Лъагъумыхъуныгъэм къежьапІэ хуэхъур сыт?
Лъагъумыхъуныгъэм и къежьапІэр сыт? Мы упщІэм жэуап ептын щхьэкІэ, япэщІыкІэ зэхэгъэкІын хуейщ лъагъумыхъуныгъэр зищІысыр, абы щхьэусыгъуэ хуэхъур икІи абы зэрызиубгъур.
Лъагъумыхъуныгъэр зищІысыр сыт?
Зы цІыхум е цІыху гупым гущыкІ хуащІмэ икІи бийуэ къалъытэмэ, абы лъагъумыхъуныгъэкІэ йоджэ.
ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭМ ЩХЬЭУСЫГЪУЭ ХУЭХЪУР
Лъагъумыхъуныгъэм щхьэусыгъуэ куэд иІэфынущ. Инэхъыбэм цІыхур щІалъагъу мыхъур абы Іей гуэр зэрищІаракъым, атІэ цІыху гуп гуэрым зэрыщыщыращ. Ялъагъу мыхъу цІыхум дауэ зэрыхущытыр? Гугъуехьхэр абы и ягъэу, шынагъэ гуэр къыбгъэдэкІыу икІи зэи зызымыхъуэжын цІыху нэхъыкІэу ябж. Лъагъумыхъуныгъэ зыхэзыщІэхэр япэм езыхэр залымыгъэмрэ хабзэншагъэмрэ пэщІэхуауэ е лей къатехьауэ къыщІэкІынущ.
ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭМ ЗЭРЫЗИУБГЪУР
ЦІыхум имыцІыху нэгъуни илъагъу мыхъуу щытыфынущ. Псалъэм папщІэ, языныкъуэхэр емыгупсысу я благъэхэм, я ныбжьэгъухэм, пщІэ зыхуащІхэм яІэ еплъыкІэр къащтэну хьэзырщ. Апхуэдэу, лъагъумыхъуныгъэм цІыху куэд къицІэлэфынущ.
Лъагъумыхъуныгъэм тыншу зэрызиубгъур къыдгуроІуэри, дэ дгъэщІагъуэкъым цІыху куэдыр абы и къапхъэным зэрихуэр. Ауэ а къапхъэным цІыхур къикІыжын щхьэкІэ, лъагъумыхъуныгъэм къежьапІэ хуэхъур къищІэн хуейщ. Абы теухуауэ пэжыр Библиеращ зэрытыр.
ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭМ КЪЕЖЬАПІЭ ХУЭХЪУР БИБЛИЕМ КЪЫДГУРЕГЪАІУЭ
ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭМ И КЪЕЖЬАПІЭР. Зэгуэр уафэм зы мелыІыч Алыхьым пэщІэувэри, лъагъумыхъуныгъэм ар щІэдзапІэ хуэхъуащ. Зи гугъу тщІыр ШейтІан Иблисыращ. Библием зэрыжиІэмкІэ, «япэм къыщыщІэдзауэ ар цІыхуукІыу щытщ» икІи «ар пцІыупсщ, пцІыр къызыбгъэдэкІыр аращи». Абы ноби цІыхухэр хуегъэуш зэрылъагъу мыхъуу икІи зэхуэгубжьу щытыну (Иуан 8:44; 1 Иуан 3:11, 12). Библием къыщІегъэщ ШейтІаныр мелыІыч бзаджэу икІи гущІэгъуншэу зэрыщытыр (Иов 2:7; Апокалипсис 12:9, 12, 17).
ГУЭНЫХЬ ЗЫХЭЛЪ ЦІЫХУМ И ГУМ ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭМ ТЫНШУ ЛЪАБЖЬЭ ЩЕЩІ. Япэ цІыху Іэдэм ШейтІаным и лъэныкъуэр иубыдауэ щытащ. Абы къытехъукІахэри гуэныхьщІакІуэу щытхэщ (Рим 5:12). Псалъэм папщІэ, Іэдэм и къуэ нэхъыжь Къаин и къуэш нэхъыщІэ Хьэбэлыр илъагъу зэрымыхъум къыхэкІкІэ иукІащ (1 Иуан 3:12). ПцІы хэмылъу, цІыхухэм лъагъуныгъи гущІэгъуи ягъэлъэгъуэф, ауэ гуэныхь зэрахэлъым къыхэкІкІэ щхьэзыфІэфІагъым, фыгъуэным икІи пагагъэм дешэх. Апхуэдэ хьэл мыхъумыщІэхэр лъагъумыхъуныгъэм лъабжьэ хуохъу (2 Тимофей 3:1—5).
ЦІЫХУХЭМ ШЫІЭНЫГЪЭ ЗЭРАХЭМЫЛЪЫМ ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭР ЕГЪЭБАТЭ. Дыщыпсэу дунейм цІыхухэр къызэщІегъэст я гум темыхуэ цІыху псоми зэран яхуэхъуну. Ди зэманым цІыху зэхэгъэж щІыным, шхыдэным, зыгуэр гъэшынэным, гъэпудыным, лей ехыным икІи нэгъуэщІым и хьэпшыпхэр исраф щІыным зиубгъуащ. А псом и щхьэусыгъуэр «дуней псор ШейтІаным и ІэмыщІэ» зэрилъыращ (1 Иуан 5:19).
Библием лъагъумыхъуныгъэм и щхьэусыгъуэр къызэриджиІэм нэмыщІ, абы и хэкІыпІэри дегъэлъагъу.