Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

17 СТАТЬЯР

Узыпэмыплъа гугъуехьхэм упэлъэщыну Иеговэ къыбдэІэпыкъунущ

Узыпэмыплъа гугъуехьхэм упэлъэщыну Иеговэ къыбдэІэпыкъунущ

«ЦІыху пэжым гугъуехьыр и куэдщ, ауэ Иеговэ а псом ар къыІэщІех» (ПС. 34:19).

44-НЭ УЭРЭДЫР Зи гур къутам и тхьэлъэІур

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Сыт дэ шэч къызытедмыхьэр?

 ИЕГОВЭ и лэжьакІуэу дызэрыщытым къыхэкІкІэ абы фІыуэ дыкъызэрилъагъур икІи гъащІэм гуфІэгъуэ къытхуихьыну зэрыхуейр дэ дощІэ (Рим 8:35—39). Абы нэмыщІ Библием ит принципхэр сыт щыгъуи сэбэп къызэрытхуэхъум дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым (Ис. 48:17, 18). Ауэ дызыпэмыплъа гугъуехьхэм дыпэщІэхуауэ щытмэ, сыт тщІэ хъунур?

2. Сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэхуэфыну икІи абы къыхэкІкІэ сыт хуэдэ упщІэхэр диІэнкІэ хъуну?

2 Иеговэ и лэжьакІуэхэр псори гугъуехьхэм пэщІохуэ. Псалъэм папщІэ, ди унагъуэм щыщ гуэрым ди жагъуэ къищІыфынущ. Узыншагъэм епхауэ гугъуехь дызэриІэм къыхэкІкІэ Иеговэ и лэжьыгъэм дызэрыхуейм хуэдизрэ дыхэмытыфынкІэ хъунущ. Гузэвэгъуэшхуэ гуэрым дыпэщІэхуэфынущ е ди фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ дыкърахуэкІыфынущ. Апхуэдэ гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж, дэ мыпхуэдэ упщІэхэм дагъэпІейтеинкІэ хъунущ: «Сыт сэ ар къыщІысщыщІар? Щыуагъэ гуэр сщІауэ ара? Иеговэ и нэфІ къысщымыхуэу абы къикІыу пІэрэ?» Апхуэдэ гурыщІэхэр ущиІа къыпхуихуа? Къыпхуихуауэ щытмэ, уи Іэр йомыхьэх. Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм щыщ куэдым апхуэдэ гурыщІэхэр яІащ (Пс. 22:1, 2; Авв. 1:2, 3).

3. Псалом 34:19 итым сытым дыхуигъасэрэ?

3 Къеджэ Псалом 34:19. Мы псаломым ит мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэхэм гу лъыттэнщ: 1) Алыхьым хуэпэж цІыхухэри гугъуехьхэм пэщІохуэ; 2) Иеговэ гъэунэхуапІэхэм дыкъыІэщІех. Дапхуэдэу ар абы зэрищІыр? Алыхьыр къыддоІэпыкъу мы дунеижьым гугъуехьхэр зэрыщыІэнур зыщыдмыгъэгъупщэну. Иеговэ дызэрыхуэлажьэм гуфІэгъуэ къытхуихьыну къыджиІэми, гугъуехь лъэпкъ димыІэну дыкъигъэгугъэкъым (Ис. 66:14). Абы дыхуегъэуш къэкІуэну зэманым щыІэну гъащІэм ди акъылыр тедухуэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дунеищІэм дэ нэгъэсауэ насыпыфІэу дыщытынущ икІи абы зэи кІэ иІэнукъым (2 Кор. 4:16—18). Иджыпсту-щэ? Иеговэ махуэ къэс къыддоІэпыкъу ди Іэр едмыхьэхыу адэкІи абы дыхуэлэжьэну (Плач 3:22—24).

4. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

4 Мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ пасэрей зэманым псэуа икІи ди зэманым псэу Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм я щапхъэхэм дызыхуагъасэм. Зэрытлъэгъунущи, дызыпэмыплъа гугъуехьхэм дыпэщІэхуэфынущ. Ауэ, Иеговэ дыщыгугъыу щытмэ, абы къызэрыддэІэпыкъун щІыкІэ Іэмал имыІэу къигъуэтынущ (Пс. 55:22). А щапхъэхэр щызэпкърытхкІэ мыпхуэдэу дызэвгъэупщІыж: «Сэ апхуэдэ Іуэхугъуэ сихуауэ щытамэ, сытыт сщІэнур? Иеговэ дзыхь хуэсщІыну мы щапхъэр дапхуэдэу къызэрыздэІэпыкъур? Абы щыщ сыт хуэдэ дерсхэр си гъащІэм къыщызгъэсэбэпыфыну?»

ПАСЭРЕЙ ЗЭМАНЫМ

Екъуб илъэс 20-м къриубыдэу бзитІщхьитІу щыт и щыкъу адэ Лабан щытелэжьам щыгъуэ, Иеговэ и нэфІыр абы къыщыхуэт. (5-нэ абзацым феплъ.)

5. Лабан и ягъэкІэ Екъуб сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

5 Пасэрей зэманым псэуа Иеговэ и лэжьакІуэхэр зыпэмыплъа гугъуехьхэм пэщІэхуэу щытащ. Екъуб и щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы и адэ Исхьэкъ унафэ къыхуищІат и анэдэлъху Лабан ипхъухэм щыщ щхьэгъусэ ищІыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ари Иеговэ хуэлажьэт. Исхьэкъ и къуэм жриІащ, апхуэдэу ищІэмэ, абы Алыхьым и нэфІ къызэрыщыхуэнур (ЩІэдз. 28:1—4). Екъуб и адэм едэІуащ икІи Ханаан щІыналъэм икІри, Лабан и деж кІуащ. Абы Леарэ Рахэлрэ я цІэу пхъуитІ иІэт. Екъуб Лабан ипхъу нэхъыщІэ Рахэл фІыуэ илъэгъуати, ар щхьэгъусэу къратын щхьэкІэ, илъэсиблкІэ абы и адэм телэжьэну арэзы техъуащ (ЩІэдз. 29:18). Ауэ абы зэримыгугъам хуэдэу Іуэхур къыщІидзащ. Лабан гъэпцІагъэкІэ ипхъу нэхъыжь Леа щхьэгъусэу Екъуб иритащ. Тхьэмахуэ дэкІмэ, Лабан ипхъу нэхъыщІэ Рахэли Екъуб щхьэгъусэу иритыну къигъэгугъащ, ауэ абы щхьэкІэ ар и щыкъу адэм иджыри илъэсиблкІэ телэжьэн хуейт (ЩІэдз. 29:25—27). А псом нэмыщІ Лабан Екъуб и лэжьапщІэм теухуауэ зэи къигъэпэжакъым. Псори зэхэту Лабан илъэс 20-кІэ захуагъэ хэмылъу Екъуб хущытащ (ЩІэдз. 31:41, 42).

6. Екъуб иджыри сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа?

6 Екъуб нэгъуэщІ гугъуехьхэми пэщІэхуащ. Абы унагъуэшхуэ иІэт, ауэ и къуэхэр щызэмызэгъ къэхъут. Уеблэмэ, абыхэм я къуэш Исуф пщылІыпІэм иращащ. Екъуб и къуэхэм щыщу Симеонрэ Лэуийрэ я унагъуэм и цІэр ІейкІэ ягъэІуащ икІи Иеговэ и цІэр ягъэпудащ. Абы нэмыщІ Екъуб фІыщэу илъагъу и щхьэгъусэ Рахэл етІуанэ къуэр къыщилъхум щыгъуэ абы илІыкІащ. Апхуэдиз гугъуехьхэр зэриІам нэмыщІ, гъаблэшхуэ къызэрыхъуам къыхэкІкІэ, зи ныбжь хэкІуэта Екъуб Мысыр щІыналъэм Іэпхъуэн хуей хъуащ (ЩІэдз. 34:30; 35:16—19; 37:28; 45:9—11, 28).

7. Дапхуэдэу Иеговэ и нэфІ Екъуб зэрыщыхуар?

