Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Лъагъумыхъуныгъэр кІуэдыжыпэнущ!

Лъагъумыхъуныгъэр кІуэдыжыпэнущ!

Ди гум лъагъумыхъуныгъэр идгъэкъэбзыкІми, адрей цІыхухэм я ІуэхущІафэхэмрэ я еплъыкІэхэмрэ дэ зыри тхуещІэнукъым. Аращ лажьэ зимыІэ цІыхухэм иджыри къыздэсым лей къащІытехьэр. Лъагъумыхъуныгъэм зыгуэрым кІэ иритыфыну пІэрэ?

Къэгъазэ имыІэу абы кІэ езытыфынур Иеговэ закъуэщ икІи абы апхуэдэу зэрищІэнур Библием къыдгурегъаІуэ (Притчи 20:22).

ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭМ И ЩХЬЭУСЫГЪУЭ НЭХЪЫЩХЬЭХЭР АЛЫХЬЫМ ІУИХЫНУЩ

  1. 1. ШЕЙТІАН ИБЛИСЫР. Мы дунейр лъагъумыхъуныгъэм зэрыщІигъэнамкІэ япэ дыдэу къуаншэр Иблисыращ. Алыхьым езы ШейтІанми абы и лъабжьэ щІэт псоми кІэ иритынущ (Псалом 37:38; Рим 16:20).

  2. 2. ШЕЙТІАНЫМ И ДУНЕЙ БЗАДЖЭР. Мы дунейм и Іыхьэ псори Алыхьым игъэкІуэдынущ, Іулъхьэр фІыуэ зылъагъу къэрал унафэщІхэмрэ лъагъумыхъуныгъэм хуэзыгъэуш дин пашэхэмрэ абыхэм хэту. ЦІыхухэм я ахъшэкІэ къулей хъуа коммерцэ нэпсейми кІэ къыхуэкІуэнущ (2 Петр 3:13).

  3. 3. ЦІЫХУХЭМ ГУЭНЫХЬ ЗЭРАХЭЛЪЫР. Библием зэрыжиІэмкІэ, цІыхухэр гупсысэ пхэнжхэм, мурад Іейхэм икІи ІуэхущІафэ мыхъумыщІэхэм дашэх (Рим 5:12). Аращ ахэр зэрылъагъу мыхъуу щІыщытыр. Алыхьыр цІыхухэм ядэІэпыкъунущ хьэл мыхъумыщІэхэр зыханэну икІи лъагъумыхъуныгъэм текІуэну (Исайя 54:13).

ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭРЭ ЗЭБИИНЫГЪЭРЭ ЩЫІЭЖЫНУКЪЫМ

  1. 1. АЛЫХЬЫМ ЗАХУАГЪЭР ЗЭТРИГЪЭУВЭЖЫНУЩ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр — уафэм щыІэ правительствэр — щІым и тепщэу щытынущ (Даниил 2:44). Абы захуагъэр зэтригъэувэжынущ икІи цІыху зэхэгъэж щІыныр щыІэжынукъым. Сыт хуэдэ лей къыттемыхьами, абы кърикІуа зэраныр Алыхьым зэригъэзэхуэжынущ (Лука 18:7).

  2. 2. МАМЫРЫГЪЭМРЭ ГУПСЭХУГЪУЭМРЭ. Зауэ, залымыгъэ икІи гущІэгъуншагъэ афІэкІа зыми къылъысынукъым (Псалом 46:9). А зэманым дыщІэшынэн щхьэусыгъуэ щыІэнукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ псори цІыхуфІу икІи мамырыгъэм хущІэкъуу щытынущ (Псалом 72:7).

  3. 3. ЖЭНЭТЫМ ЩЫІЭНУ ГЪАЩІЭ МЫУХЫЖЫР. ЦІыхухэм я зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъынущ (Маттэ 22:39). ДызыгъэгуІэн зыри щыІэнукъым, япэм къытщыщІахэри, ди нэгу щІэкІа Іей псори тщыгъупщэжынущ (Исайя 65:17). ЦІыхухэм я гум лъагъумыхъуныгъэ илъыжынукъым «икІи мамырыгъэмкІэ затІыжынущ» (Псалом 37:11).

Ухуейт апхуэдэ дуней дахэ ущыпсэуну? Библием ит принципхэр зэрагъэзащІэм и фІыгъэкІэ нобэ куэдыр, псалъэм папщІэ, Иеговэ и Щыхьэтхэр, лъагъумыхъуныгъэм текІуакІэщ (Псалом 37:8). Абыхэм я культурэр, ахэр къызыхэкІар, ягъуэта гъэсэныгъэр зэхуэмыдэми, я зэхуаку лъагъуныгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ дэлъщ (Исайя 2:2—4).

ЦІыху зэхэгъэж щІыным ухуэзамэ е лей къыптрагъэхьамэ, абы узэрыхущытын хуейм теухуауэ Библием итымкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэр я гуапэу къыбдэгуэшэнущ. Апхуэдэ щІэныгъэр уэ къыбдэІэпыкъунущ лъагъумыхъуныгъэм ипІэкІэ лъагъуныгъэ зыхэплъхьэну. Псоми, Іейуэ къыпхущыт нэгъуни, фІыуэ уахущыту зебгъэсэфынущ. Уэ насыпыфІэ ухъунущ, адрейхэмрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэхэри куэдкІэ нэхъыфІ хъунущ. А псом нэмыщІ уэ къэпщІэнущ лъагъумыхъуныгъэм кІэ езытыну Пащтыхьыгъуэм и лъабжьэ ущІэтын щхьэкІэ сыт пщІэн хуейми (Псалом 37:29).