Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

5. ЩІылъэр зэрауцІэпІыр

5. ЩІылъэр зэрауцІэпІыр

5. ЩІылъэр зэрауцІэпІыр

«ЩІылъэр зыгъэкІуэд цІыхухэр уэ щыбгъэкІуэдыжыну зэманри къэсащ» (АПОКАЛИПСИС 11:18).

● Кпор (Нигерие) къуажэм щыпсэу Пирри пальмэ жыгым шагъыр къыхищІыкІт. Ауэ, Нигер псыежэхым щІыдагъэ куэду зэрыхэлъэдам къыхэкІкІэ, абы а лэжьыгъэр къигъэнэн хуей хъуащ. Пирри жеІэ: «ЩІыдагъэр ди щІыфэм зэран хуохъу, ди бдзэжьейхэр егъалІэ икІи ди псыежэххэр еуцІэпІ. Сэ си щхьэр зэрыспІыжын лэжьыгъэ сиІэжкъым».

ІУЭХУР ЗЭРЫЩЫТЫР. Языныкъуэ экспертхэм зэрыжаІэмкІэ, тенджызхэм илъэс къэс тонн мелуанихрэ ныкъуэрэ хъу пхъэнкІий хохуэ. А пхъэнкІийм и зэхуэдитІым нэблагъэр пластикщ, ар илъэс щэ бжыгъэкІэ фыкъым. Ауэ цІыхухэм щІыр зэрауцІэпІым нэмыщІ, абы къыдит псори псынщІэу ягъэкІуэд икІи Іисраф ящІ. ЩІэныгъэлІхэм къызэрахутамкІэ, зы илъэсым къриубыдэу цІыхухэм къахьа зэраныр щІым игъэзэкІуэжын щхьэкІэ зы илъэсрэ мазитхурэ хуейщ. Австралием къыщыдэкІ «Сидней морнинг геральд» жыхуиІэ газетым итщ: «ЦІыхухэм я бжыгъэр хэхъуэмэ икІи абыхэм щІым къыщІахыр нэхъыбэ ящІмэ, 2035-нэ гъэм ирихьэлІэу дэ ЩІы етІуанэ дыхуеинущ».

ЦІЫХУХЭМ ЖАІЭР. Дэ дыгубзыгъэщ. Іэмал имыІэу зыгуэр къэдгупсысынщи, щІыр къедгъэлынщ.

ПЭЖУ ПІЭРЭ АР? ЦІыху куэд икІи организацэ куэд щыІэщ щІыналъэр зэрауцІэпІам цІыхубэм гу лърагъэтэныр я мурад нэхъыщхьэу. Абы щхьэкІэ къэмынэу, цІыхухэм щІыр адэкІи Іисраф ящІ.

ДАУЭ УЕПЛЪРЭ? Алыхьым дыкъызэригъэгугъа псалъэр игъэзэщІэжу, цІыхухэм я Іуэхухэм къыхэІэбэу, ди щІыналъэр къригъэлыным дыхуэныкъуэ?

Зэпкърытха Іуэхугъуитхум нэмыщІ, Библиер иджыри зы Іуэхугъуэм топсэлъыхь. Ар иужьрей махуэхэм къэхъун хуей фІы гуэрщ. Абы теухуауэ нэхъыбэ къащІэ.

[Вставкэ]

«Япэм сыщыпсэуа жэнэтыр пхъэнкІий идзыпІэ хъуауэ къысщохъу» (2010-НЭ ГЪЭМ ЩІЫДАГЪЭР ПСЫМ ЗЭРЫХЭЛЪЭДАМ ТЕУХУАУЭ США-М ЩЫПСЭУ ЭРИН ТАМБЕР, ЖИІАР).

[Рамкэ]

Алыхьыр къуаншэу пІэрэ?

Ди зэманым гугъуехь куэд зэрыщыІэнур Библием зэрыщыжыІауэ щытам къикІрэ а гугъуехьхэмкІэ Алыхьыр къуаншэу? Хьэзаб зэрытшэчым Алыхьым и ягъэ хэлъ? Мы упщІэхэм я жэуапхэр уэ къыщыбгъуэтынущ «Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?» жыхуиІэ тхылъым, 11-нэ псалъащхьэм. Ар Иеговэ и Щыхьэтхэм къыдагъэкІащ.

[Сурэтым теухуауэ]

U.S. Coast Guard photo