Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

19 СТАТЬЯР

Иеговэ дунеищІэр зэриухуэнумкІэ диІэ фІэщхъуныгъэр дауэ нэхъ быдэ зэрытщІ хъунур?

Иеговэ дунеищІэр зэриухуэнумкІэ диІэ фІэщхъуныгъэр дауэ нэхъ быдэ зэрытщІ хъунур?

«[Иеговэ] жиІар имыщІэу къигъэнэну?» (ЧИС. 23:19).

142-НЭ УЭРЭДЫР Ди гугъапІэм быдэу дэ дытетщ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1, 2. ДунеищІэр къэсыным дыпэплъэхукІэ, сыт тщІэн хуейр?

 ДЫЩЫПСЭУ дунеижьыр Иеговэ дунеищІэкІэ зэрызэрихъуэкІынум дыщегупсысым деж, абы ди гур егъэхуабэ (2 Пет. 3:13). Ар къыщыхъуну зэманыр дымыщІэми, ди хъуреягъкІэ къыщекІуэкІым къегъэлъагъуэ куэд къызэрымынэжар (Мт. 24:32—34, 36; Апост. 1:7).

2 Илъэс дапщэ хъуауэ Алыхьым дыхуэмылажьэми, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ дымыщІу хъунукъым. Сыт щхьэкІэ? ФІэщхъуныгъэ нэхъ быдэ дыдэри махэ хъуфынущ. Апостол Паул зэритхамкІэ, фІэщхъуныгъэ уимыІэныр «гуэныхьу дызэщІэзубыдэщ» (Евр. 12:1). Аращи, ди фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэн щхьэкІэ, дунеищІэр пэж дыдэу куэд мыщІэу къызэрысынум щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр щІэх-щІэхыурэ зэпкърытхын хуейщ (Евр. 11:1).

3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Иеговэ дунеищІэр зэриухуэнумкІэ диІэ фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрытщІ хъуну Іэмалищ мы статьям щызэпкърытхынущ: 1) щхьэщэхужым куууэ уегупсысыныр, 2) Иеговэ лъэкІыныгъэшхуэ зэриІэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэм гу лъыптэныр, 3) Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщІ Іуэхухэм ухэтыныр. ИужькІэ дэ дытепсэлъыхьынущ Иеговэ Аввакум жриІа псалъэхэм ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэращІым. Ауэ япэщІыкІэ ди фІэщхъуныгъэр зыгъэунэху Іуэхугъуэ зыбжанэм дытепсэлъыхьынщ.

ДИ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУ ІУЭХУГЪУЭХЭР

4. ФІэщхъуныгъэ быдэ дызэриІэр сыт хуэдэ унафэхэм къыхэщыну?

4 Махуэ къэс къатщтэ унафэхэм къыхэщын хуейщ дэ фІэщхъуныгъэ быдэ дызэриІэр. Псалъэм папщІэ, ахэр епхауэ щытыфынущ ди ныбжьэгъухэм, ди нэгу зэрызедгъэужьым, щІэныгъэ зэдгъэгъуэтым, нэчыхьым, сабийхэм, лэжьыгъэм. Мыпхуэдэу узэупщІыж хъунущ: «Си унафэхэм къыхэщрэ мы дунейм и кІэр къызэрыблэгъар икІи ар куэд мыщІэу Алыхьым дунеищІэкІэ зэрызэрихъуэкІынур си фІэщ зэрыхъур? Хьэмэрэ, мы дунейм и цІыхухэм хуэдэу, сэри къысщыхъурэ нобэ диІэ гъащІэм нэмыщІ, нэгъуэщІ гугъэ щымыІэу?» (Мт. 6:19, 20; Лк. 12:16—21). ДунеищІэр къызэрысыпар быдэу ди фІэщ хъумэ, унафэ нэхъыфІ дыдэхэр къэтщтэнущ.

5, 6. Гугъуехьышхуэхэм дыщыпэщІэхуэм деж, фІэщхъуныгъэ быдэм дыщІыхуэныкъуэр сыт? Щапхъэ къэфхь.

