Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭР ЗЫТУМЫГЪЭКІУЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?

3 | Уи гупсысэкІэр хъуэж

3 | Уи гупсысэкІэр хъуэж

Библием жиІэр:

«Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкІ, хьэл-щэныфІ фхэлъ хъун щхьэкІэ. Апхуэдэу фщІэмэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыІуэнущ — фІыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фІыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыІуэнущ» (РИМ 12:2).

Мы псалъэхэм къикІыр

Дызэгупсысыр Алыхьым къыфІэмыІуэхуу щыткъым (Иеремия 17:10). Лъагъумыхъуныгъэр къыщежьэр цІыхум и гупсысэхэмрэ и гурыщІэхэмрэ дежщ. Аращ уи псалъэхэмрэ уи ІуэхущІафэхэмрэ укІэлъыплъ къудейкІэ щІызэфІэмыкІыр. ЗэхъуэкІыныгъэхэр нэхъ куууэ щытын хуейщ — лъагъумыхъуныгъэр уи акъылми уигуми къиптхъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. А зы Іэмал закъуэращ щыІэр нэгъэсауэ зыпхъуэжу, лъагъумыхъуныгъэм уи деж кІэ щептыну.

Мы принципыр къызэрыбгъэсэбэп хъунур

Уи щхьэр гъэунэхужи, пэжыр къащІэ: дауэ цІыхухэм уазэрыхущытыр, псом хуэмыдэу нэгъуэщІ расэм е нэгъуэщІ лъэпкъым щыщхэм? ЗэупщІыж: «Абыхэм теухуауэ сыт хуэдэ еплъыкІэ сиІэр? Си еплъыкІэр зытегъэщІар ахэр фІыуэ зэрысцІыхура хьэмэрэ нэмыплъ зэрестыра?» Лъагъумыхъуныгъэмрэ залымыгъэмрэ ухуэзыгъэуш фильмхэм е нэгъуэщІ материалхэм уемыплъ.

Алыхьым и Псалъэм цІыхум и гум илъ лъагъумыхъуныгъэр иригъэкъэбзыкІыжыфынущ

Уи гупсысэхэмрэ уи гурыщІэхэмрэ икІэм нэс къыщыбгурымыІуэ къохъу. Ауэ Алыхьым и Псалъэр абыкІэ къыбдэІэпыкъуфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар «цІыхум и гущІэлъапсэм нэсыху пхрокІ» (Еврейхэм 4:12). Аращи, Библиер адэкІи джы. Уи еплъыкІэр абы итым техуэрэ темыхуэрэ зэхэгъэкІ. Уи гупсысэкІэр Алыхьым ейм техуэу щытын щхьэкІэ, пхузэфІэкІ къомыгъанэ. Лъагъумыхъуныгъэм цІыхум и гум лъабжьэ быдэ щищІами, Алыхьым и Псалъэм ар иригъэкъэбзыкІыжыфынущ (2 Коринф 10:4, 5).