ къихуэу статьяр езыгъэкІуэкІынум бгъэдыхьи, сыт хуэдэ абзацым и упщІэм уэ жэуап ептыну ухуейми жеІэ.
11. Филиппи 2:4 ит псалъэхэм сытым дыхуагъэушрэ?
11 Къеджэ Филиппи 2:4. Апостол Паул дыхуегъэуш адрейхэм яфІ къэтлъыхъуэну. Дауэ абы и чэнджэщыр ди зэІущІэхэм къызэрыщыдгъэсэбэп хъунур? Ди къуэш, ди шыпхъухэми жэуап ятыну зэрыхуейр зыщыдмыгъэгъупщэмэ, Паул и чэнджэщыр къэдгъэсэбэпу жыпІэ хъунущ.
12. Дауэ адрейхэр зэІущІэхэм зэрыщыдгъэгушхуэфынур? (Сурэтым феплъ.)
12 Мыпхуэдэ щапхъэ къэпхь хъунущ. Уи ныбжьэгъухэмрэ уэрэ фыщызэдэуэршэрым деж, уэ сыт щыгъуи упсалъэкъым, пэжкъэ? Абыхэми зыгуэр жаІэну Іэмал ибот. Абы ещхьу, дэ дыхуейщ ди зэІущІэхэм зэрыхъукІэ цІыху нэхъыбэ къыщыпсэлъэну. Я фІэщхъуныгъэр къызыхэщ жэуапхэр ятыну адрейхэм Іэмал еттмэ, дэ ахэр дгъэгушхуэу жыпІэ хъунущ (1 Кор. 10:24). Абы теухуауэ чэнджэщ зыбжанэ зэпкърытхынщ.
13. Сыт дэ тщІэ хъунур, зэрыхъукІэ къуэш, шыпхъу нэхъыбэм жэуап ятыну Іэмал яІэн щхьэкІэ?
13 Уи жэуапхэр кІэщІу щрет, адрей къуэш, шыпхъухэми жэуап ятыну Іэмал яІэн щхьэкІэ. АбыкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ куэд щІауэ Алыхьым хуэлажьэхэмрэ щапхъэфІ ягъэлъагъуэ хъунущ. Уи жэуапыр кІэщІми, гупсысэ куэд зэуэ зэрыжомыІэным иужь ит. Абзацыр зэрыщыту жыпІэжмэ, адрейхэм щІагъужын къахуэнэнукъым. Псалъэм папщІэ, мы абзацым чэнджэщитІ хэтщ: уи жэуапхэр кІэщІу щрет икІи гупсысэ куэд зэуэ зэрыжомыІэным иужь ит. Уэ япэу къоупщІмэ, чэнджэщитІри зэуэ жомыІэу, зыр жыпІэу адрейр зыгуэрым къыхуэбгъанэ мыхъуну пІэрэ?
14. Зы зэІущІэм къриубыдэу уи Іэр дапщэрэ пІэтынуми унафэ щыпщІым деж, сыт зыщыбгъэгъупщэн хуэмейр? (Сурэтым феплъ.)
14 Зы зэІущІэм къриубыдэу уи Іэр дапщэрэ пІэтынуми унафэ щыпщІым деж, зэхэщІыкІ пхэмылъу хъунукъым. Уи Іэр йомыхьэхыу ущысмэ, зэІущІэр езыгъэкІуэкІым къыщыхъункІэ хъунущ сыт щыгъуи къоупщІын хуейуэ. Абы нэгъуэщІхэм я Іэр къаІэтыну гукъыдэж ямыІэжу ищІыфынущ (Эккл. 3:7).
15. 1) ЗэІущІэм къыщыдэмыупщІамэ, дапхуэдэу абы дызэрыхущытын хуейр? 2) ЗэІущІэр езыгъэкІуэкІ къуэшым дауэ псоми гулъытэ зэрыхуищІ хъунур? (« ЗэІущІэр езыгъэкІуэкІ къуэшым папщІэ чэнджэщхэр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
15 Зи Іэ къэзыІэтхэр куэд хъумэ, дэ дызэрыхуейм хуэдэу щІэх-щІэхыурэ къыдэмыупщІынкІэ хъунущ. Уеблэмэ, зэ закъуи жэуап ттыну Іэмал димыІэнкІэ хъунущ. Абы уигъэнэщхъеифынущ, ауэ, апхуэдэу къыщыхъум деж, ар ди гум едгъэжэлІэнкъым икІи ди жагъуэ тщІынкъым (Эккл. 7:9).
16. Жэуап зытхэр дауэ зэрыдгъэгушхуэфынур?
16 Уэ узэрыхуейм хуэдэу щІэх-щІэхыурэ къомыупщІмэ, сыт пщІэ хъунур? Жэуап зытхэм фІыуэ едаІуэ икІи зэІущІэ нэужьым абыхэм ящытхъу. Уи жэуапхэм нэгъуэщІхэр зэрагъэгушхуэм хуэдэу, уи щытхъу псалъэхэми къуэш, шыпхъухэр ягъэгушхуэфынущ (Прит. 10:21). Къуэш, шыпхъухэм дазэрыщытхъури ахэр зэрыдгъэгушхуэфыну ІэмалыфІ дыдэхэм щыщщ.
АДРЕЙХЭР ЗЭРЫДГЪЭГУШХУЭ ХЪУНУ СЫТ ХУЭДЭ ІЭМАЛХЭР ИДЖЫРИ ЩЫІЭ?