5 Дэ иджыри фІэщхъуныгъэ быдэм дыхуэныкъуэщ гъэунэхуапІэ хьэлъэхэм дыщыпэщІэхуэм деж. Псалъэм папщІэ, хэти кърахуэкІ, хэти уз хэтІэсам йобэн, хэти уи лъэр щІэзых нэгъуэщІ гугъуехьхэм пэщІохуэ. ГъэунэхуапІэм дыщыпэщІэхуа къудейм деж, къару ди куэдми, ди гугъуехьыр дызэримыгугъауэ кІыхьлІыхь хъуа иужькІэ, дэ фІэщхъуныгъэ быдэм дыхуэныкъуэщ. Апхуэдэ фІэщхъуныгъэр къыддэІэпыкъунущ теубыдагъэрэ гуфІэгъуэрэ диІэу адэкІи Иеговэ дыхуэлэжьэну (Рим 12:12; 1 Пет. 1:6, 7).

6 Ди гугъуехьхэм кІэи пэи ямыІэмэ, дунеищІэри зэи къэмысыну къытщыхъуфынущ. Ауэ абы къикІкъым ди фІэщхъуныгъэр махэ хъуауэ. Зы щапхъэ къэтхьынщ. ЩІымахуэ шылэм къыпфІэщІынкІэ хъунущ гъэмахуэр зэи къэмысыну. Ауэ дэ дощІэ гъэмахуэр илъэс къэс къызэрыкІуэр. Абы ещхьу ди лъэр хуабжьу щыщІэхуам деж, дэ къытщохъу дунеищІэр зэи къэмысыну. Ауэ фІэщхъуныгъэ быдэ диІэмэ, дэ дощІэ Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэр Іэмал имыІэу гъэзэщІа зэрыхъунур (Пс. 94:3, 14, 15; Евр. 6:17—19). Апхуэдэ фІэщхъуныгъэр къыддоІэпыкъу Иеговэ и лэжьыгъэр псом япэ идгъэщыну.

7. Сыт хуэдэ гупсысэкІэ пхэнжым дэ зыщытхъумэн хуей?

7 ХъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэм дыщыхэтым дежи, дэ фІэщхъуныгъэ быдэм дыхуэныкъуэщ. Дызэпсалъэ цІыхухэм щыщу куэдым зэрабжымкІэ, дунеищІэм теухуа «хъыбарыфІыр» фІыІуэщи, ар пэжу щытыфынукъым (Мт. 24:14; Иез. 33:32). Апхуэдэ гупсысэкІэ пхэнжым дэ зыщытхъумэну дыхуейщ. Абы къыхэкІкІэ адэкІи ди фІэщхъуныгъэм хэдмыгъахъуэу хъунукъым. Ар зэрытщІ хъуну Іэмалищ зэпкърытхынщ.

ЩХЬЭЩЭХУЖЫМ КУУУЭ ЕГУПСЫС

8, 9. Щхьэщэхужым куууэ дызэрегупсысым дауэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрищІыр?

8 Ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрытщІ Іэмалхэм ящыщ зыщ щхьэщэхужым куууэ дызэрегупсысыр. Щхьэщэхужыр щыхьэт тохъуэ Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэр псори Іэмал имыІэу зэригъэзэщІэжынум. Иеговэ щхьэщэхужыр къыщІыдитам икІи абы щхьэкІэ щІита уасэм куууэ дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы и фІыгъэкІэ дэ зэи шэч къытетхьэнукъым гъащІэ мыухыж диІэу дунеищІэ дахэм дызэрыщыпсэуфынум. Ауэ щхьэщэхужым куууэ дызэрегупсысым ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ щІищІыр сыт?

9 Иеговэ щхьэщэхужыр къыдитын щхьэкІэ, сыт хуэдэ уасэ щІитар? Абы и Къуэ щІасэр, и ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэр, щІылъэм къигъэкІуащ. Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ гугъуехь куэдым пэщІэхуащ. ИкІэм-икІэжым абы хьэзаб телъу и гъащІэр итащ. Сыту уасэшхуэ щІита Иеговэ! ФІыуэ дыкъэзылъагъу ди Алыхьым и Къуэм гугъуехьхэр ирагъэшэчу, иужькІэ яукІыну хуит щІищІар ди гъащІэр зэман кІэщІкІэ нэхъ тынш хъун щхьэкІэкъым (Ин. 3:16; 1 Пет. 1:18, 19). Апхуэдэ уасэшхуэ Иеговэ щыщІитакІэ, дунеищІэм гъащІэ мыухыж диІэу дызэрыщигъэпсэунум шэч лъэпкъ хэлъкъым.

ИЕГОВЭ ЛЪЭКІЫНЫГЪЭШХУЭ ЗЭРИІЭМ ЩЫХЬЭТ ТЕХЪУЭ ІУЭХУГЪУЭХЭМ ГУ ЛЪЫТЭ

10. Ефес 3:20 итым тепщІыхьмэ, сыт Иеговэ хузэфІэкІыр?

