Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэр

ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэр

ХЬИСЭ И ПЩЫХЬЭЩХЬЭШХЭМ КЪЫЗЭРЕДГЪЭБЛАГЪЭ КАМПАНИЕР (гъатхэпэ мазэм и 11 — мэлыжьыхьым и 4)

«Мыхьэнэшхуэ зиІэ зэІущІэм укъезгъэблэгъэну сыхуейт. А зэІущІэм дуней псом цІыху мелуан куэд екІуэлІэнущ. Абы Хьисэ Мэссихь и лІэныгъэр дигу къыщыдгъэкІыжынущ. (А зэІущІэм къызэредгъэблагъэ тхылъымпІэр цІыхум ет е и электроннэ Іэмэпсымэм хуегъэхь.) Мы тхылъымпІэм а зэІущІэр щекІуэкІыну зэманымрэ щІыпІэмрэ итщ. Абы нэмыщІ Библием тегъэщІа псалъэ уедэІуэну укъызогъэблагъэ. Ар зы тхьэмахуэкІэ нэхъ ипэІуэу жаІэнущ».

ЦІыхум фІэгъэщІэгъуэнмэ: «Хьисэ Мэссихь и лІэныгъэр дигу къыдогъэкІыж» жыхуиІэ видеор егъэлъагъу (е и электроннэ Іэмэпсымэм хуегъэхь).

ИужькІэ: Хьисэ и гъащІэр итын хуей щІэхъуар сыт?

ЯПЭУ ЕПСЭЛЪЭН (гъатхэпэ мазэм и 1—10, мэлыжьыхьым и 5—30)

УпщІэр: Хьисэ Мэссихь хэту щыта?

Едзыгъуэр: Лк 2:11

ИужькІэ: Дауэ Хьисэ КъегъэлакІуэ зэрыхъуар?

ЕТІУАНЭУ ЕПСЭЛЪЭН

УпщІэр: Дауэ Хьисэ КъегъэлакІуэ зэрыхъуар?

Едзыгъуэр: Мт 20:28

ИужькІэ: Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм щхьэкІэ ди гум илъ фІыщІэр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?