7 А псом емылъытауэ, Екъуб Иеговэ теухуауэ иІэ фІэщхъуныгъэр зыфІигъэкІуэдакъым икІи къызэригъэгугъа псалъэхэм сыт щыгъуи дзыхь хуищІу щытащ. Езы Иегови Екъуб и нэфІ щыхуэт. Псалъэм папщІэ, Лабан пэжагъ хэмылъами, Иеговэ Екъуб и мылъкур игъэбагъуэт. Иджыри абы илъэс куэд лъандэрэ лІауэ къилъытэу щыта и къуэ Исуф щыхуэзэжам щыгъуэ, Иеговэ фІыщІэшхуэ хуищІауэ къыщІэкІынущ! Екъуб ехъулІэныгъэ иІэу апхуэдиз гугъуехьым пхыкІыну сыт къыдэІэпыкъуар? Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъа ныбжьэгъугъэращ (ЩІэдз. 30:43; 32:9, 10; 46:28—30). Аращи, Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр лъапІэу тлъытэу щытмэ, дэри ехъулІэныгъэ диІэу дызыпэмыплъа гугъуехьхэм дыпэщІэтыфынущ.

8. Пащтыхь Даут сытыт зыщІэхъуэпсыр?

8 Пащтыхь Даут Иеговэ щхьэкІэ ищІэну зыхуея псор къехъулІакъым. Псалъэм папщІэ, Даут Алыхьым Унэшхуэ хуищІыну щІэхъуэпст. Ар и гурыщІэхэмкІэ Нафан бегъымбарым дэгуэшащ икІи абы мыпхуэдэу жэуап къритащ: «Уигу илъ псори щІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхь пэжыр уи гъусэщ» (1 Лет. 17:1, 2). А псалъэхэм, дауикІ, Даут ягъэгушхуащ икІи абы а Іуэху гъуэзэджэр зэригъэзэщІэну щІыкІэм занщІэу егупсысу щІидзауэ къыщІэкІынущ.

9. Даут игу иримыхьын хъыбар къыІэрыхьа иужь, сыт ищІар?

9 Ауэ куэд дэмыкІыу Иеговэ и бегъымбарым Даут игу иримыхьын хъыбар къыхуихьащ. «А жэщ дыдэм» Иеговэ Нафан жриІащ Алыхьым и Унэшхуэр Даут зэримыщІынур, атІэ и къуэхэм щыщ зым ар зэриухуэнур (1 Лет. 17:3, 4, 11, 12). Даут а псалъэхэр щызэхихам щыгъуэ, сыт ищІар? Абы и мурадыр ихъуэжащ. Даут и къуэ Сэлмэн Алыхьым и Унэшхуэр щищІкІэ зыхуэныкъуэну псор зэрызэхуихьэсыным и акъылыр триухуащ (1 Лет. 29:1—5).

10. Дапхуэдэу Иеговэ и нэфІ Даут зэрыщыхуар?

10 Даут Алыхьым и Унэшхуэр зэримыухуэнур Иеговэ жиІа пэтми, а псалъэхэм иужь занщІэу абы Даут зэгурыІуэныгъэ ирищІылІащ. Иеговэ ар къигъэгугъащ абы и щІэблэм щыщ гуэр сыт щыгъуи Пащтыхьу зэрытетынумкІэ (2 Сам. 7:16). Илъэс минкІэ екІуэкІыну Пащтыхьыгъуэм щыгъуэ, Даут къищІэнущ абы и щІэблэм къыхэкІа Хьисэ и тепщэныгъэм щІэту зэрыпсэур. Ар зэрыгуфІэнур фи нэгу къыщІэвгъэхьэт! Библием ит мы хъыбарым сытым дыхуигъасэрэ? Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІауэ диІэ мурадхэр псори тхуэмыгъэзащІэми, дэ дигу къэмыкІыхха нэгъуэщІ тыгъэ куэд Алыхьым зэрытхуигъэхьэзырар зыщыдгъэгъупщэнкъым.

11. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр щыпэплъа зэманым Пащтыхьыгъуэр къэмысами, Иеговэ и нэфІ абыхэм дапхуэдэу зэращыхуар? (Апостолхэм 6:7).

