Лъагъумыхъуныгъэр зытумыгъэкІуэн щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?
Алыхьым и Псалъэ Библием къаруушхуэ щІэлъщ икІи цІыхум фІыкІэ зихъуэжыну доІэпыкъуф (Еврейхэм 4:12). Библием и фІыгъэкІэ куэдыр лъагъумыхъуныгъэм текІуэфащ. АдэкІэ Тхыгъэ ЛъапІэм ит принципиплІ зэпкърытхынщ. Ахэр цІыху куэдым дэІэпыкъуащ лъагъумыхъуныгъэм и лъабжьэ къыщІэкІыну.