БИБЛИЕМ ГЪАЩІЭР ЕХЪУЭЖ
Сэ сылІэну сыхуейтэкъым!
КЪЫЩАЛЪХУА ГЪЭР: 1964
КЪЫЩАЛЪХУА КЪЭРАЛЫР: АНГЛИЕ
ЯПЭМ: ЦІЫХУ КЪУЕЙЩІЕЙУЭ ЩЫТАЩ, НЫБЖЬЫЩІЭУ АНЭ ХЪУАЩ
ЯПЭМ СИІА ГЪАЩІЭР
Сэ Лондон сыкъыщалъхуащ, цІыху куэд щыпсэу Паддингтон районым. Сэ шыпхъу нэхъыжьу щы сиІэт икІи дэ мамэ и гъусэу дыпсэут. Си адэр зэми къытхыхьэжт, зэми кІуэдыжт — абы фадэкІэ иригъэлейт.
Иджыри сыцІыкІуу мамэ сригъэсащ сыгъуэлъыжын ипэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъазэу. Сэ Псалом тхылъым фІэкІ зэрымыт Библие цІыкІу сиІэт икІи сэ езым къэзгупсыса макъамэхэр абы ит псалъэхэм щІэзгъэувэурэ, ахэр дзапэ уэрэду жысІэт. Зэм щыгъуэ зы тхылъ гуэрым иту слъэгъуа псалъэхэр си гум къинэжащ: «Пщэдей щыщымыІэжыну махуэр къэсынущ». Абы иужь сэ жэщ псом сыжеякъым — къыспэщылъ гъащІэм сегупсысу сыхэлът. «ГъащІэм мыхьэнэ гуэр иІэн хуейщ,— жысІэт сэ.— Сыт мы дунейм сыщІытетыр?» Сэ сылІэну сыхуейтэкъым!
Зэгуэр Іэзэгъуазэ Іуэхухэм сыдихьэхыу щІидзащ. Сэ лІахэм сепсэлъэну сыхэтт. Школым къыздеджэ си ныбжьэгъухэм я гъусэу кхъэм сыкІуэт икІи дэ зэгъусэу кино шынагъуэхэм деплът. Абыхэм уагъэшынэт, уи щхьэфэцми зрагъэІэтт.
ИлъэсипщІ фІэкІа сымыхъуу гъуэгу пхэнжым сытеуващ. Сэ тутын сефэу щІэздзащ икІи си Іэпкълъэпкъыр абы псынщІэ Іейуэ есащ. ПсынщІэ дыдэуи щІэпым сытетІысхьащ. Илъэс 11 сыщыхъум япэ дыдэу фадэ сеІубащ. Ар ІэфІу къысщыхъуакъым, ауэ абы къызищІар сигу ирихьащ. Сэ иджыри музыкэмрэ къафэмрэ фІыуэ слъагъут. Вечеринкэхэмрэ жэщ клубхэмрэ сыкІуэну зы Іэмал блэзгъэкІтэкъым. ЖэщкІэрэ унэм сыщІэкІуэсыкІти, къыщызгъэзэжыр пщэдджыжь нэмэзырат. ЕтІуанэ махуэм сэ, дауикІ, школым сыкІуэтэкъым, сызэпкърыудауэ сызэрыщытым къыхэкІкІэ. Ауэ школым сыкІуа хъуми, переменэхэм фадэ сефэ хабзэт.
Школыр оценкэ Іей дыдэхэр сиІэу къэзухащ. Мамэ абы Іейуэ къигъэгубжьащ, есхьэкІ гъащІэм абы зыри хищІыкІтэкъым. Дэ дызэфІэнэри, сэ си щІалэ Тони и деж сыІэпхъуащ. Ар щІэпхъаджащІэт, наркотик ищэт икІи цІыху гущІэгъуншэт. Илъэс 16 сыщыхъум сэ абы къуэ къыхуэслъхуащ.
БИБЛИЕМ СИ ГЪЭЩІЭР ЗЭРИХЪУЭЖАР
Иеговэ и Щыхьэтхэм япэ дыдэу сэ сащыхуэзар щхьэгъусэншэу сабий къэзылъхуахэр щыпсэу унэращ. Къэралым си къуэмрэ сэрэ абы пэш къыщыдитат. Мы унэм щыпсэу языныкъуэ цІыхубзхэм я деж Иеговэ и Щыхьэту щыт цІыхубзитІ зэпымыууэ къакІуэт. Зэгуэр сэри абыхэм садэуэршэру щІэздзащ. Ахэр щыуэу сэ къысщыхъут икІи ар къыщІэзгъэщыну сыхуейт. Ауэ си упщІэу хъуам абыхэм БиблиемкІэ жэуап нэс иратащ. А тІур цІыхуфІт икІи цІыху гуапэт, ахэр сэ хуабжьу сигу ирихьащ. Аращ сыщІытегушхуар абыхэм я гъусэу Библиер зджыну.
