Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Библиер ди зэманым къызэрысар

Библиер ди зэманым къызэрысар

Библиер ди зэманым къызэрысар

Библиер тхын зэраухрэ илъэс 1 900-м щІигъу дэкІащ. ЗэхъуэкІыныгъэ хэмыхьэу ар ди зэманым къызэрысар телъыджэшхуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар зытратхэу щытар псынщІэу Іисраф хъу папируст (къамыл упІэщІа) икІи пергаментт (псэущхьэ гуэрым и фэ). Абы нэмыщІ Библиер зэратхауэ щыта бзэхэр нобэ зыщІэхэр мащІэ дыдэщ. А псом нэмыщІ тепщэныгъэ зиІэ цІыхухэм, императорхэм деж щыщІэдзауэ дин пашэхэм деж щиухыжу, яхузэфІэкІ къагъанэтэкъым ар ягъэкІуэдын щхьэкІэ.

ДАУЭ мы тхылъ гъэщІэгъуэныр ди зэманым къызэрысар икІи псом нэхърэ нэхъыбэу къыдагъэкІ тхылъ зэрыхъуар? Мы упщІэхэм жэуап езыт ІуэхугъуитІ зэпкърытхынщ.

КъизытхыкІыжахэм я лэжьыгъэр

Библием и япэ Іыхьэхэр журтхэм хуэсакъыу яхъумэт икІи абыхэм я копие куэд къитхыкІыжауэ яІэт. Израилым и пащтыхьхэр мыпхуэдэ унафэм тетын хуейт: «Лэуий къытехъукІа дин пашэхэм яхъумэ тхылъыр къищтэу, хабзэм итыр къритхыкІыжу, абы и копие ищІын хуейщ» (Второзаконие 17:18).

Израил цІыху куэдым Библиер Алыхьым и Псалъэу ялъытэт икІи абы еджэну ягу ирихьт. КъитхыкІыжыкІэм хурагъэса цІыхухэм Тхыгъэ ЛъапІэм итыр хуэсакъыпэурэ къратхыкІыжт. Абыхэм ящыщ зыт Алыхь фІэлІыкІ зиІэ Ездрэ. «Мусэ и хабзэр — Алыхь Иеговэ Израилым иритар — Іэзэу къритхыкІыжт абы» (Ездра 7:6). Ди эрэм VI—VII лІэщІыгъуэхэм масоретхэм ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр къыщратхыкІыжкІэ хьэрф къэс ябжт, щыуагъэ ямыщІын щхьэкІэ. Абыхэм егугъупэу ягъэзэщІа лэжьыгъэм и фІыгъэкІэ, Библием зэхъуэкІыныгъэ хэмыхьэу къэнащ икІи бийхэм ар ягъэкІуэдыну хэтами, ар ди зэманым къэсащ.

Ди эрэм ипэ 168-нэ гъэм Сирием и тепщэ Антиох IV хузэфІэкІ къигъэнакъым Палестинэм къыщигъуэт ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм я копиехэр игъэкІуэдын щхьэкІэ. Журтхэм я тхыдэм тепсэлъыхьыж зы тхылъым итщ: «Хабзэр зэрыт тхылъу къагъуэту хъуар зэфІатхът икІи мафІэкІэ ягъэст». «Еврейская энциклопедия» жыхуаІэм щыжыІащ: «Мы унафэр ягъэзэщІэну зи пщэм далъхьа къулыкъущІэхэм я къалэныр егъэлеяуэ егугъуу ягъэзащІэт... Тхыгъэ ЛъапІэ зиІэхэм зы тезырт тралъхьэр... лІэныгъэт». А псом емылъытауэ, Палестинэмрэ нэгъуэщІ къэралхэмрэ щыпсэу журтхэм Тхыгъэ ЛъапІэм и копиехэр яхъумэфащ.

АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр тхын яуха нэужь, абы хыхьэ тхылъхэм я копиехэм щІыпІэ куэдым ущрихьэлІэт. Псалъэм папщІэ, Иуан и ХъыбарыфІыр щитхыжар Ефес къалэращ е абы пэмыжыжьэу. Ауэ илъэс тхущІи дэмыкІауэ, абы и копием и Іыхьэр Мысырым къыщагъуэтащ, ар Ефес къалэм километр щэ бжыгъэкІэ зэрыпэжыжьэм емылъытауэ. Абы къегъэлъагъуэ щІыпІэ пхыдзахэм щыпсэу Хьисэ и гъэсэнхэм Тхыгъэ ЛъапІэм и копиехэр а зэманым зэраІэтэр.

