Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

БИБЛИЕМ ГЪАЩІЭР ЕХЪУЭЖ

Си щхьэм сыхуэпсэужу арат

Си щхьэм сыхуэпсэужу арат
  • КЪЫЩАЛЪХУА ГЪЭР: 1951

  • КЪЫЩАЛЪХУА КЪЭРАЛЫР: ГЕРМАНИЕ

  • ЯПЭМ: ПАГЭТ, ЩХЬЭЗЫФІЭФІТ

И ГЪАЩІЭМ УЩЫЗЫГЪЭГЪУАЗЭ. СыщыцІыкІум щыгъуэ ди унагъуэр къуэкІыпІэ Германием Лейпциг пэмыжыжьэу щыпсэуащ, Чехиемрэ Польшэмрэ я гъунапкъэхэм пэгъунэгъуу. Ауэ илъэсих сыщыхъум си адэм хамэ къэрал щылажьэу щІидзати, дэ япэщІыкІэ Бразилием, иужькІэ Эквадор дыІэпхъуащ.

 

Илъэс 14 сыщыхъум сэ интернат-школым сыщеджэну Германием сагъэкІуэжащ. Си адэ-анэр ипщэ Америкэм щыІэти, сэ езыр си щхьэ сыкІэлъыплъыжын хуей хъуащ. Сэ Іейуэ пагэ сыхъуат, нэгъуэщІ цІыхухэм жаІэм седаІуэтэкъым, я еплъыкІэри къысфІэІуэхутэкъым.

Илъэс 17 сыщыхъум си адэ-анэм Германием къагъэзэжащ. ЯпэщІыкІэ сэ абыхэм я гъусэу сыпсэуащ, ауэ щхьэзыфІэфІу сызэрыщытым къыхэкІкІэ абыхэм садэпсэужыфтэкъыми илъэс 18 сыхъуа иужь унэм сыщІэкІащ.

Сэ сыт щыгъуи гъащІэм и мыхьэнэм сылъыхъуэт. Организацэ зыбжанэм сыхэта иужь сэ къызгурыІуащ си гъащІэм псом япэ изгъэщыну сызыхуейр. Сэ мурад сщІащ ди щІылъэ дахащэр нэхъыфІу къэсцІыхуну, цІыхухэм ар икІэм нэс зыІамыгъэхьэ щІыкІэ.

Сэ Германием сикІщ, мотоцикл къэсщэхури Африкэм сыкІуэну тезухуащ. Ауэ куэд дэмыкІыу си мотоциклыр къутэри, Европэм згъэзэжын хуей хъуащ. Зэман гуэр дэкІри, сэ Португалием и псы Іуфэм сыкъыщыщІидзащ. Абдежым си щхьэ къихьащ кхъухькІэ хым сытехьэну.

Загъэпсэхун щхьэкІэ, Атлантическэ тенджызым зэпрыкІыну мурад зыщІа щІалэгъуалэм сэ гъусэ захуэсщІащ. ИужькІэ щхьэгъусэ схуэхъуну Ло́ри абыхэм яхэтт. Дэ Карибскэ хытІыгухэм дыкІуэри, тІэкІурэ Пуэ́рто-Ри́ко дыщыІа иужь, Европэм къэдгъэзэжащ. Лорирэ сэрэ парус зытет кхъуафэжьей къэдгъуэту, абы зыгуэр етщІэжу, зыдгъэпсэхун щхьэкІэ зэман куэдкІэ тенджызым дытехьэну дыщыгугът. Ауэ мазищ фІэкІа дэмыкІыу сэ армэм сыдашащ.

Сэ мазэ 15-кІэ германскэ флотым сыщыІащ. А зэманым къриубыдэу Лорирэ сэрэ дызэрышащ икІи хым дытету дыздэкІуэнум дегупсысу щІэддзащ. Армэм сыдашын ипэ дэ спасательнэ кхъуафэжьей къэтщэхуат. Армэм сызэрыщыІэм хуэдэу дэ хуэм-хуэмурэ ди кхъуафэжьейм парус зытет кхъухь цІыкІу къыхэтщІыкІащ. Дэ абы дыщыпсэуну икІи ди щІыналъэ дахэр зэдгъэцІыхуну ди мурадт. А зэманым ирихьэлІэу армэм сыкъикІыжауэ, ауэ парусникыр иджыри дымыухауэ, дэ Иеговэ и Щыхьэтхэм дахуэзащ икІи Библиер дджын щІэддзащ.

БИБЛИЕМ СИ ГЪАЩІЭР ЗЭРИХЪУЭЖАР. ЯпэщыкІэ сэ си гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хэслъхьэн хуейуэ къэслъытэтэкъым. Дэ Алыхьым зэрыжиІэм хуэдэу дызэрышауэ нэчыхь диІэт икІи сэ тутын ефэныр хыфІэздзат (Ефес 5:5). Дунейр нэхъыфІу зэдгъэцІыхуну мурад диІам и гугъу пщІымэ, Алыхьым и ІэдакъэщІэкІ гъэщІэгъуэныщэхэм укІэлъыплъу уи гъащІэр епхьэкІыныр псом нэхърэ нэхъыфІу къысщыхъут.

