Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ДИ ГЪАЩІЭР

Гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуахэм дапхуэдэу уазэрыдэІэпыкъу хъунур?

Гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуахэм дапхуэдэу уазэрыдэІэпыкъу хъунур?

Иужьрей махуэхэм гузэвэгъуэшхуэхэр кІуэ пэтми нэхъыбэрэ къохъу. Апхуэдэ гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъум деж мыхьэнэшхуэ иІэщ ар къызылъэІэсахэм зэгъэпэщауэ, зэгурыІуауэ дэІэпыкъуным. Абы къыхэкІкІэ УнафэщІ гупым гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуахэм дэІэпыкъу отдел филиал къэс иІэн хуейуэ унафэ ищІащ.

Гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъуам деж а отделым щыщ къуэшхэм а щІыпІэм щыпсэу зэхуэсым и нэхъыжьхэм псынщІэу зыпащІэ, къуэш, шыпхъухэр зыхуэныкъуэр къащІэн щхьэкІэ. Абы щыпсэу къуэш, шыпхъухэр гузэвэгъуэшхуэм къихьа зэраным езыхэм я къарукІэ пэмылъэщыфынумэ, а лэжьыгъэр къызэзыгъэпэщын къуэшхэр филиалым тригъэувэнущ. Насыпыншагъэ къызыщыщІахэр дэІэпыкъуэгъу е хьэпшып гуэрхэм хуэныкъуэмэ, а къуэшхэм филиалым хъыбар ирагъащІэнущ е зыхуэныкъуэ щыгъынымрэ шхынымрэ а щІыпІэм къыщащэхуу къуэш, шыпхъухэм Іэрагъэхьэфынущ.

Абы къыхэкІкІэ къуэш, шыпхъухэр езыр-езыру гузэвэгъуэ къызылъэІэсахэм ядэІэпыкъуну иужь ихьэн хуейкъым. Іуэхур зэгъэпэщауэ щыщытым деж зы лэжьыгъэр тІо дгъэзэщІэнукъым, ахъшэ лейуэ дгъэкІуэдынукъым, Іуэхури зэхэзэрыхьынукъым.

Филиалым хиха къуэшхэм зэхагъэкІынущ гузэвэгъуэшхуэм къихьар зэбгъэзэкІуэжын щхьэкІэ цІыху дапщэ дэІэпыкъуэгъуу хуеинуми икІи ахъшэ дапщэ ихьынуми. Къуэшхэм къулыкъущІэхэм зыхуагъазэу, дапхуэдэу ахэри къыддэІэпыкъуфынуми къащІэ хъунущ. Аращ къывэмылъэІуауэ ахъшэ хэфхын, хьэпшып, шхын евгъэхьын е а щІыпІэм фэ езыр фыкІуэн щІыхуэмейр.

Апхуэдэу щытми, ди къуэш, ди шыпхъухэм дадэмыІэпыкъуу къэдгъэнэну дыхуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ ахэр фІыщэу долъагъу (Евр 13:16). НтІэ, сыт дэ тщІэ хъунур? Псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэр гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуахэм икІи абыхэм ядэІэпыкъухэм щхьэкІэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъэзэныращ. Абы нэмыщІ арэзыуэ ахъшэ ттымкІэ дэ абыхэм сэбэп дахуэхъуфынущ. УнафэщІ гупым и лъабжьэ щІэт филиалхэм ахъшэр нэхъыфІу къызэрыбгъэсэбэп хъуныр ящІэ. Ауэ дэ езыр дэІэпыкъуэгъу дыхъуну дыхуеймэ, «Заявление на служение добровольцем в программе местного проектно-строительного отдела» (DC-50) жыхуиІэр ттхы хъунущ.

«РАЗРУШИТЕЛЬНЫЕ НАВОДНЕНИЯ В БРАЗИЛИИ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭМ ЖЭУАП ЕТ:

2020-нэ гъэм Бразилием псыр къыщиуам щыгъуэ, Иеговэ и Щыхьэтхэр а щІыпІэм щыІэхэм зэрадэІэпыкъуар дауэ къыпщыхъуа?