Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ДИ ГЪАЩІЭР

Унагъуэм гуфІэгъуэ илъын щхьэкІэ сыт пщІэн хуейр?

Унагъуэм гуфІэгъуэ илъын щхьэкІэ сыт пщІэн хуейр?

Иеговэ хуейщ унагъуэхэр насыпыфІэу щытыну (Пс 127:3—5; Эк 9:9; 11:9). Ауэ мы дунейм къызэрыттрикъузэмрэ ди унагъуэм щІэсхэм я щыуагъэхэмрэ ди гуфІэгъуэр тфІагъэкІуэдынкІэ хъунущ. Унагъуэм гуфІэгъуэ илъын щхьэкІэ дэтхэнэ зыми сыт тщІэн хуейр?

ЦІыхухъум и щхьэгъусэм пщІэ хуещІ (1Пт 3:7). Абы и гъусэу зэман егъакІуэ. Ар и фызым куэдкІэ щыгугъкъым икІи абы лъапІэу елъытэ и щхьэгъусэм унагъуэм щхьэкІэ ищІэ псор (Кл 3:15, ДЩІ). Ар и щхьэгъусэм щотхъу икІи фІыуэ зэрилъагъур жреІэ (Пр 31:28, 31, Гъэсэпэтхыдэхэр).

ЦІыхубзыр сыткІи и щхьэгъусэм щІэгъэкъуэн зэрыхуэхъуным иужь итщ (Пр 31:12, Гъэс.). Ар и щхьэгъусэм жиІэм йодаІуэ, доІэпыкъу, йочэнджэщ (Кл 3:18). Ар и щхьэгъусэм щабэу йопсалъэ, нэгъуэщІхэм щепсалъэкІи абы хужиІэр фІыщ (Пр 31:26).

Адэ-анэм я быным зэман хухах (Вт 6:6, 7). Абыхэм я бынхэм жраІэ ахэр фІыуэ зэралъагъур (Мт 3:17). Абыхэм лъагъуныгъэ, зэхэщІыкІ яхэлъу я быныр ягъасэ (Еф 6:4).

Быным я адэ-анэм пщІэ хуащІ, жаІэми йодаІуэ (Пр 23:22, Гъэс.). Ахэр я адэ-анэм я гум щыщІэмкІи я гупсысэхэмкІи хуиту догуашэ. Ахэр абыхэм я чэнджэщым щІодэІу (Пр 19:20, Гъэс.).

«УИ УНАГЪУЭМ ГУФІЭГЪУЭ ЗЭРИЛЪЫНЫМ ХУЩІЭКЪУ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭМ ЖЭУАП ЕТ:

Унагъуэм гуфІэгъуэ илъын щхьэкІэ дэтхэнэ зыми сыт тщІэн хуейр?