Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭР ЗЫТУМЫГЪЭКІУЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?

4 | Алыхьыр зыдэгъэІэпыкъу

4 | Алыхьыр зыдэгъэІэпыкъу

Библием жиІэр:

«Тхьэм... къыбгъэдэкІ фІыхэр мыращ: фІылъагъуныгъэр, гуфІэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыІэныгъэр, фІыгъуэр, гущІэгъуныгъэр, фІэщхъуныгъэр, гущабагъэр, зышыІэныгъэр» (ГАЛАТИЕ 5:22, 23).

Мы псалъэхэм къикІыр

Алыхьыр зыдомыгъэІэпыкъумэ, лъагъумыхъуныгъэм утекІуэфынукъым. Абы и къару лъапІэм къытхилъхьэфыну хьэл-щэнхэм хуэдэ дэ езым ди къарукІэ зэи тхузыхэлъхьэнукъым. Аращи, лъагъумыхъуныгъэм уи къарукІэ упэув нэхърэ, Алыхьыр зыдэбгъэІэпыкъумэ нэхъыфІщ. Абы щыгъуэ апостол Паул хуэдэу, уэри жыпІэфынущ: «Апхуэдэу щІэхъуар лъэкІыныгъэшхуэ зиІэр дэрмырауэ, атІэ Тхьэрауэ зэрыщытыр нахуэ хъун щхьэкІэщ» (2 Коринф 4:7). Уэ бгъэунэхунущ «Иеговэ си дэІэпыкъуэгъущ» жиІэу Псалом 121:2 ит псалъэхэр зэрыпэжыр.

Мы принципыр къызэрыбгъэсэбэп хъунур

«Иеговэ къыздэІэпыкъуащ губжьымрэ гущІэгъуншагъэмрэ къэзгъанэу, нэгъуэщІ цІыху сыхъуну» (ВАЛЬДО).

Иеговэ и къару лъапІэр къыуитыну зэпымыууэ елъэІу (Лука 11:13). Алыхьым и къарукІэ хьэл-щэныфІхэр зыхэплъхьэфынущ. Лъагъуныгъэм, мамырыгъэм, шыІэныгъэм икІи зышыІэныгъэм теухуауэ Библием итыр куууэ джы. Ар къыбдэІэпыкъунущ лъагъумыхъуныгъэм утекІуэну. КъэпщІар уи гъащІэм къызэрыщыбгъэсэбэпыным иужь ит. Уи еплъыкІэхэм хуэдэ зиІэхэм икІи щапхъэфІ уэзыгъэлъагъухэм нэхъыбэрэ уаригъусэну хущІэкъу. Апхуэдэ ныбжьэгъуфІхэм лъагъуныгъэмрэ ІуэхуфІхэмрэ ухуагъэушыфынущ (Еврейхэм 10:24).