11 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къахуэмыгъэсу пэплъэт, ауэ ар къыщысынур ящІэтэкъым (Апост. 1:6, 7). Сыт-тІэ абыхэм ящІар? Абыхэм я акъылыр хъыбарыфІ гъэІуным траухуащ. ХъыбарыфІым нэхъыбэу зиубгъуху, абыхэм нэхъ наІуэу ялъагъут къару ирахьэлІэм щхьэкІэ Иеговэ и нэфІ къазэрыщыхуэр. (Къеджэ Апостолхэм 6:7.)

12. Япэ лІэщІыгъуэм гъаблэ щыщыІам щыгъуэ, Алыхьым и лэжьакІуэхэм сыт ящІар?

12 Япэ лІэщІыгъуэм Алыхьым и лэжьакІуэхэр нэгъуэщІ гугъуехьми пэщІэхуащ — «дуней псом гъаблэшхуэ къыщыхъуащ» (Апост. 11:28). Ахэр гугъу зэрехьар уи нэгу къыщІэгъэхьэт! ДауикІ, я унагъуэм щыщхэм ерыскъы ямыгъуэтынкІэ цІыхухъухэр гузавэт. ХъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу хэтыну мурад зыщІа къуэш, шыпхъу щІалэхэм теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Ахэр егупсысауэ къыщІэкІынущ я мурадхэр зэман гуэркІэ ирагъэтІылъэкІын хуейуэ. Алыхьым и лэжьакІуэхэм, гугъуехь яІэхэм емылъытауэ, Іуэхум зыдрагъэкІуфащ. ХъыбарыфІыр ягъэІун щхьэкІэ, абыхэм яхузэфІэкІыу хъуар ящІащ икІи Иудей хэкум щыІэ къуэш, шыпхъухэм яІэмкІэ дэгуэшащ (Апост. 11:29, 30).

13. Гъаблэ щыщыІам щыгъуэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Иеговэ и нэфІ дапхуэдэу зэращыхуар?

13 Гъаблэ щыщыІам щыгъуэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Иеговэ и нэфІ дапхуэдэу зэращыхуар? Иудей хэкум щыІэ къуэш, шыпхъухэм «гуманитарная помощь» жыхуаІэр яІэрыхьа иужь, Иеговэ и нэІэ абыхэм зэратригъэтыр къалъэгъуащ (Мт. 6:31—33). Ахэр къадэІэпыкъуа къуэш, шыпхъухэм нэхъ гъунэгъу яхуэхъуауэ къыщІэкІынущ. Иудей хэкум щыІэ къуэш, шыпхъухэм ахъшэкІэ е нэгъуэщІ гуэркІэ ядэІэпыкъуахэми гуфІэгъуэшхуэ зыхащІащ (Апост. 20:35). Зызыхъуэжа Іуэхум зэрызыдрагъэкІуам щхьэкІэ, Иеговэ и нэфІ абыхэм псоми ящыхуащ.

14. Варнавэрэ Паулрэ сыт къащыщІар икІи сыт абы къыпэкІуар? (Апостолхэм 14:21, 22).

14 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэр щІэх-щІэхыурэ кърахуэкІт икІи апхуэдэу къыщыхъуу щытар ахэр абы нэхъ щыпэмыплъэм дежт. Варнавэрэ апостол Паулрэ Листрэ къалэм щыщыІам щыгъуэ, къащыщІам деплъынщ. ЯпэщІыкІэ цІыхухэм ахэр гуапэу кърагъэблэгъащ. Ауэ иужькІэ я жагъуэгъухэм я ягъэкІэ а цІыхухэм щыщ гуэрхэм Паул мывэкІэ яукІри, лІа я гугъэу къагъэнащ (Апост. 14:19). Ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, Варнавэрэ Паулрэ, хъыбарыфІыр ягъэІун щхьэкІэ, нэгъуэщІ щІыпІэ кІуащ. Сыт абы къыпэкІуар? Абыхэм я фІыгъэкІэ цІыху куэдыр Хьисэ и лъэужь иуващ. Варнавэрэ Паулрэ я псалъэхэмрэ я щапхъэмрэ къуэш, шыпхъу куэдым я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІащ. (Къеджэ Апостолхэм 14:21, 22.) Варнавэрэ Паулрэ зыпэмыплъа гугъуехьхэм щыпэщІэхуам щыгъуэ, къызэримыкІуэтам цІыху куэдым сэбэпынагъышхуэ къахуихьащ. Дэри Иеговэ къытхуигъэфэща лэжьыгъэр тщІэн щхьэкІэ дыкъимыкІуэту щытмэ, абы и нэфІ къытщыхуэнущ.

