Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

Сыт хуэдэ лэжьыгъэми сыпэрыувэну сыхьэзыр?

Сыт хуэдэ лэжьыгъэми сыпэрыувэну сыхьэзыр?

Дин пашэшхуэмрэ дин пашэхэмрэ увыпІэ лъагэ зэраІыгъым щхьэкІэ Ерусалим и блынхэр зэтегъэувэжын лэжьыгъэм хэтыну я щхьэ ирамыпэсу щыттэкъым (Не 3:1).

УвыпІэ лъагэ зыІыгъ языныкъуэ цІыхухэм я щхьэм ирапэстэкъым апхуэдэ лэжьыгъэм хэтыну (Не 3:5; w06-​U 1/2 10, абз. 1).

Алыхьым хуэпэж цІыхубзхэм шынагъэ зыпылъ а лэжьыгъэ гугъур хьэзыру ягъэзащІэт (Не 3:12; w19.10 23, абз. 11).

Зэхуэсым щыдгъэзащІэ лэжьыгъэхэм къару куэд зытекІуади, пщІэ пымылъу къалъытэ лэжьыгъи хэтщ, адрейхэм ямылъагъуу ягъэзащІэ лэжьыгъи щыІэщ (w04-​U 1/8 18, абз. 16).

ЗЭУПЩІЫЖ: «ХъыбарыфІ гъэІуныр кІуэтэн папщІэ сыт хуэдэ лэжьыгъэри згъэзэщІэну сыхьэзыр?» (1Кр 9:23).