Библием къыщысщІам си гъащІэр зэрыщыту ихъуэжащ. СызэрыцІыкІурэ сэ лІэныгъэм сыщышынэт. Ауэ сэ къэсщІащ лІахэр къызэрытэджыжынум Хьисэ зэрыхуригъаджэу щытар! (Иуан 5:28, 29). Абы нэмыщІ сэ къэсщІащ Алыхьым фІыуэ сыкъызэрилъагъур (1 Петр 5:7). Псом хуэмыдэу сэ си гум нэсащ Иеремия 29:11 ит псалъэхэр: «Мурад фхуизиІэр фІыуэ сощІэ сэ,— жеІэ Иеговэ.— Сэ мурад фхузиІэр гузэвэгъуэкъым, атІэ мамырыгъэщ, гъащІэрэ гугъапІэрэ фэстын щхьэкІэ». ГъащІэ мыухыж сиІэу жэнэтыщІым сыщыпсэуну гугъэ сиІэ хъуащ (Псалом 37:29).
Иеговэ и Щыхьэтхэр лъагъуныгъэ хэлъу къысхущытт. ЗэІущІэм япэ дыдэу сыкъыщыкІуам, абы щыслъэгъуа щабагъэмрэ зэхущытыкІэфІхэмрэ си гум зэи ихужынукъым. Ахэр зыкІэ цІыху гуапэти! (Иуан 13:34, 35). Ар хуабжьу къыщхьэщыкІт члисэм къызэрысхущытым. Си дуней тетыкІэм емылъытауэ, Иеговэ и Щыхьэтхэр фІыуэ къысхущытт. Абыхэм зэман къыстрагъэкІуадэт, гулъытэ къысхуащІт икІи къыздэІэпыкъут. Лъагъуныгъэ зэрылъ унагъуэшхуэм щыщ сыхъуауэ къысщыхъут.
Библиер щызджым сэ къызгурыІуащ си гъащІэр зэрысхъуэжын хуейр, Алыхьым и хабзэхэм сытету сыпсэун щхьэкІэ. КъызэхьэлъэкІами, сэ тутыныр хыфІэздзэфащ. СызэдаІуэ музыкэм щІэп сефэну сыхуейуэ сызэрищІыр къызгурыІуати, абы едэІуэн щызгъэтащ. Фадэм сыпэщІэтын щхьэкІэ, вечеринкэхэмрэ жэщ клубхэмрэ къэзгъэнащ. ФІыкІэ зысхъуэжыну икІи Алыхьым и хабзэхэм сытетыну къыздэІэпыкъухэрат сэ иджы ныбжьэгъу сщІыр (Притчи 13:20).
А зэманым Тони Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер иджт. Алыхьым и лэжьакІуэхэм Тони и упщІэхэм БиблиемкІэ жэуап щратам, абы къыгурыІуащ пэжыр къызэригъуэтар. Тони и гъащІэр зэрыщыту ихъуэжащ: ныбжьэгъу Іейхэр къигъэнащ, щІэпхъаджагъэ Іуэхухэр щигъэтащ икІи щІэпыр хыфІидзащ. Дэ Иеговэ арэзы тщІыну дыхуейти, 1982-нэ гъэм дызэрышащ, ди къуэр унагъуэ тэмэмым къыщыхъун щхьэкІэ.
Сэ сщІыну сызыхуей зэхъуэкІыныгъэхэм хуэдэ къызэхъулІахэм я щапхъэхэр «ХъумакІуэ Чэщанэ», «Фыкъызэщыу!» * журналхэм къыщыслъыхъуэт. Абыхэм я хъыбархэм сагъэгушхуэт! Дэлъху, шыпхъухэм я щапхъэм сыхуигъэушт си Іэр езмыхьэхыу, си гъащІэр схъуэжыным адэкІи къару есхьэлІэну. Сэ Иеговэ сыкъимыгъэнэну хуабжьу селъэІут. 1982-нэ гъэм, бадзэуэгъуэ мазэм Тонирэ сэрэ псым зыщІэдгъауэри, Иеговэ и Щыхьэт дыхъуащ.
СИ ГЪАЩІЭМ ФІЫКІЭ ЗЭРЫЗИХЪУЭЖАР
Алыхь Иеговэ ныбжьэгъу сызэрыхуэхъуам си гъащІэр къригъэлащ. Зэман гугъум Алыхьыр къызэрыддэІэпыкъур Тонирэ сэрэ зыхэтщІэт. Дэ Иеговэ дзыхь хуэтщІу зедгъэсащ икІи дощІэ абы дыкъимыгъанэу сыт щыгъуи и нэІэ къызэрыттригъэтар (Псалом 55:22).
Ди къуэмрэ дипхъумрэ Иеговэ фІыуэ ялъагъуу зэрыдгъэсэфар си дежкІэ насыпышхуэщ. Абыхэм я быныжхэми апхуэдэ гъэсэныгъэ зэрагъуэтыр плъэгъуну гухэхъуэщ.
ЛІэныгъэмрэ къыспэщылъ гъащІэмрэ теухуа гупсысэхэм жэщкІэрэ афІэкІа сихьыжкъым. Тонирэ сэрэ тхьэмахуэ къэс зэхуэс зэмылІэужьыгъуэхэм дыкІуэурэ, абыхэм хэт ди къуэш, ди шыпхъухэр догъэгушхуэ. Абыхэм я гъусэу дэ цІыхухэм дадоІэпыкъу Хьисэ МэссихькІэ фІэщхъуныгъэ зрагъэгъуэту, гъащІэ мыухыж яІэу псэуну.
^ абз. 19 КъыдэзыгъэкІыр Иеговэ и Щыхьэтхэращ.
«ЛІэныгъэмрэ къыспэщылъ гъащІэмрэ теухуа гупсысэхэм жэщкІэрэ афІэкІа сихьыжкъым»