16 СТАТЬЯР
«Уи дэлъхур къэтэджыжынущ»!
«[Хьисэ Марфэ жриІащ]: „Уи дэлъхур къэтэджыжынущ“» (ИУАН 11:23).
151-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ лІахэр къигъэтэджыжынущ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a
1. ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ зы щІалэ цІыкІум иІа фІэщхъуныгъэр дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?
МЭ́ТЬЮ зи цІэ щІалэ цІыкІум узыфэ хьэлъэ къызэреузым къыхэкІкІэ операцэ куэд ящІащ. Ар илъэсибл щыхъум щыгъуэ, и адэ-анэм я гъусэу мазэ къэс къыдэкІ JW Broadcasting® программэм еплъащ. А программэм и кІэм дунеищІэм лІахэм къахэтэджыкІыжахэр къызэредгъэблэгъэжыным теухуауэ макъамэ зыщІэт видео хэтащ b. Ар щиухам щыгъуэ, Мэтью и адэ-анэм я Іэхэр иубыдри, мыпхуэдэу жиІащ: «Мамэ, папэ, мис флъагъурэ: сэ сылІэу щытми, Алыхьым сыкъигъэхъужынущ. Фыкъызэжьэ закъуэ, псори тэмэм хъужынущ». ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ а сабийм иІэ фІэщхъуныгъэ быдэр щалъэгъуам, абы и адэ-анэм яІа гурыщІэхэр фи нэгу къыщІэвгъэхьэт!
2, 3. Алыхьым лІахэр къызэригъэтэджыжынум теухуауэ дегупсысыным сэбэпынагъ щІыпылъыр сыт?
2 Алыхьым лІахэр къызэригъэтэджыжынум теухуауэ зэман-зэманкІэрэ дегупсысыным сэбэпынагъ пылъщ (Ин. 5:28, 29). Сыт щхьэкІэ? Дэ димыгугъэххауэ узыфэ хьэлъэ диІэу дохутырхэм къахутэнкІэ е фІыуэ тлъагъу гуэр лІэныгъэм тІэщІихынкІэ хъунущ (Эккл. 9:11; Екъуб 4:13, 14). ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ диІэ гугъэр апхуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэтыну къыддэІэпыкъуфынущ (1 Фес. 4:13). Уафэм щыІэ ди Адэм фІыуэ дызэрицІыхур икІи фІыщэу дызэрилъагъур Тхыгъэ ЛъапІэм ди фІэщ ещІ (Лк. 12:7). Дэ тхэлъа хьэл-щэнхэри тхэлъу, диІа гупсысэхэри диІэжу дыкъигъэтэджыжын щхьэкІэ, Иеговэ дапхуэдизу фІыуэ дыкъицІыхун хуейми фегупсысыт. Алыхьым гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну Іэмал къызэрыдитам и лъагъуныгъэшхуэр къыхэщыркъэ? Дэ дылІэу щытми, Иеговэ дыкъигъэтэджыжынущ.
3 ЯпэщІыкІэ мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ лІахэр къызэрытэджыжынур ди фІэщ щІэхъун хуейм и щхьэусыгъуэхэм. ИужькІэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зыщІ Библием ит пычыгъуэр зэпкърытхынущ. А пычыгъуэм мы статьяр зытегъэщІа едзыгъуэри хэтщ: «Уи дэлъхур къэтэджыжынущ» (Ин. 11:23). Иджыри дэ къэтщІэнущ лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ диІэ гугъэр дапхуэдэу нэхъ быдэ тщІыфынуми.
ЛІАХЭР КЪЫЗЭРЫТЭДЖЫЖЫНУР ДИ ФІЭЩ ЩІЭХЪУН ХУЕЙР СЫТ?
4. Зыгуэрым дыкъызэригъэгугъам дзыхь хуэтщІын щхьэкІэ, шэч къызытедмыхьэн хуейр сыт? Щапхъэ къэфхь.
