ДИ ГЪАЩІЭР
«Уигу щыхъу-щыщІэхэм хуэсакъ»
«Псом япэ уигу щыхъу-щыщІэхэм хуэсакъ» жиІэу итхыну Иеговэ Сэлмэн хуигъэушащ (Пр 4:23, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Алыхьым и лъэпкъыу къыхиха израил цІыхухэм «ягу псомкІэ» Иеговэ хуэлэжьэн щагъэтащ (2Лт 6:14). Езы Сэлмэни и гур ихъумакъым: Иеговэ хуэмылажьэ и щхьэгъусэхэм тхьэ нэпцІхэм хуэлэжьэну ар хуагъэушащ (1Цр 11:4). Дэ ди гур тхъумэну сыт къыддэІэпыкъунур? 2019-нэ гъэм, щІышылэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и 14—19 напэкІуэцІхэм ит статьяр абы теухуауэ щытащ.
«„ХЪУМАКІУЭ ЧЭЩАНЭМ“ ИТ ГУПСЫСЭ ЩХЬЭПЭХЭР. УИ ГУР ХЪУМЭ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Ди къуэш, ди шыпхъухэм я фІэщхъуныгъэм сытыт зэран хуэхъункІэ хъунур икІи абыхэм я гур яхъумэну мы статьяр дауэ къазэрыдэІэпыкъуар?
-
Брентрэ Лоренрэ
-
Умджей
-
Хэппи Лэю
Мы статьяр уэ дауэ къызэрыбдэІэпыкъуар?