ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ и лъагъуныгъэ пэжым щапхъэ тех
Лъагъуныгъэ пэжым теухуауэ щапхъэ нэхъыфІ дыдэ дэзыгъэлъагъур Иеговэщ (Пс 103:11). Апхуэдэ лъагъуныгъэр зэуэ къэлыду ужьыхыж гурыщІэкъым, атІэ ар пэжагъ зыхэлъ, лъабжьэ быдэ зиІэ лъагъуныгъэ куущ. Иеговэ и лъагъуныгъэ пэжыр израил лъэпкъым Іэмал куэдкІэ иригъэлъэгъуащ. Иеговэ и лъэпкъыр Мысыр гъэрыпІэм къришыжри, къызэригъэгугъа щІыналъэм иришащ (Пс 105:42—44). Абы и лъэпкъыр щызауэкІэ текІуэныгъэ яритт икІи я гуэныхьхэр мызэ-мытІэу къахуигъэгъут (Пс 107:19, 20). Иеговэ и лъагъуныгъэ пэжым куууэ дызэрегупсысым дыхуигъэушынущ абы щапхъэ тетхыну (Пс 107:43).
«ИЕГОВЭ И ЛЪАГЪУНЫГЪЭ ПЭЖЫМ КУУУЭ ФЕГУПСЫС» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
-
Лъагъуныгъэ пэж дапхуэдэу зэрыдгъэлъэгъуэфынур?
-
Лъагъуныгъэ пэж бгъэлъэгъуэн щхьэкІэ сыт зыгуэр зыхуэбгъэныкъуэн щІыхуейр?