Сыт хуэдэ зэманми хуэкІуэ чэнджэщхэр
УИ НЭГУ КЪЫЩІЭГЪЭХЬЭ: уэ музейм зыплъыхьакІуэ укъэкІуащ. Зыуплъыхьурэ уздыщІэтым уэ гу лъыботэ языныкъуэ экспонатхэр жьы дыдэ зэрыхъуам, я фэр зэрытекІыжам икІи къызэрычам. Языныкъуэ экспонатхэми я Іыхьэ гуэрхэр гуэщІыкІащ. Ауэ гъэщІэгъуэн гуэр болъагъу: зы экспонатыр щІэрыпсым хуэдэщ. Уэ ущІоупщІэ: «Мыр нэхъ гувауэ ящІахэм щыщу ара?» «Хьэуэ, мыр нэхъ жьы дыдэхэм ящыщщ икІи зыгуэр къыщыщІу ящІыжын хуей зэи хъуакъым»,— къыуат жэуап. «Фыхуэсакъыу фхъумауэ къыщІэкІынщ»,— жыбоІэ уэ. «Хьэуэ. Жьыи уэшхи куэду илъэгъуащ мыбы. ЩІэпхъаджащІэхэми мызэ-мытІэу якъутэну хэтащ»,— къыбжаІэж. Абы щыгъуэм бгъэщІагъуэу жыпІэну къыщІэкІынщ: «НтІэ, сыт мыр къызыхэщІыкІар?»
Библиер апхуэдэ экспонат гъэщІэгъуэным зыгуэркІэ ещхьщ. Пэжщ, пасэрей зэманым ятха нэгъуэщІ тхылъхэри ди зэманым къэсащ. Ауэ абыхэм я нэхъыбэр зэманым жьы дыдэ ищІащ. ИкІи дыкъэзыухъуреихь дунейм теухуауэ абыхэм итыр нобэ щІэныгъэлІхэм къахутэхэм техуэкъым. Узыфэхэр зэрыбгъэхъуж хъун Іэмалхэм теухуауэ а тхылъхэм итыр сэбэп къыпхуэхъун дэнэ къэна, уи узыншагъэм зэран хуэхъуфынущ. Пасэрей Іэрытх куэдым я Іыхьэ закъуэтІакъуэхэращ ди зэманым къэсар.
Библиер адрей пасэрей тхылъхэм икъукІэ къащхьэщокІ. Ар илъэс 3 500 нэхъыбэкІэ узэІэбэкІыжмэ ятхын щІадзащ икІи зэхъуэкІыныгъэ хэмыхьэу ди зэманым къэсащ. Библиер ягъэкІуэдыну хуабжьу иужь итащ. Псалъэм папщІэ, ар ауан ящІт, ягъэст икІи абы еджэхэр гугъу ирагъэхьт. Ауэ а псом емылъытауэ, Тхыгъэ ЛъапІэр хъума хъуащ. ЩІэныгъэлІхэм щІэуэ зыгуэр къахутэху, наІуэ хъут, Библиер жьы хъун дэнэ къэна, атІэ и зэманым куэдкІэ япэ зэрищар. («Жьы хъуа хьэмэрэ и зэманым япэ ища?» жыхуиІэ рамкэм еплъ.)
МЫХЬЭНЭ ЗИІЭ УПЩІЭХЭР
Уэ мыпхуэдэ упщІэ уиІэнкІэ хъунущ: «Тхыгъэ ЛъапІэм ит чэнджэщхэр пэж дыдэу нобэ сэбэп къытхуэхъуфыну пІэрэ?» Дегъэгупсыс, цІыхум и гъащІэр гугъу зыщІыр сыт? Куэдым мыпхуэдэ щхьэусыгъуэхэр къахьыфынущ: зауэ екІуэкІхэр, Іулъхьэ тыныр, цІыхухэм дунейр зэрауцІэпІыр, щІэпхъаджагъэ куэд зэралэжьыр. Иджы ищІагъым къыщыхьа Библием ит принципхэм къеджи зэупщІыж: «Дунейр нэхъыфІ хъуну пІэрэт цІыхухэр мы принципхэм тету псэуатэмэ?»