17. 1) Дауэ адэ-анэхэр я сабийхэм жэуап ягъэхьэзырыну зэрыдэІэпыкъуфынур? 2) Сыт хуэдэ лъэбакъуиплІ къыбдэІэпыкъуну жэуап бгъэхьэзырыну? (Сноскэм феплъ.)
17 Дауэ иджыри зым зыр зэригъэгушхуэфынур? Сабий фиІэмэ, и ныбжьым елъытауэ жэуап игъэхьэзырыну фыдэІэпыкъу (Мт. 21:16). Иныкъуэхэм деж зэІущІэм темэ гугъухэр щызэпкърыдох, псалъэм папщІэ, унагъуэм илъ гугъуехьхэмрэ Алыхьым и пащхьэм къабзагъэр зэрыщытхъумэн хуеймрэ теухуа упщІэхэр. Ауэ апхуэдэ статьяхэми абзац зы-тІу нэхъ тыншу хэтщ. Сабийм абыхэм я жэуап игъэхьэзыр хъунущ. Абы нэмыщІ уи сабийм къыгурыгъаІуэ и Іэр иІэтыху къызэремыупщІынкІэ хъунур. Ар къызыгурыІуэ сабийм и жагъуэ хъунукъым, езым къемыупщІу нэгъуэщІ зыгуэрым еупщІмэ (1 Тим. 6:18) d.
18. Ди жэуапыр щыжытІэкІэ гулъытэ лей зыхуедмыгъэщІыну сыт къыддэІэпыкъунур? (Притчи 27:2, Гъэс.).
18 Иеговэ зыгъэлъэпІэн икІи ди къуэш, ди шыпхъухэр зыгъэгушхуэн жэуапхэр дэтхэнэ зыми игъэхьэзырыну хузэфІэкІынущ (Прит. 25:11). Зэзэмызэ ди щхьэм теухуауэ зыгуэри жытІэ хъунущ, ауэ, апхуэдэхэм деж, куэдыІуэ жыдмыІэмэ, нэхъыфІщ. (Къеджэ Притчи 27:2, Гъэсэпэтхыдэхэр; 2 Кор. 10:18). Ди жэуапхэр нэхъыбэу Иеговэ, абы нэмыщІ и Псалъэмрэ и лъэпкъымрэ теухуауэ щытмэ, куэдкІэ нэхъыфІщ (Апок. 4:11). Ди гурыщІэхэмкІэ адрейхэм дадэгуэшэну абзацым и упщІэм итмэ, дауикІ, ди гурыщІэхэр жытІэ хъунущ. Апхуэдэ зы щапхъэ къыкІэлъыкІуэ абзацым итщ.
19. 1) Сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыпэкІуэнур, зэІущІэхэм къэкІуахэм яфІ къэтлъыхъуэмэ? (Рим 1:11, 12). 2) ЗэІущІэхэм жэуап щыптыну уигу щІрихьыр сыт?
19 Жэуап зэрыттын хуейм теухуауэ унафэ пыухыкІахэр щымыІэми, ди жэуапхэмкІэ псори зэрыдгъэгушхуэным дыхущІэкъу хъунущ. Дапхуэдэу? Иныкъуэхэм деж ди Іэр нэхъ щІэх-щІэхыурэ тІэтмэ, нэхъыфІщ. Ауэ, нэгъуэщІхэм деж, зэзэмызэ фІэкІ къызэрыдэмыупщІымкІэ дыарэзыуэ икІи адрейхэми жэуап ятыну Іэмал зэраІэм дыщыгуфІыкІыу зедгъэсэн хуейщ. ЗэІущІэм ди къуэш, ди шыпхъухэм яфІ къэтлъыхъуэмэ, «зы фІэщхъуныгъэу диІэмкІэ» дызэрыгъэгушхуэнущ. (Къеджэ Рим 1:11, 12.)
93-НЭ УЭРЭДЫР Ди зэІущІэхэм уи нэфІ щрехуэ
a Ди зэІущІэхэм жэуапхэр зэрыттымкІэ зым зыр догъэгушхуэ. Ауэ языныкъуэхэр мэшынэ я Іэр къаІэту жэуап ятыну. Хэти жэуап итыну игу ирохь, ауэ зэзэмызэ фІэкІ къыщемыупщІым деж и жагъуэ мэхъу. Сыт-тІэ тщІэ хъунур, псоми гушхуэныгъэ зыхэтщІэн щхьэкІэ? Ди жэуапхэр сыт хуэдэу щытын хуей, адрейхэр фІылъагъуныгъэмрэ фІы щІэнымрэ хуагъэушу щытын папщІэ? Мы упщІэхэр мы статьям щызэпкърытхынущ.
b НэгъуэщІ чэнджэщхэр къыщывгъуэтынущ 2019-нэ гъэм, щІышылэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым, 8—13-нэ напэкІуэцІхэм, абы нэмыщІ 2003-нэ гъэм, фокІадэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым, 19—22-нэ напэкІуэцІхэм.
c ЦІэр зэхъуэкІащ.
d «Стань другом Иеговы. Подготовь свой комментарий» жыхуиІэ видеом jw.org сайтым фыщеплъ.
f СУРЭТЫР. ЦІыху куэд зыхэт зэхуэсым щыщ къуэшым езым жэуап итакІэщ, иджы адрейхэми жэуап ятыну Іэмал ярет.