 

Ауэ пэжыр жыпІэмэ, сэ зысхъуэжын хуейт, псом хуэмыдэу си хьэлым селэжьын хуейт. Сэ Іейуэ сыцІыху пагэт, сыщхьэхуещэт икІи си мурадхэр къызэрызэхъулІэным фІэкІ нэгъуэщІым зыми сегупсыстэкъым. Си щхьэ закъуэм щхьэкІэ сыпсэууэ арат.

Зэгуэрым Хьисэ Іуащхьэм тету жиІауэ щыта псалъэхэм седжауэ щытащ (Маттэ, 5—7-нэ псалъащхьэхэр). Хьисэ зэрыжиІамкІэ насыпыфІэу быбж хъунур хэтми къыщысщІам, япэщІыкІэ Іэнкун сыхъуащ. МэжалІэхэр икІи псы хуэлІэхэр абы насыпыфІэу жиІат (Маттэ 5:6). Сэ къызгурыІуэтэкъым дауэ апхуэдэ цІыхухэр насыпыфІэу быбжыфынуми. Библиер зджыурэ, сэ къызгурыІуащ дэтхэнэ зыри Алыхьым дызэрыхуэныкъуэр. Ауэ абы гъунэгъу дыхуэхъун щхьэкІэ, япэщІыкІэ Іэдэбагъ тхэлъу апхуэдэу зэрыщытым арэзы дытехъуэн хуейщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Хьисэ жиІат: «Гъуэгу махуэ теуващ [Тхьэм зэрыхуэныкъуэр зыщІэхэр]» (Маттэ 5:3, сноскэ).

Лорирэ сэрэ Библиер дджыуэ Германием щыщІэддзащ, ауэ иужькІэ Францием, абы нэмыщІ Италием дыІэпхъуащ. Дэнэ дымыкІуэми, Иеговэ и Щыхьэтхэр къыщыдгъуэтт. Сэ Іейуэ згъэщІэгъуащ абыхэм я зэкъуэтыныгъэмрэ я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмрэ. Сэ къэслъэгъуащ дуней псом тет Иеговэ и Щыхьэтхэр пэж дыдэу зэкъуэш-зэшыпхъум хуэдэу зэрызэхущытыр (Иуан 13:34, 35). Зэман дэкІри Лорирэ сэрэ псым зыщІэдгъауэри, дэри Иеговэ и Щыхьэт дыхъуащ.

Псым зыщІэзгъэуа иужьи, зысхъуэжын щхьэкІэ къару есхьэлІэт. Лорирэ сэрэ мурад тщІащ Африкэм и бгъумкІэ дыкъесыкІыу Атлантическэ тенджызым дызэпрысыкІыну, США-м дыкІуэн щхьэкІэ. ЦІыхухэм километр мин куэдкІэ дапэжыжьэу, кхъуафэжьей цІыкІум дисрэ тенджызышхуэм дытету, сэ къызгурыІуащ лъэкІыныгъэшхуэ зиІэ дыкъэзыгъэщІауэ ди Адэм елъытауэ дапхуэдизу сыцІыкІуми. Зэманыр си куэдти (тенджызым пхуемыгъэтІылъэкІын Іуэху куэд ущиІэкъым), сэ махуэ псокІэ Библиер зджыт. Псом хуэмыдэу сэ си гум нэсащ Хьисэ теухуауэ сызэджар. Ар цІыху дагъуэншэт икІи уи нэгу къыпхущІэмыгъэхьэну зэфІэкІхэр иІэт, ауэ абы емылъытауэ и щхьэм фІэкІ емыгупсысу, и щхьэм хуэпсэужу щымыту, уафэм щыІэ и Адэм и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ псэут.

Сэ къызгурыІуащ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр си гъащІэм псом япэ зэризгъэщын хуейр

Хьисэ и щапхъэм сегупсысурэ сэ къызгурыІуащ, сэ езым си мурадхэм сыкъыщыдэхуэм фІэкІ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Іуэхум сыхэмыту, ар си гъащІэм псом япэ изгъэщын зэрыхуейр (Маттэ 6:33). США-м дынэса иужь, Лорирэ сэрэ мурад тщІащ абы дыкъыщынэу, ди къарууэ хъуар Алыхьым хуэлэжьэным тедгъэкІуэдэну.

СИ ГЪАЩІЭР НЭХЪЫФІ ЗЭРЫХЪУАР. Япэм си щхьэм сыщыгугъыжу зэрыщытам къыхэкІкІэ, унафэ сщІыхэм шэч къытесхьэт. Ауэ иджы Іущагъ зыхэлъ чэнджэщыфІхэр къыздисхын сиІэщ (Исайя 48:17, 18). Си гъащІэм мыхьэнэ иІэ хъуащ: сэ Алыхьым сыхуолажьэ икІи нэгъуэщІхэм садоІэпыкъу абы теухуауэ къащІэну.

 

Лорирэ сэрэ Библием ит принципхэр къызэрыдгъэсэбэпым ди унагъуэр зэкъуэт ищІащ. ФІыуэ тлъагъу ди пхъури Иеговэ хуолажьэ.

Дэ ди гъащІэр сыт щыгъуи тыншу щытакъым. Ауэ дэ Иеговэ къыддоІэпыкъу икІи тегушхуэныгъэ диІэщ зэи ди Іэр едмыхьэхыу, ди дзыхь абы едгъэзыну (Притчи 3:5, 6, Гъэсэпэтхыдэхэр).