ЛЪАГЪУМЫХЪУНЫГЪЭР ЗЫТУМЫГЪЭКІУЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?
1 | ЦІыху зэхэгъэж умыщІ
Библием жиІэр:
«Тхьэр цІыхум и фэм емыплъу... сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкІауи щрет, Тхьэм и фІэлІыкыр зи гум илъыр икІи щыпкъагъэр зыгъэзащІэ дэтхэнэри Тхьэм ещтэ» (АПОСТОЛХЭМ 10:34, 35).
Мы псалъэхэм къикІыр
Алыхь Иеговэ * еплъкъым цІыхур къызыхэкІа лъэпкъым, абы и расэм, и культурэм. Абы и дежкІэ мыхьэнэ зиІэр ди гупсысэхэмрэ ди гурыщІэхэмрэщ. Библием зэрыжиІэмкІэ, «цІыхум илъагъур нэм илъагъуращ, ауэ Иеговэ гур елъагъу» (1 Самуила 16:7).
Мы принципыр къызэрыбгъэсэбэп хъунур
Дэ цІыхухэм я гум илъыр дымылъагъуми, зэхэгъэж дымыщІу, Алыхьыр абыхэм зэрахущытым хуэдэу дахущытыфынущ. ЦІыху псори зэрызэхуэмыдэр зыщумыгъэгъупщэ. Псалъэм папщІэ, нэгъуэщІ расэм е нэгъуэщІ лъэпкъым щыщ цІыхухэм гущыкІ хуэпщІу гу зылъыптэжамэ, апхуэдэ гурыщІэ Іейхэм утекІуэну Алыхьым елъэІу (Псалом 139:23, 24). Уи гум къыбгъэдэкІыу къару зэрепхьэлІэр Иеговэ илъагъумэ, Іэмал имыІэу ар къыбдэІэпыкъунущ (1 Петр 3:12).
^ Алыхьым и цІэр Иеговэщ (Псалом 83:18).
«Япэм сэ цІыху хужьым... сыбгъэдэсынкІэ Іэмал щыІэтэкъым. Сэ зыхэсщІащ дуней псом тет унагъуэшхуэм щыщ сызэрыхъуар» (ТАЙТУС).