Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Уи къэкІуэныр зэлъытар уэращ

Уи къэкІуэныр зэлъытар уэращ

Илъэс 3 500 хуэдиз ипэ Алыхь Иеговэ и лэжьакІуэхэм яжриІат сыт абыхэм ящІэн хуейми гъащІэ насыпыфІэ яІэн щхьэкІэ: «ГъащІэмрэ ажалымрэ, нэфІымрэ нэлатымрэ фыхызогъадэ. Къыхэфх гъащІэр, фи щІэблэмрэ фэрэ фыпсэун щхьэкІэ» (Второзаконие 30:19).

Мы псалъэхэр зыхуэгъэзауэ щыта цІыхухэм я гъащІэр насыпыфІэу щытын щхьэкІэ, абыхэм унафэ пэж къащтэн хуейт. Дэри нобэ апхуэдэущ ди Іуэхур зэрыщытыр. Библием зэрыжиІэмкІэ, гъащІэ насыпыфІэм и ІункІыбзэр мыращ: «Фи Алыхь Иеговэ фІыуэ флъагъу, абы и жыІэм фыщІэт» (Второзаконие 30:20).

ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ПЛЪАГЪУНЫМ ИКІИ АБЫ И ЖЫІЭМ УЩІЭТЫНЫМ СЫТ ХЫХЬЭР?

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ. Иеговэ теухуауэ Библием зыхуригъаджэр къапщІэмэ, уэ ар фІыуэ плъагъуу ухъунущ. Уэ къыбгурыІуэнущ Алыхьым лъагъуныгъэшхуэ зэрыбгъэдэлъыр икІи абы уифІ къызэрилъыхъуэр. «Абы и нэІэ къы[т]тригъэтщи», лъэІукІэ зыхуэдгъэзэну дыхуегъэуш (1 Петр 5:7). Библием зэрыжиІэмкІэ, уэ Алыхьым гъунэгъу зыхуэпщІын щхьэкІэ къару епхьэлІэмэ, «езыми гъунэгъу зыкъы[п]хуищІынущ» (Екъуб 4:8).

КЪЭПЩІАР УИ ГЪАЩІЭМ КЪЫЩЫГЪЭСЭБЭП. Алыхьым и жыІэм ущІэтыным хохьэ Библием зыхуригъаджэм утетыныр. А тхылъым ит чэнджэщ Іущхэр зыгъэзащІэм теухуауэ мыпхуэдэу жыпІэ хъунущ: «Уэ гъуэгу узытетым ехъулІэныгъэ ущиІэнущ икІи Іущагъ пхэлъу ущытынущ» (Иисус Навин 1:8).

^ абз. 7 Бзэуэ блыкІэ щыІэщ, Китайм я бзэхэри абы хэту (путунхуа, кантонский диалект).