15 СТАТЬЯР
Хьисэ ищІа телъыджэ Іуэхухэм сытым дыхуагъасэрэ?
«[Хьисэ] Іуэху щхьэпэ ищІэурэ... цІыху псори игъэхъужу щытащ» (АПОСТ. 10:38).
13-НЭ УЭРЭДЫР Хьисэ щапхъэ тхуохъу
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a
1. Хьисэ япэ телъыджэ Іуэхур зэрищІар къыжыфІэж.
ДИ ЭРЭМ и 29-нэ гъэм, бжьыхьэм къэхъуа Іуэхугъуэр уи нэгу къыщІэгъэхьэт. Хьисэ хъыбарыфІыр игъэІун щІидзащ. Мэриемрэ Хьисэрэ икІи абы и лъэужь ирикІуэхэм щыщ языныкъуэхэр Канэ зи цІэ къуажэм щекІуэкІ хьэгъуэлІыгъуэм кърагъэблэгъащ. А къуажэр Хьисэ къыщыхъуа Назарет къалэм и ищхъэрэ лъэныкъуэмкІэ щыІэт. Мэрием щауэмрэ нысащІэмрэ я унагъуэхэм я цІыхугъэт икІи, хьэщІэхэр зыхуей хуагъэзэн щхьэкІэ, абыхэм ядэІэпыкъуу щытауэ къыщІэкІынущ. Ауэ хьэгъуэлІыгъуэр екІуэкІыу шагъырыр зэрахуримыкъунур наІуэ хъуащ b. Зэрагугъам нэхърэ хьэщІэ нэхъыбэ къэкІуауэ къыщІэкІынущ. Мэрием и къуэм зыхуигъазэри, жриІащ: «[Мыбыхэм] санэ яІэжкъым» (Ин. 2:1—3). Сыт Хьисэ адэкІэ ищІэр? Абы телъыджэ ІуэхукІэ псым «санэфІ» къыхещІыкІ (Ин. 2:9, 10).
2, 3. 1) Хьисэ сыт хуэдэ телъыджэ Іуэхухэр илэжьу щыта? 2) Хьисэ ищІа телъыджэ Іуэхухэм дызэрытепсэлъыхьым сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьынур?
2 Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ, нэгъуэщІ телъыджэ Іуэху куэд илэжьауэ щытащ c. Абы и къарур къызэригъэсэбэпу щытар цІыху мин бжыгъэ куэдым ядэІэпыкъун щхьэкІэт. Псалъэм папщІэ, зэгуэр Хьисэ цІыхухъу 5 000, иужькІэ цІыхухъу 4 000 игъэшхауэ щытащ. А ІуэхугъуитІым щыгъуэ, цІыхубзхэри сабийхэри хэту, Хьисэ цІыху 27 000-м щІигъу игъэшхауэ къыщІэкІынущ (Мт. 14:15—21; 15:32—38). А ІуэхугъуитІми Хьисэ цІыху сымаджэ куэд игъэхъужащ (Мт. 14:14; 15:30, 31). Хьисэ телъыджэ ІуэхукІэ цІыхухэр щигъашхэм икІи щигъэхъужым абыхэм ар зэрагъэщІагъуэу щытар уи нэгу къыщІэгъэхьэт!
3 Хьисэ илэжьа телъыджэ Іуэхухэм ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ яІэщ. Абыхэм ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІыфынущ. А телъыджэ Іуэхухэм дэ сытым дыхуагъасэми мы статьям щызэпкърытхынущ. Абы нэмыщІ Хьисэ игъэлъэгъуа Іэдэбагъымрэ гущІэгъумрэ дапхуэдэу щапхъэ тетхыфынуми дытепсэлъыхьынущ.
ИЕГОВЭРЭ ХЬИСЭРЭ ТЕУХУАУЭ СЫТ КЪАТЩІЭР?
4. Хьисэ ищІа телъыджэ Іуэхухэм теухуауэ дыкъыщеджэм деж, Иеговэ теухуауэ сыт къатщІэр?