4 Зыгуэрым дыкъызэригъэгугъар зэригъэзэщІэным дзыхь хуэтщІын щхьэкІэ, абы ар игъэзэщІэну гукъыдэжрэ къарурэ зэриІэм шэч къытедмыхьэу щытын хуейщ. Щапхъэ къэтхьынщ. Уи унэр гузэвэгъуэшхуэ гуэрым зэтрикъутауэ жытІэнщ. Уи ныбжьэгъур уи деж къокІуэри, мыпхуэдэу къыбжеІэ: «Умыгузавэ, уи унэр пщІыжыну сыбдэІэпыкъунущ». Абы и гум къыбгъэдэкІыу ар зэрыжиІам щхьэкІэ, къыбдэІэпыкъуну гукъыдэж зэриІэм уэ шэч къытепхьэкъым. Уи ныбжьэгъур ухуакІуэ Іэзэу щытмэ икІи абы Іэмэпсымэ зыхуэныкъуэхэр иІэмэ, къыбдэІэпыкъуну Іэмал зэриІэри уэ бощІэ. Абы къыхэкІкІэ уи ныбжьэгъум и псалъэхэм уэ дзыхь хубощІ. НтІэ, Алыхьым лІахэр къигъэтэджыжыну дыкъызэригъэгугъэм теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Абы ар игъэзэщІэну гукъыдэжрэ къарурэ иІэу пІэрэ?
5, 6. Иеговэ лІахэр къигъэтэджыжын щхьэкІэ гукъыдэж зэриІэр ди фІэщ щІэхъур сыт?
5 ЛІахэр къигъэтэджыжыну Иеговэ гукъыдэж иІэ? Абы шэч лъэпкъ хэлъкъым! Иеговэ цІыху зыбжанэ хуигъэушащ лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ Библием иратхэну (Ис. 26:19; Ос. 13:14; Апок. 20:11—13). ИкІи Иеговэ псалъэ щитым деж, ар сыт щыгъуи егъэзащІэ (Иис. Н. 23:14). Ар хуабжьу хуейщ лІахэр къигъэтэджыжыну. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур?
6 Іэиуб и псалъэхэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы быдэу и фІэщ хъут, ар лІэуэ щытми, Иеговэ абы зэрыхуэзэшынур икІи ар лІахэм къахигъэтэджыкІыжыну зэрыхуеинур (Иов 14:14, 15). Апхуэдэ дыдэу Иеговэ хуейщ дунейм ехыжа и лэжьакІуэ пэжхэм гъащІэ яритыжыну икІи абыхэм узыншагъэрэ насыпрэ яІэу псэуну. Ауэ Иеговэ теухуа пэжыр къащІэну Іэмал зимыІа миллиард бжыгъэ хъу цІыхухэм щхьэкІэ сыт жыпІэ хъунур? Лъагъуныгъэшхуэ зыхэлъ ди Алыхьым ахэри къигъэтэджыжыну гукъыдэж иІэщ (Апост. 24:15). Иеговэ хуейщ а цІыхухэри абы и ныбжьэгъу хъуну икІи гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну (Ин. 3:16). Аращи, Иеговэ лІахэр къигъэтэджыжыну гукъыдэж зэриІэм шэч лъэпкъ хэлъкъым.
7, 8. Иеговэ лІахэр къызэригъэтэджыжын къару зэриІэм сыт дэ шэч къыщІытедмыхьэр?