10 Ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрытщІ етІуанэ Іэмалыр — ар Иеговэ лъэкІыныгъэшхуэ зэриІэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэм гу зэрылъыттэращ. Дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэр зэригъэзэщІэжын къару Алыхьым иІэщ. ГъащІэ мыухыж диІэу дунеищІэм дызэрыщыпсэуфынур фІэщхъугъуейуэ къытщыхъуми, дэ дощІэ цІыхухэм яхузэфІэмыкІыныр Алыхьым зэрыхузэфІэкІыр. Иеговэ и къарум гъунэ иІэкъым! (Иов 42:2; Мк. 10:27). Абы къыхэкІкІэ зы телъыджэ гуэр къытхуищІэну Иеговэ дыкъыщигъэгугъэм деж, ар зэригъэзэщІэфынум дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым. (Къеджэ Ефес 3:20.)

11. Пасэрей зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэр къызэригъэгугъауэ щыта псалъэхэм я зы щапхъэ къэфхь. (« Иеговэ и псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуам и щапхъэхэр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

11 Пасэрей зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэр къызэригъэгугъауэ щыта псалъэхэм я щапхъэхэр къэтхьынщ. ДауикІ, ахэр уи фІэщ пщІыну тынштэкъым. Псалъэм папщІэ, Алыхьым Ибрэхьимрэ Сарэрэ къигъэгугъащ, я ныбжьыр зэрыхэкІуэтам емылъытауэ, къуэ яритыну (ЩІэдз. 17:15—17). Абы нэмыщІ Иеговэ жиІащ Ибрэхьим и щІэблэм Ханаан щІыналъэр къылъысыну. Ибрэхьим къытехъукІа журт лъэпкъыр илъэс куэдкІэ Мысыр щІыналъэм пщылІу зэрыщыІам къыхэкІкІэ фІэщхъугъуейт Алыхьым и псалъэхэр зэгуэр гъэзэщІа хъуну. Ауэ а псалъэхэр гъэзэщІа хъуащ. Зэман дэкІри, Иеговэ зи ныбжь хэкІуэта Елизавет къигъэгугъащ абы сабий иІэну. Абы нэмыщІ Алыхьым жиІащ абы и Къуэр хъыджэбздэс Мэрием къызэрилъхунур. Хьисэ мы дунейм къызэрытехьэнур илъэс мин бжыгъэ ипэ Иеговэ Іэдэн жыг хадэм щыжиІауэ щытащ икІи а псалъэхэри гъэзэщІа хъуащ! (ЩІэдз. 3:15).

12. Иисус Навин 23:14, абы нэмыщІ Исайя 55:10, 11 ит псалъэхэм дапхуэдэу ди фІэщ зэращІыр Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ псори зэригъэзэщІэжын къару зэриІэр?

12 Пасэрей зэманым Иеговэ жиІауэ щыта псалъэхэр псори зэригъэзэщІэжам дыщегупсысым деж, дэ къыдгуроІуэ ди Алыхьым къаруушхуэ зэрыбгъэдэлъыр икІи дунеищІэ зэриухуэфынур. (Къеджэ Иисус Навин 23:14; Исайя 55:10, 11.) ФІэщхъуныгъэ быдэ дызэриІэр къыддоІэпыкъу адрейхэми къагурыдгъэІуэну дунеищІэр пэж дыдэу къызэрысынур. Езы Иеговэ уафэщІэмрэ щІылъэщІэмрэ теухуауэ жиІа псалъэхэм мыпхуэдэу щІегъуж: «Мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ щыпкъэщ» (Апок. 21:1, 5).

АЛЫХЬЫМ ГЪУНЭГЪУ ФЫХУЭЗЫЩІ ІУЭХУХЭМ ЖЫДЖЭРУ ФЫХЭТ

ДИ ЗЭІУЩІЭХЭР

Мы Іуэхухэм дызэрыхэтым дауэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрищІыр? (13-нэ абзацым феплъ)

13. Дапхуэдэу ди зэІущІэхэм ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэращІыр? КъыдгурывгъаІуэ.