4 Хьисэ илэжьа телъыджэ Іуэхухэм езым нэмыщІ и Адэми теухуауэ ди фІэщхъуныгъэр ягъэбыдэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ и къарукІэщ Хьисэ а телъыджэ Іуэхухэр зэрищІар. Апостолхэм 10:38 мыпхуэдэу щыжыІащ: «Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощІэ. Тхьэм и Псэ ЛъапІэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкІэ, Іуэху щхьэпэ ищІэурэ, ШейтІаным и къарукІэ хигъэзыхьа цІыху псори игъэхъужу щытащ». Абы нэмыщІ зыщыдгъэгъупщэнкъым: Хьисэ ищІауэ хъуами, жиІауэ хъуами, телъыджэ Іуэхухэри абыхэм яхэту, и Адэм и гупсысэхэр икІи и гурыщІэхэр нэгъэсауэ къыхэщт (Ин. 14:9). Хьисэ ищІа телъыджэ Іуэхухэм хэтхыфыну дерсищ иджыпсту зэпкърытхынщ.
5. Хьисэ телъыджэ Іуэхухэр ищІэну сытыт хуэзыгъэушыр? (Маттэ 20:30—34).
5 Япэ дерсыр. Иеговэрэ Хьисэрэ дэ фІыщэу дыкъалъагъу. Хьисэ и лъагъуныгъэм и кууагъыр къыхощ, цІыхухэм я гугъуехьхэр ящхьэщихын щхьэкІэ, абы Алыхьым кърита къарур къызэригъэсэбэпу щытам. Зэгуэр нэфу щыт цІыхухъуитІ Хьисэ къелъэІуащ, абыхэм ядэІэпыкъуну. (Къеджэ Маттэ 20:30—34.) Гу лъыфтэт: Хьисэ абыхэм япэщІыкІэ «гущІэгъу яхуищІри», иужькІэ ахэр игъэхъужащ. «ГущІэгъу яхуищІащ» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэм къокІ «цІыхум гущІэгъушхуэ хуэщІын, абы и узыр кІуэцІкІэ зыхэщІэн» жиІэу. Апхуэдэ гущІэгъушхуэм Хьисэ и лъагъуныгъэр къыхэщт икІи абы ар хуигъэушащ мэжалІэхэр игъэшхэну, уэшын уз зэфыкІ цІыхухъури игъэхъужыну (Мт. 15:32; Мк. 1:41). Дэ шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ: гущІэгъушхуэ зыхэлъ ди Алыхь Иеговэрэ абы и Къуэмрэ фІыщэу дыкъалъагъу икІи, ди гугъуехьхэр щалъагъум деж, я гур хощІ (Лк. 1:78; 1 Пет. 5:7). ЦІыхубэм я гугъуехь псори щагъэкІуэдыжыну зэманым Иеговэрэ Хьисэрэ къахуэмыгъэсу поплъэ!
6. Алыхьым Хьисэ сыт хуэдэ къару иритар?
6 ЕтІуанэ дерсыр. ЦІыхухэм я гугъуехь псори Іуихын щхьэкІэ, Алыхьым Хьисэ къару иритащ. Хьисэ телъыджэ Іуэхухэр зэрищІамкІэ къигъэлъэгъуащ дэ дызыпэмылъэщыфыну сыт хуэдэ гугъуехьми абы кІэ зэрыритыфынур. Псалъэм папщІэ, гугъуехь псоми лъабжьэ хуэхъуж гуэныхьыр тщхьэщихыну абы къару иІэщ. Абы нэмыщІ Хьисэ гуэныхьым къыпэкІуа узыфэхэмрэ лІэныгъэмрэ игъэкІуэдынущ (Мт. 9:1—6; Рим 5:12, 18, 19). Хьисэ ищІа телъыджэ Іуэхухэр щыхьэт тохъуэ абы цІыхухэр игъэхъужыну, уеблэмэ, лІахэри къигъэтэджыжыну зэрыхузэфІэкІынум (Мт. 4:23; Ин. 11:43, 44). Иджыри Хьисэ тепщэныгъэ иІэщ хы толъкъунхэр игъэсэбырыжыну икІи жин бзаджэхэр цІыхухэм къахихужыну (Мк. 4:37—39; Лк. 8:2). Иеговэ и Къуэм апхуэдэ къару зэрыритар пщІэну сыту гуапэ!
