Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ФІымрэ Іеймрэ. Дэтхэнэ зыри дызэрызэупщІыжын хуей упщІэ

ФІымрэ Іеймрэ. Дэтхэнэ зыри дызэрызэупщІыжын хуей упщІэ

Зэи уздэщымыІа щІыпІэ гуэрым укІуэну мурад пщІатэмэ, сытыт уэ пщІэнур?

  1. 1. Уэ езым пэжу къэплъытэ гъуэгумкІэ укІуэнут.

  2. 2. «Мобыхэм гъуэгур нэхъыфІу яцІыху хъунщ» жыпІэу нэгъуэщІ цІыхухэм я ужь уиувэнут.

  3. 3. Навигатор, картэ къэбгъэсэбэпынут е гъуэгур фІыуэ зыцІыху, дзыхь зыхуэпщІ уи ныбжьэгъур зыдэбгъэІэпыкъунут.

Япэ ІэмалитІыр къыхэпхмэ, уэ, дауикІ, зы щІыпІэ гуэрым унэсынущ, ауэ уздэкІуэну узыхуеям унэсынрэ унэмысынрэ упщІэшхуэщ. Ещанэ Іэмалыр къыхэпхмэ-щэ? Уэ, шэч хэмылъу, уи мурадыр къохъулІэнущ.

Мы щапхъэр ди гъащІэми хуэпхь хъунущ. Дэтхэнэ зы цІыхуми насыпым ухуэзышэ гъуэгур къигъуэтыну хуейщ. Ауэ ар къэдгъуэтынрэ къэдмыгъуэтынрэ и нэхъыбэм зэлъытар унафэ къатщтэхэр зытегъэщІаращ.

Унафэ къатщтэхэм я нэхъыбэм апхуэдэуи мыхьэнэ яІэкъым. Ауэ языныкъуэ унафэхэм дэ ди гъащІэри фІыуэ тлъагъухэм я гъащІэри яхъуэжыфынущ — е фІыкІэ, е ІейкІэ. Мис апхуэдэ унафэхэр къыщытщтэм деж, абы къегъэлъагъуэ дэ сытыр фІыуэ, сытыр Іейуэ къэтлъытэми. А унафэхэр гъащІэм и мыпхуэдэ лъэныкъуэхэм пыщІауэ щытыфынущ:

  • сексымрэ нэчыхьымрэ;

  • лэжьыгъэмрэ ахъшэмрэ;

  • сабий гъэсэным;

  • нэгъуэщІхэм дазэрыхущытым.

Дэри ди унагъуэм щыщхэми ди гъащІэр фІыкІэ зыхъуэжыфын унафэхэр дауэ къызэрытщтэнур?

Дэтхэнэ зыри дызэупщІыжын хуейщ: унафэ къасщтэхэр фІырэ Іейрэ щызэхэзгъэкІкІэ сыт сэ дэІэпыкъуэгъу сщІынур?

Мы журналым къыдгурегъаІуэ фІымрэ Іеймрэ щызэхэдгъэкІкІэ Библием дзыхь щІыхуэпщІ хъунур икІи унафэ тэмэм къэтщтэну ар сэбэп къызэрытхуэхъунур.