7 НтІэ, лІахэр къызэригъэтэджыжын къару Иеговэ иІэу пІэрэ? ДауикІ, иІэщ! Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар «лъэкІыныгъэшхуэ псори зиІэ» Алыхьщ (Апок. 1:8). Иеговэ сыт хуэдэ бийми, уеблэмэ, лІэныгъэми, зэрыпэлъэщын къару иІэщ (1 Кор. 15:26). Ар зэрытщІэм дэ къару къытхелъхьэ икІи гупсэхугъуэ къыдет. Арно́льд Эммэ зи цІэ ди шыпхъум жиІам гу лъыттэнщ. ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэр щекІуэкІым щыгъуэ, ди шыпхъу Эммэрэ абы и унагъуэмрэ гугъуехьышхуэхэм пэщІэхуащ. Абыхэм я Іыхьлы гуэрхэм я гъащІэр яфІэкІуэдащ, нацистхэм я концлагерхэм щисым щыгъуэ. Эммэ и пхъум гупсэхугъуэ иритын щхьэкІэ, мыпхуэдэ псалъэхэр жриІащ: «ЛІэныгъэм цІыхухэр игъащІэкІэ Іэхъулъэхъуу иІыгъауэ щытамэ, абы щыгъуэ ар Алыхьым нэхърэ нэхъ къарууэ жыпІэ хъунут, пэжкъэ?» Ауэ Иеговэ къытекІуэн зыри щыІэкъым! ГъащІэр къэзыгъэщІа лъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Алыхьым цІыху лІар щІэрыщІэу къигъэщІыжыну, дауикІ, хузэфІэкІынущ.
8 Ауэ Алыхьым лІахэр къызэригъэтэджыжынур ди фІэщ зыщІ зы щхьэусыгъуэ иджыри щыІэщ: абы и акъылым щІэи гъуни иІэкъым. Иеговэ дэтхэнэ зы вагъуэми и цІэмкІэ йоджэ (Ис. 40:26). Апхуэдэ дыдэу абы лІахэр псори ещІэж (Иов 14:13; Лк. 20:37, 38). Иеговэ лІахэр къыщигъэтэджыжкІэ абыхэм теухуауэ псори тыншу игу къигъэкІыжыфынущ, псалъэм папщІэ, я теплъэр, я хьэл-щэнхэр, зрагъэгъуэта щІэныгъэр, я гукъэкІыжхэр.
9. Иеговэ лІахэр къызэригъэтэджыжынур уи фІэщ щІэхъур сыт?
9 Шэч хэмылъу, Иеговэ лІахэр къигъэтэджыжынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар ищІэну абы гукъыдэжи къаруи иІэщ. Ар ди фІэщ щІэтщІ хъуным иджыри зы щхьэусыгъуэ иІэщ: Иеговэ цІыху зыбжанэ лІахэм къахигъэтэджыкІыжакІэщ. Пасэрей зэманым Алыхьым езым къыхуэпэж цІыхухъу зыбжанэм, Хьиси абыхэм яхэту, лІахэр къагъэтэджыжын щхьэкІэ, къару яритауэ щытащ. Хьисэ ищІа апхуэдэ зы телъыджэ Іуэхур адэкІэ зэпкърытхынщ. Иуан итхыжа хъыбарыфІым и 11-нэ псалъащхьэр абы топсэлъыхь.
ХЬИСЭ ФІЫУЭ ИЛЪАГЪУ И НЫБЖЬЭГЪУР ЛІАЩ
10. Иордан псым и адрей лъэныкъуэмкІэ Хьисэ хъыбарыфІыр щигъэІуу Вифанием сыт къыщыхъуар икІи сыт абы ищІар? (Иуан 11:1—3).
10 Къеджэ Иуан 11:1—3. Ди эрэм и 32-нэ гъэм и кІэм Вифание къуажэм къыщыхъур уи нэгу къыщІэгъэхьэт. А къуажэм Хьисэ и ныбжьэгъухэр щопсэу: Лазар икІи абы и шыпхъу Мэриемрэ Марфэрэ (Лк. 10:38—42). Лазар сымаджэ мэхъу икІи и шыпхъухэр абы хуабжьу ирогузавэ. Абыхэм Хьисэ и деж хъыбарегъащІэ ягъакІуэ. Абы щыгъуэ Хьисэ махуитІ гъуэгуанэ хуэдиз пкІумэ, Иордан псым и адрей лъэныкъуэмкІэ щыІэт (Ин. 10:40). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, хъыбарегъащІэр Хьисэ и деж щынэсам, Лазар лІат. Хьисэ и ныбжьэгъур лІа къудейуэ зэрыщытыр ищІэ пэтми, а щІыпІэм иджыри махуитІкІэ зыщиІэжьащ. Абы иужькІэщ Вифание кІуэну ар гъуэгу щытеувар. Арати, Хьисэ а къуажэм къыщысам щыгъуэ, Лазар зэрылІэрэ махуиплІ хъуат. Абы и ныбжьэгъухэм къадэІэпыкъун икІи Алыхьым щІыхь къыхуэзыхьын Іуэхугъуэ гуэр ищІэну и мурадщ (Ин. 11:4, 6, 11, 17).
11. Мы Іуэхугъуэм ныбжьэгъугъэм теухуауэ сытым дыхуигъасэрэ?
11 Мы Іуэхугъуэр ныбжьэгъугъэ пэжым и щапхъэщ. Егупсысыт: Хьисэ Вифанием къэкІуэну Мэриемрэ Марфэрэ абы елъэІуакъым. Абыхэм я дэлъхур сымаджэ зэрыхъуар Хьисэ хуаІуэхуауэ аращ (Ин. 11:3). Лазар щылІам щыгъуэ, Хьисэ Вифанием нэс мыкІуэуи ар къигъэтэджыжыфынут. Ауэ, Мэриемрэ Марфэрэ игъэгушхуэн щхьэкІэ, Хьисэ а къуажэм кІуэну мурад ищІащ. Уэ ущемылъэІуам дежи, къыбдэІэпыкъуну хьэзыр ныбжьэгъу уиІэ? Апхуэдэ ныбжьэгъум «гузэвэгъуэ ущихуам» дежи ущыгугъ хъунущ (Прит. 17:17). Дэри Хьисэ хуэдэ ныбжьэгъу нэгъуэщІхэм дазэрыхуэхъуным дыхущІэвгъэкъу. АдэкІэ Вифанием къыщыхъуам деплъынщ.
12. Хьисэ Марфэ сыткІэ къигъэгугъа икІи абы и псалъэхэм дзыхь хуэпщІ щІэхъунур сытыт? (Иуан 11:23—26).
12 Къеджэ Иуан 11:23—26. Хьисэ Вифанием къызэрыблэгъар Марфэ къызэрищІэу абы пежьэри, мыпхуэдэу жриІащ: «Зиусхьэн... уэ мыбдеж ущыІатэмэ, си дэлъхур лІэнтэкъым» (Ин. 11:21). Пэжщ, Хьисэ Лазар игъэхъужыфынут, ауэ абы нэхърэ нэхъ телъыджэ Іуэху ищІэну и мурадщ. Хьисэ жеІэ: «Уи дэлъхур къэтэджыжынущ». Марфэ абы и псалъэхэр и фІэщ щІэхъун зы щхьэусыгъуэ иджыри иІэщ. Хьисэ мыпхуэдэу пещэ: «ЛІахэр къэзыгъэтэджыжу гъащІэ езытыр сэращ». Пэжщ, Алыхьым Хьисэ хуит ищІащ гъащІэми лІэныгъэми тепщэныгъэ яхуиІэну. Абы ипэкІэ Хьисэ хъыджэбз цІыкІур зэрылІэрэ куэд дэмыкІыу къигъэхъужат. Абы нэмыщІ фызабэм и къуэри щылІа махуэм къигъэтэджыжащ (Лк. 7:11—15; 8:49—55). Ауэ махуиплІ ипэкІэ лІа цІыхур, зи хьэдэм мэ щыууэ щІидзар, абы къыхуэгъэтэджыжыну пІэрэ?
«ЛАЗАР... КЪЫЩІЭКІЫЖ!»
13. Иуан 11:32—35 зэритымкІэ, Мэриемрэ нэгъуэщІ цІыхухэмрэ гъыуэ Хьисэ щилъэгъуам щыгъуэ, сыт абы зыхищІар? (Сурэтым феплъ.)
