Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Гъатхэпэ мазэм и 20—26

2 ЛЕТОПИСЬ 1—4

Гъатхэпэ мазэм и 20—26

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

  • «Сэлмэн Іущагъ зыхэмылъ унафэ къещтэ» (дакъ. 10)

  • Тхыгъэм ит налкъутхэр (дакъ. 10)

    • 2Лт 1:11, 12. Ди тхьэлъэІухэм теухуауэ сыт мы едзыгъуэхэм къыдгурагъаІуэр? (w05-​U 1/12 19, абз. 6).

    • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм Иеговэ теухуауэ, хъыбарыфІ гъэІуным епхауэ е нэгъуэщІ гупсысэ гъэщІэгъуэн къыщывгъуэтахэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

  • Тхылъым къеджэн (дакъ. 4): bhs пс. 18, абз. 1—4 (th 10-нэ урокыр)

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

  • Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм цІыхухэр къегъэблэгъэн (дакъ. 3). Къыбдэлажьэ, къыбдеджэ е уи благъэ гуэр къегъэблагъэ (th 2-нэ урокыр).

  • ЕтІуанэу епсэлъэн (дакъ. 4). Япэу ущепсэлъам Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къызэредгъэблагъэ тхылъымпІэр къэзыщта икІи а зэІущІэр зыфІэгъэщІэгъуэн хъуа цІыхум епсэлъэн. Библие зэредгъаджэ курсым теухуауэ цІыхум жеІи, «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэр ет. «Библиер джын. Дауэ ар зэрекІуэкІыр?» жыхуиІэ видеом абы гу лъегъати зэпкърых (езы видеор къэбгъэлъэгъуэн хуейкъым) (th 17-нэ урокыр).

  • Библием егъэджэн (дакъ. 5): lff 9-нэ урокыр, 5-нэ пунктыр (th 9-нэ урокыр).

ДИ ГЪАЩІЭР

  • 19-нэ уэрэдыр

  • Илъэсым нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ махуэм зыхуэгъэхьэзыр (дакъ. 15). Псалъэрэ видеорэ. ХъыбарыфІ гъэІуным кІэлъыплъ къуэшым ирегъэкІуэкІ. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къызэредгъэблагъэ кампаниер уи зэхуэсым дапхуэдэу щекІуэкІми жыІэ. Уи зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм интервью къеІыхи, сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэр яІами жегъэІэж. 8, 9 напэкІуэцІхэм ит Библием дызэреджэну графикым къодаІуэхэм гу лъегъатэ икІи Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр зэрыдгъэлъэпІэнум ягухэр хуагъэхьэзырыну хуэгъэуш (Езд 7:10). Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къекІуалІэ хьэщІэхэр гуапэу къызэредгъэблагъэ хъунум тепсэлъыхь (Рм 15:7; mwb16.03 2). «Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къыщагъэсэбэпыну щІакхъуэр зэращІыр» жыхуиІэ видеор гъэлъагъуэ.

  • Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): lff 41-нэ урокыр, 1—4 пунктхэр

  • КІэух псалъэхэр (дакъ. 3)

  • 135-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