Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ДИ ГЪАЩІЭР

Библие егъэджэным теухуа видеохэр къызэрыбгъэсэбэп хъунур

Библие егъэджэным теухуа видеохэр къызэрыбгъэсэбэп хъунур

Библие егъэджэным теухуауэ видео зыбжанэ диІэщ. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дауэ ахэр къызэрыдгъэсэбэп хъунур?

  • «Библиер щІэджын хуейр сыт?» (зэрыщыту). ЦІыхум и фІэщ хъум, дин иІыгъым емылъытауэ, Библиер фІэгъэщІэгъуэн щытщІын щхьэкІэ мы видеор къыдагъэкІащ. Абы цІыхур хуегъэуш мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм я жэуапхэр Библием къыщигъуэтыну. А упщІэхэм Библием жэуап зэрыритыр абы къыщыгъэлъэгъуащ. ЦІыхум Библие иджыну хуеймэ, сыт ищІэ хъунуми мы видеом къыщищІэнущ.

  • «Библиер щІэджын хуейр сыт?» (гъэкІэщІауэ). Мы видеор ипэ ит видеом ещхьщ, ауэ зы дакъикъэ хуэдизкІэ екІуэкІыу аращ. Ар цІыхухэр щыпІащІэм деж нэхъ къосэбэп.

  • «Библиер джын. Дауэ ар зэрекІуэкІыр?». ПщІэншэу Библие зэредгъаджэ курсыр цІыхум фІэгъэщІэгъуэн щытщІын щхьэкІэ мы видеор къыдагъэкІащ. А курсым теухуауэ щІэх-щІэхыурэ ят упщІэхэм я жэуапхэри абы къыщыбгъуэтынущ. ЦІыхум Библие иджыну хуеймэ, сыт ищІэ хъунуми мы видеом къыщищІэнущ.

  • «Библиер зэрадж курсым укъыдогъэблагъэ!». Мы видеор Библиер джын щІэзыдзахэм ебгъэлъагъу хъунущ. Ар «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъым и 2-нэ напэкІуэцІым итми, «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэр щывджкІи абы феплъ хъунущ. Курсым щызэпкърыфхыну упщІэхэмрэ Библие джыныр зэрекІуэкІ щІыкІэмрэ мы видеом щыжыІащ.

Мы видеохэр мурад зырыз яІэу къыдагъэкІами, къезэгъыу къэтлъытэмэ, абыхэм щыщ дэтхэнэри цІыхум едгъэлъагъу е хуедгъэхь хъунущ. Мы видеохэр фІыуэ зэдвгъэгъэцІыхуи хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ къызэрыдгъэсэбэпыным дыхущІэвгъэкъу.