ДИ ГЪАЩІЭР
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ цІыхухэм яжетІэн щхьэкІэ фокІадэм екІуэкІыну кампаниер
ФокІадэ мазэм дэ къарууэ диІэр етхьэлІэнущ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм фІэкІа зыми ди гугъуехьхэм кІэ зэрыримытыфынур цІыхухэм яжетІэн щхьэкІэ (Мт 24:14). А кампанием дапхуэдэу узэрыхэт хъунур? Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ Библием ит едзыгъуэ гуэр къыхэхи, ущыпсэу щІыпІэм цІыху нэхъыбэм ар зэрылъэбгъэІэсыным хущІэкъу. ЦІыхум и фІэгъэщІэгъуэн хъууэ щытмэ, «ХъумакІуэ чэщанэр» (№ 2 2020) къыхуэгъанэ. ИтІанэ зэрыхъукІэ нэхъ псынщІэу а цІыхум и деж зэрытебгъэзэжыным иужь ит икІи «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэр къэбгъэсэбэпу абы и гъусэу Библиер бджын зэрыщІэбдзэным хущІэкъу. А мазэм подсобнэ пионеру лэжьэну хуейхэм сыхьэт 15 е 30 къащтэну Іэмал яІэнущ.
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм пэщІэувэ правительствэхэр абы щигъэкІуэдыну зэманыр къэсыпащ (Дан 2:44; 1Кр 15:24, 25). Абы къыхэкІкІэ зэрыхъукІэ нэхъыбэу а кампанием дыхэвгъэт. Апхуэдэу дэ къэдгъэлъэгъуэнущ Иеговэрэ абы и Пащтыхьыгъуэмрэ дызэрыхуэпэжыр!