7, 8. 1) Хьисэ илэжьа телъыджэ Іуэхухэм ди фІэщ ящІыр сыт? 2) ДунеищІэм къэхъуну сыт хуэдэ телъыджэ Іуэхура уэ нэхъыбэу узыпэплъэр?
7 Ещанэ дерсыр. Иеговэ дыкъызэригъэгугъауэ хъуар абы и Пащтыхьыгъуэм зэригъэзэщІэнум дэ шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ. Хьисэ ищІа телъыджэ Іуэхухэм къагъэлъагъуэ ар уафэм щыІэ Пащтыхьу зэрыщытым къыхэкІкІэ къэкІуэну зэманым дуней псом щищІэну Іуэхугъуэхэр. Куэд мыщІэу сыт хуэдэ гъащІэ щыІэнуми егупсысыт. Дэ узыншагъэ быдэ диІэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ цІыхухэр гугъу езыгъэхь узыфэхэр псори игъэкІуэдынущ (Ис. 33:24; 35:5, 6; Апок. 21:3, 4). ЦІыхухэм афІэкІа мэжэщІалІэр зищІысыр ящІэнукъым икІи гузэвэгъуэшхуэхэр щыІэжынукъым (Ис. 25:6; Мк. 4:41). Иджыри дэ гуфІэгъуэшхуэ зыхэтщІэнущ лІахэм къахэтэджыкІыжа фІыуэ тлъагъу цІыхухэр къыщедгъэблэгъэжкІэ (Ин. 5:28, 29). ДунеищІэм къэхъуну сыт хуэдэ телъыджэ Іуэхура уэ нэхъыбэу узыпэплъэр?
8 Хьисэ телъыджэ Іуэхухэр щилэжьым щыгъуэ, псом хуэмыдэу Іэдэбагърэ гущІэгъурэ игъэлъэгъуащ. А хьэл-щэнхэр дэри адэкІэ зыхэтлъхьэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы теухуауэ ІуэхугъуитІ зэпкърытхынщ. ЯпэщІыкІэ Канэ къуажэм щекІуэкІа хьэгъуэлІыгъуэм и гугъу тщІынщ.
ІЭДЭБАГЪЫМ ДЫХУЕЗЫГЪАСЭ ДЕРС
9. Хьисэ хьэгъуэлІыгъуэм телъыджэ Іуэху ищІэну хуэзыгъэушар сыт? (Иуан 2:6—10).
9 Къеджэ Иуан 2:6—10. ХьэгъуэлІыгъуэр екІуэкІыу фадэр щаухам щыгъуэ, Хьисэ зыгуэр ищІэн хуейуэ и къалэну щытт? Хьэуэ. Мэссихьым телъыджэ ІуэхукІэ шагъыр ищІын хуейуэ Библием зыри иткъым. Ауэ уэ езым уи хьэгъуэлІыгъуэр екІуэкІыу, Іэнэм тебгъэувэн ерыскъыр зэрыщымыІэжыр къэпщІатэмэ, сыт хуэдэ гурыщІэт уиІэнур? Хьисэ щауэмрэ нысащІэмрэ фІэгуэныхь хъуауэ къыщІэкІынущ. Ар хуейтэкъым абыхэм я хьэгъуэлІыгъуэм апхуэдэ щІэщхъу къащыщыщІыну. Абы къыхэкІкІэ, статьям и пэм и гугъу зэрыщытщІам хуэдэу, Хьисэ телъыджэ ІуэхукІэ псы литр 390 хуэдизыр шагъырыфІ дыдэ ищІащ. Абы апхуэдиз шагъыр щІищІам и щхьэусыгъуэр ар унагъуэщІэм къахуэнэн щхьэкІэу къыщІэкІынут. ИужькІэ абыхэм ар ящэу ахъшэ гуэр къыщІахыфынут. Щауэмрэ нысащІэмрэ абы зэрыщыгуфІыкІам шэч лъэпкъ хэлъкъым!
10. Иуан итхыжа хъыбарыфІым и 2-нэ псалъащхьэм мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ гупсысэхэр ит? (Сурэтым феплъ.)
10 Иуан итхыжа хъыбарыфІым и 2-нэ псалъащхьэм ит мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэхэр зэпкърытхынщ. Хьисэ езым псылъэхэм псы зэрыримыкІам гу лъыфта? Ар ІуэхутхьэбзащІэхэм ящІэну елъэІуащ (6, 7 едзыгъуэхэр). Сыт щхьэкІэ? Хьисэ езым гу зылъригъэтэну хуейтэкъым. Абы псыр шагъыр ищІа нэужьи, хьэгъуэлІыгъуэм и тхьэмадэм езым хуимыхьу, ІуэхутхьэбзащІэхэм яригъэхьащ (8 едзыгъуэр). Хьисэ псоми я пащхьэ къиувэу, «Мы сэ сщІа шагъырым феплъыт!» жиІэу уи нэгу къыщІэбгъэхьэну гугъущ.
11. Хьисэ Канэ къуажэм щищІа телъыджэ Іуэхум сытым дыхуигъасэрэ?
11 Хьисэ ищІа мы телъыджэ Іуэхум сытым дыхуигъасэрэ? Іэдэбагъым. Хьисэ псыр шагъыр зэрищІам щхьэкІэ зигъэщІэгъуакъым. Пэжыр жыпІэмэ, Хьисэ ищІахэм щхьэкІэ зэи зыщытхъужу щытакъым. Ар цІыху Іэдэбт икІи щІыхьри пщІэри сыт щыгъуи и Адэм ириту щытащ (Ин. 5:19, 30; 8:28). Хьисэ и Іэдэбагъым щапхъэ тетхыу щытмэ, дэ диІэ ехъулІэныгъэхэм щхьэкІэ зэи дызыщытхъужынукъым. Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІауэ сыт хуэдэ ехъулІэныгъэ димыІэми, ди щхьэм дыщымытхъужу Алыхь пэжым дыхуэлэжьэну пщІэ къызэрытхуищІам дрипэгэнщ (Иер. 9:23, 24). Аращи, Иеговэ хуэфащэ пщІэр хуэдвгъэщІ. Ар къыддэмыІэпыкъуауэ щытамэ, дэ зыгуэр тхузэфІэкІынут? (1 Кор. 1:26—31).
12. Хьисэ и Іэдэбагъым дапхуэдэу дэ иджыри щапхъэ зэрытетхыфынур? Щапхъэ къэфхь.
