Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

«Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщІи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищІынущ» (Екъуб 4:8)

Алыхьыр ди тхьэлъэІухэм едаІуэу пІэрэ?

Алыхьыр ди тхьэлъэІухэм едаІуэу пІэрэ?

Алыхьыр уи тхьэлъэІухэм зэредаІуэм шэч къыщытепхьа къэхъуа? Къэхъуамэ, уэ уи закъуэкъым. ЦІыху куэдыр Алыхьым йолъэІу я гугъуехьхэр Іуихыну, ауэ я гугъуехьхэр зыщІыпІи кІуэкъым. Абы къикІыу пІэрэ Алыхьым ди лъэІухэр зэхимыхыу? Хьэуэ, къикІкъым. Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьыр ди тхьэлъэІухэм йодаІуэ, ар зэрыхуейм хуэдэу зыхуэдгъазэмэ. Деплъынщ Библием жиІэм.

АЛЫХЬЫР ТХЬЭЛЪЭІУХЭМ ЙОДАІУЭ

«Уэращ тхьэлъэІухэм едаІуэр, уи деж цІыху псори къэкІуэнущ» (Псалом 65:2).

Языныкъуэхэм тхьэлъэІум и фІыгъэкІэ гупсэхугъуэ ягъуэту жаІэ, Алыхьым ахэр зэрызэхихыр я фІэщ мыхъуми. Ауэ Библием щыжыІащ: «Иеговэ * къезыджэ псоми япэгъунэгъущ, пэжым тету къезыджэ псоми. Абы... и дэІэпыкъуэгъум хуэныкъуэхэм я макъыр зэхихынущ» (Псалом 145:18, 19).

Мы псалъэхэм ди фІэщ ящІ Алыхь Иеговэ къыхуэпэж цІыхухэм я тхьэлъэІухэм зэредаІуэр. Мис абы езым жиІэр: «Фэ фыкъызэджэнущ, си деж фыкъэкІуэнущ, тхьэлъэІукІи зыкъысхуэвгъэзэнущ, икІи сэ фэ фызэхэсхынущ» (Иеремия 29:12).

АЛЫХЬЫР ХУЕЙЩ УЭ АБЫ ТХЬЭЛЪЭІУКІЭ ЗЫХУЭБГЪЭЗЭНУ

«Тхьэм фелъэІу зэпыт» (Рим 12:12).

Библием дыкъыхуреджэ Алыхьым зэпымыууэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну. Абы къегъэлъагъуэ езым депсэлъэну Алыхь Иеговэ зэрыхуейр (Маттэ 26:41; Ефес 6:18).

Сыт Алыхьыр щІыхуейр дэ абы тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну? Мыпхуэдэ щапхъэм егупсыс: сабий цІыкІур и адэм бгъэдохьэри йолъэІу: «Папэ, кхъыІэ, къыздэІэпыкъу!» ДауикІ, адэм ещІэ сабийр зыхуейр икІи ар зыгъэгузавэр. Ауэ апхуэдэ лъэІур щызэхихым деж, адэм къыгуроІуэ сабийм дзыхь къызэрыхуищІыр икІи абы дэІэпыкъун зэрыхуейр (Притчи 15:8; Екъуб 4:8).

АЛЫХЬЫМ УЭ ФІЫУЭ УКЪЕЛЪАГЪУ

«Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлІэ, абы и нэІэ къыфтригъэтщи» (1 Петр 5:7).

Алыхьым дэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум къыхэкІкІэ ар хуейщ дэ абы тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну. Абы ди гугъуехьхэмрэ дызыгъэгузавэмрэ елъагъу икІи егъэлеяуэ хуейщ къыддэІэпыкъуну.

Библием къызэриІуэтэжымкІэ, пащтыхь Даут Алыхь Иеговэ къыдэІэпыкъуну сыт щыгъуи елъэІут икІи и гупсысэхэмкІэрэ зыгъэгузавэхэмкІэрэ абы дэгуашэт (Псалом 23:1—6). Дапхуэдэут Алыхьыр Даут зэрыхущытыр? Алыхьым Даут егъэлеяуэ фІыуэ илъагъут икІи и тхьэлъэІу псоми едаІуэт (Апостолхэм 13:22). Алыхьыр дэ ди тхьэлъэІухэми йодаІуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ абы фІыуэ дыкъелъагъу.

«ИЕГОВЭ СЭ ФІЫЩЭУ СОЛЪАГЪУ, СЫТ ЩХЬЭКІЭ ЖЫПІЭМЭ ЗЭХЕХ ИЕГОВЭ СИ МАКЪЫР»

Мыр Библиер зытхахэм ящыщ зым и псалъэхэщ. Абы и фІэщ хъут Алыхьыр абы и тхьэлъэІухэм зэредаІуэр, икІи а гупсысэм ар игъэгушхуэт. Абы зыхищІэт Алыхьыр зэрыпэгъунэгъур икІи и гугъуехьхэм зэрыпэлъэщын къару къызэрыритыр (Псалом 116:1—9).

Алыхьыр ди тхьэлъэІухэм зэредаІуэр быдэу ди фІэщ хъумэ, дэ абы адэкІи зыхуэдгъэзэнущ. Мис Испанием и ищхъэрэ лъэныкъуэмкІэ щыпсэу Педро и щапхъэр. Абы илъэс 19 хъу и къуэр аварием хэкІуэдат. Педро и гуауэмрэ и узымрэ Алыхьым бгъэдилъхьэт икІи зэпымыууэ елъэІут къарурэ гупсэхугъуэрэ къритыну. Алыхьым абы жэуап иритауэ пІэрэ? Педро жеІэж: «Зэхуэсым щыщ ди ныбжьэгъухэр къигъэсэбэпурэ, Иеговэ къарурэ гупсэхугъуэрэ си щхьэгъусэмрэ сэрэ къыдитащ».

Алыхьым ди тхьэлъэІухэм жэуап иритын щхьэкІэ ди ныбжьэгъухэри къигъэсэбэпыфынущ

ТхьэлъэІум Педро и къуэр къигъэтэджыжакъым, ауэ апхуэдэ тхьэлъэІухэр Педрорэ абы и унагъуэмрэ егъэлеяуэ къадэІэпыкъуащ. Абы и щхьэгъусэ Марие Кармен игу къегъэкІыж: «Сэ гуауэм сызэрыпэлъэщын къару тхьэлъэІухэм къызатащ. Сэ зыхэсщІэт Алыхь Иеговэ сыкъызэрыгурыІуэр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы сепсэлъа нэужь мамырыгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зыхэсщІэт».

Библием итымрэ цІыху куэдым я щапхъэхэмрэ къагъэлъагъуэ Алыхьыр пэж дыдэу тхьэлъэІухэм зэредаІуэр. Ауэ Алыхьым тхьэлъэІу псоми жэуап ириткъым. Сыт абы и щхьэусыгъуэр?

^ абз. 5 Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым и цІэр Иеговэщ (Псалом 83:18).