ДИ ЗЭМАНЫМ

15. Ди къуэш Макмиллан и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

15 1914-нэ гъэм ипэ къихуэ зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэр зэхъуэкІыныгъэшхуэхэм пэплъэт. Ди къуэш Александр Макми́ллан и щапхъэр зэпкърытхынщ. А зэманым псэуа къуэш, шыпхъухэм хуэдэу, куэд мыщІэу уафэм кІуэну абы и гугъэт. 1914-нэ гъэм, фокІадэм абы мыпхуэдэу жиІащ: «Иджыпсту жысІэ псалъэ гъэхьэзырар иужьрейуэ къыщІэкІынкІэ хъунущ». ДауикІ, Іуэхур апхуэдэу щыттэкъым. ИужькІэ ди къуэш Макмиллан мыпхуэдэу итхащ: «Дэ тщыщ языныкъуэхэр уафэм зэрыкІуэнум тІэкІу хуепІэщІэкІащ». Абы пищащ: «Дэ адэкІи псэемыблэжу Зиусхьэным дыхуэлэжьэн хуейщ». Ди къуэш Макмиллан жиІа псалъэхэм тету псэуащ икІи жыджэру Алыхьым хуэлэжьащ. Армэм кІуэн зэрамыдэм щхьэкІэ, тутнакъым ягъэтІыса къуэш куэдыр абы игъэгушхуэт. И ныбжьыр щыхэкІуэтам щыгъуи, абы зэІущІэхэм кІуэн щигъэтакъым. Ди къуэш Макмиллан и тыгъэр къызэрыІэрыхьэным пэплъэху, адэкІи Иеговэ зэрыхуэлэжьам сыт хуэдэ фІыгъуэ къыхуихьар? 1966-нэ гъэм, лІэным куэд имыІэжу, абы мыпхуэдэу итхащ: «Иджыпсту сиІэ фІэщхъуныгъэм хуэдэ зэи сиІакъым». Ди къуэшым и щапхъэр ди дежкІэ щхьэпэщ, псом хуэмыдэу дызэригугъэм нэхърэ нэхъыбэрэ дунеищІэм дыпэплъэу щытмэ! (Евр. 13:7).

16. Ди къуэш Херберт Дженнингсрэ и щхьэгъусэмрэ зыпэмыплъа сыт хуэдэ гугъуехьым пэщІэхуа? (Екъуб 4:14).

16 Иеговэ и лэжьакІуэ куэдыр узыншагъэм пыщІауэ зыпэмыплъа гугъуехьхэм пэщІохуэ. Ди къуэш Хе́рберт Дже́ннингс b и щапхъэм деплъынщ. Абы и щхьэгъусэр и гъусэу Ганэ къэралым миссионеру щылэжьащ. Абыхэм хъыбарыфІыр ягъэІуну хуабжьу ягу ирихьт, ауэ, зэман гуэр дэкІа иужь, ди къуэшым «психическое расстройство» жыхуаІэм хуэдэ иІэу къахутащ. Абы щыгъуэ ди къуэш Дженнингс Екъуб 4:14 ит псалъэхэр къихьри, ахэр зыпэмыплъа «пщэдейр» къызэрысар жиІащ (къеджэ). Абы мыпхуэдэу итхащ: «Дэ ди Іуэхум щхьэтечауэ деплъри, ныбжьэгъу куэд дыщиІэ хъуа Ганэ къэралыр къэдгъанэу, [зызгъэхъужын щхьэкІэ] Канадэм дгъэзэжыну унафэ тщІащ». Иеговэ ди къуэш Дженнингсрэ и щхьэгъусэмрэ, ахэр зыпэщІэхуа гугъуехьым емылъытауэ, адэкІи абы хуэлэжьэну ядэІэпыкъуащ.

