Лъагъумыхъуныгъэм дэни ущрохьэлІэ
Нобэ лъагъумыхъуныгъэм уз зэрыцІалэм хуэдэу зиубгъуауэ жыпІэ хъунущ.
ХъыбарыщІэхэм щІэх-щІэхыурэ щызэхыдох хэти и пщІэр зэрыраудыхыр, хэти письмокІэ е интернеткІэ зэрагъэшынэр, хэти щІэпхъаджащІэхэм зэрыпэщІэхуэр. Абы нэмыщІ мыпхуэдэ гугъуехьхэри щыІэщ: лъэпкъ зэхэгъэж щІыныр, нэмыплъ етыныр, цІыхур гъэпудыныр, зыгуэрым лей ехыныр, нэгъуэщІым и мылъкур Іисраф щІыныр. Апхуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэхэр кІуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу.
Мы журналым къыбгурегъаІуэ лъагъумыхъуныгъэр уи деж дауэ къыщыбгъэувыІа хъунуми. Мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм ар яхузэфІэкІащ.