ЗЭХУЩЫТЫКІЭФІХЭР
«Гъуэгу махуэ теуващ цІыхухэр зэзыгъэкІужхэр, абыхэм «Тхьэм и бынкІэ» еджэнущи» (Маттэ 5:9). «Іэмал иІэмэ, фи Іэм къикІым хуэдизкІэ цІыху псоми фазэрыгурыІуэным фыхущІэкъу» (Рим 12:18).
ЦІЫХУМ ГУЩІЭГЪУ ХУЭЩІЫН ИКІИ ХУЭГЪЭГЪУН
«Гъуэгу махуэ теуващ гущІэгъу зиІэхэр, абыхэм гущІэгъу ягъуэтынущи» (Маттэ 5:7). «Зыр зым фІыуэ хущрет, гущІэгъу зэхуэфщІ икІи зым адрейм хуэвгъэгъу, Мэссихь и хьэтыркІэ Тхьэм * фэ къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу» (Ефес 4:32).
ЛЪЭПКЪ ЗЭХЭГЪЭЖ ЩІЫНЫР ЗЫХЭНЭН
«Тхьэм зы цІыху закъуэм цІыху лъэпкъ псори къыхигъэхъукІащ, ахэр дунейм дэнэкІи щыпсэун щхьэкІэ» (Апостолхэм 17:26). «Тхьэр цІыхум и фэм емыплъу, цІыху псори и зэхуэдэу зэрыщытыр къызгурыІуащ. Сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкІауи щрет, Тхьэм и фІэлІыкІыр зи гум илъыр икІи щыпкъагъэр зыгъэзащІэ дэтхэнэри Тхьэм ещтэ» (Апостолхэм 10:34, 35).
ДЫКЪЭЗЫУХЪУРЕИХЬ ДУНЕЙР КЪАБЗЭУ ХЪУМЭН
«Зиусхьэну Тхьэм цІыхур ишэри псэупІэ щритащ Іэдэн жыг хадэм, абы илэжьыхьын, ар ихъумэн папщІэ» (ЩІэдзапІэ 2:15). «ЩІылъэр зыгъэкІуэд цІыхухэр» Алыхьым игъэкІуэдыжынущ (Апокалипсис 11:18).
НЭПСЕЯГЪЭМРЭ ХАБЗЭНШАГЪЭМРЭ ГУЩЫКІ ХУЭЩІЫН
«Фысакъ! Фымынэпсей, цІыхум сыт хуэдиз мылъку иІэми, абы и гъащІэм къыпищэркъыми» (Лука 12:15). «Тхьэм и цІыху лъапІэхэм зэрахуэфащэращи, зинэ щІэным, сыт хуэдэ гуфІеягъэми е нэпсеягъэми я гугъу фи зэхуакум щыфщІ хъунукъым» (Ефес. 5:3).
ЦІЫХУ ПЭЖУ ИКІИ ЛЭЖЬАКІУЭШХУЭУ ЩЫТЫН
«Іуэху псомкІи щыпкъагъэ [е пэжагъ] дигу илъу дыпсэуну дыхуейщ» (Еврейхэм 13:18). «ДыгъуакІуэр иремыдыгъуэж, ар ирелажьи, и ІэхэмкІэ фІы ирырелэжь» (Ефес 4:28).
ЦІЫХУХЭМ ЯДЭІЭПЫКЪУН
«Зи гур кІуэдахэр вгъэгушхуэ, дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм фадэІэпыкъу, цІыху псоми шыІэныгъэкІэ фадэгъуэгурыкІуэ» (1 Фессалоникэ 5:14). «Гузэвэгъуэм хэхуа зеиншэхэмрэ фызабэхэмрэ ядэІэпыкъуныр» (Екъуб 1:27).
Мы принципхэр псалъэ дахэу зэхэлъу аракъым. Ахэр лъапІэу тлъытэну икІи абыхэм дытетыну езы Библиер къыддоІэпыкъу. ЦІыхухэр мы принципхэм тету псэуатэмэ, сыт хуэдиз гугъуехьхэм ахэр щыхъума хъунут! Зэрытлъагъущи, Библием ит чэнджэщхэр ди зэманым хуокІуэ. Ауэ
дауэ Тхыгъэ ЛъапІэр нобэ къызэрыбдэІэпыкъуфынур?БИБЛИЕМ ИТ ЧЭНДЖЭЩХЭР НОБЭ КЪЫБДЭІЭПЫКЪУФЫНУЩ
Зы цІыху Іущ гуэрым зэрыжиІамкІэ, Іущагъыр къызыхэщыр Іуэхухэращ (Маттэ 11:19). Уэ абы дауэ уеплърэ? Чэнджэщым Іущагъ зэрыхэлъыр къыпэкІуэ ІуэхухэмкІэщ къызэрыпщІэнур. Уэ уегупсыс хъунщ: «Библием ит чэнджэщхэм сэбэпынагъ хэлъмэ, абыхэм си гъащІэр нэхъыфІ ящІын хуейщ. Дауэ а тхылъыр си гугъуехьхэмкІэ къызэрыздэІэпыкъунур?» Зы цІыхубз гуэрым и щапхъэм и гугъу тщІынщ.
Асият * и гъащІэр насыпыфІэт икІи гъэщІэгъуэнт. Ауэ зэкІэлъыкІуэу зыІущІа гуауэхэм псори яхъуэжащ. Асият и пхъур лІащ икІи абы иужь ар и щхьэгъусэм къигъэнащ. АхъшэкІэ гугъуехьышхуэ иІэ хъуащ. Асият жеІэж: «Си щхьэм мыгъуагъэ хуэсхьыжт. Пхъуи, щхьэгъуси, уни сиІэжтэкъым. Си лъэр щІэхуати, сыгупсысэну е зыгуэр сщІэну гукъыдэж лъэпкъ сиІэтэкъым».
Библием ит мы псалъэхэр зэрыпэжыр Асият и щхьэкІэ игъэунэхуащ: «Ди гъащІэм и махуэхэр илъэс блыщІщ. Къарур хурикъурэ илъэс ищІ хъуми, ахэр гузэвэгъуэкІэрэ гуауэкІэрэ гъэнщІахэщ. Ахэр псынщІэу блокІ» (Псалом 90:10).
Асият Библием зыхуигъэзащ икІи ар абы сэбэпышхуэ къыхуэхъуащ. КъыкІэлъыкІуэ статьяхэм дагъэлъэгъунущ Тхыгъэ ЛъапІэм лъэкІыныгъэ зэриІэр икІи абы ит чэнджэщхэм гъащІэр зэрахъуэжыр цІыху куэдым зэрагъэунэхуар. Мы статьям и щІэдзапІэм зи гугъу тщІа экспонатым Библиер ещхьщ. Ди зэманым хуэмыкІуэж тхылъыжьхэм Библиер икъукІэ къащхьэщокІ. Абы и щхьэусыгъуэр Библиер «къызыхэщІыкІар» армырауэ пІэрэ? Абы итыр цІыхухэм я гупсысэхэу щымыту, атІэ Алыхьым и гупсысэхэрауэ ди фІэщ тщІы хъуну пІэрэ? (Уэри плъагъуу къыщІэкІынщ гъащІэр зэрыкІэщІыр икІи гугъуехькІэ зэрыгъэнщІар. Уи Іуэхум хэкІыпІэ имыІэу къыщыпщыхъум деж, дэнэ чэнджэщрэ дэІэпыкъуэгъурэ къыщыплъыхъуэр?
Тхыгъэ ЛъапІэр уэ къызэрыбдэІэпыкъуфынум теухуауэ нэхъыбэ къащІэ. Деплъынщ абы:
-
дыкъызэрихъумэм;
-
дыкъызэрыригъэлым;
-
къару къызэрытхилъхьэм.
КъыкІэлъыкІуэ статьяхэм щызэпкърытхынущ Библием ит чэнджэщхэр сэбэп къызэрытхуэхъур.
^ абз. 10 Библием зэрыжиІэмкІэ, Тхьэм и цІэр Иеговэщ (Псалом 83:18).
^ абз. 24 Мы статьямрэ къыкІэлъыкІуищымрэ языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.