13 Ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрытщІ ещанэ Іэмалыр — ар Иеговэ гъунэгъу дыхуэзыщІ Іуэхухэм дызэрыхэтыращ. Псалъэм папщІэ, ди зэІущІэхэм къытхуахь сэбэпынагъым дегупсысынщ. Илъэс бжыгъэ куэд хъуауэ полновременнэу Иеговэ хуэлажьэ ди шыпхъу Аннэ b къыддогуашэ: «ЗэІущІэхэр сэ къыздоІэпыкъу си фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ сщІыну. Гъэхьэзыра псалъэр жызыІэ дэлъхур жьакІуэу щымытми, щІэ гуэр жимыІэми, абы и псалъэм и фІыгъэкІэ сэ Библием ит пэжыр нэхъыфІу къызгуроІуэ икІи си фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу». Абы нэмыщІ ди къуэш, ди шыпхъухэм зэІущІэхэм щат жэуапхэми ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІ (Рим 1:11, 12; 10:17).

ХЪЫБАРЫФІ ГЪЭІУНЫР

Мы Іуэхухэм дызэрыхэтым дауэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрищІыр? (14-нэ абзацым феплъ)

14. ХъыбарыфІ гъэІуным дызэрыхэтым дауэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрищІыр?

14 ХъыбарыфІ гъэІуным дызэрыхэтми ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ещІ (Евр. 10:23). Илъэс 70-м щІигъуауэ Иеговэ хуэлажьэ ди шыпхъу Ба́рбарэ жеІэ: «ХъыбарыфІ гъэІуным сызэрыхэтым сыт щыгъуи си фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ещІ. Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ гъащІэ дахэм теухуауэ адрейхэм нэхъыбэрэ яжесІэху, си фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу».

БИБЛИЕР КУУУЭ ЗЭРЫДДЖЫР

Мы Іуэхухэм дызэрыхэтым дауэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрищІыр? (15-нэ абзацым феплъ)

15. Библиер куууэ зэрыдджым дауэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрищІыр? (Сурэтым феплъ.)

15 Библиер куууэ зэрыдджым дэ Алыхьым гъунэгъу дыхуещІ икІи ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ещІ. Ди шыпхъу Сью́зан езым зэхилъхьэжа графикым тету Библиер едж. Ар къыддогуашэ: «Тхьэмахуэ махуэм адрей тхьэмахуэм и кІэм дджыну статьяр зэпкърызох. Блыщхьэмрэ гъубжымрэ адрей зэІущІэм зыхузогъэхьэзыр. Къэнэжа махуэхэм нэхъ сфІэгъэщІэгъуэн темэхэм сыхоплъэ». Апхуэдэ графикым зэрытетым и фІыгъэкІэ, блыныр чырбышкІэ зэрызэтралъхьэм хуэдэу, Сьюзан фІэщхъуныгъэ быдэ «еухуэ». Илъэс куэд хъуауэ дунейпсо ІуэхузехьэпІэм щылажьэ ди шыпхъу Айри́н Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр зэриджым и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ещІ. Абы жеІэ: «Иеговэ жиІа псалъэхэр зы къэмынэу гъэзэщІа зэрыхъур щыслъагъум деж, си щхьэфэцым зеІэт!» c.

«АР ІЭМАЛ ИМЫІЭУ КЪЭХЪУНУЩ»

16. Иеговэ Аввакум къызэригъэгугъа псалъэхэм ди дежкІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ яІэр? (Еврейхэм 10:36, 37).

16 Иеговэ и лэжьакІуэхэм щыщ языныкъуэхэр илъэс куэд хъуауэ мы дунейм и кІэм поплъэ. ЦІыху еплъыкІэкІэ Иеговэ зигъэгувэу къыпщыхъуфынущ, ауэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм я гурыщІыхэр къыгуроІуэ. Ар къыхощ Иеговэ Аввакум жриІауэ щыта псалъэхэм: «А плъэгъуахэр и зэманым къэхъун хуейуэ щытщ. Ар къэхъуну мэпІащІэ икІи укъигъэпцІэжынукъым. Гувэу щытми, ежьэ абы, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар Іэмал имыІэу къэхъунущ, къыкІэрыхунукъым!» (Авв. 2:3). Алыхьым и псалъэхэр Аввакум закъуэт зыхуэгъэзар? Хьэуэ. Паул зэритхамкІэ, мы псалъэхэр дунеищІэм пэплъэхэми яхуэгъэзащ. (Къеджэ Еврейхэм 10:36, 37.) Дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ: Алыхьым дыкъыщригъэлыну махуэр гувэу къытщыхъуми, Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэр «Іэмал имыІэу къэхъунущ, къыкІэрыхунукъым»!

17. Иеговэ Аввакум иритауэ щыта чэнджэщыр дауэ ди зы шыпхъум къызэригъэсэбэпар?

