Августым и 5—11
ПСАЛМЫ 70—72
59-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
1. Алыхьым и къарум теухуауэ «къэкІуэну щІэблэм» яжефІэ
(дакъ. 10)
Даут и щІалэгъуэм Иеговэ къызэрыдэІэпыкъур зыхищІэт (Пс 71:5; w99-U 1/9 18, абз. 17).
Даут жьы щыхъуам щыгъуи, Иеговэ ар къызэримыгъанэр илъагъут (Пс 71:9; g04-U 8/10 23, абз. 3).
Даут Иеговэ сыт щыгъуи къыдэІэпыкъуу зэрыщытар щІалэгъуалэм яжриІэжурэ ахэр игъэгушхуэт (Пс 71:17, 18; w14-U 15/1 23, абз. 4, 5).
ЗЭУПЩІЫЖ: «Унагъуэм зэгъусэу Библиер щыдджкІэ я гъащІэм теухуауэ жезгъэІэжын щхьэкІэ Иеговэ куэд щІауэ хуэлажьэу ди зэхуэсым щыщу хэт къезгъэблагъэ хъунур?»
2. Тхыгъэм ит налкъутхэр
(дакъ. 10)
-
Пс 72:8. ЩІэдзапІэ 15:18 ит Иеговэ Ибрэхьим къызэригъэгугъауэ щыта псалъэхэр Сэлмэн и тепщэгъуэ зэманым дауэ гъэзэщІа зэрыхъуар? (it-1-U 686, абз. 4).
-
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
3. Библием къеджэн
(дакъ. 4) Мт 28:1—20 (th 5-нэ урокыр).
4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(дакъ. 3) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Дэуэну хуей цІыхум фІыкІэ бгъэдэкІыж (lmd 4-нэ урокыр, 5-нэ пунктыр).
5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ
(дакъ. 4) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. ПэжымкІэ узыдэгуэшауэ щыта уи благъэр Библиер иджын щІидзэну тегушхуэкъым (lmd 8-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).
6. Уи фІэщ хъумкІэ адрейхэм дэгуашэ
(дакъ. 5) Псалъэ. ijwfq-U 49. Темэ: «Иеговэ и Щыхьэтхэм зыхурагъаджэм иныкъуэхэм деж зэхъуэкІыныгъэ къыщІыхыхьэр сыт?» (th 17-нэ урокыр).
76-нэ уэрэдыр
7. Унагъуэм зэгъусэу Библие джыныр зэребгъэкІуэкІ хъунур
(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.
Унагъуэм зэгъусэу Библие зэраджым и фІыгъэкІэ сабийхэм Іэмал яІэ мэхъу Иеговэ и деж зыщагъэсэну (Еф 6:4). ДауикІ, зыгуэр бджыным къару епхьэлІэн хуейщ, ауэ сабийхэми абы гуфІэгъуэ хахыфынущ, псом хуэмыдэу Библием ит пэжхэр къащІэну яфІэгъэщІэгъуэн хъумэ (Ин 6:27; 1Пт 2:2). « Унагъуэм зэгъусэу Библие джыныр зэребгъэкІуэкІ хъунур» рамкэм ит чэнджэщхэр адэ-анэхэм къадэІэпыкъунущ унагъуэм Библиер зэриджыр гъэщІэгъуэну, сабийхэм ягу ирихьу ирагъэкІуэкІыну. А рамкэм ит гупсысэ зыбжанэм гу лъыти, къодаІуэхэм мы упщІэхэр ет:
-
Мы чэнджэщхэм щыщу дэтхэнэра къэвгъэсэбэпыну фызыхуейр?
-
Фэ езым къэвгъэсэбэп нэгъуэщІ ІэмалхэмкІи фыкъыддэгуэшэфыну пІэрэ?
«Фи унагъуэм Библиер зэрывджыр евгъэфІакІуэ» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:
-
Сабий ямыІэмэ, унагъуэм и нэхъыжьым сыт ищІэ хъунур Библие джыныр и щхьэгъусэм фІэгъэщІэгъуэну иригъэкІуэкІын щхьэкІэ?
8. Библиер зэхуэсым щыджын
(дакъ. 30) bt пс. 13, абз. 17—24