Алыхьым и Псалъэм и копиехэр куэду ящІу зэрыщытам и фІыгъэкІэ, Хьисэ зэрыщымыІэжрэ илъэс щэ бжыгъэ дэкІами, Библиер хъума хъуащ. Ди эрэм 303-нэ гъэм, мазаем и зы пщэдджыжь гуэрым Римым и император Диоклетиан и нэкІэ еплъыну къэкІуащ зы члисэ гуэрым и бжэр якъутэу, абы щІэлъ Тхыгъэ ЛъапІэхэр зэрагъэсым. Диоклетиан зэрибжымкІэ, Алыхьым и Псалъэр игъэкІуэдмэ, езы динри хуэгъэкІуэдынут. ЕтІуанэ махуэм абы унафэ ищІащ империе псом Библиехэр щызэхуахьэсу, псоми ялъагъуу ахэр ягъэсыну. Ауэ языныкъуэ копиехэр ямыгъэсу къэнащ икІи ахэр иужькІэ ягъэбэгъуащ. Диоклетиан и унафэм иужь куэд дэмыкІыу АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр къратхыкІыжащ. А Библиехэм щыщу тІум я Іыхьэшхуэхэр ди зэманым къэсащ. Зыр Рим къалэм щахъумэ, адрейр — Лондон дэт библиотекэм.

Япэ дыдэу ятха Библием щыщ Іыхьэ зэкІэ къамыгъуэтами, а тхылъыр зэрыщыту е абы и Іыхьэ щхьэхуэхэр къитхыкІыжауэ щэ бжыгъэкІэ ди зэманым къэсащ. Абыхэм щыщу языныкъуэхэр жьы дыдэщ. Библиер къыщратхыкІыжым абы итым зихъуэжа? ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм теухуауэ щІэныгъэлІ Уильям Грин жиІащ: «Пасэ зэманым ятха тхылъхэм щыщу а зыращ зэхъуэкІыныгъэ хэмыхьэу ди зэманым къэсар». АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм теухуауэ щІэныгъэлІ Фредерик Кеньон итхащ: «Япэ дыдэу ятха Іэрытххэмрэ нобэ щыІэ копиехэм щыщу нэхъ жьы дыдэхэмрэ я захуакум дэлъ зэманыр апхуэдизкІэ мащІэщи, Тхыгъэ ЛъапІэм итым зэхъуэкІыныгъэ къыхэмыхьэу ди зэманым къызэрысам шэч къытедмыхьэми хъунущ. АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм итыр зэрыпэжым икІи ахэр хъума зэрыхъуам теухуауэ упщІэ щыІэжкъым». Фредерик пещэ: «Библием итыр зэрыпэжым шэч къытетхьэну щхьэусыгъуэ щыІэкъым. [...] Пасэ зэманым ятха нэгъуэщІ тхылъхэм щыщу зым щхьэкІи апхуэдэ пхужыІэнукъым».

ЗэзыдзэкІахэм я лэжьыгъэр

Библиер дуней псом щІацІыхум щхьэусыгъуэ иджыри хуэхъуар ар бзэ зэмылІэужьыгъуэ куэдкІэ зэрызэрадзэкІаращ. Ар Алыхьым и мурадым тохуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьыр хуейщ бзэ зэмылІэужьыгъуэкІэ псалъэ лъэпкъхэм ар къацІыхуну икІи «къару лъапІэмрэ пэжымрэ тету» абы хуэлэжьэну (Иуан 4:23, 24, ДЩІ; Михей 4:2).

ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр япэ дыдэу зэрызэрадзэкІар алыджыбзэщ икІи абы СептуагинтэкІэ йоджэ. Хьисэ щІылъэм къэкІуэным илъэс щитІ хуэдиз иІэжу мы тхылъыр къыдагъэкІащ икІи абы еджэн хуейр Палестинэм щымыпсэу алыджыбзэкІэ псалъэ журтхэрат. АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр тхын зэраухрэ илъэс щэ бжыгъэ фІэкІа дэмыкІауэ, Библиер зэрыщыту бзэ куэдкІэ зэрадзэкІащ. Дин пашэхэм я къалэнт цІыхухэм Библиер лъагъэІэсыну. Ауэ ахэр пащтыхьхэм я гъусэу Библием еджэну хуей цІыхухэм зэран яхуэхъут. Дин пашэхэр хуейт цІыхухэр кІыфІыгъэм хэту ягъэпсэуну. Абы къыхэкІкІэ абыхэм ядэтэкъым Библиер бзэ зэмылІэужьыгъуэхэмкІэ зэрадзэкІыну.

