Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Июлым и 15—21

ПСАЛМЫ 63—65

Июлым и 15—21

108-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

1. «Пэжагъ зыхэлъ уи лъагъуныгъэр гъащІэм нэхърэ нэхъыфІщ»

(дакъ. 10)

Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр ди гъащІэм нэхърэ нэхъ лъапІэщ (Пс 63:3; w01-U 15/10 15—16, абз. 17, 18).

Иеговэ къытхуиІэ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэм дыщегупсыскІэ ди гум илъ фІыщІэр хохъуэ (Пс 63:6; w19.12 28, абз. 4; w15-U 15/10 24, абз. 7).

Иеговэ къытхуиІэ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр фІыщІэ зэрытщІым ар дгъэлъэпІэну дыхуегъэуш (Пс 63:4, 5; w09-U 15/7 16, абз. 6).

УНАГЪУЭМ И ГЪУСЭУ ЗЭПКЪРЫФХ ХЪУНУР. Иеговэ пэжагъ зыхэлъ и лъагъуныгъэр дэтхэнэ зыми зэрывигъэлъагъум фытепсэлъыхь.

2. Тхыгъэм ит налкъутхэр

(дакъ. 10)

  • Пс 64:3. ЦІыхухэм щабэу депсэлъэну мы едзыгъуэм дауэ дыхуигъэушрэ? (w07-U 15/11 15, абз. 6).

  • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

3. Библием къеджэн

(дакъ. 4) Мт 27:1—23 (th 12-нэ урокыр).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 2) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Унэм къыщІэкІар уи бзэмкІэ псалъэкъым (lmd 3-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).

5. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 2) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Библием ит гупсысэкІэ цІыхум удэмыгуашэ щІыкІэ псалъэмакъыр еух (lmd 2-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).

6. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 3) ЦІЫХУ КУЭД ЗДЭЩЫІЭ ЩІЫПІЭМ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫГЪЭІУН. ЦІыхум фІэгъэщІэгъуэн темэр къащІи, иужькІэ фызэпсэлъэну фызэгурыІуэ (lmd 1 урокыр, 5-нэ пунктыр).

7. Уи фІэщ хъумкІэ адрейхэм дэгуашэ

(дакъ. 4) Диалог. ijwfq-U 51. Темэ: «ХъыбарыфІыр зыфІэгъэщІэгъуэн мыхъуа цІыхухэм я деж Иеговэ и Щыхьэтхэр къытрагъэзэжурэ щІэкІуэр сыт?» (lmd 4-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).

ДИ ГЪАЩІЭР

154-нэ уэрэдыр

8. Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр зэредгъэлъагъу хъунур

(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.

Библием щыжыІащ Иеговэ «пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр» зэрикуэдыр (Пс 86:15). А лъагъуныгъэм лъабжьэ хуохъу Иеговэ и псалъэм, и принципхэм зэрытетыр, пэжагъ зэригъэлъагъуэр икІи «пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэ» зыхуигъэлъагъуэхэм гукІи псэкІи якІэрыпщІауэ зэрыщытыр. Иеговэ цІыхухэр псори фІыуэ елъагъу, ауэ «пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр» зыхуигъэлъагъуэр и лэжьакІуэ пэжхэращ (Пс 33:18; 63:3; Ин 3:16; Апост 14:17). Иеговэ и лъагъуныгъэр фІыщІэ зэрытщІыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур къэдгъэлъэгъуэфынущ абы и унафэхэм дызэрытетымкІэ, псалъэм папщІэ, Хьисэ и гъэсэнхэр зэрыдгъэхьэзырымкІэ (Мт 28:19; 1Ин 5:3).

«ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ лъагъуныгъэ догъэлъагъуэ» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

ХъыбарыфІыр дгъэІуну лъагъуныгъэм дапхуэдэу дызэрыхуигъэушынур...

  • дыщешам деж?

  • цІыхухэр къыщытпэщІэувэм деж?

  • махуэ къэс тщІэ Іуэхухэм дыщыпэрытым деж?

9. Библиер зэхуэсым щыджын

КІэух псалъэхэр (дакъ. 3) | 79-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