12 Хьисэ и Іэдэбагъым дапхуэдэу дэ иджыри щапхъэ зэрытетхыфынур? Мыпхуэдэ Іуэхугъуэ ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ. Зэхуэсым и нэхъыжьым зэман куэд тригъэкІуэдащ, зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъум псалъэ игъэхьэзырыну дэІэпыкъун щхьэкІэ. Абы къыхэкІкІэ, ди къуэш щІалэщІэм псалъэ гъэхьэзырамкІэ зэхуэсым щыщхэр игъэгушхуащ икІи абы и псалъэр псоми ягу ирихьащ. ЗэІущІэр иуха иужь, зэхуэсым и нэхъыжьым зыгуэр къыбгъэдохьэри, мыпхуэдэу жреІэ: «Къуэшым жиІа псалъэр сыту лъэщт, пэжкъэ?» Зэхуэсым и нэхъыжьым мыпхуэдэу жэуап итыжыфынущ: «Пэжщ. Ауэ сэ абы сыт хуэдиз зэман тезгъэкІуэдами зыгуэр хэпщІыкІрэ?» Е абы Іэдэбагъ хэлъу мыпхуэдэу жиІэфынущ: «Пэжщ. Сэ абы щхьэкІэ зыкІэ согуфІэри!» Аращи, дэ Іэдэбагъ тхэлъу щытмэ, адрейхэм яхуэтщІэм щхьэкІэ пщІэ лей къэтлъыхъуэнукъым. Иеговэ ди Іуэхухэр зэрилъагъум икІи ахэр лъапІэу зэрилъытэм щхьэкІэ дэ арэзыуэ дыщытщ. (Евгъапщэ Маттэ 6:2—4; Евр. 13:16). Шэч хэмылъу, дэ Иеговэ догъэгуфІэ Хьисэ и Іэдэбагъым щапхъэ щытетхым деж (1 Пет. 5:6).
ГУЩІЭГЪУМ ДЫХУЕЗЫГЪАСЭ ДЕРС
13. Наин къалэм щынэсым щыгъуэ, Хьисэ илъэгъуар сыт икІи сыт абы ищІар? (Лука 7:11—15).
13 Къеджэ Лука 7:11—15. Хьисэ хъыбарыфІыр игъэІун зэрыщІидзэрэ илъэсрэ ныкъуэрэ хуэдиз дэкІауэ къэхъуа Іуэхугъуэм дытепсэлъыхьынщ. Хьисэ Галилей хэкум щыІэ Наи́н къалэм кІуэну ежьащ. Ар Шуне́м къалэм пэжыжьэтэкъым. Илъэс 900 хуэдизкІэ узэІэбэкІыжмэ, Елисей бегъымбарым Шунем къалэм щыщ цІыхубзым и къуэр лІахэм къахигъэтэджыкІыжауэ щытат (2 Цар. 4:32—37). Хьисэ Наин къалэм и куэбжэм щынэсым щыгъуэ, хьэдэ зэрыдахыр илъэгъуащ. А Іуэхур хуабжьу гухэщІыгъуэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ лІар фызабэм и къуэ закъуэт. А фызабэм цІыху куэд щІыгъуу къалэм къыдэкІт. Хьисэ ахэр къигъэувыІэри, зэи зыми игу къэмыкІын Іуэхугъуэ гуэр а цІыхубзым щхьэкІэ ищІащ — абы и къуэр къигъэхъужащ! Хьисэ лІахэр къызэригъэтэджыжам теухуауэ ХъыбарыфІым зи гугъу ищІ цІыхуищым щыщу ар япэ дыдэращ.
14. Мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ гупсысэхэр Лука итхыжа хъыбарыфІым и 7-нэ псалъащхьэм ит? (Сурэтым феплъ.)
14 Лука итхыжа хъыбарыфІым и 7-нэ псалъащхьэм ит мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэхэр зэпкърытхынщ. «Зиусхьэным фызабэр щилъагъум», абы «игу [зэры]щІэгъуам» гу лъыфта? (13 едзыгъуэр). НэгъуэщІу жыпІэмэ, а фызабэр и къуэм и хьэдэм япэ иту гуІэу зэрыкІуэр Хьисэ щилъэгъуам щыгъуэ, абы и гур хуабжьу хигъэщІауэ къыщІэкІынущ. Ауэ Хьисэ а цІыхубзым игу щІэгъуа къудейуэ аракъым, абы и гущІэгъур ІуэхукІэ къигъэлъэгъуащ. Абы а цІыхубзым зыхуигъазэри, щабэу жриІащ: «Умыгъ, ди анэ». Абы иужь Хьисэ щІалэр къигъэхъужри, «и анэм иритыжащ» (14 едзыгъуэр).
15. Хьисэ Наин къалэм деж щищІа телъыджэ Іуэхум сытым дыхуигъасэрэ?
15 Хьисэ ищІа мы телъыджэ Іуэхум сытым дыхуигъасэрэ? Абы къыдгурегъаІуэ гуауэ зылъэІэсахэм гущІэгъу яхуэтщІыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. ДауикІ, Хьисэ хуэдэу, дэ лІахэр къытхуэгъэтэджыжынукъым. Ауэ абы щапхъэ тетхыу гуауэ зиІэ цІыхум гущІэгъу хуэтщІыфынущ. Абы щхьэкІэ дэ набдзэгубдзаплъэу дыщытын хуейщ. ГущІэгъу зыхэтщІэным нэмыщІ гуауэ зиІэхэм зыгуэркІэ дадэІэпыкъуным икІи гупсэхугъуэ къезыт псалъэхэр яжетІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Прит. 17:17; 2 Кор. 1:3, 4; 1 Пет. 3:8) d. Гуауэ зиІэ цІыхум жетІэну псалъэхэри хуэтщІэну Іуэхухэри къызэрыгуэкІыу щытми, абыхэм къару ящІэлъщ.
16. Зи пхъу зыфІэкІуэда шыпхъум и псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ? (Сурэтым феплъ.)
16 Абы теухуауэ къэхъуауэ щыта зы Іуэхугъуэм гу лъыттэнщ. Илъэс зыбжанэ ипэ, зэІущІэм уэрэд щыжаІэм щыгъуэ, ди зы шыпхъум пэмыжыжьэу щыт шыпхъур зэрыгъым гу лъитащ. Абы ипхъу цІыкІур зэрылІэрэ куэд щІатэкъым икІи а уэрэдым лІахэр къызэрытэджыжынум теухуа псалъэхэр хэтт. Япэ шыпхъур абы и Іуэхум щыгъуазэт. Арати, ар абы бгъэдыхьэри, ІэплІэ хуищІащ икІи и гъусэу икІэм нэс уэрэдыр жиІащ. Гуауэ зиІэ ди шыпхъум иужькІэ мыпхуэдэу жиІащ: «А дакъикъэм къуэш, шыпхъухэм яхузиІэ лъагъуныгъэшхуэр зыхэсщІащ». А махуэм шыпхъур зэІущІэм къызэрыкІуам хуабжьу щыгуфІыкІащ. Абы иджыри мыпхуэдэу жиІащ: «Дэ дэІэпыкъуэгъу къыщыдгъуэтыр — мыбдежщ, Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэращ». Дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ: гуауэ зиІэхэм мащІэ фІэкІа яхуэдмыщІэфми, абыхэм гущІэгъу зэрахуэтщІым Иеговэ гу лъетэ икІи ар лъапІэу елъытэ (Пс. 34:18).
ХЬИСЭ ИЩІА ТЕЛЪЫДЖЭ ІУЭХУХЭМ ТЕУХУАУЭ НЭХЪЫБЭ КЪАФЩІЭ
17. Мы статьям сыт къыщытщІар?
17 Хьисэ ищІа телъыджэ Іуэхухэм теухуауэ Библием итыр куууэ щыдджым деж, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу. А Іуэхухэм дагъэлъагъу Иеговэрэ Хьисэрэ фІыщэу дыкъызэралъагъур икІи цІыхухэм яІэ гугъуехьхэм кІэ иритыну Хьисэ къару зэриІэр. Абы нэмыщІ абыхэм ди фІэщ ящІ Алыхьым дыкъызэригъэгугъа псор зэригъэзэщІэнур. Хьисэ ищІа телъыджэ Іуэхухэм теухуауэ ущеджэм деж, абы щапхъэ зэрытепхыфынум егупсыс. Уэ езым е унагъуэкІэ Библиер щыбджым деж, Хьисэ ищІа телъыджэ Іуэхухэр зэпкърыпхыну мурад бгъэув хъунущ. Апхуэдэу уэ тхыгъэм ит налкъут куэд къэбгъуэтыфынущ. Іэмал ущиІэм деж, а налкъутхэмкІэ нэгъуэщІхэм дэгуашэ. Абы и фІыгъэкІэ уэ уи фІэщхъуныгъэри узэпсалъэ цІыхухэм я фІэщхъуныгъэри нэхъ быдэ зэрыхъуфынур уи нэгу къыщІэгъэхьэт! (Рим 1:11, 12).
18. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?
18 Хьисэ лІахэр къызэригъэтэджыжам теухуауэ Библиер Іуэхугъуищым топсэлъыхь. Ещанэ Іуэхугъуэр къыщыхъуар Хьисэ яукІыным куэд имыІэжущ. А Іуэхугъуэр адрей тІум ещхьтэкъым. Абы щыгъуэ Хьисэ махуиплІ лъандэрэ лІауэ щыт и ныбжьэгъур къигъэтэджыжащ. А телъыджэ Іуэхум дызыхуигъасэр сыт? ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ диІэ фІэщхъуныгъэр а Іуэхугъуэм дапхуэдэу нэхъ быдэ зэрищІыфынур? Мы упщІэхэм я жэуапхэр къыкІэлъыкІуэ статьям къыщытщІэнущ.
20-НЭ УЭРЭДЫР Уи Къуэ щІасэр дэр щхьэкІэ птащ
a Хьисэ ищІа телъыджэ Іуэхухэм теухуауэ дыщеджэм деж, дэ ахэр хуабжьу гъэщІэгъуэн тщохъу. Псалъэм папщІэ, абы хы толъкъунхэр игъэсэбыру, сымаджэхэр игъэхъужу, лІахэр къигъэтэджыжу щытащ. Ауэ Алыхьым а Іуэху телъыджэхэм теухуауэ Библием щІригъэтхыжар ар гъэщІэгъуэн тщищІын щхьэкІэкъым, атІэ зыгуэрым дыхуигъэсэн щхьэкІэщ. Абыхэм щыщ языныкъуэхэр мы статьям щызэпкърытхынщ. Абы и фІыгъэкІэ Иеговэрэ Хьисэрэ теухуауэ ди фІэщхъуныгъэр хэзыгъахъуэ дерсхэр къэтщІэнущ икІи зыхэтлъхьэн хуей хьэл-щэнхэр къэтлъэгъунущ.
b Библием елэжь зы щІэныгъэлІ гуэрым мыпхуэдэу жиІащ: «КъуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ щыІэ къэралхэм цІыхум хьэщІагъэ ирахыным мыхьэнэшхуэ иратт. ХьэщІэхэм яхуэшхынымрэ яхуифынымрэ Іэнэм тебгъэувэкІэ зэфІэкІтэкъым. Іэнэр ерыскъым къызэрикъутэм хьэщІагъэр къыхэщт, псом хуэмыдэу хьэгъуэлІыгъуэр щекІуэкІым деж».
c Хьисэ нэгъуэщІ телъыджэ Іуэху куэди илэжьащ, ауэ Библиер дэтхэнэ зы телъыджэ Іуэхуми убгъуауэ тепсэлъыхькъым. Зэгуэр Хьисэ и деж «къалэм дэс псори... къыщызэхуэсащ» икІи абы «узыфэ зэмылІэужьыгъуэ куэд зэфыкІ сымаджэ Іэджи игъэхъужащ» (Мк. 1:32—34).
d 2010-нэ гъэм, щэкІуэгъуэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Утешайте скорбящих, как это делал Иисус» жыхуиІэ статьям, гуауэ зиІэ цІыхум фыдэІэпыкъун щхьэкІэ, жефІэ е фщІэ хъунум теухуа чэнджэщхэр къыщывгъуэтыфынущ.
e СУРЭТЫР. Щауэри, нысащІэри, хьэгъуэлІыгъуэм къэкІуа хьэщІэхэри шагъырыфІым щогуфІыкІ. АдэкІэ уплъэмэ, Хьисэ гу зылъримыгъатэу, лъэныкъуэкІэ щытщ.