13 Къеджэ Иуан 11:32—35. АдэкІэ къэхъур фи нэгу къыщІэвгъэхьэт. Лазар и шыпхъу Мэриеми Хьисэ и деж къокІуэ. Абыи Марфэ жиІа дыдэр жеІэ: «Зиусхьэн, уэ мыбы ущыІатэмэ, си дэлъхур лІэнтэкъым». Мэриеми абы и гъусэу къэкІуахэри гуауэм зэщІищтащ. Хьисэ ахэр гъыуэ щилъагъум, ар и гум хуабжьу щІохьэ. Абы и ныбжьэгъухэр фІэгуэныхь зэрыхъуам къыхэкІкІэ и нэпсыр къыфІыщІож. Хьисэ къыгуроІуэ, фІыуэ плъагъу цІыхур лІэныгъэм щыпІэщІихым деж, абы гуауэшхуэ къызэрыпхуихьыр. Ар хуабжьу хуейщ а цІыхухэм щІэгъын щхьэусыгъуэ ямыІэжу ищІыну!
14. Мэрием гъыуэ Хьисэ щилъэгъуам щыгъуэ, езыри зэрыгъам Иеговэ теухуауэ сыт къыдгуригъаІуэр?
14 Мэрием гъыуэ Хьисэ щилъэгъуам щыгъуэ, езыри зэрыгъам къыдгурегъаІуэ Иеговэ гущІэгъушхуэ зыхэлъ Алыхьу зэрыщытыр. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Мыбы ипэ дджа статьям дэ къыщытщІащ Хьисэ и Адэм и гупсысэкІэри и гум щыщІэхэри нэгъэсауэ зэригъэлъагъуэр (Ин. 12:45). Хьисэ и ныбжьэгъухэм къащыщІар апхуэдизкІэ и гум щІыхьати, зыхуэмыІыгъыу ар гъащ. Абы къыдгурегъаІуэ гуауэм къытхуихь нэпсхэр Иеговэ щилъагъум деж, ар и гум хуабжьу зэрыщІыхьэр (Пс. 56:8). ГущІэгъушхуэ зыхэлъ ди Алыхьым нэхъ гъунэгъуж зыхуэпщІыну а гупсысэм ухуигъэушыркъэ?
15. Лазар зыщІэлъа кхъэлэгъунэм деж сыт къыщыхъуар? (Иуан 11:41—44). (Сурэтым феплъ.)
15 Къеджэ Иуан 11:41—44. Хьисэ бгъуэнщІагъым бгъэдохьэри, абы Іулъ мывэр Іуахыну цІыхухэм йолъэІу. Ауэ Марфэ мыпхуэдэу жеІэ: «Зиусхьэн, ар зэрылІэрэ махуиплІ мэхъу, мэ щоу». Хьисэ абы жэуап ирет: «Уэ фІэщхъуныгъэ уиІэмэ, Тхьэм и щІыхьышхуэр зэрыплъагъунур бжесІатэкъэ?» (Ин. 11:39, 40). ИужькІэ Хьисэ уафэм доплъейри, псоми зэхахыу Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуегъазэ. Абы и псалъэхэм къыхощ адэкІэ къэхъуным теухуауэ фІыщІэ псор Иеговэ къылъысыну ар зэрыхуейр. Абы иужь Хьисэ макъ хэІэтыкІакІэ жеІэ: «Лазар, мыбы къыщІэкІыж!» Хьисэ а псалъэхэр жиІа иужь, Лазар кхъэлэгъунэм къыщІокІыж. Хьисэ иджыпсту ищІа телъыджэ Іуэхур куэдым зэи къэмыхъуфын Іуэхугъуэу къащыхъуфынут c.
16. ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ Иуан 11-нэ псалъащхьэм итым дапхуэдэу ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрищІыр?
16 Иуан итхыжа ХъыбарыфІым и 11-нэ псалъащхьэм ит хъыбарым лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ещІ. Дапхуэдэу? Хьисэ Марфэ къызэригъэгугъар дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы жиІащ: «Уи дэлъхур къэтэджыжынущ» (Ин. 11:23). Иеговэ хуэдэу, Хьиси ар ищІэну гукъыдэжи къаруи иІэщ. Ар зэрыгъам къегъэлъагъуэ лІэныгъэми абы къыпэкІуэ гуауэми кІэ иритыну хуабжьу зэрыхуейр. Лазар кхъэлэгъунэм къыщыщІэкІыжам щыгъуэ, Хьисэ иджыри зэ къигъэлъэгъуащ, лІахэр къигъэтэджыжын щхьэкІэ, абы къару зэриІэр. Абы нэмыщІ Хьисэ Марфэ жриІа мы псалъэхэм фегупсысыт: «Уэ фІэщхъуныгъэ уиІэмэ, Тхьэм и щІыхьышхуэр зэрыплъагъунур бжесІатэкъэ?» (Ин. 11:40). Алыхьым лІахэр къигъэтэджыжыну дыкъызэригъэгугъа псалъэхэр ди фІэщ щІэтщІым лъабжьэ быдэ иІэщ. Ауэ лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ диІэ гугъэр дапхуэдэу нэхъ быдэ зэрытщІыфынур?
ЛІАХЭР КЪЫЗЭРЫТЭДЖЫЖЫНУМ ТЕУХУАУЭ ДИІЭ ГУГЪЭР ДАПХУЭДЭУ НЭХЪ БЫДЭ ЗЭРЫТЩІЫФЫНУР?
17. ЛІахэр къызэрытэджыжам теухуауэ Библием итым дыщеджэм деж, сытым дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэ?
17 Пасэрей зэманым Алыхьым лІахэр къызэригъэтэджыжам теухуауэ феджэ икІи куууэ фегупсыс. ЩІылъэм щыпсэун щхьэкІэ, лІахэм къахэтэджыкІыжауэ щыта цІыхуийм Библиер топсэлъыхь d. А хъыбархэр зэрызу нэхъ куууэ зэрызэпкърыфхыным фыхущІэкъу. Ар щыфщІкІэ зыщывмыгъэгъупщэ: а цІыхухъухэр, цІыхубзхэр, сабийхэр пэж дыдэу дунейм тетащ. А хъыбархэм хэфхыфыну дерсхэр къэфлъыхъуэ. Алыхьым лІахэр къигъэтэджыжын щхьэкІэ, къаруи гукъыдэжи зэриІэр дэтхэнэ зы хъыбарми къызэрыхэщым фегупсыс. Ауэ псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэм фегупсысыну зыщывмыгъэгъупщэ — Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжам. А Іуэхугъуэм цІыху щэ бжыгъэ щыхьэт зэрытехъуар фигу ивгъэлъ. КъэкІуэну зэманым миллиард бжыгъэ хъу цІыхухэр къызэрытэджыжынум теухуауэ диІэ фІэщхъуныгъэм ар лъабжьэ быдэ хуохъу (1 Кор. 15:3—6, 20—22).
18. ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуа уэрэдхэм сэбэпынагъ къытхуахьын щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунур? (Сноскэм феплъ.)
18 ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуа «тхьэщІыхь уэрэдхэр» жыфІэ икІи абыхэм федаІуэ (Еф. 5:19) e. А уэрэдхэм я фІыгъэкІэ лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ диІэ фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу. Абыхэм я фІыгъэкІэ Алыхьым дыкъызэригъэгугъа псалъэхэм дэ шэч къытетхьэкъым. Аращи, абыхэм федаІуэ. А уэрэдхэр дахэу жыфІэу зевгъасэ. Библиер унагъуэкІэ щывджкІэ абыхэм хэт псалъэхэр зэпкърыфх. Ахэр фи акъылми фи гуми къинэн щхьэкІэ, гукІэ зэвгъащІэ. Абы щыгъуэ, гугъуехь гуэрым фыпэщІэхуэмэ е фІыуэ флъагъу цІыхур лІэныгъэм фІэщІих хъумэ, а уэрэдхэр къэфщІэжыну Алыхьым и къару лъапІэр къывдэІэпыкъунущ. Абы и фІыгъэкІэ гупсэхугъуэ вгъуэтынущ икІи къару фиІэ хъунущ.