Члисэмрэ къэралымрэ ящІ унафэхэм емылъытауэ, лІыгъэ зыхэлъ цІыхухэм, я гъащІэр яфІэкІуэдыну шынагъэ щыІэми, я лъэпкъэгъухэм щхьэкІэ Библиер зэрадзэкІт. Псалъэм папщІэ, Оксфорд щІэныгъэ щызэзыгъэгъуэта Уильям Тиндал 1530-нэ гъэм ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм щыщу япэ тхылъитхур зэридзэкІащ. КъызэрыпэщІэтым емылъытауэ, аращ япэ дыдэу ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм щыщ Іыхьэ английскэбзэкІэ зэзыдзэкІар. Абы нэмыщІ английскэбзэкІэ зэзыдзэкІхэм ящыщу Тиндалщ Алыхьым и цІэ Иеговэр япэу къэзыгъэсэбэпар. Библиер зыджу щыта Касиодоро де Рейнещ япэ дыдэу Библиер испаныбзэкІэ зэзыдзэкІар. А лэжьыгъэм щхьэкІэ ар католикхэм яукІынкІэ шынагъэ щыІэт. Касиодоро де Рейне и лэжьыгъэр * иухын щхьэкІэ къэрал зэмылІэужьыгъуэхэм щыпсэун хуей хъуащ: Англием, Германием, Голландием, Францием, Швейцарием.

Нобэ Библиер кІуэ пэтми бзэ нэхъыбэкІэ зэрадзэкІ икІи мелуан бжыгъэкІэ къыдагъэкІ. Библиер хъума хъуащ икІи абы хуэдэу куэду къыдагъэкІа тхылъ щыІэкъым. Абы къегъэлъагъуэ апостол Петр жиІар зэрыпэжыр: «Удзыр мэгъуж, гъэгъари мэкІуэдыж. Ауэ Тхьэм и псалъэхэр мыкІуэдыжу игъащІэкІэ къонэ» (1 Петр 1:24, 25).

[Сноскэ]

^ абз. 14 Рейне зэридзэкІа Библиер 1569-нэ гъэм къыдэкІащ, икІи 1602-нэ гъэм Сиприано де Валера абы хэплъэжащ.

[14-нэ напэкІуэцІым ит рамкэ/сурэт]

СЫТ ХУЭДЭ БИБЛИЕМ УЕДЖЭМЭ НЭХЪЫФІ?

Лъэпкъ куэдым я бзэкІэ Библие зыбжанэ щыІэщ. Библиер зэрытха языныкъуэ бзэхэр жьы хъуащ икІи къыбгурыІуэну гугъущ. Адрейхэр хъыбар гуэрхэм тепсэлъыхьыжым хуэдэу ятхащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм я мурад нэхъыщхьэр Библием итыр пэжу зэрадзэкІыныратэкъым, атІэ еджэхэм я Іуэхур нэхъ тынш ящІынырат. Зы псалъэ дамыгъэхуу, псалъэ къэс зэрадзэкІыурэ ящІа Библиехэри щыІэщ.

«ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Тхыгъэ ЛъапІэр» Иеговэ и Щыхьэтхэм английскэбзэкІэ щызэрадзэкІым, Библиер япэ дыдэм зэратхауэ щыта бзэхэм тращІыкІыжащ. Абы елэжьахэм я цІэхэр къраІуэкъым. А Библиер къагъэсэбэпащ, иджыри бзэ хыщІкІэ ар зэрадзэкІын щхьэкІэ. Абы елэжьхэм Библиер япэ дыдэм зэратхауэ щыта бзэхэми щІэх-щІэхыурэ зыхуагъазэт. «ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Тхыгъэ ЛъапІэр» къыщІыдагъэкІар япэ дыдэу ятха Библием итыр пэжу икІи и купщІэмрэ и мыхьэнэмрэ мыкІуэду зэрадзэкІын щхьэкІэщ. Библиер зэзыдзэкІхэм я мурадыр мыращ: япэ дыдэу ятха Библием еджэхэм ар къагурыІуэу зэрыщытам хуэдэу, нобэ Библием еджэхэми абы итыр къагурыІуэу щытын хуейщ.

