Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

«Си нэмрэ си гумрэ сытым дежи абы щыІэнущ»

«Си нэмрэ си гумрэ сытым дежи абы щыІэнущ»

Сэлмэн ищІа Унэшхуэм Алыхьыр арэзы техъуащ (2Лт 7:11, 12).

Иеговэ и гур а Унэшхуэм зэрыщыІэнур жиІащ. Абы къегъэлъагъуэ и цІэр зезыхьэ Унэшхуэм Алыхьым и нэІэ зэрытригъэтынур икІи абы къыщекІуэкІыр гулъытэншэу къызэримыгъэнэнур (2Лт 7:16; w02-​U 15/11 5, абз. 1).

Ауэ цІыхухэм гурэ псэкІэ Иеговэ хуэлэжьэн щагъэтмэ, абы и Унэшхуэр зэтракъутэну хуит зэрищІынур жиІащ (2Лт 6:14; 7:19—21; it-​U «Храм», подзаг. «История», абз. 1).

Алыхьым и Унэшхуэр къыщызэІуахым израил цІыхухэм ягу илъауэ къыщІэкІынщ сыт щыгъуи гурэ псэкІэ абы хуэлэжьэну. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Иеговэ хуэлэжьэну яІа тегушхуэныгъэр абыхэм хуэм-хуэмурэ зыфІагъэкІуэдащ.

ЗЭУПЩІЫЖ: «Сигу псомкІэ Иеговэ сызэрыхуэлажьэр си ІуэхущІафэхэм къыхэщрэ?»