АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
Сыт щыгъуи Иеговэ щыгугъ
Асэ Иеговэ щыгугъати дзэшхуэм текІуащ (2Лт 14:9—12; w21.03 5, абз. 12).
ИужькІэ абы дзэ къытеуар апхуэдэуи интэкъыми, сирие цІыхухэм щыгугъащ (2Лт 16:1—3; w21.03 5, абз. 13).
Иеговэ и фІэфІ хъуакъым Асэ абы и деж дэІэпыкъуэгъу къыщилъыхъуэн зэрыщигъэтар (2Лт 16:7—9).
Мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ къыщытщтэн хуейм деж дэ Иеговэ ди дзыхь едгъэзыну къыщІэкІынщ. Ауэ нэгъуэщІ Іуэхугъуэхэм деж-щэ? Дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым сыт дымыщІэми, сыт хуэдэ унафэ къэдмыщтэми, Иеговэ къызэрытлъыхъуэн хуейр (Пр 3:5, 6, Гъэсэпэтхыдэхэр; w21.03 6, абз. 14).