Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ДИ ГЪАЩІЭР

Къэблагъэ служебнэ илъэсыщІэм сыт хуэдэ мурадхэр уиІэ?

Къэблагъэ служебнэ илъэсыщІэм сыт хуэдэ мурадхэр уиІэ?

Ди къарум къызэрихькІэ Иеговэ дыхуэлэжьэн икІи ар дгъэгуфІэн щхьэкІэ дгъэув мурадхэр егъэлеяуэ мурадыфІщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм дэ Иеговэ гъунэгъу дыхуащІ. Абыхэм ди зэманри ди къарури тедгъэкІуэдэну хуэфащэщ (1Тм 4:15). Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа мурадхэм щІэх-щІэхыурэ дыщІыхэплъэжын хуейр сыт? Ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр къызэрыхыхьэм къыхэкІкІэ япэм дгъэувауэ щыта мурадхэм ди къарур пэмылъэщыжынкІэ хъунущ. Е дгъэувауэ щыта мурадхэр къыдэхъулІауэ, нэгъуэщІ мурад дгъэувын хуейуэ къыщІэкІынущ.

Служебнэ илъэсыщІэр къыщыблагъэм деж уи мурадхэм ухэплъэжыну зэманыфІщ. УнагъуэкІэ Библиер щывджкІэ уи щхьэм щхьэкІи уи унагъуэм щхьэкІи вгъэув хъуну мурадхэм фытемыпсэлъыхьыфыну пІэрэ?

КъыкІэлъыкІуэ Іуэхугъуэхэм теухуауэ сыт хуэдэ мурадхэр уиІэ? Ахэр къохъулІэн щхьэкІэ сыт пщІэну уи мурад?

Библием еджэныр икІи ар фІыуэ зэпкърыхыныр, зэІущІэхэм кІуэныр икІи абыхэм хэтыныр (w02-​U 15/6 14—15, абз. 14, 15).

ХъыбарыфІ гъэІуныр (w23.05 27, абз. 4, 5).

Алыхьым и фІэфІ хьэл-щэнхэр (w22.04 23—24, абз. 5, 6).

НэгъуэщІ зыгуэр: