Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Психическэ узыншагъэм епха гугъуехь зиІэ цІыхум дауэ узэрыдэІэпыкъу хъунур?

Психическэ узыншагъэм епха гугъуехь зиІэ цІыхум дауэ узэрыдэІэпыкъу хъунур?

БИБЛИЕМ ИТЩ: «Ныбжьэгъу пэжым сыт щыгъуи фІыуэ укъелъагъу, ар гузэвэгъуэ ущихуам къыбдэІэпыкъу къуэшщ» (ПРИТЧИ 17:17).

Сыт абы къикІыр?

ФІыуэ тлъагъу цІыхум психикэм епха узыфэ зэриІэм Іэнкун дищІу, тщІэныр дымыщІэу дыкъигъэнэфынущ. Ауэ ар фІыуэ зэрытлъагъур зэредгъэлъагъуфын икІи абы дызэрыдэІэпыкъуфын Іэмал куэд щыІэщ.

Дауэ ар къызэрыбдэІэпыкъуфынур?

«ДэІуэнкІэ хэти щІэхыу ирехьэзыр» (ЕКЪУБ 1:19).

ФІыуэ плъагъу цІыхум узэрыдэІэпыкъуфын Іэмал нэхъыфІ дыдэхэм ящыщ зыр абы жиІэм фІыуэ уедэІуэныращ. Ауэ абы къыбжиІэ псоми Іэмал имыІэу жэуап гуэр ептыжын хуейуэ уимыгугъэ. Абы и дежкІэ нэхъапэр фІыуэ узэредаІуэмрэ уигу зэрыщІэузымрэ илъагъуныращ. Сымаджэм и гум щыщІэр зэрызыхэпщІыкІыным хущІэкъу икІи умыгъэкъуаншэ. Зэмыгупсыса гуэр жиІэу, иужькІэ абы зэрыхущІегъуэжыфынур зыщумыгъэгъупщэ (Иов 6:2, 3).

«Зи гур кІуэдахэр вгъэгушхуэ» (1 ФЕССАЛОНИКЭ 5:14).

ФІыуэ плъагъу цІыхум гузавэ и гум телъу икІи и щхьэм мыгъуагъэ хуихьыжу щытыфынущ. Абдежым жыпІэныр умыщІэми, ар уи дежкІэ зэрылъапІэр, фІыуэ зэрыплъагъур зыхебгъащІэмэ, гупсэхугъуэ къритыжынущ.

«Ныбжьэгъу пэжым сыт щыгъуи фІыуэ укъелъагъу» (ПРИТЧИ 17:17).

ФІыуэ плъагъу цІыхум удэІэпыкъуну узэрыхьэзырыр жеІэ. Ар зыхуэныкъуэр уэ езым пщІэуэ уимыгугъэ, езы сымаджэм еупщІи нэхъыфІщ. Зыхуэныкъуэр къыбжиІэну цІыхум къегугъуэкІмэ, зэгъусэу фыдэкІыу жьы къабзэкІэ фыбауэу фыдэт хъунущ. Зыхуэныкъуэ гуэрхэр къыхуэщэху, и унэр хузэлъыІух е нэгъуэщІ зыгуэркІэ дэІэпыкъу (Галатие 6:2).

«ЦІыху псоми шыІэныгъэкІэ фадэгъуэгурыкІуэ» (1 ФЕССАЛОНИКЭ 5:14).

ФІыуэ плъагъу цІыхум къопсэлъэну гукъыдэж имыІэнкІэ хъунущ. Псэлъэну хьэзыр зэрыхъуу, уи гуапэу абы узэредэІуэнур жеІэ. Зэрысымаджэм къыхэкІкІэ уи жагъуэ зыщІын гуэр къыуищІэнкІэ е къыбжиІэнкІэ хъунущ. ФызэрызэгурыІуар икъутэжыфынущ е асыхьэту тэмакъкІэщІ къэхъуфынущ. Апхуэдэ гуэр къэхъумэ, шыІэныгъэрэ зэхэщІыкІрэ зыхэгъэлъ (Притчи 18:24).

УзэрыдэІэпыкъум уасэ иІэкъым

«Сэ сыхущІокъу узыщыгугъ хъун ныбжьэгъуфІу сызэрыщытыным. ДауикІ, згъэныбжьэгъу ди шыпхъум и гугъуехьу хъуар сэ Іусхыфынукъым, ауэ нэхъ мыхъуми абы жиІэм фІыуэ сызэредэІуэным сыхущІокъу. Зэми и гум илъ псори къызэрызжиІа къудейм и Іуэхур нэхъ тынш ещІ» (Фэрра a, абы и ныбжьэгъум расстройство пищевого поведения, тревожное расстройство, клиническэ депрессие иІэщ).

«Сэ сиІэщ псалъэ гуапэ сыт щыгъуи къысхуэзыгъуэт ныбжьэгъуфІ. Зэгуэр абы хьэщІапІэ сыкъригъэблагъэри, зэгъусэу ІэфІу дызэдэшхащ. Абы и лъагъуныгъэмрэ и гуапагъэмрэ сэ зыхэсщІащ икІи си гум илъыр хуэсІуэтэфащ. А псор сэ сэбэпышхуэ къысхуэхъуащ!» (клиническэ депрессие зиІэ Ха Ын).

«ШыІэныгъэм мыхьэнэшхуэ иІэщ. Си щхьэгъусэм сигу иримыхь гуэр щищІэм деж, сэ сигу къызогъэкІыж ар зэрымыкъуаншэр, къуаншэр абы и узыфэрауэ зэрыщытыр. Апхуэдэ гупсысэкІэр къыздоІэпыкъу сыкъэмыгубжьыну икІи си фызым и гурыщІэхэмрэ ар зыхуэныкъуэмрэ нэхъыбэу гулъытэ хуэсщІыну» (клиническэ депрессиекІэ сымаджэ щхьэгъусэ зиІэ Джейкоб).

«Си щхьэгъусэр къыздэІэпыкъуну икІи гупсэхугъуэ къызитыну сыт щыгъуи хьэзырщ. Гузавэ гуэр си гум щытелъым деж, сщІэну сызыхуэмей абы сигъэщІэну зэи иужь иткъым. Абы щхьэкІэ иныкъуэм деж езым ищІэну зыхуей гуэр имыщІэу къегъанэ. Си дежкІэ си фызыр налкъутналмэс лъапІэм хуэдэщ, сыту жыпІэмэ ар цІыху хьэлэлщ, псэемыблэжщ, куэдми зыхуигъэныкъуэну хьэзырщ» (тревожное расстройство зиІэ Энрико).

a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.