17. Ди къуэш Дженнингс и щапхъэр нэгъуэщІхэм дапхуэдэу зэрадэІэпыкъуар?

17 Ди къуэш Дженнингс и гъащІэм теухуауэ жиІэжар куэдым дэІэпыкъуэгъу яхуэхъуащ. Ди зы шыпхъум мыпхуэдэу итхащ: «Херберт Дженнингс и гъащІэм теухуауэ жиІэжар си гум хуабжьу лъэІэсащ. [...] Ди дэлъху Дженнингс и узыншагъэм кІэлъыплъын щхьэкІэ, миссионер лэжьыгъэр къызэригъэнар сэ къыздэІэпыкъуащ си Іуэхур зыІутым зэпІэзэрыту сыбгъэдыхьэну». Ди зы къуэшыр мыпхуэдэу къыддогуашэ: «Сэ илъэсипщІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьу сыщытащ. Ауэ „психическое расстройство“ жыхуаІэм хуэдэ сиІэ зэрыхъуам къыхэкІкІэ лъапІэу слъытэ пщІэ зыпылъ къалэнхэр къэзгъэнэн хуей хъуащ. Ди къуэш, ди шыпхъухэм Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІауэ яІа ехъулІэныгъэхэм теухуауэ сыщеджэм деж, сэ зыри слъэмыкІыу къысщыхъути, щІэх-щІэхыурэ абы си лъэр щІигъэхут. Ауэ ди къуэш Дженнингс игъэлъэгъуа теубыдагъэм теухуауэ сыщеджам щыгъуэ, сэ псэ къысхыхьэжауэ жыпІэ хъунут». Мыпхуэдэ псалъэхэм дигу къагъэкІыж, дызыпэмыплъа гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм дежи, дэ нэгъуэщІхэр зэрыдгъэгушхуэфынур. Дызэримыгугъам хуэдэу ди гъащІэм зыщихъуэжым щыгъуи, фІэщхъуныгъэмрэ теубыдагъэмрэ теухуауэ дэ щапхъэфІ дгъэлъэгъуэфынущ (1 Пет. 5:9).

Иеговэ дыщыгугъыу щытмэ, дызыпэмыплъа гугъуехьхэм абы нэхъыбэжу гъунэгъу дыхуащІыфынущ (18-нэ абзацым феплъ.)

18. Нигерием щыщ фызабэм и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? (Сурэтым къыщыгъэлъэгъуам феплъ.)

18 Иеговэ и лэжьакІуэ куэдыр гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэм пэщІохуэ. COVID-19 пандемиер щекІуэкІым щыгъуэ, къэхъуа зы Іуэхугъуэм гу лъыттэнщ. Нигерием щыщ зы фызабэ гуэрым ерыскъыи ахъши иІэжтэкъым. Зы пщэдджыжьым абы ипхъу цІыкІур мыпхуэдэу къеупщІащ: «Къэнэжа прунж тІэкІур дыухмэ, итІанэ сыт тшхынур?» Ди шыпхъум абы жэуап иритыжащ: «Ахъши ерыскъыи къытхуэнэжакъым, ауэ дэ Сарептэ къалэм щыщ фызабэм щапхъэ тетх хъунущ. ДиІэ тІэкІур тпщэфІынщи, ди Іуэхур Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьэнщ» (1 Цар. 17:8—16). Шэджагъуэм яшхыным теухуауэ ахэр емыгупсыс щІыкІэ, къуэш, шыпхъухэм абыхэм ерыскъы къыхуахьащ. Апхуэдэу абыхэм тхьэмахуитІым щІигъукІэ яшхын ерыскъы къаІэрыхьащ. Шыпхъум зэрыжиІэмкІэ, абы и гугъакъым ар ипхъу цІыкІум зэрепсалъэм Иеговэ апхуэдизу гулъытэ хэлъу едаІуэу. Аращи, Иеговэ дыщыгугъыу щытмэ, дызыпэмыплъа гугъуехьхэм абы нэхъ гъунэгъу дызэрыхуащІыфынум шэч лъэпкъ хэлъкъым (1 Пет. 5:6, 7).

19. Ди къуэш Алексей Ершов сыт хуэдэ гугъуехьым пэщІэхуа?

19 Иужьрей илъэсхэм ди къуэш, ди шыпхъу куэдыр зыпэмыплъа гугъуехьхэм пэщІэхуащ. Урысейм щыпсэу ди къуэш Алексей Ершов и щапхъэм деплъынщ. Абы 1994-нэ гъэм псым зыщІигъэуащ. А зэманым Урысейм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм Иеговэ хуиту хуэлэжьэну Іэмал яІэт. Ауэ иужькІэ Іуэхум зихъуэжащ. 2020-нэ гъэм полицием и лэжьакІуэхэр Алексей и унэм къыщІэлъэдащ икІи къащащ. Абы и хьэпшыпхэм щыщ куэд трахащ. Мазэ зыбжанэ дэкІа иужь, прокуратурэм и лэжьакІуэхэм Алексей къуаншагъэ бгъэдэлъу жаІащ. Апхуэдэ унафэм лъабжьэ хуэхъуар фэрыщІу илъэсым щІигъукІэ Библиер фІэгъэщІэгъуэн хуэдэу зызыщІа цІыхум триха видеохэращ. Ар сыту напэншагъэт!

20. Ди къуэш Алексей Ершов и фІэщхъуныгъэр дапхуэдэу зэригъэбыдэр?

20 Алексей и гугъуехьхэм сыт къыпэкІуар? Ар Иеговэ нэхъ гъунэгъуж хуэхъуащ. Абы мыпхуэдэу жеІэ: «Си щхьэгъусэмрэ сэрэ зэгъусэу нэхъ щІэх-щІэхыурэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэн щІэддзащ. Сэ къызгуроІуэ Иеговэ къыздэмыІэпыкъуу щытмэ, мы гугъуехьым сызэрыпэмылъэщынур». Алексей пещэ: «Сэ Библиер зэрызджыр хуабжьу къыздоІэпыкъу. Псалъэм папщІэ, пасэрей зэманым псэуа Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм я щапхъэхэм согупсыс. Зыгуэр къыщыхъум деж, дымыгужьейуэ Иеговэ дзыхь хуэтщІыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ куэд Библием итщ».

21. Мы статьям сытым дыхуигъасэрэ?

21 Мы статьям сытым дыхуигъасэрэ? Мы дунейм щыІэ гъащІэм псынщІэу зихъуэжыфынущ. Ауэ Иеговэ щыгугъ цІыхухэм ар сыт щыгъуи ядоІэпыкъу. Мы статьяр зытегъэщІа едзыгъуэм зэрыщыжыІам хуэдэу, «цІыху пэжым гугъуехьыр и куэдщ, ауэ Иеговэ а псом ар къыІэщІех» (Пс. 34:19). Аращи, адэкІи ди акъылыр гугъуехьхэм тедмыухуэу Иеговэ къыдит къарум тедухуэнщ. Абы щыгъуэ дэ, Паул хуэдэу, мыпхуэдэу жытІэфынущ: «ЛъэкІыныгъэ къызэзытым и къарукІэ псори сщІэн слъэкІынущ»! (Флп. 4:13, ДЩІ).

38-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къару къыпхилъхьэнущ

a Языныкъуэхэм деж дэ дызыпэмыплъа гугъуехьхэм мы дунейм дыщыпэщІохуэ. Ауэ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм зэрадэІэпыкъунум дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ. Пасэрей зэманым ар и лэжьакІуэхэм дапхуэдэу зэрадэІэпыкъуу щытар? Ди зэманми дапхуэдэу ар зэрищІэр? Абы теухуауэ пасэрей зэманым щыпсэуа, абы нэмыщІ ди зэманым щыпсэу къуэш, шыпхъу зыбжанэм я щапхъэхэм деплъынщ. А щапхъэхэр къыддэІэпыкъунущ, Иеговэ дыщыгугъыу щытмэ, ар щІэгъэкъуэн къызэрытхуэхъуным шэч къытедмыхьэну.