Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ДИ ГЪАЩІЭР

Дэ дагъэгушхуэн щхьэкІэ абыхэм лэжьыгъэшхуэ ирахьэкІ

Дэ дагъэгушхуэн щхьэкІэ абыхэм лэжьыгъэшхуэ ирахьэкІ

Районым и нэхъыжьхэмрэ абыхэм я щхьэгъусэхэмрэ къуэш, шыпхъухэр ягъэгушхуэурэ, псэемыблэж лъагъуныгъэ ягъэлъагъуэ. Ахэри дэ дэщхьу зыгуэрхэми хуэныкъуэщ икІи щынэщхъеи, щыгузави, щезэши къохъу (Екъуб 5:17). А псом емылъытауэ ахэр тхьэмахуэ къэс зэхуэсхэм кІуэурэ, къуэш, шыпхъухэр зэрагъэгушхуэным хущІокъу. Шэч хэмылъу, районым и нэхъыжьхэм «щІыхь нэхъыбэ яхуэфащэщ» (1Тм 5:17).

Апостол Паул къуэш, шыпхъухэм «ягухэр зыгъэбыдэн фІыгъуэ гуэр яригъэгъуэтыну» Рим кІуэну зыщигъэхьэзырым, езыри къуэш, шыпхъухэри «фІэщхъуныгъэу яІэмкІэ зэрыгъэгушхуэну» щыгугът (Рм 1:11, 12). Районым и нэхъыжьымрэ абы и щхьэгъусэмрэ уэ дауэ бгъэгушхуэ хъунуми уегупсысауэ пІэрэ?

«БУДНИ РАЙОННОГО НАДЗИРАТЕЛЯ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:

  • Районым и нэхъыжьхэмрэ абыхэм я щхьэгъусэхэмрэ зэхуэсхэр дауэ псэемыблэжу зэрагъэгушхуэр?

  • Абыхэм я лъагъуныгъэр уэ дауэ зыхэпщІэрэ?

  • Дэ ахэр дауэ дгъэгушхуэ хъуну?