Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Августым и 26 — сентябрым и 1

ПСАЛОМ 78

Августым и 26 — сентябрым и 1

97-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

1. Израил цІыхухэм я щапхъэ Іейм дызыщихъумэр

(дакъ. 10)

Израил цІыхухэм Иеговэ и телъыджэ Іуэхухэр ящыгъупщащ (Пс 78:11, 42; w96-U 1/12 29—30).

Иеговэ къахуищІэр абыхэм фІыщІэ ящІтэкъым (Пс 78:19; w06-U 15/7 17, абз. 16).

Израил цІыхухэм я щыуагъэхэм дерс хахтэкъым икІи ерыщу Иеговэ пэщІэувэт (Пс 78:40, 41, 56, 57; w11-U 1/7 10, абз. 3, 4).


ДЫЗЭГУПСЫС ХЪУНЫР. Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэну сыт къыддэІэпыкъунур?

2. Тхыгъэм ит налкъутхэр

(дакъ. 10)

  • Пс 78:24, 25. Мэнн шхыныгъуэм «уафэм къехьа щІакхъуэкІэ» икІи «мелыІычхэм я щІакхъуэкІэ» щІеджэр сыт? (w06-U 15/7 11, абз. 4).

  • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

3. Библием къеджэн

(дакъ. 4) Мк 1:35—45 (th 5-нэ урокыр).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 3) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Узэпсалъэ цІыхум Библие иджыну хуеймэ узэрыдэІэпыкъуфынур жеІэ (lmd 5-нэ урокыр, 5-нэ пунктыр).

5. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 3) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Буклет къэбгъэсэбэпу цІыхум епсэлъэн щІэдзэ. Абы Библие иджыну хуеймэ узэрыдэІэпыкъуфынур жеІэ (lmd 5-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).

6. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 1) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. УкъыщІэкІуар кІэщІу жыпІэну цІыхур къолъэІу. Абы Библие иджыну хуеймэ узэрыдэІэпыкъуфынур жеІэ (lmd 2-нэ урокыр, 5-нэ пунктыр).

7. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 4) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Библием и гугъу умыщІу, Иеговэ и Щыхьэту узэрыщытыр цІыхум къыгурыгъаІуэ. Абы Библие иджыну хуеймэ узэрыдэІэпыкъуфынур жеІэ (lmd 2-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).

ДИ ГЪАЩІЭР

96-нэ уэрэдыр

8. ХъыбарыфІыр зыгъэІуу щыта Филипп и щапхъэм дызыхуригъасэр

(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.

Тхыгъэ ЛъапІэр цІыху куэдым топсэлъыхьыж. Абыхэм щапхъэфІ зыгъэлъэгъуахэри щапхъэ Іей зыгъэлъэгъуахэри яхэтщ. А щапхъэхэм дерс хэтхын щхьэкІэ зэмани къаруи тедгъэкІуэдэн хуейщ. Ауэ Библием ит хъыбархэм деджэ закъуэу къэмынэу, абыхэм дызыхурагъасэм дегупсысын хуейщ икІи ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпын хуейщ.

ХъыбарыфІыр зыгъэІуу щыта Филипп Алыхьым къыбгъэдэкІ къару лъапІэмрэ Іущагърэ бгъэдэлът (Апост 6:3, 5). Абы и щапхъэр дэ сыткІэ дерс тхуэхъурэ?

«Библиер зытепсэлъыхь цІыхухэм щапхъэ тех. ХъыбарыфІыр зыгъэІуу щыта Филипп» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

  • Филипп и Іуэхум зыщихъуэжам ищІауэ щытам сытым дыхуригъасэрэ? (Апост 8:1, 4, 5)

  • ХъыбарыфІыр нэхъыбэу щыгъэІун хуей щІыпІэм Филипп зэрыкІуам щхьэкІэ Иеговэ абы и нэфІ зэрыщыхуам сытым дыхуригъасэрэ? (Апост 8:6—8, 26—31, 34—40)

  • Филипп и унагъуэм хьэщІагъэ зэригъэлъагъуэу щытам сытым дыхуригъасэрэ? (Апост 21:8—10)

  • Видеом хэта унагъуэм щыщхэм Филипп щапхъэ зэрытрахам и фІыгъэкІэ гуфІэгъуэ зэрызыхащІам сытым дыхуригъасэрэ?

9. Библиер зэхуэсым щыджын

КІэух псалъэхэр (дакъ. 3) | 101-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