ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭР ЗЫТУМЫГЪЭКІУЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?
2 | Уилъ умыщІэж
Библием жиІэр:
«Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкІэ фыпэмыувыж. [...] Іэмал иІэмэ, фи Іэм къикІым хуэдизкІэ цІыху псоми фазэрыгурыІуэным фыхущІэкъу... Тхьэм и губжьым гъуэгу ефт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Зиусхьэным жиІар и псалъэ тхахэм яхэтщ: „ЦІыхухэм я бзаджагъэр езыгъэпшыныжынур сэращ, абыхэм яхуэфащэр езгъэгъуэтыжынущ“» (РИМ 12:17—19).
Мы псалъэхэм къикІыр
Зыгуэрым лей къыттригъэхьамэ, дауикІ, абы дыкъегъэгубжь. Ауэ Алыхьыр хуейкъым Іей къозыщІам Іей епщІэжыну. Абы и пІэкІэ Алыхьым дыхуегъэуш Іуэхур и ІэмыщІэм итлъхьэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ куэд мыщІэу абы захуагъэр зэтригъэувэжынущ (Псалом 37:7, 10).
Мы принципыр къызэрыбгъэсэбэп хъунур
ЦІыхум къращІар ирищІэжыну зэрыхэтым лъагъумыхъуныгъэм кІэ ириткъым, атІэ Іуэхур нэхъ Іеиж ищІу аращ. Зыгуэрым уи жагъуэ ищІамэ е и зэран къокІамэ, зышыІэныгъэ зыхэгъэлъ икІи къыуащІар епщІэжыну умыпІащІэ. Бзаджагъэм гъуэгу йомытмэ нэхъыфІщ (Притчи 19:11). Ауэ иныкъуэм деж Іуэхум кІуапІэ етын хуейщ. Псалъэм папщІэ, щІэпхъаджагъэ гуэр къыуащІамэ, полицием зыхуэбгъэзэну мурад пщІынкІэ хъунущ.
Зилъ зыщІэжыр и щхьэм зэран хуэхъужу аращ
ДахэкІэ Іуэхур зэхэмыкІмэ-щэ? Е уи лъэныкъуэкІэ пхузэфІэкІыр пщІауэ, ауэ Іуэхум фІыкІэ зимыхъуэжмэ-щэ? Зыщумыгъэгъупщэ — уилъ пщІэжыныр хэкІыпІэкъым. Абы Іуэхур нэхъ Іеиж ищІыну аращ. Абы и пІэкІэ лъагъумыхъуныгъэм уи деж щыпебгъэупщІмэ нэхъыфІщ. Алыхьым дзыхь хуэпщІу зегъасэ. Библием итщ: «Абы дзыхь хуэщІ, абы щыгъуэ ар щІэгъэкъуэн къыпхуэхъунущ» (Псалом 37:3—5).