19. ЛІахэр къызэрытэджыжынум дыщегупсыскІэ сыт ди нэгу къыщІэдгъэхьэ хъунур? (« Сытыт абыхэм узэреупщІынур?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
19 ДунеищІэр фи нэгу къыщІэвгъэхьэ. Иеговэ зэфІэкІ къыдитащ дунеищІэм дызэрыщыпсэунур ди нэгу къыщІэдгъэхьэну. Ди зы шыпхъур къыддогуашэ: «Сэ дунеищІэм сызэрыщыпсэуным щІэх-щІэхыурэ согупсысри, жэнэтым къыщыкІ удз гъэгъахэм я мэ дахэр къысщІихьэу иныкъуэхэм деж къысщохъу». Пасэрей зэманым псэуа Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм уазэрыхуэзэным егупсыс. Хэтыт уэ плъэгъуну узыхуейр? Сытыт абы узэреупщІынур? Абы нэмыщІ фІыуэ плъагъу цІыхухэр къызэребгъэблэгъэжынур уи нэгу къыщІэгъэхьэ. Абыхэм япэу яжепІэну псалъэхэм, гуапэу ІэплІэ зэрыхуэпщІынум икІи абы къыпхуихьыну гуфІэгъуэшхуэм куууэ егупсыс.
20. Дэ дызыхущІэкъуну ди мурадыр сыт?
20 Иеговэ лІахэр къигъэтэджыжыну дыкъызэригъэгугъэм щхьэкІэ, ди гум фІыщІэшхуэ илъщ! Ар къызэрыхъунум дэ шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ, сыту жыпІэмэ, ар ищІэн щхьэкІэ, Иеговэ къаруи гукъыдэжи иІэщ. Аращи, лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ диІэ фІэщхъуныгъэм хэдгъэхъуэну дыхущІэвгъэкъу. Абы и фІыгъэкІэ ди Алыхьым нэхъ гъунэгъу дыхуэхъунущ икІи дыкъызэригъэгугъэ къыкІэлъыкІуэ псалъэхэм дзыхь хуэтщІынущ: «Уэ фІыуэ плъагъухэр къэтэджыжынущ!»
147-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым гъащІэ мыухыжкІэ дыкъегъэгугъэ
a ФІыуэ плъагъу гуэр лІэныгъэм пІэщІихауэ щытмэ, Иеговэ лІахэр къигъэтэджыжыну дыкъызэригъэгугъэм, дауикІ, уэ гупсэхугъуэ къыпхуехь. Ауэ ар уи фІэщ щІэхъум и щхьэусыгъуэр нэгъуэщІхэм дапхуэдэу къагурыбгъаІуэ зэрыхъунур? Абы нэмыщІ лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ уиІэ гугъэр дапхуэдэу нэхъ быдэ зэрыпщІ хъунур? Мы статьяр къыддэІэпыкъунущ Алыхьым лІахэр къызэригъэтэджыжынум теухуауэ диІэ фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІыну.
b Макъамэ зыщІэт а видеом и цІэщ: «Этот день очень близко!». Ар 2016-нэ гъэм, щэкІуэгъуэм къыдэкІа JW Broadcasting программэм хэтащ.
c 2008-нэ гъэм, щІышылэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм», 31-нэ напэкІуэцІым ит «ФщІэуэ пІэрэ?» жыхуиІэ рубрикэм, «Почему Иисус пришёл к склепу Лазаря только через четыре дня?» зи цІэ статьям феплъ.
d 2015-нэ гъэм, шыщхьэІум и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и 4-нэ напэкІуэцІым ит «Восемь случаев воскресения, описанных в Библии» жыхуиІэ рамкэм феплъ.
e «Иеговэ уэрэд хужыфІэ» зи цІэ уэрэдылъэм ит къыкІэлъыкІуэ уэрэдхэм феплъ: «ДунеищІэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ» (139-нэ уэрэдыр), «ГугъапІэм уи нэр тегъэт!» (144-нэ уэрэдыр), «Иеговэ лІахэр къигъэтэджыжынущ» (151-нэ уэрэдыр). Абы нэмыщІ jw.org сайтым къыкІэлъыкІуэ уэрэдхэм фыщеплъ: «Этот день очень близко!», «Мы ждём новый мир», «Мир любви и гармонии».