ДИ ГЪАЩІЭР
Библием махуэ къэс уеджэурэ Іущагъ зэгъэгъуэт
Алыхьым къыбгъэдэкІ Іущагъыр налкъутналмэс гъэпщкІуам хуэдэу лъапІэщ (Пр 2:1—6, Гъэсэпэтхыдэхэр). Іущагъыр къыддоІэпыкъу зэхэщІыкІрэ акъыл жанрэ диІэну икІи унафэ тэмэмхэр къэтщтэну. Абы дэ дыкъехъумэ. Аращи, «щыІэкъым Іущыгъэм и щхьэ кІуэ» (Пр 4:5—7, Гъэс.). Алыхьым и Псалъэм ит хъугъуэфІыгъуэхэр къэбгъуэтын щхьэкІэ къару епхьэлІэн хуейщ. Псалъэм папщІэ, «махуэми жэщми», нэгъуэщІу жыпІэмэ махуэ къэс, Библием уеджэу щІэдзэ (ИсН 1:8). Алыхьым и Псалъэм махуэ къэс уеджэныр хьэл пхуэхъуну икІи абы гуфІэгъуэ хэпхыну сыт къыбдэІэпыкъунур?
«ЩІАЛЭГЪУАЛЭМ АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭР ФІЫУЭ ЯЛЪАГЪУУ ЗРАГЪАСЭ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Сытыт видеом хэта къуэш, шыпхъухэм махуэ къэс Библием еджэну къащІегугъуэкІыр икІи сыт абыхэм къадэІэпыкъуар?
-
Мелания
-
Замуэль
-
Селин
-
Рафаэлло
БИБЛИЕМ СЫЗЭРЕДЖЭ ГРАФИКЫР: