ФІымрэ Іеймрэ. Сыт уэ къыхэпхынур?
Сытыр фІыми, сытыр Іейми зэрызэхэдгъэкІым дэ насыпыфІэу дыщытынрэ дыщымытынрэ елъытащ. Алыхь Иеговэ ар фІы дыдэу къыгуроІуэ. Аращ фІымрэ Іеймрэ теухуауэ абы и хабзэхэм дытетыну дыщІыхуигъэушыр.
Иеговэ хуейщ дэ гъащІэ насыпыфІэ диІэу, гузэгъэгъуэ ди гум илъу дыпсэуну.
«ФІым ухуезыгъасэ икІи узрикІуэн хуей гъуэгур уэзыгъэлъагъу уи Алыхь Иеговэр сэращ. Си хабзэхэм уедаІуэу щытамэ, уи мамырыгъэр — псы ежэхым хуэдэу, уи пэжыгъэр — хы толъкъунхэм хуэдэу щытынут» (Исайя 48:17, 18).
ЦІыхур къэзыгъэщІар Алыхьыращи, дызрикІуэн хуей гъуэгур псом нэхърэ нэхъыфІу зыщІэри аращ. Абы и чэнджэщхэм дытету дыпсэуну дыкъыщІыхуриджэр ахэр сыт щыгъуи сэбэп къытхуэхъунущи аращ. А чэнджэщхэм дытетмэ, дэ унафэ тэмэмхэр къызэрытщтэфынум шэч къытедмыхьэми хъунущ. Абы и фІыгъэкІэ ди гум гузэгъэгъуэ илъу, гъащІэ насыпыфІэ диІэу дыпсэунущ.
Иеговэ тхузэфІэмыкІын зэи къытхуигъэувкъым.
«Нобэ сэ фэст хабзэр фэркІэ гугъукъым икІи фпэжыжьэкъым» (Второзаконие 30:11).
Алыхьым и хабзэхэм утету упсэун щхьэкІэ уи гупсысэкІэми уи дуней тетыкІэми зэхъуэкІыныгъэ 1 Иуан 5:3).
гуэрхэр хэплъхьэн хуеинкІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ тхузэфІэмыкІын гуэр тщІэну зэи къытхуигъэувкъым. Абы ди зэфІэкІыр здынэсыр фІы дыдэу ещІэ. Аращи, Алыхьым нэхъ гъунэгъу зыхуэтщІмэ, дэ къэтлъэгъунущ абы и хабзэхэр бгъэзэщІэну зэрымыгугъур (Иеговэ и хабзэхэм тету псэуну хуей дэтхэнэ зыми дэІэпыкъуну къегъэгугъэ.
«Сэращ уи Алыхь Иеговэр, сэ уи Іэ ижьыр сІыгъщ икІи бжызоІэ: „Умышынэ, сэ сыбдэІэпыкъунущ“» (Исайя 41:13).
Дэ Алыхьым и хабзэхэм дытету дыпсэуну тхузэфІэкІынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыкІэ къыддэІэпыкъуну абы езым дыкъегъэгугъэ. Гушхуэныгъэрэ гугъапІэрэ къыдэзыт и Псалъэ БиблиемкІэ Иеговэ къыддэІэпыкъунущ.
Дуней псом мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм я щхьэкІэ ягъэунэхуащ Библием ит чэнджэщхэм я гъащІэр фІыкІэ зэрихъуэжыр. Ухуейт уэри а тхылъыр къызэрыбдэІэпыкъуфынум теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэну? Ухуейуэ щытмэ, «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэр абыкІэ къыбдэІэпыкъунущ. Ар jw.org сайтым пщІэншэу къипх хъунущ. А брошюрэм урокищ итщ:
-
Уи гъащІэр Библием дауэ нэхъыфІ зэрищІыфынур?
-
Библием гугъэ дахэ къыдет.
-
Библием дзыхь хуэпщІ хъуну пІэрэ?
Алыхьым и Псалъэ Библиер щыбджкІэ уэ къэпщІэнущ абы ит принципхэр сыт хуэдэ зэманми зэрыхуэкІуэр икІи абыхэм дзыхь хуэпщІ зэрыхъунур (Псалом 111:8). ФІымрэ Іеймрэ теухуауэ Библием итым утету упсэуныращ гъащІэ гъуэгухэм я нэхъыфІ дыдэр. Ауэ апхуэдэу псэуну Алыхьым зыри хигъэзыхькъым (Второзаконие 30:19, 20; Иисус Навин 24:15). Дэтхэнэ зыми зэрыпсэуным теухуауэ унафэ ищІыжыну хуитыныгъэ иІэщ.