Бзэхэр зыдж щІэныгъэлІхэм нобэ щыІэ Библие зэмылІэужьыгъуэхэр яджащ, «ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Тхыгъэ ЛъапІэри» абыхэм яхэту. Ахэр хуейт а тхылъхэм щыуагъэ хэтрэ хэмытрэ икІи текстым и мыхьэнэр яхъуэжарэ ямыхъуэжарэ къащІэну. Абыхэм ящыщ зыщ Джейсон Бедун, ар США-м, «Университет Северной Аризоны» жыхуаІэм адъюнкт-профессору щолажьэ. 2003-нэ гъэм абы къыдигъэкІащ напэкІуэцІ щитІ хъу тхылъ. Ар топсэлъыхь «английскэбзэкІэ щыІэ Библиехэм щыщу бгъум». *. Абы куууэ иджа едзыгъуэхэм теухуауэ щІэныгъэлІхэм я еплъыкІэхэр зэтехуэкъым. Абы къыхэкІкІэ зэзыдзэкІахэм тыншу «яхъуэжыфынут текстым и и купщІэмрэ и мыхьэнэмрэ». Джейсон английскэбзэкІэ щыІэ Библиехэм щыщ едзыгъуэхэр алыджыбзэкІэ щыІэ текстым иригъапщэт, ищІэр къыгурыІуэу текстым и мыхьэнэр зыгуэрым ихъуэжарэ имыхъуэжарэ зэхигъэкІын папщІэ. НтІэ, Джейсон а Библиехэр дауэ къыщыхъуа?

Библиер зыдж куэдымрэ нэгъуэщІ цІыхухэмрэ зэрыжаІэмкІэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм Библием итым и мыхьэнэр яхъуэжащ. Ауэ Джейсон Бедун къызэрихутамкІэ, «„ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Тхыгъэ ЛъапІэр“ адрейхэм нэхърэ нэхъ пэжу икІи нэхъ хуэсакъыу зэрадзэкІащ». Джейсон игу иримыхь гуэри «ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Тхыгъэ ЛъапІэм» хэтми, абы иджа «Библиехэм щыщу мыращ нэхъ пэжу зэрадзэкІауэ» къилъытэр. Джейсон а тхылъым «Библие гъуэзэджэкІэ» йоджэ.

Профессору икІи щІэныгъэлІу щыт Биньямин Кедар и еплъыкІэр Джейсон Бедун ейм тохуэ. 1989-нэ гъэм «ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Тхыгъэ ЛъапІэм» теухуауэ абы итхащ: «Мы тхылъыр зэзыдзэкІахэм текстым и мыхьэнэр нэхъ пэжу къагурыІуэну зэрыхущІэкъуар наІуэщ. [...] ...Библием хэмыт гуэр абыхэм халъхьауэ сэ зэи гу лъыстакъым».

ЗэупщІыж: «Сыт Библием сыщІеджэр? Си дежкІэ мыхьэнэ зиІэр сыт: текстым зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр халъхьами, абы итым тыншу укъеджэфыныра? Хьэмэрэ Алыхьым езым иригъэтха гупсысэхэм зэхъуэкІыныгъэ хэмылъу уеджэныра?» (2 Петр 1:20, 21). Мы упщІэхэм епт жэуапым елъытащ уэ къыхэпхыну Библиер.

[Сноскэ]

^ абз. 22 «ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Тхыгъэ ЛъапІэм» нэмыщІ, Джейсон Бедун иджащ «Расширенный перевод Нового завета», «Живая Библия», «Новая американская Библия с пересмотренным изданием Нового Завета», «Новая американская стандартная Библия», «Новый международный перевод», «Новый исправленный стандартный перевод», «Современная английская Библия», «Пащтыхь Екъуб и Библиер».

[НапэкІуэцІым]

«ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Тхыгъэ ЛъапІэр» бзэ куэдкІэ къыдагъэкІащ

[12-нэ, 13-нэ напэкІуэцІхэм ит сурэт]

Масоретхэм я Іэрытххэр

[13-нэ напэкІуэцІым ит сурэт]

Лука 12:7 щыщ Іыхьэ: «...фымышынэ. Бзу Іэджэм нэхърэ фынэхъ лъапІэщ фэ»

[13-нэ напэкІуэцІым ит сурэт]

Foreground page: National Library of Russia, St. Petersburg; second and third: Bibelmuseum, Münster; background: © The Trustees of the Chester Beatty Library, Dublin