17 Иеговэ дыхуегъэуш: «Гувэу щытми, ежьэ абы». Алыхьым и лэжьакІуэхэм мы чэнджэщыр ягъэзащІэ, Иеговэ и махуэм илъэс куэд хъуауэ пэплъэми. Псалъэм папщІэ, ди шыпхъу Луизэ 1939-нэ гъэм Иеговэ хуэлэжьэн щІидзащ. Ар къыддогуашэ: «А зэманым сэ си гугъэт школыр къэзмыух щІыкІэ Армагеддоныр къэсыну. Ауэ ар къэсакъым. Сэ къыздоІэпыкъу „пэплъахэм я тхылъхэм“ сызэреджэр. Апхуэдэ тхылъкІэ сэ сызэджэр Нухь, Ибрэхьим, Исуф сымэ теухуауэ Библием къиІуэтэж хъыбархэращ. Ахэри куэдрэ пэплъэн хуей хъуащ Иеговэ къаритыну тыгъэм. Гугъэ диІэр сэри адрейхэми къыддоІэпыкъу дунеищІэр къызэрысыпар зыщыдмыгъэгъупщэну». Иеговэ куэд щІауэ хуэлажьэхэр ди шыпхъум и псалъэхэм, дауикІ, арэзы техъуэнущ.

18. Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм дызэрегупсысым дунеищІэр къызэрыкІуэнумкІэ диІэ фІэщхъуныгъэр дауэ нэхъ быдэ зэрищІыр?

18 Пэжщ, дунеищІэр зэкІэ щыІэкъым. Ауэ иджыпсту щыІэм девгъэгупсысыт. Псалъэм папщІэ, вагъуэхэм, жыгхэм, псэущхьэхэм е цІыхухэм. А псор щыщымыІа зэман щыІами, иджыпсту ахэр пэж дыдэу зэрыщыІэм зыми шэч къытрихьэкъым. А псор щІыщыІэр — Иеговэ ахэр къигъэщІащи аращ (ЩІэдз. 1:1, 26, 27). Абы ещхьу дунеищІэри Іэмал имыІэу къэкІуэнущ, сыту жыпІэмэ абыкІэ езы Алыхьым дыкъегъэгугъэ. А зэманым цІыхухэм узыншагъэ быдэрэ гъащІэ мыухыжрэ яІэу псэунущ. Дыщыпсэу Дунеишхуэр пэж дыдэу зэрыщыІэм хуэдэу, Иеговэ щытриухуа зэманым дунеищІэри пэж дыдэу къэсынущ (Ис. 65:17; Апок. 21:3, 4).

19. Дауэ уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрыпщІ хъунур?

19 ДунеищІэм упэплъэхукІэ, уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ пщІыну уиІэ Іэмалхэр къэгъэсэбэп. Уи гум фІыщІэ илъу щхьэщэхужымрэ Иеговэ и къаруушхуэмрэ куууэ егупсыс. Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщІ Іуэхухэми жыджэру хэт. Абы щыгъуэ «фІэщхъуныгъэрэ шыІэныгъэрэ зэраІам щхьэкІэ Тхьэм къызэригъэгугъа Іуэхухэр ІыхьэфІу къызылъысыну цІыхухэм» уэри уахэтынущ (Евр. 6:11, 12; Рим 5:5).

139-НЭ УЭРЭДЫР ДунеищІэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ

a Нобэ куэдым я фІэщ хъукъым Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ дунеищІэр зэгуэр къэсыну. Абыхэм зэрабжымкІэ, ар таурыхъ дахэщ икІи хъуэпсэгъуэщ, ауэ апхуэдэ зэи къэхъунукъым. А цІыхухэм елъытауэ, дэ быдэу ди фІэщ мэхъу Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэр псори гъэзэщІа зэрыхъунур. Ауэ ди фІэщхъуныгъэр махэ мыхъун щхьэкІэ, дэ ар нэхъ быдэ тщІын хуейщ. Дауэ? Мы статьям абы дыщытепсэлъыхьынщ.

b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

c Библием ит къэхъун хуей псалъэхэм теухуауэ куэд къыщывгъуэтынущ «Индекс публикаций Сторожевой башни» жыхуиІэм, «Пророчества» жыхуиІэ Іыхьэм. Псалъэм папщІэ, «Всё предсказанное Иеговой сбывается» жыхуиІэ статьям феплъ. Ар къыщывгъуэтынущ 2008-нэ гъэм, щІышылэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым.